ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гъыдэ Валерэ: Сурэт нэхъыфIыр иджыри сымыщIауэ къысщохъу

2018-07-03

  • КъБР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, Тэрч къалэ щIыхь зиIэ и цIыху Гъыдэ Валерэ и IэдакъэщIэкIхэр сфIэтелъыджэщ.

  • Гъыдэ Валерэ и лъэщапIэм

    — ЦIыхум и сурэт щIыныр сыт щыгъуи нэхъ спэгъунэгъуу щытащ, уеблэмэ си диплом лэжьыгъэу щытари аращ, — къыддогуашэ Гъыдэр.

  • КъежьапIэ хуэхъуам теухуауэ абы жеIэ и нэхъыжьхэм сурэтыщI зэрахэмытар, и къуэш-и шыпхъухэм школым кIуэн щIадза иужь- кIэ абыхэм якIэлъыплъурэ езыр-езыру тхэкIэ-еджэкIэ зэрызригъэщIар. Ар щеджа школым и блын газетхэр зыщIыр Валерэт, уеблэмэ ныбжьыщIэ зэпеуэм хыхьэри, ахъшэ саугъэтхэр къыхуагъэфэщауэ щытащ. А ахъшэмкIэ лэч зэмыфэгъухэр къищэхуауэ зэрыщытари игу къегъэкIыж ди псэлъэгъум.
  • Курыт еджапIэр къиуха иужь, къуажэ клубым щагъэлъэгъуэну кинофильмхэм я афишэхэр ищIурэ щIакхъуэ Iыхьэ къэлэжьын щIэзыдза Гъыдэ Валерэ иджы къэрал къулыкъущIэхэм, хьэрычэтыщIэхэм, цIыху цIэрыIуэхэм я сурэтхэр ирагъэщIыну дзыхь зыхуащI зырызхэм ящыщ хъуащ. Абы жеIэ афишэхэр къызэрыгуэкIыу итхын щIидзами, иужькIэ а фильмхэм щыщ теплъэгъуэ цIыкIухэри абыхэм трищIыхьурэ цIыху нэхъыбэ еплъыну кърашалIэ хъуауэ зэрыщытар.
  • Сурэт щIыным и щэхухэр абы игъэунэхун щыщIидзар художник цIэрыIуэ Ткаченкэ Андрей и дежщ. Абы Пионерхэм я унэм щигъэлажьэ студием зэман гуэркIэ екIуэлIащ Валерэ икIи жеIэ и Iэзагъэм лъабжьэ хуэхъуар а студием щызригъэгъуэта щIэныгъэр зэрыарар.
  • СурэтыщI IэщIагъэр Гъыдэм армэми къыщыхуэсэбэпащ. 1964 гъэм къулыкъу ищIэну дашри, Германиеращ илъэсищри щрихьэкIар. Абы ирагъэщIырт плакатхэр, стендхэр, цIыху щхьэхуэхэм я сурэтхэр. Армэ нэужьым Налшык дэт Автотранспорт комбинатым мазих хуэдизкIэ щылэжьауэ, тегушхуэри, Дагъыстэным щыIэ художественнэ училищэм и документхэр иригъэхьащ. Апхуэдэ къэмыхъуауэ, ар занщIэу етIуанэ курсым щIагъэтIысхьауэ щытащ. Училищэ нэужьым университет зыбжанэм щеджэну Iэмал иIами, унагъуэм я нэхъыщIэ Валерэ унэм къежьэу щIэс и анэр къигъэнэн хулъэкIакъым. Арагъэнщ гъуэгу щIигъуэтари. Тэрч къалэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм зы пэш щыхухахри, лэжьэн щыщIидзащ. Псом хуэмыдэу и лэжьыгъэр хуиунэтIащ а зэманым Тэрч щIыналъэм и унафэщIу щыта Пэнагуэ Максим и фIыгъэкIэ къызэрагъэпэща музейм. Нарт эпосым къыхэбэкъукIауэ къыпщыхъу сурэт телъыджэхэмкIэ музейм и блынхэр екIуу игъэщIэрэщIащ Валерэ. Нэрылъагъущ ар пасэрей хьэпшыпхэр щызэхуэхьэса унэ къызэрыгуэкI мыхъуу, ди лъэпкъым и Iэужь бейм пщIэ щыхуащI хэщIапIэу зэрыщытыр. Тэрч щIыналъэмрэ къалэмрэ я гербхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIар Гъыдэращ, Тэрч къалэ узэрыдыхьэр къозыгъащIэ дамыгъэ екIур зей-ри аращ. Уи гур хагъахъуэ Тэрч къалэ ЩэнхабзэмкIэ и уардэунэм и етIуанэ къа-тым и блынхэм тещIыхьа теплъэгъуэ гъэщIэгъуэнхэм. Инарыкъуей щызэхэта колхоз цIэрыIуэм и унафэщIу щыта Пэнагуэ Азэмэтджэрий и цIэр зэрихьэу я къуажэ къыщызэIуаха музейри Дей къуажэ дэт курыт еджапIэм хэту къызэрагъэпэща музейри екIуу зыгъэщIэрэщIар Валерэщ.
  • Иджыпсту Гъыдэр ЩэнхабзэмкIэ управленэм щолажьэ, ауэ нобэми и лъэщапIэр здэщыIэр музейращ. ЩIыпIэ куэдым къыщацIыхуа сурэтыщIыр зи щхьэ хуэткIииж зырызхэм ящыщщ.
  • «Сурэт нэхъыфIыр иджыри сымыщIауэ къысщохъу. Сэ сызэреплъымкIэ, уи лэжьыгъэр ебгъэфIэкIуэну ухуеймэ, упсэухукIэ уи зэфIэкIым зебгъэужьын, уи щIэныгъэм хэбгъэхъуэн хуейщ. Сурэт щIыным и нэхъ гугъухэм ящыщу къалъытэ портретыр. Ауэ щыхъукIи, сэ аращ нэхъ сфIэгъэщIэгъуэнри. Къалэн нэхъыщхьэр сурэтыр зытепщIыкIым ещхь пщIынырщ, ауэ щыхъукIи, Iэмал имыIэу и хьэлыр, и зэхэщIыкIыр, и дуней тетыкIэр къызытещ нагъыщэ гуэр хэлъын хуейщ. ЦIыхум и нэхэм куэд къаIуатэ, аращ абы сурэтыщIхэр нэхъыбэу щIелэжьри. Сурэт зытепщIыкIынур фIыуэ зэбгъэцIыхун хуейщ, итIанэ уи щхьэм абы и сурэтыр щыбощI, уи нэгу къыщIыбогъэхьэ. Уи щхьэм илъымрэ уи Iэм ищIымрэ зэтемыхуэмэ, гугъу урегъэхь, а тIур зэщхь хъумэ — сурэтыр, шэч хэмылъу, къохъулIэнущ», — жеIэ Гъыдэм.
  • Мы зэманым ар йолэжь адыгэлI цIэрыIуэ КъардэнгъущI Зырамыку и сурэтым («Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым папщIэ). Абы и гъащIэмрэ и IэдакъэщIэкIхэмрэ щыгъуазэ захуищIа иужьщ сурэтым яужь щихьэфар. Зырамыку щIэныгъэлI щэджащэу, тхакIуэ Iэзэу зэрыщытар къигъэлъэгъуэн папщIэ эскиз зыбжанэ ищIурэ зэхуеплъыжащ.
  • Гъыдэм и IэдакъэщIэкIхэм уеплъа иужькIэ, ар зэрыпсэун къызэрилэжь IэщIагъэ къудейуэ къызэримылъытэр нэрылъагъущ. Арагъэнщ абы зыгъэпсэхугъуэ махуэхэри и лъэщапIэм щIыщигъакIуэр.
  • Валерэ къыхегъэщ сурэт щIыным и фIыгъэкIэ цIыхухэр тыншу къицIыхуф зэрыхъуар — я зыхуэпэкIэкIэ, зыщIыкIэкIэ абыхэм я дуней тетыкIэр, жаIэм и пэжагъыр, я гум илъыр къызэрищIэфыр.
  • Творчествэрэ унагъуэрэ я лъэныкъуэкIэ цIыху насыпыфIэщ Гъыдэ Валерэ. Абы и щхьэгъусэ Щад Риммэрэ езымрэ хъыджэбзищрэ зы щIалэрэ зэдапIащ, плIыри унагъуэ дахэу ягъэтIысыжащ. Быным я быныжу цIыкIуибгъу я куэщIым ирапIыкI дадэ, нанэ Iумахуэхэм. Валерэ хуэдэу и бынхэм сурэтыщI къахэмыкIами, и хъыджэбз курытым — Борэ (Гъыдэ) Иринэ — сурэт дахэу ещI, «Нальчик» газетым жэуап зыхь и секретару мэлажьэ, лэжьыгъэм къыщыдэхуэ зэманым сабий тхылъ цIыкIухэр сурэткIэ егъэщIэращIэ.
  • ЦIыхур зыгъэинри зыгъэлъапIэри и IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэщ. Тхьэм зэфIэкI къыббгъэдилъхьэныр насыпщ, ауэ насып тIуащIэщ Гъыдэ Валерэ хуэдэу ар зэхэпщIыкIыу къыпхуэгъэсэбэпыныр, уи зэфIэкI бгъэбэгъуэныр. Ди лъэпкъэгъу сурэтыщIым и IэрыкI дахэхэмкIэ дуней псом къыщацIыхуну, творческэ дэрэжэгъуэ щымыщIэу иджыри илъэс куэдкIэ лъэпкъым хуэлэжьэну дохъуэхъу.
  • Щомахуэ Залинэ.