ЩIалэгъуалэм дагъэгуфIэ
2018-04-05
- Гъатхэпэм и 24-25 махуэхэм Гулькевичи къалэм щекIуэкIащ Ипщэ федеральнэ щIыналъэм ис щIалэгъуалэм бэнэкIэ хуитымкIэ я зэпеуэ. Абы дыщэ медалиплIрэ дыжьынрэ жэзу зырызрэ къыщахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм.
- Килограмм 74-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэр щызыIэригъэхьащ Нарт- къалэ щыщ, бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастер Шокъум Ахьмэд. Абы и хьэрхуэрэгъу псори хигъащIэри, дыщэ медалыр къихьащ.
- Нарткъалэдэсым зыкъыкIэрагъэхуакъым Ашэбокъуэ Сулеймэн (килограмм 70-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж щыбэнащ), Къамбэчокъуэ Азэмэт (кг 65-м нэс), ГъущIо Алим (кг 61-м нэс) сымэ. Абыхэм зыхэта гупым къащыпэлъэщын къыхэкIакъым икIи япэ увыпIэхэр яубыдащ. Псом хуэмыдэу хьэлэмэтащ кIэух зэIущIэу адыгэ щIалитI щызэхуэзар, килограмм 70-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэр. Абы Ашэбокъуэ Сулеймэн щыхигъэщIа Жамбей Алим дыжьын медалыр лъысащ.
- Килограмм 86-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж ещанэ увыпIэр щиубыдащ Бэлэтокъуэ Аслъэнбий.
- КЪаУДЫГЪУ Заур.