ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гулъытэ щхьэхуэ зыхуащIынухэр

2018-06-23

  • Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным мы лъэхъэнэм дэнэкIи гулъытэшхуэ щрат. А Iуэхум теухуа лэжьыгъэ щхьэпэхэр щокIуэкI ди республикэми.

  • Республикэ бюджетым къыхэкIыу а Iуэхугъуэм 2018 гъэм трагъэкIуэдэнущ сом мини 167788,1-рэ. Гъэмахуэ мазэхэм къриубыдэу санаторэхэм зыщагъэпсэ-хунущ сабий мин 13-м нэсым. Апхуэдэу республикэм и щIыналъэ псоми щылэжьэнущ гъэмахуэ лагерхэр. Ахэр къыщызэIуах курыт школхэм, сабий гъэсапIэхэм. Мэкъуауэгъуэ мазэм апхуэдэ зыгъэпсэхупIэ 25-рэ щылэжьэнущ ди щIыналъэм. ЦIыкIухэм я зыгъэпсэхугъуэм тещIыхьауэ егъэджэныгъэмкIэ щIыналъэ IэнатIэхэм программэ хэхахэр щаубзыхуащи, абыхэм япкъ иткIэ лэжьыгъэхэр щекIуэкIынущ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ сабийхэм драгъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэр — я нэгу зегъэужьынри, я къэухьым, зэхэщIыкIым хэгъэхъуэнри, эстетикэ, хэкупсэ гупсысэхэм хуэущиинри. Лагерхэм зыщагъэпсэхунущ зи ныбжьыр илъэси 7-15-хэм ит школакIуэхэм. Апхуэдэу егъэджэныгъэмкIэ IэнатIэм ярит тхылъхэм япкъ иткIэ, сабий куэдым я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэнущ лагерь зэмылIэужьыгъуэхэм, санаторэхэм. Зи адэ-анэхэр лэжьапIэ IэнатIэ Iумыт, бынунагъуэшхуэхэм, зи Iуэху хуэмыщIа унагъуэхэм къахэкIа сабийхэм, адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэм, сабий зеиншэхэм гулъытэ щхьэхуэ хуащIынущ.
  • Махуэрылажьэ лагерхэм я лэжьыгъэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным хухахащ сом мелуани 4-рэ мин 600-рэ. КъинэмыщIауэ, сом мин 916-рэ хуаутIыпщынущ ТворчествэмкIэ сабий академие «ДыгъафIэ къалэм» сабийхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ, ябгъэдэлъ зэфIэкIхэм зыщрагъэужь, унэтIыныгъэ зыбжанэу зэщхьэщыхауэ щыта гупхэр щыгъэлэжьэным.
  • Апхуэдэу илъэс 14-18 хъу ныбжьыщIэхэр гъэмахуэм и кIуэцIкIэ лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынми гулъытэ щхьэхуэ игъуэтынущ. Апхуэдэ Iуэхугъуэм къызэщIиубыдэнущ ныбжьыщIэ мини 4-м нэс.
  •  А псори хуэунэтIащ ныбжьыщIэхэм загъэпсэхуауэ, я щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ хагъэхъуауэ гъэмахуэ мазэхэр ягъакIуэу гъэ еджэгъуэщIэм щIадзэжыным.
  • ТАМБИЙ Линэ.