Къэбэрдей театрым и набдзэ ЖьакIэмыхъу КIунэ
2018-03-08
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкур зыгъэбжьыфIэ, лъэпкъыр дызэрыгушхуэ, УФ-мрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ ЖьакIэмыхъу КIунэ и гъащIэ псор театрым къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIащ, зэфIэкI инхэр иIэу нобэр къыздэсым и IэщIагъэм хуэпэжу мэлажьэ.
- ЖьакIэмыхъу КIунэ 1940 гъэм мэлыжьыхьым и 21-м Шытхьэлэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым Дон Iус Ростов ГъуазджэхэмкIэ дэт училищэм щIэтIысхьэри актёр IэщIагъэм и щэхухэм зыхигъэгъуэзащ. Ар къиухыу 1964 гъэм Налшык къигъэзэжа нэужь, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым лэжьэн щыщIидзащ.
- Артисткэ зэчиифIэм, пажэм, бзылъхугъэ дахэм, цIыху гъэщIэгъуэным гъащIэ гъусэ хуэхъуащ щалъхуа щIыналъэм и дахагъымрэ и Iущагъымрэ. КIунэ и гуащIэр хуиунэтIащ театр гъуазджэм, цIыхухэм яхуэлэжьэным. Илъэс щэ ныкъуэм щIигъуауэ артисткэ пажэм лъэпкъ театр гъуазджэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIу, утыкур игъэбжьыфIэу мэлажьэ, фIыуэ, илъагъу, гурэ-псэкIэ къыхиха IэщIагъэм хуэпэжу. А зэманым къриубыдэу КIунэ игъэзэ- щIащ роли 120-м щIигъу. Республикэм и телевиденэмрэ театрымрэ къыщигъэщIа образхэр абы хэплъхьэжмэ, КIунэ роль 200-м нэблагъэ къехъулIащ. Ар щыджэгуахэм ящыщщ Лермонтов Михаил и «Бэллэ», Кайтов Сергей и «Анэр нэм хуэдэщ», Iутыж Борис и «Тыргъэтауэ», «Эдип», «Гуащэмыдэ хьэблэ», Акъсырэ Залымхъан и «Лашын», Ануэй Жан и «Медея», Салынский Афанасий и «Бэрэбанауэ», Толстой Алексей и «Пащтыхьымрэ пащтыхь гуащэмрэ», нэгъуэщI спектакль куэдым, образ зэмылIэужьыгъуэхэр икIи гукъинэжхэр къигъэщIу. И щхьэгъусэ Мысостышхуэ Пщызэбий щIыгъуу ар спектакль куэ-дым щыджэгуащ. Ипхъу Маринэ — Къэбэрдей къэрал драмэ театрым, и къуэ Аслъэнбэч, и шыпхъум ипхъухэу Успаевэ Элеонорэ, ЖьакIэмыхъу Еленэ сымэ Урыс къэрал драмэ театрым щолажьэ, и пхъурылъху Айдэмыр цIыкIу жьакIуэу псэлъэным хурегъаджэ.
- Республикэм, Урысейм я театр гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къалъытэри, ЖьакIэмыхъу КIунэ КъБР-мрэ УФ-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ цIэ лъапIэхэр (1974 гъ., 1984 гъ.) къыфIащащ. КъБР-м и Къэрал саугъэтыр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и саугъэтыр къыхуагъэфэщащ.
- КIунэ роль хьэлэмэт Iэджэ игъэзэщIащ. IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ» пьесэм къытращIыкIа спектаклым къыщигъэщIа ролым фIэкIа нэгъуэщI лэжьыгъэ имыщIами, ар адыгэ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ къыхэнэн хуейуэ къалъытэ. ЖьакIэмыхъур усэ, тхыгъэ пычыгъуэ куэд къеджащ. Радиом и фондым абы лэжьыгъэу къыхинам щIэи гъуни яIэкъым. УмыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым нобэр къыздэсым емытIысэхыу, емызэшу КIунэ зэрылажьэр, и къарумрэ и зэфIэкIымрэ мыкIуэщIу театр гъуазджэм хэлъхьэныгъэ гуэр хуищIыну зэпымыууэ зэрыхущIэкъур.
- — Спектакль куэдым сыхэтащ, ауэ IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ» спектак-лым щызгъэзэщIа Тыргъэтауэм и ролым пэсщIын щыIэкъым. Нэхъыбэу цIыхухэм ягу сыкъызэринари аращ, — жеIэ ЖьакIэмыхъу КIунэ. — Артистым ныкъусаныгъэ имыIэу, бзэ дахэ Iурылъу, макъ жьгъыру игъэIуу, дахэу уэрэд жиIэу, екIуу къэфэфу, щыхуей дакъикъэм гъыфу е дыхьэшхыфу щытын хуейщ. Ахэр пхузэфIэмыкIмэ, театрым щыпщIэн щыIэкъым.
- — Акъылышхуэ зыбгъэдэлъ цIыху Iущщ ЖьакIэмыхъур. И ныбжьымрэ и IэщIагъэмрэ хуэмыфащэу, емыгупсысауэ зы псалъэ жиIэу зэхэпхынукъым. ИтIанэ зэи къысхуэщIэжыркъым спектакль ды- джэгуу е репетицэ тщIыуэ ар къыщыкIэрыхуа. Сыт щыгъуи зы сыхьэт е сы-хьэт ныкъуэкIэ и пэ иту къокIуэри щыджэгуну спектаклым зыхуегъэхьэзыр, игъэзэщIэну ролым йогупсыс. КIунэ цIыху зэпIэзэрытщ, зэи зыми зэран хуэхъуркъым. Абы и IуэхущIафэ, и лэжьыгъэ бгъэдыхьэкIэр псоми щапхъэ тхуохъу. Псом хуэмыдэу ди щIэблэр а адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэм дэплъеин хуейуэ къызолъытэ, — жеIэ ЖьакIэмыхъум и лэжьэгъу Мэшыкъуэ Феня. — КIу-нэ уи щэхурэ дзыхьрэ зэбгъэз хъуну цIыхубзщ. Зэи уиIуэтэжынукъым. ЧэнджэщэгъуфIщ. Мызэ-мытIэу и унагъуэ сыщыхьэщIащ, IэфI дыдэу мэпщафIэ, унэгуащэ гумызагъэщ, цIыху жумартщ, гуапэщ. КъищынэмыщIауэ, анэ губзыгъэщ, анэшхуэ гумащIэщ.
- Къэжэр Борис КIунэ хуиусауэ щытащ мы усэ кIэщIхэр:
- «ЩыIэщ насыпкIэ зыхуэхъуапсэу.
- Дэ ди Тхьэм фIыгъуэ зыхуищIа,
- «Вагъуэщ» щIыжаIэм и зы хъуаскIэ
- ЖьакIэмыхъу КIунэ химына.
- Ар республикэм исхэм я нэщ, я псэщ, я набдзэщ, я щапхъэщ, артисткэ Iэзэщ, егъэджакIуэ нэсщ. Сценэм зэрыщыджэгум, адыгэбзэр зэригъэбзэрабзэм кърит гукъыдэжымрэ дэрэжэгъуэмрэ цIыхухэр мазэ зыбжанэкIэ «кърехьэкI», нэхъыщхьэращи, зэрыадыгэм ирогушхуэхэр, я щхьэр лъагэу ирегъэлъагъуж. ЖьакIэмыхъу КIунэ адыгэ хабзэм и фащэу, адыгэ театрым и напэу, и набдзэу куэдым къалъытэ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.