КъыхэжаныкIахэр ягъэлъапIэ
2018-02-23
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм дыгъуасэ щызэхэта гуфIэгъуэ зэIущIэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий.
- Абы щагъэлъэпIащ зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм я зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэхэр, республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм, гъуазджэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа ди нэхъыжьыфIхэр, УФ-м и Урысей Лъэпкъ гвардием, МЧС-м и республикэ къудамэхэм я пашэхэу къэралым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр зэфIэзыгъэкIахэр.
- — Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэ-лIэу фызэрызэхуэтшэсам ди гуфIэгъуэм нэхъри зригъэIэту къызолъытэ, — захуигъэзащ къызэхуэсахэм КIуэкIуэ Юрий. — ИжькIэрэ къыддокIуэкI зауэм лIыгъэ щызезыхьахэм, мамыр гъащIэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ ин къыщызыгъэлъэгъуахэм пщIэшхуэ хуэщIыныр, апхуэдэхэр гъэгушхуэныр, цIыхубэм я пащхьэ щыгъэлъэпIэныр. Мыбдежым къыщызэхуэсахэм сынывохъуэхъу щхьэж зыпэрыт IэнатIэм дяпэкIи фыщехъулIэу, узыншагъэ быдэ фиIэу куэдрэ фыпсэуну!
- Зэхыхьэм и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр цIыхуи 4-м иратащ: музыкэ гъуазджэм зегъэужьыным куэд зэрыхилэжьыхьам папщIэ Къардэн Хьэсэн Екъуб и къуэм, ветеранхэм защIэгъэкъуэнымрэ щIалэгъуалэм хэкур фIыуэ ялъагъуу гъэсэнымрэ яхуэгъэза жылагъуэ лэжьыгъэм жыджэру зэрыхэтахэм щхьэкIэ зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ органхэм я ветеранхэм (пенсионерхэм) я Налшык къалэ, республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэхэу Абдуллаев Мустэфа Камал и къуэмрэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд Хьэбас и къуэмрэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм куэд зэрыхилэжьыхьам къыхэкIыу Хьэжу Владимир Щамил и къуэм — «Тэрч алмаз Iэмэпсымэ завод» акционер зэгухьэныгъэм и унафэщIхэм я советым и тхьэмадэм.
- — Ныбжьэгъу лъапIэхэ! ГъащIэм кIуэ пэтми нэрылъагъу къытщещI УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм зэрызаужьыр, я лъэщагъым зэрыхэхъуэр. Хэти къыгуроIуэ, къэралым и зыхъумэжыныгъэр, и зэфIэкIыр ар зауэ хуэIухуэщIэхэм зэрыхуэхьэзырым и мызакъуэу, и экономикэм и щытыкIэми зэрелъытар. Аращ мыбдежым дзэм хэтхэри цIыхубэ хозяйствэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэхэри щIыщызэдэдгъэлъапIэр. Мы пэшым щIэсщ «НыбжьыщIэхэм я Армэ» («Юнармия») зыфIаща урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм хэтхэри. Ахэращ фэ, нэхъыжьыфIхэм, фи ехъулIэныгъэхэм къыпызыщэнури, къэралым дяпэкIэ и къэкIуэнум хуэлэжьэнури. КърихьэлIа псоми, жьыми щIэми, мазаем и 23 махуэшхуэмкIэ иджы-ри зэ сынывохъуэхъу, етIанэгъэ пIалъэ фIыкIэ дынэсыну си гуапэщ! — къыпищащ и псалъэм КIуэкIуэ Юрий.
- Къэпсэлъэныгъэхэм яужькIэ, зэIущIэм къыщызэхуэсахэр щхьэхуэ-щхьэхуэурэ махуэшхуэмкIэ гуапэу зэхъуэхъуащ, гукъинэж сурэтхэр зытрагъэхащ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.