ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хьэтхэр

2018-07-03

  • Фырэ-Къаныкъуэ  Анфисэ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№68, 69, 72 — 75, 78, 79-хэм итщ).
  • ИугъащIэ
  •  Зиусхьэным!
  • ТIэшуб и жэщгъуэлъхэр къриджауэ, хэт жызум къыжьэ-дилъхьэу, хэт къедэхащIэу, хэти санэплъ къыхуригъахъуэу зэхэст, дунеижьым къыщыхъур къафIэмыIуэхуу. Зэнзей пщыр илъагъуну къыщыщIыхьэм къригубжьащ абы:
  • — ФыщIэкIыт зэрыщыту! — жиIэри, бжэблыпкъым къиуващ.
  • ЦIыхубзхэр абы хуеплъэкIырт пыгуфIыкIыу, щIэнакIэу.

  • — ФыщIэкI, жысIакъэ?! — Зэнзей и макъым зыщригъэIэтым, ТIэшуб и щхьэр ищIащ, «фыкIуэ» жыхуиIэу.
  • — ТIэшуб…
  • — Зэнзей! Сэ си деж щIэс цIыхубзхэр щIэпхужыну апхуэ-дэ хуитыныгъэ уиIэ уэ? Пхуэфащэри пхуэмыфащэри зэгъэщIэж!
  • — Зиусхьэн, тажнанэм щIалэ къэплъхуркъым жеIэри, сызэрехуэ, уэ мы куэпэчхэм ящIыгъуу махуэ псом зыбогъэпсэху. Жэщым укъызэджэххэркъым. Узэгупсысыр къысхуэщIэркъым, — зыкъызэщIищIащ Зэнзей.
  • — Сэ сызыхуейр сыщыхуей дыдэм деж къызоджэ. Уэ уи Iуэху хэлъкъым абы, — шордакъым илъэдащ ТIэшуб.
  • — ТIэшуб, сыт апхуэдэу укъыщIысхущытыр? Сэ уэ сурищхьэгъусэщ, уи гуфIэгъуи гуауи бдэзгуэшыну си къалэнщ. Уэ укъызэпсалъэркъым, уи щхьэм илъи, уи гум щыщIи сыщыгъуазэкъым. Сэ укъысхуэмеймэ, сыкъызыхэкIа лъэпкъми ухуэмейуэ аращ.
  • — Уи лъэпкъыр къысхудумыгъэжей апхуэдизрэ! — кIиящ пащтыхьыр. — Памбэрэ къуэкIийуэдхэмрэ симыIэмэ, сыхэкIуэдэжыну къыпщыхъуу ара? Уи Iуэху хэлъкъым уэ а псом. Уфызмэ, уи фызыпIэ ис.
  • Зэнзей къыщиудащ. Дэтхэнэ пщыпхъуми хуэдэу, и адэм и Iуэху къызэрикIынум тещIыхьауэ лIы зэрыратынур ищIэу къэтэджат ар. ФIыуэ плъагъум зэи насып зэрыдумыгъуэтынур пщIэуэ упсэуну тыншкъым. Пщыпхъухэм зэрызахуапэмрэ зэрызагъэщIэращIэмрэ унэIутхэр къехъуапсэми, насып IуэхукIэ зыри къефыгъуэртэкъым абыхэм. Псоми ящIэрт ахэр зэи зыхуейм зэрырамытыр. Зэнзеи арат къыщыщIар. Ауэ Памбэ и пхъум и Iуэхур нэхъ Iеижт — абы и лIыр акъмыкът, псантхуэуз иIэт, къуейнэрум кърихуэкIыу и гъащIэр ихьырт. А псори я бынхэм лъэужь яхуэхъункIэ Зэнзей шынэрт.
  • Абы хэту бжэр зэIуидзри къыщIэлъэдащ Шэтэнду, и нэ удзыфитIыр къижу:
  •  — ТIэшуб! ТIэшуб, си къуэ закъуэ!
  • — Мы цIыхубзхэм нобэ къащыщIар сыту пIэрэ?! Сыт къэхъуар, ди анэ? — хуеплъэкIащ абы пщыр.
  • — ПсынщIэу. Хьэтусилэ дзэшхуэм и пашэу къалащхьэм къэблэгъауэ жаIэ.
  • — Сыт жыпIэр? — и нитIыр къыщихуащ ТIэшуб.
  • Зэнзей гужьеяуэ зиплъыхьырт, и Iэр и бгъэм телъу, ищIэнур къыгурымыIуэу.
  • — КъухьэпIэмкIи къуэкIыпIэмкIи щыIэ лъэпкъхэр зэрыщыту къыгуэуващ. Iэмал гуэри диIэкъым. ИкIэщIыпIэкIэ зыщIыпIэ зыщыдмыгъэпщкIумэ, дигъэкIуэдынущ, — етIысэхащ тажнанэр. — Памбэ деж дынэсыфыну пIэрэ, Хьэтусилэ къэмыс щIыкIэ?!
  • — НэгъуэщI хэкIыпIэ диIэкъым, нэхъ псынщIэIуэу зызэщIэткъуэнщи, дыдэкIынщ. АдэкIэ зыгуэр къэдгупсысынщ, — къыхилъхьащ Зэнзей.
  • — Аращ тщIэнур. ИIэ, жэ, псынщIэу сабийр гъэхьэзыр. ТIэшуб! ТIэшуб, сызэхэпхрэ?! Ущымыт, — щIэкIиящ и къуэм тажнанэр.
  • Пащтыхьым зимыщIэжу и щхьэр сыст.
  • — ТIэшуб, зо. Си къуэ закъуэ, зыкъэщIэж, кхъыIэ. НакIуэ, — и нэпсыр къежэхырт Шэтэнду.
  • — Хьэуэ! Хьэуэ! СынэкIуэнукъым, — и щхьэр IитIкIэ фIиубыдыкIащ пщым. — СынэкIуэнукъым. Сэ сыпащтыхьщ. Хьэ щтам хуэдэу, си кIэ си бэкъу дэзупщIэу сыщIэпхъуэжынукъым. Дауэ мыхъуами, сыпщщ. Ди анэ, сошынэ. Сошынэ, ауэ сыщIэпхъуэжыфынукъым.
  • — Сыт иджы къэбгупсысхэр? Псори тIэщIэкIащ, пщыгъуэр тхуэIыгъакъым. ЗэфIэкIащ, ТIэшуб. Зэпытрэ зэкIэсу укIуэ зэрыщыту! — и Iэблэр иубыдауэ пащтыхьыр шордакъым иришыну хэтт Шэтэнду.
  • — Хьэуэ, ди анэ. Сыпежьэнущ Хьэтусилэ. Сыт хуейми къызрырещIэ. Ауэ сэ абыхэм сышынауэ закъезгъэщIэнукъым, — жиIэри, ТIэшуб псынщIэу лэгъунэм къыщIэжащ. — ПсынщIэу зэщIэфщIэ шызакъуэгур!
  • Уардэунэм зауэлIрэ хъумакIуэу дэтыр пIащIэу къызэрагъэпэщри, Хьэтусилэ дзэр пежьащ, ТIэшуб и пашэу. Пэжщ, пащтыхьыр хуабжьу гузавэрт и гур и жьэмкIэ къыжьэдэпкIыжыным хуэдэу, и лъакъуэхэр кIэзызырти, ерагъыу зэфIэту арат. ИтIани, лIыгъэм зригъэхьри, и напэмрэ и щIыхьымрэ ихъумэжыну ежьат. Хьэтусилэ и дзэ къэувам гъунэгъу щыхуэхъум, ТIэшуб нэхъ Iеижу шынащ. ЗыпэщIэувахэр апхуэдизкIэ куэд хъурти, дзэкIэм уи нэр нэплъысыртэкъым. Мы дунеижьыр зауэлIхэм зэщIащтам хуэдэт. ТIэшуб и фэр гъуэжьыфэ къыщIэлъадэу пыкIырт. Пащтыхьым и Iэ ижьыр щиIэтым и гъусэхэр къызэтеувыIащ. Зы тэлайрэ щыта нэужь, ТIэшуб япэ ищащ, Хьэтусили и закъуэу абы къыпежьащ.
  • — Сыт, Хьэтусилэ, мы пщIэм къикIыр? — дыгъэ гуащIэм имыгъаплъэу и нэ лъэныкъуэр щIиукъуанцIэрэ, и щхьэр бгъунж ищIу щIэупщIащ ТIэшуб. Зэрыгузавэр къримыгъэщIэну зиIыгът абы.
  • — Сэ лей уэсхыну сыхуейкъым, ТIэшуб. Дауэ мыхъуами, упащтыхьщ, узикъуэш бынщ, си быным уриныбжьщ.
  • — АтIэ, дзэм урапашэу укъысхуеблэгъаи!
  • — Уэ уощIэ сэ сыкъызыкIэлъыкIуар…
  • — СщIэркъыми аракъэ. Сыщыгъэгъуазэт, — пыдыхьэшхыкIащ пащтыхьыр.
  • — Сэ псори сощIэ, ТIэшуб. МывэтIалэ сэрат пащтыхьыгъуэр къызыхуигъэнар. Зэанэзэкъуэм тхылъыр вгъэкIуэда щхьэкIэ, ар и нэкIэ зылъэгъуам къысхуиIуэтэжащ, — Iэдэбу псалъэрт Хьэтусилэ.
  • — Зи гугъу пщIыр къызгурыIуэркъым, — и щхьэр ищIащ ТIэшуб.
  • Хьэтусилэ къыщызэплъэкIым, зы шызакъуэгу дзэм къыхэкIри, пщитIым къахуиунэтIащ. Къэсмэ, Вындэшынэт. ТIэшуб мыпсэлъэжыфу, и жьэпкъыр пыкIэзызыхьурэ ундэращхъуэрт.
  • — Уэра?! Дэнэ укъикIыжа? — ерагъыу зэпищащ пщым.
  • — УкъэуIэбжьа хуэди, зиусхьэн. Сэращ, хьэдрыхэ сыкъокIыж, — щхьэщэ ещI Вындэшынэ, подыхьэшхыкI.
  • — Мис си щыхьэтыр, ТIэшуб. Иджыри зэ бжызоIэ, сэ псори сощIэ, — и нэщхъыр зэхэлъу жеIэ Хьэтусилэ.
  • — Уэ сыбукIыну ухуиткъым! Ухуиткъым Iэпэ къысхуэпхьыну. Сэ сыпащтыхьщ, — мэкIий ТIэшуб.
  • Техьэгъуэр къытекIуэу арат.
  • — Ухуиткъым! Жэуапым урашэлIэнущ.
  • — Уэ урашэлIэнукъэ? Сэри сыщыщщ пащтыхь унагъуэм, сэ пащтыхьщ сыкъэзылъхуар, пащтыхьым срикъуэшщ. Фэ фыхэтати сывукIыну.
  • — Сыт зи гугъу пщIыр? — и лъакъуэхэр щIэщIэрт пщым.
  • Гухъыринэм ису Шэтэнду къэсащ абы хэту. КIуэрыкIуэм тету, бжэр къыIуихщ, гухъыринэм къелъэри, и къуэр зэрыт шызакъуэгум анэр бгъэдэлъэдащ.
  • — Сыт зи гугъу пщIыр, зо, къызгурыIуэркъым? Хэт узукIыну хэтар? — кIэкуакуэрт ТIэшуб, и анэми хуемыплъэкIыу.
  • — Сэращ ар! Сэращ псори зи унафэр, Хьэтусилэ. ТIэшуб и зэран хэлъкъым. Тхьэхэр узогъэлъэIу, си къуэ закъуэм уемыIусэну! Сэ сыпшыныжынщ псори, къыстеплъхьэр си тезырщ, къысхуэпщIыр си унафэщ, ауэ ТIэшуб и гугъу умыщI! — лъаIуэрт Шэтэнду къызэфIэзэрыхьауэ.
  • Хьэтусилэ зыри жимыIэу, и напщIэ ижьыр иIэтри, ер зи кIэм къикIа фызым нэбгъуз хуищIащ.
  • — Сэ хабзэр къызэпызудынуи, фызукIынуи, лей къыфтезгъэхьэнуи сыхуейкъым. Дауэ мыхъуами, ТIэшуб, уэ пщыгъуэр илъэсиблкIэ зепхьащ. Уи щIыхьыр езудыхыну си мурадкъым. Умыгузавэ, — и къуэш быныр игъэсабырыжыну хэтщ Хьэтусилэ. — Шэтэнду, уэ къыбгурыIуэ хъунщ Iуэхур зыIутыр. Зауэ дублэкIи, мыхьэнэ иIэнукъым. Сэ сыщыгъуазэщ фэ дзэ фызэримыIэм. Аращи, мыбдеж дыщызэгуроIуэ — пащтыхьыгъуэр сэ къыслъос, фэ къалащхьэр фобгынэри, хуиту фопсэу, си Iуэху къызевмыхуэу. ДызэрызэгурыIуам фебакъуэрэ — мис итIанэ сыфщысхьынукъым!
  • — Дэнэ дыздашэнур? — тэлайкIэ зрилъэфыхьа нэужь щIэупщIащ тажнанэр.
  • — Иджыри сегупсысынщ. Зывгъэхьэзырыху абы и унафэ сщIынщ.
  • Хьэтусилэ и гугъакъым апхуэдэу псынщIэу, тыншу Iуэхур зэфIэкIыну. Иджы ар Хьэт къэралыгъуэм и пащтыхьышхуэт. Хэт и гугъэнт шыхъуэр пащтыхь хъуну?! Абгъуэм кърадза бзу шыр лъэрымыхь цIыкIум и дамэхэр зэщIихыу, бгъэ уардэу уэгум къиувэжыну… Хэт и нэгу къыщIигъэхьэнт бейгуэлхэр зыщIэнакIэу, зыщыдыхьэшхыу, зыуи кърамыдзэу щыта пщыкъуэ ятам зэрыкъэралыгъуэу зэгуэр щхьэщэ хуащIу къызэхэувэну. Апхуэдэущ гъащIэр зэрызэхэлъыр, уIэгъэ къуедзри — уIэгъэм йоIэзэж.
  • Бейгуэлхэр щыгугъырт Хьэтусилэ. Абыхэм я фIэщ хъурт я пщыщIэм къэралым зэрызригъэIэтыжынур, ТIэшубрэ Шэтэндурэ я делагъэкIэ, хуэмыхуагъкIэ зэтракъутэж пэта къэралыгъуэм зэрызыригъэужьыжынур. Хьэтусилэ дэнэ лъэныкъуэ-
  • кIэ имыгъэзами, сыт хуэдэ Iуэху къримыхьэжьами, псори зэкъуэту и ужь иувэнут, мыгупсысэххэу.
  • — Сэ сщIэрт апхуэдэу зэрыхъунур. Уи пщыгъуэр кIыхь ухъу, ди адэ! — щхьэщэ ищIри, гуфIэжу и адэм и пащхьэ къиуващ Тутхьэлий.
  • — Сэ сщIэртэкъым-тIэ, си къуэ. Зэи сыщыгугъатэкъым. ЗэрымыщIэкIэ къэхъуа Iуэхущ, Тхьэхэм я тыгъэщ, — жиIащ Хьэтусилэ, пащтыхь лэгъунэр зэпиплъыхьурэ.
  • — Мы зэанэзэкъуэм сыт уна-фэу яхуэпщIынур, зиусхьэн? — нэщхъей къэхъужащ щIалэр.
  • — Жыжьэ дгъэкIуэну къекIуркъым. Дауэ мыхъуами, сыт имылэжьами, ТIэшуб пщыуэ щытащ. Зыхуей хуэгъэза щIы-пIэ гъунэгъу гуэрщ здэгъэкIуэн хуейр.
  • — Бийр благъэу Iыгъ жыхуаIэм пэж гуэр хэлъу къыщIэкIынщ.
  • — Пэжщ, ари хэлъщ, — шордакъым ихьэри, уардэунэр къэзыухъуреихь дахагъэр къиплъыхьащ пщым. — Тхьэхэм солъэIу сыщымыкIыу, Iей сигу къэмыкIыу мы пщыгъуэр ирызагъэхьэкIыну, — жиIэурэ уафэм дэплъеящ Хьэтусилэ…
  • — Зэи хьэрэмагъ уигу къэкIакъым, ди адэ. Напэ хужькIэ ди адэжьхэм я пащхьэ ихьэжынухэм уащыщщ, — и адэм ирипагэу къыхуеплъэкIащ абы Тутхьэлий.
  • — Дауэ уеплърэ, Тутхьэлий, дэнэ дгъакIуэмэ нэхъыфI ТIэшубрэ Шэтэндурэ?
  • — Уэ яхуэпщIыр я унафэщ, зиусхьэн. Уэращ пщыр, — жэуап Iущу итащ щIалэм.
  • — Абы я унафэ сщIагъэххэщ сэ. Сэ си къулыкъур зэгуэр уи пщэ къыдэхуэжынущ. Си пIэ уитатэмэ, сытыт уэ унафэу яхуэпщIынур? — игъэунэхурт щIалэр пщым.
  • — Пщыгъуэр щIэхфэх Тхьэдыгъэм къыслъимыгъэскIэ, ди адэ, ауэ сэ абыхэм я унафэ сщIатэмэ, ящIэну дыдэр и кIэм нэс езгъэщIэнут, я щыуагъэм пэкIуэу нэхъ тезыр гуащIэ ды-дэр ятеслъхьэн папщIэ. ТIэшуб шынагъуэкъым, ауэ Шэтэнду зэи къызэтеувыIэнукъым. Дэнэ щIыпIэ дымыгъэкIуами, зы делагъэ гуэр къыIэщIэмыщIауэ увыIэнукъым. Пщыр зыгъэлIар сыту темыпыIэрэт! Аращи, и гум илъым и лъэр лъэгъэIэсын хуейщ, — Тутхьэлий, къызэрыщIэкIымкIэ, губзыгъэ-бзаджэт.
  • — Ныхъуашэ къалэ дэдгъэтIысхьэмэ, ди Iуэхури езыхэм я Iуэхури нэхъ псынщIэ хъуну къыщIэкIынщ, — арэзыуэ и щхьэр ищIащ Хьэтусилэ.
  • — ФIы дыдэщ, зиусхьэн, — щыхьэт техъуэжащ пщыкъуэри.
  • — ФIы дыдэмэ, си япэ унафэм фIы къытхудигъакIуэ! ТIэшубрэ Шэтэндурэ Ныхъуашэ ирекIуэ, Вындэшынэ Амырейм япщу ирегъэзэж, уэ Хьэкъмыс кIуэи, ди унагъуэр къалащхьэм къэгъэIэпхъуэ.
  • — СынодаIуэ, зиусхьэн! — Тутхьэлий пыгуфIыкIщ, щхьэщэ ищIри, щIыбкIэ икIуэтурэ щIэкIыжащ.
  • ПщIэ зыхуэтщI Фирхьэун!
  • Шэтэндурэ ТIэшубрэ къалащхьэр зэрырагъэбгынэрэ илъэс ныкъуэ хъуат. ЦIыхубзым Хьэтусилэ псалъэ иритат, пщым и щIыбагъкIэ псалъэмакъ къримыхьэкIыну, делагъэ имыщIэну, ауэ, гуащэм хуэгъэпэжакъым ар. Шэтэнду бампIэм къызэгуиудырт, зэпымычу егупсысырт «лей» къызэрытехьам, и къуэм пщыгъуэр къызэрытрахам. Абы дамэгъу къилъыхъуэрт, тепыIэнуи зигъэхьэзырыххэтэкъым. Уеблэмэ кIуэ пэтми нэхъ Iеижу къеблу арат абы и гужьгъэжьыр.
  • КъуэкIийуэдым щыIэ и благъэпщым хъыбар иригъэщIат къыкъуэувэну, Асыриймрэ Вавилонымрэ япщхэм яригъэпсэлъэну, Хьэтусилэ къэралыр къыIэщIихыжынымкIэ къадэIэпыкъуну иригъэлъэIуну. Ауэ Памбэ къыхуидакъым Хьэтусилэ бий ищIыну хуейтэкъыми. Утыку къыщинэм, Шэтэнду бзаджагъэм я нэхъ шынагъуэр игу къэкIащ: мысыр Фирхьэуныр пэшэгъу ищIу, и къуэр лъэныкъуэ езыгъэзар хигъэщIэну. И къуэ сымаджэм нэхърэ нэхъ Iеижу зи щхьэр зэкIуэкIа фызым тхыгъэ хуригъэхьащ Рамзес.
  • Къадеш зауэм лъандэрэ лIыпIэ иува Рамзес куэдкIэ зихъуэжат. Ар нэхъ зэпIэзэрытт, и къипкI-къилъыр нэхъ мащIэ хъуат, и гужьгъэжьри нэхъ ужьыхат. Щамым и гугъэр хихыжатэкъым Фирхьэуным. Иджыри щIэхъуэпсырт Къадеш къизэужыну, икIи хуэм-хуэмурэ дзэ къызэригъэпэщыжырт. Рамзес зэи и пщIыхь къыхэхуэнтэкъым фIэфIыпсу Къадеш къритын папщIэ Хьэт къэралыгъуэм и пащтыхьыу щытар езыр-езыру къэлъэIуэну.
  • — «ПщIэ зыхуэтщI Фирхьэун лъапIэ! Тхьэдыгъэм и пэлъытэу ди щIылъэр къэзыгъэнэху! ЗэрыпщIэщи, ди щхьи ди пщIи хиутэу, си щхьэгъусэ лъапIэу, имычэзууэ дунейм ехыжа МывэтIалэ и къуэш Хьэтусилэ дзэшхуэ къришажьэри, си къуэ пащтыхьым и тетыгъуэр три-хащ. ГъэпцIагъэрэ шынагъэкIэ ТIэшуб и пщыгъуэр IэщIэзыгъэкIа лIы ябгэр уэрэ дэрэ ди зэхуэдэ бийщ. ЗыкъытщIэбгъакъуэрэ, тетыгъуэр Хьэтусилэ къыддытепхыжатэмэ, фIыщIэ пхуэтщIыжынт Фирхьэун лъапIэм — щIегъуэжи щысхьи къыхэмыкIыу, Къадеш уэттынт. Уи жэуапым дыпоплъэ! ФIыкIэ дыпхуохъуахъуэ. Шэтэнду тажнанэрэ Хьэт къэралыгъуэм и пащтыхьышхуэ ТIэшубрэ».
  • Рамзес и бейгуэлхэмрэ и къуэхэмрэ зэхуишэсри, къахуеджащ.
  • — Мы тхыгъэр дыгъуасэ къысIэрыхьащ.
  • — Дзыхь хуэпщI хъуну пIэрэ а гуащэм? — псом япэ къэпсэлъащ Рамзес и къуэ нэхъыжь Хьэемыуэс.
  • — Зи гум гужьгъэжь илъ бзылъхугъэм хуэмыщIэн мы дунейм теткъым, сэ сцIыхужкъэ цIыхубзхэр! — дыхьэшхащ нэхъыщIэр.
  • — Къэгъанэт, Мырнэптехь, — Фирхьэуным и нэщхъыр ищIри, къуэ нэхъыщIэм хуеплъэкIащ.
  • — Хуит сыкъэпщIмэ, Фирхьэун! — щхьэщэ ищIащ бейгуэлхэм ящыщ зым. — Сэ сощIэж Хьэтхэр зэрыхъыжьэр. Бийм нэмыплъ хуэпщIыным нэхъ щыуагъэ къыIэщIэщIэнкъым зауэлIым. Тажнанэм и псалъэм тетщIыхьрэ, зауэм дыхыхьэмэ, фIы щIэтхынкъым. Ди дзэр хьэзыркъым. Иужьрей зауэм лъандэрэ зыкъэдужьыжакъым.
  • — Пэжщ ар. НэгъуэщI зы лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, апхуэдэ зэгурыIуэныгъэ иужькIэ дымыгъуэтыжынри хэлъщ. Илъэс дапщэ хъуауэ дещакIуэрэ дэ а щIыналъэм! Илъэс мин бжыгъэ дэкIа нэужьи ди цIэр ящыгъупщэнутэкъым цIыхухэм, «Хьэт къэралыгъуэр къэзызэуахэр» жаIэу, IуэрыIуатэу ди хъыбар кърахьэкIынут зэIэпахыу. Зэпэшэчын хуейщ псори, зыIэщIэдгъэкI хъунукъым апхуэдэ IэмалыфIыр, — жеIэ зы бейгуэлми.
  • — Щамыр къытIэрыхьэмэ, ди гъуэгур зэIухащ: зэрыкъэралыгъуэу къэдзэунущ хуэм-хуэму-рэ, — и щхьэ хуэпсэлъэж хуэдэ, щэхуу жиIащ Рамзес.
  • — Зи къэралым, зи лъэпкъым епцIыжу, и щIыналъэм щыщ къозытыну хьэзыр цIыхум зыхуейр къыIэрыхьа нэужь уэри утыку укъримынэну, къыппэщIэувэжу укъримыхужьэжыну ущыхьэт, ди адэ? — жи Хьэемыуэс.
  • — Ари хэлъщ, — арэзы техъуащ абы Фирхьэуным и къуэ нэхъыщIэр. — Лъэпкъ бзаджэщ ахэр.
  • — Хьэтусилэ илъэс щэ ныкъуэм нэблэгъауэ лIы балигъщ, дзэпщ лъэрызехьэу жаIэ, абы нэхъ лIы лъэрызехьэ Хьэтхэм яхэтакъым. Сэ куэдрэ сыщрихьэлIащ абы зауэ губгъуэм. Пэжыр жысIэнщи, абы нэмыплъ етт хъунукъым, и щIыбагъкIэ Iуэху зетхьэнкIэ Iэмал зимыIэщ — зыкъиIэтрэ къежьэмэ, зыкъытхуэужьыжынкъым, — хэгупсысы-
  • хьащ Фирхьэуныр.
  • — Арамэ, зиусхьэн, дзыхьщIыгъуэджэ Iуэхущ дызытегушхуэр. Зи акъыл мытэмэм дыдэ ТIэшубрэ абы и анэ удымрэ я ягъэкIэ сыт Хьэтусилэ и пIэм къыщIитшынур? И гугъу ды-мыщIмэ, ди Iуэху къызэрихуэнукъым абы, — идэркъым Хьэемыуэс.
  • — Дэ апхуэдэ Iэмал зэи дымыгъуэтыжынкIэ хъунущ. Ищхъэрэ-къуэкIыпIэмкIэ щыIэ къэралыгъуэр къэтхьэхумэ, дунеижьыр дыдейуэ аращ — ди гъуэгу зэIухащ, — Рамзес унафэ ищIагъэххэ хуэдэ, тегушхуэрт.
  • — Зиусхьэн, нэгъуэщI мыхъуми, шэсыгъу къеIых, укъамыгъэпцIэжын хуэдэу, — жиIащ зы бейгуэлым.
  • — Пэжщ. Ауэ хэт къеIытхынур? Зэанэзэкъуэм языхэз мыхъумэ, нэгъуэщI зыщысхьын яIэкъым а тIум, — пэжт Фирхьэуным и къуэ нэхъыщIэм жиIэр.
  • — Зыгуэр къэзгупсысынщ. ФызэбгрыкIыж, — и Iэр ищIри, етIысэхащ Рамзес.
  • Дзэгъащтэ
  • Нэптерэрэ Тэшмийрэ я кIэзехьэхэр ящIыгъуу жыгхадэм итт, уэршэру. Пщащэхэр Хьэтуссэм къызэрыIэпхъуэрэ я гъащIэм зихъуэжат. Ахэр иджы уардэунэм дэкIыну, я нэгу зрагъэужьыну, бэзэрым зыщаплъыхьыну, уеблэмэ, хьэуа къабзэкIэ бэуэн щхьэкIэ я закъуэ унэм къыщIэкIыну хуиттэкъым. Сытым дежи, ныбжь нэхъей, унэIутхэмрэ кIэзехьэхэмрэ ящIыгъут. ЗэшыпхъуитIыр абы есэртэкъым. Ахэр хуейт я гур утIыпщауэ, хуиту бауэу, я гущхьэм зыри къытемыту псэуну. АрщхьэкIэ, апхуэдэу хъунутэкъым, ахэр пщыпхъут. НэгъуэщI гъащIэщ, нэгъуэщI къалэнщ, нэгъуэщI щытыкIэщ.
  • — Къейшэху сымэ Амырейм зэрыкIуэжрэ нэхъ зэшыгъуэж хъуащ. Иджы уэрэ сэрэщ къэнари, тхьэм ещIэ къытпэщылъыр, — имычэзууэ балигъ хъуа Тэшмий куэдым егупсысырт, куэди зэхуигъэхъурт.
  • — Мы кIэзехьэ бжыгъэншэхэм-рэ хъумакIуэхэмрэ сэ зыкIэ къызохьэлъэкIри, — и щхьэр ищIри, дыхьэшхащ Нэптерэ.
  • — И гугъу умыщIыххэ. Си щхьэр щIызагъэхьащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, зыкIи фIыкъым упщыпхъуну, — макъкIэ дыхьэшхащ пщащэ цIыкIур.
  • — Аращ жаIэр. Мес, Къейшэху и щхьэгъусэр ди адэм и ныбжьщ. УдэкIуэн хуейщ жаIати, «хъунщ» жиIэу и щхьэр игъэщхъа мы- хъумэ, зы псалъэ къыфIигъэкIакъым. Аращ дэри къытпэщылъыр. Ар пщыпхъухэм ди зэхуэдэ гукъеуэщ, ди лъагъуны-
  • гъэ щэхур ди гум ибэмпIыхьу ди гъащIэр тхьынущ, — нэщхъей къэхъужащ Нэптерэ.
  • — Умынэщхъей, си шыпхъу дахэ, си гур уогъэуз, — Нэптерэ и Iэблэр Тэшмий еубыд.
  • — Дауэ сымынэщхъеинрэ. Ди адэм Алэдамэ къригъэшэну мурад ищIащи, нысащIэ къыхуелъыхъуэ. Сыкъелынукъым сэ абы, Тэшмий, — кIэзехьэхэм зэхамыхын хуэдэу, мэIущащэ Нэптерэ.
  • Тэшмий и шыпхъу нэхъыжьыр фIэгуэныхьу хуеплъэкIа мыхъумэ, зэрытригъэун псалъэ къыхуэгъуэтакъым.
  • — Иджы тхьэмахуэ бжыгъэкIэрэ слъагъуркъым. Мы сэреижьыр дэнэкIи нэрэ тхьэкIумэрэщ. Зыгуэрым дыкъищIэмэ, ди адэм деж нагъэсыжын хьэзыру зэхэтщ унэIутхэр, — хуэм-хуэмурэ къэгубжьырт Нэптерэ.
  • — ФыкъащIэмэ, фIы щIэфхынукъым. Ар уэри уощIэ. ЗышыIэ тIэкIу. Алэдамэ фIыуэ ялъагъуми, ди адэ-анэм ящыгъупщакъым ар зэрыщхьэхуимытыр.
  • — Алэдамэ — пщыкъуэщ. Ар мэуэтыпщым и къуэщ. Тенджыз ФIыцIэм адрыщIкIэ щыпсэу лъэпкъри дамэгъу къыхуэщIынут ди адэм, тIэкIу егупсысатэмэ…
  • — Хуэму, Алэдамэ къокIуэ, — къызэпиудащ ар Тэшмий.
  • Гъатхэ хьэуа щIыIэтыIэм мащIэу укъигъэпIыщIэрт икIи IэфI-IэфIу Iэпкълъэпкъым зыкъришэкIырт. Жэщым къешха уэшх мащIэм и лъэужьу тхьэмпэхэм къатена ткIуэпс цIыкIухэри пщэдджыжь дыгъэпсым пэлыдырт, ихъуреягъыр зэщIагъэцIууэу. Гъатхэр гухэлъ къэушыгъуэщ, лъагъуныгъэм игъуэщ, дахагъэм, щIэрэщIэгъуэм и лъэхъэнэщ. КъызэрыгуэкI цIыхум дежкIэ… Нэптерэ армырми апхуэдэххэт гъэ псор зэрырихьэкIыр. Абы Алэдамэ щилъэгъуам деж и Iэпкълъэпкъым гурыщIэу хэлъыр къызэщIэушэрти, пкъым имызэгъэжу къипкIын хуэдэ и гур къызэрытIэпIыкIырт. Пщащэр, Алэдамэ и цIэр зэрызэхихыу, зэщIэувыIыкIащ.
  • — Фи пщэдджыжь фIыуэ, — щхьэщэ къахуищIащ Алэдамэ зэшыпхъуитIым.
  • Тэшмий Iущ цIыкIур икIуэтри, кIэзехьэхэр щIыгъуу иужь зыкъригъэнащ. Нэптерэ зыкъом щIауэ илъэгъуатэкъым и псэр зыхэлъ щIалэр, итIани жиIэнур имыщIэу, еплъу щытт.
  • — Нэптерэ… Си гъащIэ! — зауэ губгъуэм хъийм щикI щIалэ гуащIафIэр Нэптерэ и пащхьэ щитым деж, къарууншэ хъурт. Алэдамэ и нэр, и гущхьэм иплъэ хуэдэ, Нэптерэ тедият.
  • — Узмылъагъуми схуэшэчкъым, услъагъуми даIуэтэжынкIэ сошынэри… — и напIэр ирихьэхащ пщащэм.
  • — ПщIэрэ, Нэптерэ, Хьэкъмыс иджыри дыщыIэу, мылIэ-мыпсэууэ сыщытелъам щыгъуэ…
  • — КхъыIэ, и гугъу умыщIыж! — укIытауэ, зыздихьынур ищIэжыртэкъым пщащэм.
  • — Абы щыгъуэ жыпIар зэрыщыту зэхэсхащ. Зэхэсхыну сызыщIэхъуэпсыр къызжепIауэ къысщыхъуауэ арами сщIэркъым, ауэ абы щыгъуэ уэращ ажалым сыкъыIэщIэзыхар. Хьэдрыхэ гъуэгу сытетт, лIахэм сахэтт. А дунейм гукъеуэ щыIэкъым, абыкIэ нэхущ, хуабэщ, бэIутIэIуншэщ. ДунеягъэкIэ къанэм нэхърэ хьэдрыхэ къыщытпэплъэр нэхъыбэщ, Нэптерэ. Псори а дунейм щызэхуэдэщ. Пщыи пщылIи щыIэкъым. А гъащIэ IэфIым апхуэдизкIэ сыдихьэхати, дунеягъэкIэ щыIэхэм сегупсысыххэртэкъым. Ауэ, си тхьэкIумэм къиIущащэу уи макъ щабэр зэхэсхащ. Зысплъыхьмэ — зыщIыпIи ущыслъагъуртэкъым. Нэрымылъагъуу зыкъызэпшэкIауэ сумыутIыпщым ещхьт ар. ИтIанэ зызущэхури, сызыщIэдэIукIащ. Пэжт, зыщIыпIэкIэ къиIукIырт уи Iущащэр, — Алэдамэ зыкъигъэщхъыурэ Нэптерэ и нэгум гъунэгъу дыдэ къыщыхуэхъум, пщащэр икIуэтащ.
  • — Алэдамэ, кхъыIэ, щыгъэт. АдэкIэ зыри жумыIэ, — укIытат пщащэр «зэхихам нэмыщI, зыхищIари ищIэжмэ» жиIэу.
  • — Уи щIыхьымрэ си гъащIэмрэ сыхагъадэмэ, сымыгупсысэххэу си гъащIэр щхьэузыхь пхуэсщIынущ, Нэптерэ. Ауэ пщIэну сыхуейщ — пащтыхьым селъэIунущ укъызитыну. Абы къытхуищIыр ди унафэщ.
  • — Сыт жыпIэр?! — къэщтащ Нэптерэ. — Абы уемыгупсысыххэ, Алэдамэ, сынолъэIу. Уи щхьэр паупщIынущ!
  • — А сыкъыздипшыжам згъэзэжмэ нэхъыфIщ, уэрыншэу сыпсэу нэхърэ. Пащтыхьым къызигъэшэну яужь итщ. Сыхуейкъым нэгъуэщI, уэр фIэкIа, — Алэдамэ и макъым Нэптерэ щабэу зришэкIырт, ауэ пщащэм ищIэрт абы кърикIуэнкIэ хъунури, и щхьэр игъэкIэрахъуэурэ «хьэуэ» къригъэкIырт.
  • — Нэптерэ, — къэджащ Тэшмий. — Зыгуэр къокIуэ.
  • Алэдамэ щхьэщэ ищIри ежьэжащ.
  • ЦIыху ерыщт ар, икIи быдэу игу ирилъхьат Нэптерэ къищынэмыщIа, нэгъуэщI зыри псэгъу имыщIыну. Пэжщ, пщыр къэгубжьу Алэдамэ и щхьэр паупщIынри хэлът, ауэ адэкIэ апхуэдэу псэуну хуейтэкъым езыри. И гум зэрихуэрт. Алэдамэ ищIа лъагъуныгъэр нэфт, дэгут икIи бзагуэт. А гурылъыр апхуэдизкIэ инти, Iэпкълъэпкъым зриубгъуауэ и къарур щIихырт. Иджыпсту зыгуэр имыщIэмэ, адэкIэ зы Iей гуэр къызэрыхъунур псэкIэ зыхищIэрт.
  • Пащтыхьым и хъумакIуэ нэхъыщхьэр шабзэшэм хуэдэу пырхъуэм ирижэрт. Абы быдэу игу ирилъхьат зиумысыну, къэгъази къикIуэти имыIэу зиумысыну… БжэIутхэм пащтыхьым и лэгъунэбжэр щызэIуахымрэ пащтыхьым и къыщIэкIыгъуэмрэ зэтехуащ.
  • — Алэдамэ. Уэрат сызыхуейр. КъыщIыхьэт моуэ, — жиIэри, игъэзэжащ пащтыхьым.
  • — СынодаIуэ, зиусхьэн, — и Iэр и бгъэ лъабжьэм щызэтридзэри, бауэбапщэу щхьэщэ ищIащ щIалэм.
  • — КъетIысэхыт.
  • Алэдамэ къэуIэбжьащ. Ар зэи Хьэтусилэ щысу етIысэхатэкъым.
  • — Хьэуэ, зиусхьэн. Дауэ сытIысын?! — идэркъым.
  • Хьэтусилэ пыгуфIыкIащ:
  • — Уи хэкумкIэ, дауи, хабзэкъым нэхъыжь щыту нэхъыщIэр тIысу.
  • — Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс, жаIэ мэуэтхэм.
  • — ПщIэрэ, сэ япэ дыдэ ущыслъэгъуам згъэщIэгъуат щхьэхуимыт щIалэ цIыкIум уи зыIыгъыкIэмрэ уи плъэкIэмрэ. КъызгурыIуатэкъым ар къызыхэкIыр. ИужькIи куэдрэ сегупсысырт абы. СыпкIэлъыплъырт, зэпIэзэрыту, гъэсауэ, шыIэныгъэ пхэлъу, щIыкIафIэу, Iэдэбу узэрыщытыр къыздикIар къысхуэмыщIэу. ЩакIуэ дыщыIэу къызжепIам иужькIэщ псори щызэхуэкIуэжар, къыщызгурыIуар. Уэ пхуэфащэкъым щхьэхуимыт цIэ мыфэмыцыр зепхьэну, — гуапэу къеплъащ абы пащтыхьыр.
  • — Зиусхьэн… — и пщым жиIэну зыхуейр къыгурыIуащэтэкъым Алэдамэ, ауэ жиIакIэр и гуапэ хъуат.
  • (КъыкIэлъыкIуэнущ).