ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2018-06-23

  • ЖыIэгъуэхэр
  • АдыгэлI и псалъэ епцIыжыркъым
  • Факъырэми насыпыфIэу зыкъелъытэж, и къэлътмакъым из щыхъуам деж.
  • Къазшырыфэ бостей къилъыхъуэурэ, къазым и фэм зихъуэжащ.
  • Щхьэгъусэу къэпшэнум уепсэлъэныр дагъуэ хуэпщIынымкIэ къыщIумыдзэ.
  • Шы къарэ дахэ мыжэ нэхърэ — жагъэфI зиIэ алащэ къэбыфэжь.

  • ЦIыхум и гум удыхьэн папщIэ, абы и бгъэр зэгуэбгъэжын хуейкъым.
  • Шы джалъэм гъуэгуанэшхуэ къызэпичауэ арщ, цIыху джалъэм и гъащIэ гъуэгуанэр иухащ.
  • Къыпхуэмейм уемылъэIу — уи щхьэр пуд хъунщ.
  • ЕрыскъыкIэ къэпхь гуэныхьыр гуэныхь псом я лейщ: ар жыхьэнмэ дакъэжь мафIэщ, ар зэи пхуэпшыныжынукъым.
  • Пхъу зиIэри мэгузавэ, къуэ зиIэри мэгузасэ: пхъур яшэри пыкIащ, къуэм къишэри хэкIащ.
  • АдыгэлI и псалъэ епцIыжыркъым.
  • Жьым утесми, псым уемыпыдж.
  • Уи лIыгъэр къэбгъэлъэгъуэн папщIэ, зауэ IэнатIэ ухуей-тIэ?
  • Бжьэ зи куэдым фор и хьэщIэ шхынщ.
  • ЦIыху бзаджэм уебзэрабзэкIэ, и бзэр IэфI пхуэщIынукъым.
  • Куэд зымыгъащIэу куэд зылъэгъуа.
  • Напэ хужь — гу фIыцIэ.
  • Зи щхьэр уз Дизыкъуажэ гуфIэрт, узын илъщ си щхьэм жиIэри.
  • Ехъуапсэри, архъуанэм хэлъащ, жи.
  • Къаплъэнэф нэхърэ — псори зылъагъу хьэфиз.
  • ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ жаIэ, атIэ сыт лIыфI къуэфI щIыхуэмыщыр?
  • Акъылыр цIыхум и лъагагъым елъытакъым.
  • КIуантIэ Iэзид.
  • ГъукIэ Маринэ
  • ФIыуэ слъагъум и нэ щIыхухэр
  • Новеллэ
  • ЛIым зыдгъэлъагэ пэтми,
  • Я лъэгуажьэм ди жьакIэр нэскъым…
  • Агънокъуэ Лашэ.
  • Дунейм зауэ мыхъумыщIэу тетам я бжыгъэр зыми ищIэжыркъым. Абыхэм цIыху дапщи хэкIуэда?! Ауэ ахэр зыми щыщкъым, цIыхубзым къуищIылIа зауэм елъытауэ. Абы и бийуэ уигъэувамэ — уи Iэр Iэтауэ утыку ихьэ, дауэ имыщIми — къыптекIуэнущи. ЦIыхубзым куэд хузэфIокI! Наполеон, Гитлер сымэ сытым щыщхэ, абы елъытауэ?! Тхьэ фхуэсIуэнщ, ахэр цIыхубзу щытамэ, текIуэныгъэр зэраIэнумкIэ! Уеблэмэ, иныжьри къишэнщи уи пащхьэм къыщигъэфэнщ. А псор зэрищIэнури — пыгуфIыкIыурэщ…
  • Уэ, дауи, ар пщIэркъым, ахъумэ, си пащхьэм апхуэдэу зыбгъэпагэу уисынтэкъым. Уэ утопсэлъыхь лъагъуны- гъэм, ауэ ар уи дежкIэ хамэу жыбоIэ. Си гум хуабагъэ гуэр зэрыпхуилъыр къэпщIащи, ди джэгум щытепщэр уэрауэ къыпщохъу.
  • Сэ узэпызудкъым, къэсакъым иджыри си «кIуэгъуэр». Уи нэ щIыхуитIым сыщIэплъэн сфIэфIщи, сыпогуфIыкIри сыщысщ.
  • — СщIэркъым сэ лъагъуныгъэ жыхуаIэр, — жыбоIэ уэ. — Ар хуэмыхухэм къагупсыса Iуэхугъуэщ. ПщIэ хуэпщIмэ, уигу къэкIмэ — аракъэ лъагъуныгъэ хъужри?! Абы псалъэ лей хуейкъым. Сэ сыкъапщтэмэ, апхуэдэ IуэхугъуэхэмкIэ сыпхуэубыдынукъым. СыхыфIадзэжынущ жысIэуи сыгузавэркъым. Уэри ухуитщ къыхэпхынумкIэ, сэ зыри хэзгъэзыхьыркъым. Зэи зыми къыкIэлъызжыхьынукъым… Си хьэлри шэчыгъуафIэкъым… Ауэ зысхъуэжынуи зызгъэхьэзыркъым. Егупсыс, сызэрыщытым хуэдэу укъысхуэмеймэ, ар уи Iуэхужщ…
  • Уи псалъэхэм зыри пэздзыжакъым. СыткIэ сыхуей сэ а псалъэ лейхэм, уи нитIым псори къыщызжаIакIэ?! Абыхэм куэд щIауэ зыкъызагъэщIащ сэ.
  • Ауэ, итIанэми, мы зэпеуэм щытекIуар наIуэ сщIыну сыхуейщ. Уэ уздэпсалъэм, зэуэ си шэнтым зыкъытызоIэтыкI.
  • — Дэнэ уздэкIуэр?! — укъэгузэвауэ укъызоупщI уэ.
  • Хуэмурэ сотIысэхыжри, сыпхуогуфIэ:
  • — Тыншу сытIысауэ аращ…
  • Иджыпстурей Iуэхугъуэм къикIыр тIуми къыдгурыIуауэ дызоплъыж.
  • — Ей, уэри уэ! Сыту убзаджэ-тIэ, — удыхьэшхыурэ жыбоIэ. Сэри уи нэ щIыхуитIым гу щызмыхуэжу соплъ…
  • СфIэфIщ апхуэдэу къыщызжепIэм деж…
  • Псалъэжьхэр
  • Дыщэ  унэ нэхърэ — уи  унэжь
  • Дзыгъуэ пэтрэ и гъуэ щылIыхъужьщ.
  • ЖаIэ псор къэхъуркъым, къэхъу псор яIуатэркъым.
  • Яхуэмыущий ущиенкIэ Iэзэщ.
  • ПцIы IэфI нэхърэ — пэж дыдж.
  • МэжэщIалIэм дыгъужьыр мэзым къыщIеху.
  • Зы къэрабгъэм дзэ псор егъэкIуэд.
  • ЩIэблэр бгъасэмэ — къыпхуэсакъынщ, бгъэсэхъумэ — лъабжьэкIэ уихьынщ.
  • НэхъыщIэфI зэхъулIэр жьыщхьэ махуэщ.
  • Ахъшэр пшахъуэщи, гъащIэр пцIащхъуэщ.
  • Дыщэ унэ нэхърэ — уи унэжь.
  • Уи адэ къошхыдэкIэ, зумыгъэгусэ, уи анэ къыпщытхъукIэ, зумыгъэсэхъу.
  • IуэхукIэ умыгъэунэхуар пцIыхуу жумыIэ.
  • Къарум къыхуэмыIэт куэд акъылым хузэ- фIокI.
  •  
  • ГушыIэхэр
  • Нэхъ IэфI  сIухуакъым
  • Зэкъуэшищ хъурти, зэхэсу псэухэрт. Я щхьэгъусэхэр чэзууэ пщафIэрт. Арати, зэгуэрым Iэнэм къытрагъэува шхыным зэшищыр бгъэдэтIысхьащ.
  • ХабзэкIэ япэ хэIэбэн хуейр нэхъыжьырати, хэIэбэри, зы дзэкъэгъуэ иригъэхащ:
  • — Мыр сыту IэфIыншэ, хьэIуси ящIыркъым мыпхуэдэу IэфIыншэу. Хэт нобэ пщэфIар? — жиIащ.
  • НэхъыщIэр къэпсалъэри:
  • — Уи щхьэгъусэращ нобэ пщэфIар, — жиIащ.
  • — Алыхьыр согъэпцI, мыбы нэхъ IэфI игъащIэм сIухуам, цIутI жывмыIэу фышхэ! — жиIащ, зыкъызэридзэкIыжри.
  • ПIастэ  щIыкIэ  зэгъащIэ!
  • Сэхьид НабдзэшхуэкIэ еджэу Хьэжрэтым зы ефэндышхуэ щыIэт. Абы илъэс къэс Къэбэрдейми, Адыгейми, езы Хьэжрэтми щыщ сохъустэхэр иригъаджэрт.
  • Апхуэдэу гъэ еджэгъуэм зэхуэса сохъустэхэр, нэхъыфIу зригъэцIыхун щхьэкIэ, зэдигъэшхэну Iэнэ къахуищтащ. Зэрыхабзэти, езыр япэ хэIэбэри — пIастэр цIынэт.
  • — Уа цIыхубз, мыдэ къакIуэт, — жиIэри, и унэгуащэр ириджащ.
  • Фызыр къыщIыхьащ.
  • — Мы щIалэхэр си деж къыщIэкIуар еджэну, ямыщIэ зрагъэщIэну аращ… Уэри ди гъунэгъум укIуэурэ пIастэ щIыкIэ зэбгъащIэмэ, сыт хъунт? — жиIащ Сэхьид Набдзэшхуэ.
  • КъардэнгъущI  Зырамыку.
  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • КIэртIофрэ кхъуей цIынэрэ зыдэлъ дэлэн
  • Фэ темылъу гъэва кIэртIофыр ягъэупщIыIу, кхъуей цIынэр тыкъыр цIыкIуурэ зэпаупщI. А псори лыхьэжым щабэу щIагъэкI, тепщэчышхуэм иралъхьэ, шыгъу, шыбжий, джэдгын халъхьэ, фIыуэ зэхагъэзэрыхь. IэшкIэ ящIри ягъэтIылъ. ИтIанэ пщагъэ зыхэлъ тхьэв яху, абы кIэртIоф IэшкIэ тралъхьэ, тхьэв кIапэхэр зэкIэрагъэпщIэжри, хупхъэкIэ хъурейуэ яху, и Iувагъыр см 2 хуэдизу. Дагъэ зыщыхуа тебэм иралъхьэри, захуэ ящIыж. И кум сапэкIэ гъуанэ хуащI, хьэкулъэм ирагъэувэри хьэзыр хъуху, дакъикъи 10 — 11-кIэ, ягъажьэ. Тебэр къытрахыж, дэлэным тхъуцIынэ щахуэ, Iыхьэурэ зэпаупщIри хуабэу яшх, шатэ и гъусэу.
  • Халъхьэхэр:
  • Тхьэвым:
  • гуэдз хьэжыгъэу — г 400,
  • псыуэ — г 200,
  • пщагъэу — г 10,
  • джэдыкIэу — ныкъуэ,
  • фошыгъуу, шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
  • Дэлэным дэлъынур:
  • кIэртIоф укъэбзауэ — г 600,
  • кхъуей цIынэу — г 400,
  • бжьын цIынэу — г 100,
  • шатэу — г 200,
  • шыгъуу, шыбжийуэ, буршу, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз,
  • дэлэн жьам щахуэ тхъуцIынэу — г 30.
  • Сэкуу хьэлыуэ
  • Хугур ялъэс, кхъузанэм иракIутэри ягъэжэпхъ, щIагъэпщ, шыуаным тхъу иралъхьэри градуси 110 — 120-рэ хъуху къагъэплъ. Абы хугур хакIутэри, чымчыркIэ зэIащIэурэ дакъикъи 8 — 10-кIэ, дыщафэ къытеуэху, ягъэлыгъуэ. ИужькIэ фоупс щIакIэ, зэIащIэурэ аргуэру дакъикъи 6 — 10-кIэ ягъажьэри, Iув мэхъу. Хьэлыуэ пщтырыр тхъу зыщыхуа Iэнэм тралъхьэри, см 1,5-2 и Iувагъыу яубэ. ТIэкIу ягъэупщIыIу, сапэкIэ пIэ ирагъэщIри диипа нэужь, зэпащIыкIыж.
  • Халъхьэхэр:
  • тхъууэ — г 40,
  • хугуу — г 110-рэ,
  • фоуэ — г 70.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр»  тхылъым  къитхыжащ.
  •  
  • Фэ фщIэрэ?
  • Псалъэхэм  я  мыхьэнэр
  • Шэсу увын. Жылагъуэ зэхэтыкIэм ехьэлIауэ адыгэхэм къадекIуэкIыу щыта хабзэщ. Быдагъэ зэIэпызых лъэныкъуитIым щыхьэту къагъэув ещанэ цIыхум щхьэкIэ «шэсу уващ» жаIэ. ЩIызэгурыIуар лъэныкъуэхэм ящыщ зым имыгъэзэщIэжмэ, а Iуэхур зэфIигъэкIыжын хуейуэ шэсу увам и пщэм къыдэхуэжырт. Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкIэ, шэсу увар ткIийуэ кIэлъыплъырт быдагъэ зэзыщIылIахэм я псалъэр зэрагъэпэжым.
  • ШкIахъуэ тыхь. Лэжьыгъэм, жылагъуэ зэхэтыкIэм ехьэлIауэ адыгэхэм ягъэзащIэу щыта хабзэщ. Гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэм къуажэдэсхэр зэхыхьэрти, къуажэ шкIахъуэм зы шкIэ иратырт. А хабзэм «шкIахъуэ тыхькIэ» еджэрт.
  • Шурылъэс. Адыгэ фызышэм хэта джэгукIэщ. Нысашэр пщIантIэм къыдыхьэжа нэужь, щIалэгъуалэм гупитIу загуэшырт. Зы гупыр шым тест, адрейр лъэст. Шухэр нысащIэр здыщIаша унэм щIыхьэну яужь итт, лъэсхэм ахэр щIагъэхьэртэкъым. ЛъэныкъуитIми Iэщэ папщIэу баш, чы яIыгъти «зэзауэхэрт». НысащIэр зыщIэсым яфIыщIыхьа шум фадэбжьэ иратырт, щIамыгъэхьамэ, лъэсхэм къахэжаныкIам ар лъагъэсырт. Шурылъэсым щIалэгъуалэр лъэрызехьагъэм, псынщIагъэм, Iэмалым хуигъасэрт.
  • Хабзэр кIуэдыжащ.
  • ШхуэмылакIэ убыдыпщIэ. Жылагъуэ зэхэтыкIэм, лэжьыгъэм ехьэлIа хабзэм епха терминщ. ЩIалэ цIыкIум Iуэху ищIэ хъуауэ губгъуэм иту е пщыIэм тесу япэ дыдэу шы IумпIэр иубыду къыIухьа шур къыщригъэпсыхым деж, ар щIалэ нэхъыжьхэм къаубыдырти, шы фIэдзапIэм ирапхырт. Хабзэм гушыIэ хэлът. Абы къызэригъэувымкIэ, щIалэ цIыкIум къригъэпсыхам зы щынэ е мэл къахуихьу губгъуэм щылажьэхэм яригъэшхын хуейт. Ар шхуэмылакIэ убыдыпщIэти, абы щыгъуэт ирапхар къыщаутIыпщыжыр. Шум хабзэр игъэзэщIа нэужь, щIалэ цIыкIур хуит хъурт хьэщIэхэр шым къригъэпсыхынуи игъэшэсыжынуи.
  • Думэн Хьэсэн.
  • Лъэпкъ щIэныгъэлI пэрытхэр
  • Техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, «Диатех» компанием и вице-президент Шыхъуэстэн Владимир и зэфIэкI лъагэр къэрал куэдым къыщалъытэ.

  • Зы уэрэдым и хъыбар
  • «Сыт пхуэсщIэнур, сигу?»
  • Мы уэрэд дахэ дыдэм лъабжьэ хуэхъуар къэсщIэну абы и псалъэхэр зи IэдакъэщIэкI Бещтокъуэ Хьэбас зыщыхуэзгъазэм, къызжиIащ Саратов къалэм дзэм къулыкъу щищIэу щыIэу 1963 гъэм усэр зэритхар. Дэтхэнэ зыми къыхуихуэу къыщIэкIынщ фIыуэ илъагъу цIыхур фIэкIуэдамэ, адэкIэ мыпсэужыфыну къыщыхъуу. Апхуэдэ гуэрщ, дауи, Хьэбас и къалэмыр къезыгъэщтар. Усэр зылъэгъуа ХьэIупэ ДжэбрэIил абы макъамэ щIилъхьащ.
  • Нобэр къыздэсым цIыху куэд зыгъэпIейтей уэрэдыр адыгэ эстрадэм и фIыпIэ зэрыхъуам Тут Заур и фIыщIэшхуи хэлъщ. И зэфIэкI, и псэ зэрыхилъхьар, гукъинэжу зэригъэзэщIар арагъэнщ а уэрэдыр жаIэну нэгъуэщIхэр щIытемыгушхуэр.
  • КIУНТIЫЩ-ХЬЭПЦIЭ Аннэ,
  • КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.
  • * * *
  • Сыт пхуэсщlэнур, сигу,
  • усфlэтхьэмыщкIэщ,
  • Сыт lэмалкlэ сэ узущиин?
  • Сиlэжамэ зыгу сэ уэр нэмыщlкlэ —
  • Дауэ сщlыми, узутlыпщыжынт.
  •  
  • Сыт пхуэсщlэнур, сигу, усфlэгуэныхьщ уэ.
  • Си бгъэ зэвым уимыхуэу уопсэу.
  • Сыдыхьэшхыу лlыгъэм сэ зезгъэхьми,
  • Имыщlэххэ дызыхуейм а псор.
  •  
  • Уэ узыхуэпабгъэр умылъагъуми,
  • И гъунэгъу ухъуамэ, упсэхунт.
  • Е, насып уиlамэ, фlыуэ плъагъум
  • И гум убгъурылъу укъалъхунт.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу:5. ПщIыхьэпIэ зылъэгъуам иIуэтэжа нэужь, « … ухъу» жаIэ хабзэщ. 9. Купсэ кунэщI зиIэ удз. ЩIыпIэ куэдым къыщокI, цIыхухэм яукъэбзурэ яшх. 10. ЦIыхубзым, бзылъхугъэм зэреджэ нэгъуэщIыцIэ. 11. Зи пхъафэр хужьыфэ, зи тхьэмпэ цIыкIухэр бжьыхьэм дыщафэу гъуэжь хъу жыг. 12. Бжьэхъу яхуэмылажьэ. 13. Псэхэлъхьэж. 14. Iэпслъэпсым щыщ. 16. Псым и адрей лъэныкъуэмкIэ къыщылъ щIыпIэ. 20. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 21. Япэу къапшэр уи фызщ, етIуанэм … 22. Нартыху хъумапIэ. 23. « … и пэ псэр ихуэ». 24. ПкIэуэ, лъэуэ къэзыкIухь псэущхьэ цIыкIу. 26. Выр зэрыщIащIэ пхъэ. 29. Хугу хьэжыгъэм, тхъуцIынэм, фошыгъум къыхэщIыкIа адыгэ шхыныгъуэ: нэхъыбэу щащIыр гуфIэгъуэ, гузэвэгъуэ Iуэхухэм дежщ. 32. «Ин» псалъэм и пIэкIэ ари къагъэсэбэп. 35. Пхъэм къыхэщIыкIа кумбыгъэшхуэ, псы пэгун зыкъом ихуэу. 36. Дон псым адыгэхэр зэреджэр. 37. Нэр темыпыIэу ежэх псы.
  • Къехыу:1. Пхъэ бжэмышх цIыкIунитIэ — нэхъапэхэм абыкIэ джэдыкIэ гъэва ирашхыу щытащ. 2. Куэд зигу изыубыдэф цIыху. 3. ЯфIэгуэныхь хъу цIыхум щхьэкIэ апхуэдэу жаIэ. 4. Бразилием щекIуэкIа дунейпсо олимп зэхьэзэхуэхэм дыщэ медаль къыщызыхьа адыгэ щIалэ. 6. Пщэ гъум. 7. Данэ щэкI пIащIэ. 8. И чэзум къыщIумычмэ, нащэр … мэхъу. 14. ЦIыхур а псэущхьэм къытехъукIауэ жаIэ, куэдым ямыдэми. 15. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ. 17. «НэгъуэщI щIалэхэмкIэ уемыплъэкI», «Нусэ», «Уи кIэсинкIэр», «Мылицэ щIалэм и уэрэд», «Iэщыхъуэ уэрэд», «УзиплъапIэщ» жыхуиIэ уэрэд цIэрыIуэхэр зыуса. 18. Къуажэдэс унагъуэ куэдым я щIымахуэ гъэтIылъыгъэхэр, шхыныгъуэхэр абы щахъумэ. 19. Пасэрей зауэлI джанэ, гъущI хъарым къыхэщIыкIауэ. 25. ТепIэнщIэлъыным щыщ. 27. Дзыгъуэр зи шхыныгъуэхэм щыщ жэщ къуалэбзу пIащэ. 28. Гъавэ щIапIэхэм, псом хуэмыдэу хьэцэпэцэм, къыхэкIэ удзыжь щхьэ гъуэжь. 30. ЗэрышагъащIэхэм я пэш. 31. Гъуэгуанэ кIыхь теувахэм, мызэшын папщIэ, абы пкIэлъей «ирадз» хабзэщ. 33. Пасэм адыгэм абыкIэ я унащхьэр ягъэбыдэрт. 34. … хиса жыгыр мэгъу.
  • Зэхэзылъхьар  Мыз   Ахьмэдщ.
  • Мэкъуауэгъуэм и 15-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:3. Аргъуей. 6. ГъущIыпэ. 8. Бэшэч. 10. Къады. 11. Дыгъужь. 12. IупщIэ. 14. Iужажэ. 16. Гъасэ. 20. Иныжь. 21. Баш. 22. Урым. 27. Къуныжь. 28. Марат. 29. Епэр. 30. Лэгъуп. 32. Гупыж. 34. Набжэ. 35. Лэдэх. 36. Елгъэр.
  • Къехыу:1. Балъкъ. 2. Фэбжь. 4. Емынэжь. 5. Пшэ. 7. ЩIыдагъэ. 8. БжьаIуэ. 9. Чэтэн. 13. Пашинян. 15. Армавир. 17. Сэрмахуэ. 18. Ужьэ. 19. Ауз. 23. БжьапцIэ. 24. Амман. 25. ЩтапIэ. 26. Бейгуэл. 30. Лулэ. 31. Абдж. 33. Журт.