ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

МахуэлI Беслъэн: «Дэтхэнэ адыгэри зи анэдэлъхубзэр зыхъумэжыфын дыхъуным сыщIохъуэпс»

2018-06-23

  • Ди лъэпкъым и блэкIам, и нобэрей гъащIэм, и къэкIуэнум егупсыс, «хэкупсэ нэс» псалъэхэр зыхужыпIэ хъун щIалэгъуалэ ди мащIэкъым адыгэхэм, Тхьэм и фIыщIэкIэ. Апхуэдэ щIалэ жанхэм ящыщщ ди псэлъэгъур. Ар МахуэлI Беслъэнщ, Налшык дэт гимназие №1-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж IэщIагъэлIщ. Абы и цIэр фIыкIэ жаIэу зэхэзымыха къалащхьэм и егъэджакIуэхэм куэд яхэткъым. МахуэлIыр жыдждэру хэтщ, текIуэныгъэхэ-ри къыщехь къалэпсо, щIыналъэпсо, урысейпсо зэпеуэхэм. ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм доплъей и еджакIуэхэри. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ джынымкIэ абыхэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэм егъэджакIуэ щIалэм и лъэр нэхъри жан хуещI лъэпкъым и зыужьыныгъэм адэкIи хуэлэжьэным.
  • ЩIалэ жыджэрым, щIэныгъэ куурэ хьэл-щэн екIурэ зыхэлъым, иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ икIи зыпэрыт IэнатIэм, и мурадхэмрэ и хъуэпсапIэхэмрэ тедгъэпсэлъыхьащ.

  • — Беслъэн, уи ныбжькIэ ущIалэми, уэ уащыщщ зи зэфIэкIыр жыжьэ нэс, зи хэкупсэ гупсысэхэр куу цIыхухэм. Абыхэм я щIэдзапIэр укъыщалъхуа, укъыщыхъуа унагъуэм щыIэу къысщохъу.
  • — Къыпщыхъум и мызакъуэу, ипэжыпIэкIэ аращ лъабжьэ яхуэхъуар си дуней еплъыкIэми си Iуэху бгъэдыхьэкIэми. Шэч лъэпкъ хэмылъу, унагъуэращ къыщежьэр цIыхум хэлъыфынкIэ хъуну хьэл-щэн дахэ псори: лъагъуныгъэри, пщIэри, нэмысри, гумащIагъри, пэжыгъэри. Къыхэзгъэщынщи, ди республикэм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм сыкъыщыхъуащ сэ. Iуащхьэмахуэ къызыщхьэщыт, абы и лъапэм зыщызыукъуэдия мэзхэмрэ тафэхэмрэ япэмыжыжьэу щигъуэлъыкIа Дзэлыкъуэ щIыналъэращ ар. А щIыпIэм и щIыуэпсым и дахагъыр цIыхупсэм зыхимыщIэу, ар пкъынэлъынэхэм хэмылъу къызэрытэджыфын щымыIэми ярейщ.
  • А фIыгъуэ псоми щIыгъужщ сыкъыщалъхуа унагъуэ дахэр, сыкъыщыхъуа Къамылыкъуэ къуажэр. Си адэшхуэ Жантемыр къэзымыцIыху ди жылэм дэмысауэ жаIэж. Ар «уей-уей» жезыгъэIэ уэрэджыIакIуэ Iэ- зэу щытащ. ЗэрыбыниплIым я нэхъыщIэ сэ ар слъагъу- ну, абы сыдэпсэуну си на-сып къихьакъым, арщхьэкIэ, къысхуаIуэтэжа хъыбархэм ятепщIыхьмэ, фIы дыдэу сцIыхуу, си нэIуасэу щытауэ къысщохъуж. ПщIэ хуащIу, ар ирагъэблагъэу щытащ хьэщIэ лъапIэ къызыхуэкIуэ адыгэ унагъуэхэм. И макъ жьгъырумкIэ уэрэдыр иришажьэрэ гупри игъэгупыфу зэрыщытар шэч къызытумыхьэ Iуэхугъуэщ.
  • Зи куэщI сыкъихъукIа си анэшхуэ Iэминат хуэдэ дунейм темытами ярейщ. Ар илъэси 114-кIэ псэуащ. Анэшхуэм и деж къыщыщIидзащ сыкъызыхэкIа адыгэ лъэпкъым, щIыналъэм, ди хабзэмрэ щэнхабзэмрэ яхузиIэ лъагъуныгъэ нэсыр. А цIыху жумартым, бзэ IэфIым, щэныфIэм икIи акъылыфIэм къызжиIа дэтхэнэ псалъэми мы дунейм щIы-пIэ щезгъэгъуэтыну сыхуейщ. Зы пщыхьэщхьи къэнакъым нанэ таурыхъ гуэр, щыIэхэм ящыщми къигупсысами, сыщIимыгъэдэIуу. Ар фIыгъуэшхуэщ: анэшхуэм и куэщI урапIыкIыныр, абы и гущэкъу уэрэдрэ пIэщхьагъ таурыхърэ ущIэдэIуу ужеижыныр. Збгъэдэлъ гъэсэныгъэм зэрыхуэнабдзэгубдзаплъэм дэщIыгъуу, си еджэнми кIэлъыплъар си анэшхуэращ. Иджыпсту хуэдэу си нэгум щIэтщ: шэ къишагъащIэр зыхикIа си къалмыкъ шеймрэ хэлъу хуабэмрэ хьэзыру стIолым тету сыкъигъэтэджырти, дэ тIум хабзэ тхуэхъуауэ, нанэ нэмэзыр ищIыху, сэ зыстхьэщIу сышхэн хуейт. ИтIанэ си унэ лэжьыгъэр къызигъэпщытэжырт, къызбгъэдэсу, «пщэдджыжь акъылкIэ зэ уеплъыжмэ, нэхъыфIщ, си фIыгъуэ» къызжиIэурэ. Куэд мэхъу сэ нанэ къысхуищIар… «Дауэ уеджа, сытхэр уи Iуэху?» — жиIэу къыспежьэрт, школым сыкъыщикIыжкIэ, абы къисх хъыбархэм едаIуэрт, еджэным сытригъэгушхуэу, къаруущIэ къысхилъхьэу. ЕджэкIи тхэкIи зымыщIэ абы къызжиIэрт си цIэр газетым фIыкIэ тету къеджауэ, си хъыбарыфI дэнэкIи щызэлъащIысауэ. Апхуэдэурэ къыздэгушыIэрт нанэ, си гукъыдэжыр къиIэту.
  • А нэхъыжьыфIхэм яхуэфащэщ си адэ-анэу Замиррэ Ритэрэ. Абыхэм яухуэфащ щапхъэ зытрах уна-гъуэ дахэ. Дадэрэ нанэрэ я гъуэгугъэлъагъуэу, я чэнджэщэгъуу абыхэм ялъэкIащ я быниплIыр: Раметэ, Аслъэн, Людмилэ, Беслъэн сымэ зыхуей дыхуагъазэу дапIын, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ дагъэгъуэтын, нэхъыщхьэращи, лъэпкъ гъэсэныгъэ екIу къытхалъхьэн. Ахэр си гъащIэ щапхъэщ. Адэ-анэм я чэнджэщымрэ ущиемрэщ гъуэгу захуэ дытезыгъэувар. Сахуэарэзыщ абыхэм къытхуащIа псомкIи. Дэри дахуэфэщэн Тхьэм ищI.
  • — Уи анэшхуэми адэ-анэ-ми яхуэдэ лъэпкъым ди куэдщ. Ди мащIэр къыхуащIэр уэ пхуэдэу фIыщIэ зыщIхэращ. Тхьэм уиузэщI, гъуэгу тынш, захуэ къыуит, апхуэдэу уи гумрэ уи псэмрэ итхьэщIыкIауэ нэхъыжьхэм уазэрыхущытым папщIэ. Адыгэбзэм нэхъ куууэ ухуеджэнри, ар IэщIагъэ пщIынри абыхэм къабгъэдэкIа жэрдэм?
  • — ПцIы хэмылъу, ахэращ еджэным сыдезыгъэхьэхар, лъэпкъ IуэрыIуатэм гъунэгъу сыхуэзыщIар, анэбзэм и IэфIагъыр зыхэсщIэу сыкъэзыгъэхъуар. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм сехъуапсэ-ми, адыгэбзэм сыхуеджэну си мурадакъым. ИтIани, ди анэдэлъхубзэр сфIэфIыщэти, абы епха лэжьыгъэ гуэр згъэзащIэмэ, си гур хэхъуэрт. Школым сыщыщIэса лъэхъэнэм «Зольские вести» ди район газетым зы плIанэпэ къыщызатауэ IуэрыIуатэ, хабзэ я лъэныкъуэкIэ зыгуэрхэр стхыуэ щытащ. ЖыпIэнурамэ, школ илъэсхэр есхьэкIащ, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ, купщIафIэ икIи гъэщIэгъуэнхэм жыджэру сыхэту. Къапщтэмэ, ди республикэм 2000 гъэм япэ дыдэу щрагъэкIуэкIауэ щытащ «Илъэсым и еджакIуэ» зэпеуэр. Абы и школ Iыхьэми, щIыпIэ Iыхьэми, щIыналъэпсо утыкуми пашэ сыщыхъури, 10-нэ классым сыщIэсу а щIыхьыцIэр сэ япэу ди республикэм къыщысфIащауэ щытащ. КъинэмыщIауэ, предмет псори зэхуэдэу фIыуэ къызэхъулIэрти, сэ щIэх-щIэхыурэ сыхэтт школпсо, районпсо, республикэпсо олимпиадэхэм, увыпIэфIхэри къыщысхьырт. АдыгэбзэмкIэ екIуэкIа апхуэдэ олимпиадэм сыхэтащ 11-нэ классым сыщIэсу. Абы и республикэпсо Iыхьэм япэ увыпIэр къыщысхьри, хуитыныгъэ згъуэтащ КъБКъУ-м и адыгэбзэ къудамэм экзаменыншэу сыщIэтIысхьэну. А Iэмалыр къэзгъэсэбэпыну къыщIэкIынтэкъым, ди районым егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI Нэгу- мэ Лейла мыхъуатэмэ. Абы нысхуиIуэхуауэ щытащ, сыхуеймэ, адыгэбзэ къуда-мэм лъэпощхьэпоуншэу сыкъызэращтэнур, си ехъулIэныгъэхэм, къэзгъэлъэгъуа щIэныгъэфIым япкъ иткIэ. Апхуэдэуи хъуащ.
  • Университетыр 2005 гъэм хъарзынэу къэзуха нэужь, илъэс 4-кIэ сыщылэжьащ Бэтэх къуажэм дэт курыт школым, адыгэбзэмрэ литературэмрэ, урысыбзэмрэ литературэмрэ езгъэджу. ЗэфIэсх егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм къыдэкIуэу, а жылэм къыщызэзгъэпэщауэ щытащ класс нэхъыжьхэм щIэс щIалэгъуалэр зыхэт «НыбжьыщIэ хасэ». Апхуэдэу жыджэру дыхэтащ республикэм щекIуэкI жылагъуэ гъащIэм. Езгъаджэ ныбжьыщIэхэр си дэIэпыкъуэгъуу, школым къыщызэIутхауэ щытащ Адыгэ музей цIыкIу. Абы щызэхуэтхьэсат адыгэ гъащIэм, щыIэкIэ-псэукIэм епха хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ куэд.
  • Абы щыгъуэ хьэкъыу спхыкIащ: нэхъыжьхэм жэрдэм ящIмэ, хьэрычэт къыхалъхьэмэ, нэхъыщIэ-хэр сыт щыгъуи хьэзырщ жылагъуэ, лъэпкъ, нэгъуэщI Iуэхухэри къыбдаIыгъыну. Бэтэхдэс щIалэгъуалэм а IуэхугъуэхэмкIэ жыджэрагъыу яхэлъар сощIэжри аращ, апхуэдэу щIыжысIэр. ПашэфI уиIэмэ, IуэхуфI куэди пхуэлэжьынущ.
  • — Апхуэдэ жыджэрагъыр лъэныкъуэ куэдкIэ зэрыпхэлъым сыщыгъуазэщ сэ: уи щIэныгъэм Москва щыхэбгъэхъуащ, хэкум къэбгъэзэжа нэужьи, уэри уи гъэсэнхэм я цIэхэри фIыкIэ щIэх-щIэхыурэ къоIу. А Iуэхугъуэхэм тIэкIу къытхутепсэлъыхьыт, Беслъэн.
  • — Сэ дапщэщи сыщIэхъуэпсырт си зэфIэкIым, щIэныгъэм адэкIи хэзгъэхъуэну. Си щхьэ IуэхукIэ Москва сыкIуэн хуей хъуат, зэман кIыхькIэ абы сыщыIэну тезухуати, а илъэсхэр си хъуэпсапIэр нахуапIэ хъунми хуэзунэтIащ. Москва дэт къэрал лингвистикэ университетым сыщIэтIысхьэри, ар ехъулIэныгъэкIэ къэзухащ икIи абы сыщылэжьащ илъэс зыбжанэкIэ. А илъэсхэм куэд къызатащ бзэм, дунейпсо литературэм, щэнхабзэм, тхыдэм нэхъ куууэ щыгъуазэ сахуэхъунымкIэ.
  • 2015 гъэм ди щIыналъэм къэзгъэзэжащ. А илъэс дыдэм къыщыщIэдзауэ сыщолажьэ Налшык дэт гимназие №1-м, адыгэбзэмрэ литературэмрэ езгъэджу. Къуажэм къыщыхъухэм еплъытмэ, къалэдэс сабийхэр анэдэлъхубзэм епшэлIэну зэрынэхъ гугъур къызолъытэри, сыхущIокъу си дерс-хэр щIэщыгъуэу, зыр адрейм емыщхьу зэрызэхэзгъэувэным. Абыхэм я нэхъыбэм лъэпкъ IуэрыIуатэр лъабжьэ яхузощI. Апхуэдэу къызогъэсэбэп егъэджэныгъэм къыхыхьэ иджырей Iэмалхэри. Си сабийхэмрэ сэрэ зэгъусэу щIэх-щIэхыурэ къызыдогъэпэщ классщIыб зэIущIэ купщIафIэхэр. Иужьрейуэ дызыхэта апхуэдэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ ди адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ Уэрэзей Афлик и гъащIэмрэ и творчествэмрэ ятеухуа литературэ-макъамэ пшыхьыр. Абы кърихьэлIащ егъэджэныгъэмкIэ Налшык къалэ департаментым и лэжьакIуэ ЛIыIэщын Людмилэ, Афлик и шыпхъу, егъэджакIуэ Борыкъуей Iэсият, Афлик и къуэ Тимур, журналист Мэремкъул Ларисэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Сабийхэм яфIэфIу зыхуагъэхьэзыращ пшыхьым. Уэрэзейм и гъащIэм и къекIуэкIы- кIам къызэхуэсахэр щыгъуазэ хуащIа нэужь, цIыкIухэр зыхэщIэгъуэу къеджащ усакIуэм и къалэмыпэм къыпыкIа усэхэм, Афлик и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр жаIащ. Апхуэдэу Афлик теухуа гукъэкIыжхэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ зэхуэсым къекIуэлIа хьэщIэ лъапIэхэри.
  • Лэжьыгъэр щIэщыгъуэ зыщI Iуэхугъуэщ а зэхыхьэм хуэдэхэр. Апхуэдэ щIыкIэ- кIэ сыхущIокъу лъэпкъым и псэкупсэ фIыгъуэхэм щIэблэр ешэлIэным. Арауэ къыщIэкIынщ еджакIуэ цIыкIухэм гукъыдэж яIэу, яфIэфIу си урокхэм къыщIекIуалIэри.
  • Дерсхэм къадэкIуэу, сэ зэрыхъукIэ сыхэтщ къалэм, республикэм щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэм, егъэджэныгъэм епха зэхыхьэхэм. Ди школым сыкъызэрыуврэ мазитI фIэкIа дэмыкIауэ ехъулIэныгъэ сиIэу сыхэтауэ щытащ «Илъэсым и егъэджакIуэ» зэпеуэм и къалэпсо Iыхьэм. ЕтIуанэ увыпIэри къэсхьат. Гъэ еджэгъуэ блэкIари фIыуэ щытащ си дежкIэ. 2018 гъэм екIуэкIа «Илъэсым и егъэджакIуэ» зэхьэзэхуэми жыджэру сыхэтащ, «Класс унафэщI нэхъыфI» унэтIыныгъэмкIи пашэ сыщыхъуащ. КъинэмыщIауэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм къыхилъхьа «Илъэсым и пэрытхэр» («Прорыв года») проектым ипкъ иткIэ, си лэжьыгъэр къапщытащ икIи нэхъыфIхэм хабжащ. Абы егъэджэныгъэ унэтIыныгъэмкIэ и лауреат сызэрыхъуам щыхьэт техъуэ тхылъи къысхуагъэфэщащ.
  • Си гъэсэнхэм я гугъу пщIымэ, егъэджакIуэр зэрылъапIэр, зэрыиныр и еджакIуэхэращи, абыхэм я нэхъыбапIэр сабий зэчиифIэхэщ. А цIыкIухэри хуэщхьэхынэкъым адыгэбзэмрэ литературэмрэ ехьэлIа зэпеуэхэм. Къапщтэмэ, си еджакIуэхэм ящыщу Борий Динарэ, Къэхъужь Ислъам сымэ 1-нэ, 2-нэ увыпIэхэр къыщахьащ Иркутск, Москва къалэхэм анэдэлъхубзэмкIэ щекIуэкIа зэпеуэхэм. «ХьэщIэ зи щIасэ Кавказ» щIыналъэпсо фестивалми увыпIэфIхэр дапщэ-
  • щи къыщахь си классым щIэсхэм. «Си бзэ — си бзэ, си дуней» зэпеуэм щIэх-щIэхыурэ дыхэтщ, текIуэныгъэхэри къыщыдохь. А псори къыддаIыгъщ ди еджапIэм и унафэщIхэм.
  • — Тхьэм адэкIи уригъэфIакIуэ, Беслъэн. КъэкIуэнум сыт хуэдэ мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ хууиIэ?
  • — СыщIохъуэпс адыгэб-зэмрэ литературэмрэ нэхъ куууэ езгъэджыну, абы хуей, абы хуэлIэ сабийхэр, классхэр нэхъыбэ хъуну. Ди жагъуэ зэрыхъущи, анэдэлъхубзэхэм ятеухуауэ мы зэманым къэралым щекIуэкI политикэм куэдым урегъэгупсыс, къэкIуэнум хуэгъэпса мурадхэри гугъапIэхэри нэхъ фагъуэ ищIу. Дауэ хъуми, анэдэлъхубзэм и зыужьыныгъэм, ар хъумэным, къытщIэхъуэ щIэблэм яIурылъу къэгъэтэджыным сытелэжьэну си мурадщ. Бзэр пIурымылъмэ, лъэпкъым ущымыщыж хуэдэу мэхъу. А фIыгъуэр зыхъумэфын дэтхэнэ адыгэри дыхъуну сыхуейт.
  • Епсэлъар ЖЫЛАСЭ  Маритэщ.