ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Леонардэ

2018-02-06

  • КЕРТИС  БИЛЛ  ПЕППЕР
  •  Романым щыщ пычыгъуэхэр
  •  (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №16-м итщ).
  •  — Мамэ… — жиIащ. — Дапщэщ мамэ къыщыкIуэжынур?
  • — Дэ укъэдгъэгугъатэкъэ ар къэкIуэжыну, пщIэжрэ? ТIэкIу дегъажьэ. КъакIуэт мыдэ, сэ иджыри уэз-гъэлъагъуну гъэщIэгъуэн Iэджэ сиIэщ! — жиIэри Альби ар щIищащ.
  • Бом абы сабийм щригъэлъэгъуащ шыхэмрэ къыдырхэмрэ. Дуро къыдырыжьым тригъэтIысхьэ-ри тIэкIурэ тригъэсащ. А къыдырыжьымкIэ Катери-нэ, Леонардэ и ныбэм илъу, Анчианэ къыщикIухьу щытащ. Ахэр тхьэкIумэкIыхьхэр зыгъашхэ Франчес-кэ дэIэпыкъуащ, Фибэ хьэпшыр цIыкIум дэджэгуащ. ТIэкIу теу хуэдэу хъуами, унэм къагъэзэжа нэужь, абы и анэр къилъыхъуэу щIидзащ. Зы пэшми щыщимыгъуэтым, жыг хадэм ихьэри, Катеринэ бгъэдэсу иужьу щилъэгъуа стIолым кIуэри етIысылIащ.
  • Леонардэ да Винчи

    А жэщым щIалэ цIыкIур гъащ, жейр къытеуэу Iурихыху. ЕтIуанэ пщэдджыжьым фошыгъу хэдзауэ къыхутрагъэува равиолим — кхъуей лъалъэ дэлъу псыхьэлывэ — зы дзэкъэгъуэ фIэкIа мыхъу цIыкIу- хэр, езым фIэфIу ишхыу щытахэр ишхакъым. Люсие лIыгъэкIэ иригъэшхыну щыхуежьэм, модрейм имыдэу зэрызекъуэурэ шынакъыр лъэгум ехуэхри, абдеж зыгуэр кърадзыхынум ежьэу щыса нэхъей, Фибэ хьэпшырым къехуэха псыхьэлывэ цIыкIухэр къищыпурэ асыхьэту иригъэлъэтэхащ.

  • Абы и ужькIэ Леонардэ яхуэмышхэу махуитхукIэ екIуэкIащ. КъыхуэмыкIухьыжыфи хъуащ, апхуэдизу лъэрымыхь хъуати. Альби гузэвэгъуэм зэщIищтауэ кIэлъыплъырт абы. ИкIи къыгурыIуащ щIалэ цIыкIур Люсие къеIыхын зэрыхуейр, армырамэ — яфIэкIуэдынущ. АрщхьэкIэ ар флорентийскэ хабзэ ткIийм щIапIыкIат: и щхьэгъусэм, зэрылIыр ищIэжу, едаIуэ-рэ хуэжыIэщIэу, и гуащэм пэмыпсэлъэжу, абы и жыIэ тIу имыщIу щытыпхъэт. Арати, и лIыр я лэгъунэм дришейри жриIащ:
  • — Уи къуэр тфIэкIуэдынущ, Пьеро. Пэжыр пэжщ… Ар уи анэм щошынэ.
  • — Сыт жыпIэр, абы фIыуэ елъагъу мы сабийр.
  • — КъызэдаIуэт. Абы шхыныр, игу ирихь-иримыхьми, лIыгъэкIэ жьэдекуэ, игъащтэу, щIокIие.
  • — Ар сощIэ… Пэжщ, узахуэщ. Сыт-тIэ дэ тхуэщIэнур?
  • — Уи анэм жеIэ, сэ щIалэ цIыкIум гущэкъу уэрэд жесIэну сызэрыхэтыр, езы цIыкIуми и фIэщ щIы пэшым ди закъуэу дызэрыщIэсынур.
  • Пьеро абыкIэ арэзы хъуащ.
  • Альби а пщыхьэщхьэм Леонардэ пIэм игъэгъуэлъыжщ, абдеж къыбгъэдэт тумбэм шэ хуабэ стэкан хутригъэувэри, зыри къыщIэмыхьэн хуэдэуи бжэм шэнт пэщIигъэуващ. Ауэ и пIэ лъапэ зэрытетIысхьэу, щIалэ цIыкIум адэкIэ зигъэзащ, и гугъу имыщIыну Iейуэ къелъэIуу.
  • — Сэ фIыуэ узолъагъу, цIыкIу, — щабэу еIущащэри, IэплIэ хуищIу зришэкIащ.
  • Леонардэ зыкъригъэзэкIри, шэ ефэну бгъэм лъыхъуэу щIидзащ. Альби, и джанэбгъэр итIатэри, и бгъэр иритащ, «Ефэ, цIыкIу», жиIэри. ИтIанэ, «Ди тхьэ», жиIэри къэIущэщащ.
  • Ауэ щIалэ цIыкIур, Альби и бгъэм фIыуэ екъуу шэ къыщыщIэмыкIым, гъынанэу хуежьащ. Альби арат зыпэплъэри, мо жейм хилъафэм къыгурымыIуэу, шэ хуабэр лошкIэ цIыкIукIэ жьэдикIащ, итIэнэ, етIуанэр, апхуэдэурэ стэкан псом иригъафэри игъэжеижащ. Езыри хилъэфащ. А жэщым Пьерорэ Люсиерэ бжэм къыIухьэурэ тIэунейрэ къагъэушыжащ ар. Модрейми, псори тэмэмщ, дывмыгъэпIейтей, жиIэурэ IуигъэкIыжащ.
  • ЕтIуанэ махуэм Альби и пэшым Леонардэ щигъэшхащ. МахуитI дэкIри пщэфIапIэм щигъэшхащ и куэщIым ису. ТIэкIу дэкIыжри, зыми химыгъэзыхьу, езым и закъуэу шхэуэ щIидзащ, ауэ, пэжщ, Альби и мыгъусэу щышхэр зэзэмызэххэт.
  •  
  • 8
  •  
  • Леонардэ, флорентийскэ нотариусым и къуэр, и ныбжьыр илъэсих ирикъуу школым кIуэну хьэзыр щыхъуам, Винчи щыпсэууэ хъуам ящIэрт ар нэчыхьыншэу къызэралъхуар. 1457 гъэм, щIалэ цIыкIум и ныбжьыр илъэситху щрикъуам, Антонио и налог декларацэм мыпхуэдэу иритхащ: «Леонардэ, Пьеро и къуэр, нэчыхьыншэу Катеринэ къилъхуащ. Иджыпсту а цIыхубзыр Хъыжьэ и щхьэгъусэщ».
  • Апхуэдэу псоми ящIэрт Леонардэ и анэр щхьэхуимыту зэрыщытар, Сер Пьеро ар Винчи къалэм къызэришар — «лъыфI зыщIэт» щхьэхуимыту, зи адэр пщыуэ, щэ бжыгъэкIэ шы иIэу Урысей лъэныкъуэм-кIэ лъэпкъ гуэрым и уэлийуэ, и анэр ЩIы ЛъапIэм щыщу. Абы зы нэ телъыджэ иIэт, езыри апхуэдизкIэ дахэти, Хъыжьэ жыхуаIэм нэчыхь хуригъэтхащ. Ар псоми ящIэрт, езы Леонардэ мыхъумэ.
  • Зэгуэрым, пщыхьэщхьэшхэ нэужьым, Пьеро и гъусэу шагъыр IэфI стэкан зырыз ефэхэу здэщысым, Альби жиIащ и анэр щхьэхуимыту зэрыщытар, езыри нэчыхьыншэу къызэралъхуар щIалэ цIыкIум ищIэн хуейуэ.
  • — ЖедмыIэу хъуну къыщIэкIынукъым, — жиIащ абы, — езым зыгуэрым къыжримыIэ щIыкIэ.
  • Пьеро зыри къыпидзыжакъым.
  • — Пьеро, кхъыIэ, уи фIэщ щIы, щIалэ цIыкIум къэдгъэпцIауэ къилъытэмэ, дзыхь къытхуищIыжынукъым… Псом хуэмыдэжу уэ.
  • — Хъунщ, сэ пщэдей Флоренцием сыкIуэну сыхэтщ. Абы жепIэну хуит узощI и анэ Катеринэ, нэгъуэщI лIы гуэрым дэкIуэн щхьэкIэ, Кампо Зеппи къалэм зэрыкIуар, ауэ сэ сыхуейкъым ар абы кIэлъыкIуэну. Сэ жысIэм ар къедэIуэн хуейщ, дяпэкIэ сыдэIэпыкъуну къысщыгугъмэ.
  • — ДяпэкIэ, жыпIа? АтIэ, пщIэжмэ, ар зинэкIэ къалъхуащи, уи нотариус гильдием къищтэнукъым. Апхуэдабзэу абы хуитыныгъэ иIэкъым аптекэм и лэжьакIуэ къудей е дохутыр хъуну, е нэгъуэщI IэщIагъэфI зригъэгъуэтыну. Уеблэмэ ар университетми щIагъэтIысхьэнукъым. Ауэ щыхъукIэ, сыт хуэдэ «дяпэкIэ» узытепсэлъыхьыр?
  • — НэгъуэщI Iуэху гуэр къигъуэтынщ абы, — жиIащ Пьеро, и стэканым шагъыр иригъахъуэурэ. — ЗинэкIэ къалъхуахэм лIыгъэшхуэрэ жыджэрагъ инрэ яхэлъщ. Абыхэм зауэлI бэлыхьхэр, дзэзешэхэр, пщышхуэхэр, кардиналхэр къахокI … ПщIэрэ ар?
  •  — Нэчыхь къабзэкIэ къалъхуахэм ящыщ куэд йоIэбых щхьэгъусэ къыщашэкIэ. Мы щIалэ цIыкIум и Iуэхур дауэ-тIэ зэрыхъунур, езым и статусым нэхърэ нэхъ лъахъшэж къыхихын хуейуэ и натIэмэ? Уэ ар хабзэм тету иумыгъэтхамэ? Уеблэмэ абы нэгъуэщI цIэи иIэкъым, Леонардэ мыхъумэ.
  • — Ар — Леонардэ да Винчищ.
  • — Ар унагъуэцIэщи, абы хабзэкIэ къару лъэпкъ иIэкъым. Ар хабзэм тету егъэтхын хуейщ, Леонардэ де Пьеро да Винчи, жиIэу. Иджыпсту ар Винчи щыщ Леонардэ къудейуэ аращ.
  • — Апхуэдэу щхьэншэу ущымыт! — IэгукIэ стIолым теуэри, и макъым зригъэIэтащ Пьеро. — Тхьэм щхьэкIэ къызжеIэ узыхуейр, цIыхубз? Щхьэхуимытым къилъхуа мы адыгэ щIалэ цIыкIур хабзэкIэ езгъэтхмэ, абы хуитыныгъэ иIэнущ япэ щIэинхьыжу щытыну, ди сабийхэм къалъысышхуэ щымыIэу. Абы и ужькIэ къэхъунур пщIэркъэ? Абыхэм ар ялъагъу мыхъуу хъунущ, уэри уахэту. Ара узыхуейр?
  • — Хьэуэ, сэ сыакъылыншэкъым, уи къуэри щхьэхуимыту жыпIэ хъунукъым.
  • — Дэ сабий димыIэну ара уэ жыпIэну узыхэтыр?
  • Альби, и губжьыр зэтриIыгъэу, зригъэзэкIащ. Сабий зэримыгъуэтыр и гукъеуэшхуэу, зигъэхъужын и гугъэу, ар мазэ къэс Флоренцие кIуэрт, Лука Ландуччи жыхуаIэм деж. Абы и аптекэм бамейр къызыщIих и пэш нэхъ пхыдзам щIэсу, пасэрей Iэмалхэри хэтыжу, дунейм теткъым а дохутырым къримыхьэлIа хущхъуэгъуэ, арщхьэкIэ зыкIи сэбэп къыхуэхъуакъым.
  • Пьеро и щхьэгъусэм, зэрынэщхъейм гу лъитэри, и Iэр иубыдащ:
  • — Сэри ар си жагъуэ мэхъу, Альби, — жиIэри.
  •  
  • ВИНЧИ
  • 1458 гъэ, фокIадэ
  •  
  • Леонардэ и школ кIуэгъуэр къыщысым, Альби ар ишащ Винчи щIалэ цIыкIухэм щхьэкIэ дэт школым. Абы Леонардэ жриIащ, и адэмрэ и анэмрэ члисэм кIуэуэ дин хабзэм тету нэчыхь зэрырамыгъэтхам къыхэкIыу ахэр зэбгъэдэкIыжауэ, и анэм фIы дыдэу къилъагъуу щытауэ, и адэм къищтэжу и унэм къишэжыху ипIауэ.
  • — Абы и цIэр Катеринэщ, икIи егъэлеяуэ дахэщ. Абы и анэр Хьисэ и ЩIы ЛъапIэм къикIащ, и адэр шэрджэс пщышхуэу щытащ, щIышхуэрэ шы куэдрэ иIэу.
  • — Дэнэ щыIэ-тIэ ар? — щIэупщIащ Леонардэ.
  • — Тенджыз ФIыцIэм Iусщ, АлыджкIэ зэджэ къэралым адэкIэ. Абы и адэр уэ пхуэдэ щIалэ цIыкIут зыхуейр, ауэ хъыджэбз цIыкIу къыщалъхум, Флоренцием щыщ банкирым унэIут пэлъытэу ирищащ, абыхэм я дежщ уи адэр уи анэм щыхуэзари.
  • — Сыт «унэIут» псалъэм къикIыр?
  • — Мылъкуи сыти зыIэщIэмылъ, хуитыныгъэ лъэп-къи зимыIэ цIыху, жиIэу аращ къикIыр, ар зейми зращэжми я жыIэщIэу. Ауэ ар иджыпсту хуитщ, насыпыфIэуи мэпсэу, нэгъуэщIылI, Антонио жыхуаIэм, нэчыхь къабзэкIэ дэкIуэжауэ. Уэ ущыцIыкIуам абы, адэм хуэдэу, фIыуэ укъилъагъуу щытащ. Ахэр ди ищхъэрэIуэкIэ щыIэ Кампо Зеппи щопсэу. Зы махуэфI гуэр тезгъэхуэнщи, абыхэм я деж усшэнщ, уи анэмкIэ уи къуэш цIыкIумрэ уи шыпхъу цIыкIумрэ уэзгъэцIыхун папщIэ.
  • — Сыт, фэ сыдэфхужу ара?
  • — Хьэуэ, жыпIэр сыт. Хьэуэ.
  • — Уэри узианэщ, пэжкъэ?
  • — Пэжщ, си псэм хуэдэ. Пэжщ.
  • Шэджагъуэ нэужьхэм Альби школым кIуащ, Леонардэ къишэжыну. Къыдеджэ цIыкIухэм яхэту мыващхъуэ аркэм къыдэкI Леонардэ адрейхэм нэхърэ нэхъ щхьэпэлъагэт — щхьэц дыщафэ зытет щIалэ цIыкIум и нэхэм пIейтеигъэ гуэр щIэплъагъуэрт, езым щIихъумэну хэтми.
  • И Iэр къыщиубыдым, къыIэщIичыжащ, адрей щIалэ цIыкIухэм абы гу къылъатарэ къылъамытарэ еплъри. «Ыхьы, — егупсысащ Альби, — зы махуэ гуэр абы и закъуэу дэни кIуэфу ежьэжынщ». НапIэзыпIэм къэнэщхъеящ ар, итIанэ, унэм къыздэкIуэжым, гуфIэгъуэм зэщIищтащ. Альби и мылъхукъуэм ирипагэрт.
  • — Псори тэмэм?
  • Леонардэ и щхьэр ищIащ, «тэмэмщ» жыхуиIэу.
  • — Уигу ирихьа?
  • — ГъэщIэгъуэну екIуэкIащ. Абыхэм зы блащхьэ инышхуэ яIэщи, уи тхьэкIумэм Iуплъхьэмэ, тенджызым и Iэуэлъауэ макъыр зэхыбох.
  • ЗэригъэщIагъуэм еплъыт? — егупсысащ Альби. — Сабий псэ къабзэм и гъэщIэгъуэныкIэщ. Мы сабий къыбгъурытыр фIыуэ зэрилъэгъуам хуэдэу, нэгъуэщI хуэлъагъуну къыщIэкIынукъым.
  • Тхьэмахуэм и кIэм Леонардэ и закъуэу школым кIуащ. Абы щыгът пщампIэ хужь зытет джанэ фIыцIэ, гъуэмылэ папщIэуи иIыгът кхъуей бзыгъэ зытелъ унагъуэ щIакхъуэ пIащIэ. Альби и мыгъусэми, абы игурэ и щхьэрэ зэтелът. Зи ныбжьыр илъэсих ирикъуа мы щIалэ цIыкIур школым есэжауэ, зы махуэм адрейр къыкIэлъыкIуэу еджэрт. ЗыщIэс классым и щхьэгъубжэхэм удэплъмэ, уIуплъэрт блын мывэ лъагэм бгъурыту екIуэкI дыкъуэнагъ жыгхэр зэрыт сабий джэгупIэм. Классым и зы блыным кIэрылът алфавитыр зытет щэкI, псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэхэм я сурэтхэмкIэ гъэщIэрэщIэжауэ. Леонардэ псом нэхърэ нэхъыфIу хьэрфхэр ищIэрт икIи псэущхьэхэм я цIэхэм къеджэфырт. Альби абы еджэкIэ зэрыригъэщIэрэ куэд щIат.
  •  ЗэзыдзэкIар Хьэту Пётрщ.
  •  (КъыкIэлъыкIуэнущ).