Лъагъуныгъэм и бзэр
2018-02-06
- Щэбэт кIуам «Трек» рестораным щекIуэкIащ хьэгъуэлIыгъуэ гъэщIэгъуэн. Унагъуэ яухуащ Налшык щыщ щIалэ Молэ Русланрэ Китай къэралыгъуэм и Ухань къалэм щыщ Дуань Ци китай пщащэ цIыкIумрэ. А тIур зэрызэхуэгуапэр плъэгъуа иужь, лъагъуныгъэм лъэпкъ зэхэгъэж зэримыIэр наIуэ пщохъу. Китай лъэпкъ фащэри европей щыгъынри чэзууэ зыщыгъа хъыджэбзым тIури екIупсырт, езыр нэфIэгуфIэ цIыкIути, мы гуфIэгъуэм хэта хьэщIэхэр къихьэхуат. Ахэр ди редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж дыгъуасэ къеблэгъати, псэлъэгъу тщIащ.
-
- — Илъэс кIуам и мэлыжьыхь мазэм дызэхуэзащ Кики (аращ пщащэм цIэлейуэ фIэтщар) сэрэ, — жеIэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и комиссэм и секретарь Теппеевэ Iэсият и къуэ Молэ Руслан. — ЛэжьапIэ дыздэувыну дыздэкIуа IуэхущIапIэм щекIуэкI тимбилдингым дыщызэхуэзащ. Я унэ щIэсу сабийхэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным хуэгъэпса школ куэд дыдэ а къалэм дэтщ. Мис абыхэм я лIыкIуэхэр зыхэт, я нэгу зрагъэужьын, нэхъ гъунэгъуу зэрыцIыхун папщIэ щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщ зэхыхьэшхуэщ дыщызрихьэлIар. ТIури гупым дахыхьагъащIэт, зэгурыIуэныгъэм Iэ щIэддзауэ, ауэ иджыри ди IэнатIэм дыпэрымыхьауэ. Арати, зы школми дыщылэжьэну, зэгъунэгъууи дыпсэууэ къыщIэкIащ, дызэхуэзэу, дызэпсалъэу хуежьащ. Иджыпсту сэ инджылызыбзэм сабийхэр хузогъаджэ, Кики щылажьэ IуэхущIапIэм и къалэн нэхъыщхьэр хамэ къэралхэм щыпсэу егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ я скайп зэпыщIэныгъэр къызэгъэпэщынырщ, ахэр унэтIынырщ. Си щхьэгъусэр щылажьэ къуда-мэм и унафэщI хъуащ, щэхууи вжесIэнщи, улахуэ мыIей иIэщ.
- «Дауэ укIуа хъуат Китайм?« — жысIэу Руслан сыщеупщIкIэ, мэдыхьэшхри: «Сылэжьэну», — жеIэ. И ныбжьэгъу щIалэ щыIат абы. Япэу накIуэ къыщыжриIам игъэщIэгъуат, хуэмейуи къилъытат. АрщхьэкIэ инджылызыбзэр зэрыщагъэлъапIэр, абыкIэ егъэджакIуэхэм улахуэ хъарзынэ зэрыратыр къыщищIэм, тегушхуэри гъуэгу техьауэ арат. Иджы хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, и насып зыхэлъыр абы къыщигъуэтын зэрыхуейм иришэжьауэ арагъэнт.
- Псыхуабэ къалэм дэт Лингвистикэ университетыр къиухри, илъэситIкIэ и щхьэ хуэлэжьащ Рус- лан, нэхъыбэу компьютеркIэ лэжьыгъэ зэхуэмыдэ-хэр ищIэу. Ар, зэрыгуры-Iуэгъуэщи, и щIэныгъэм хуэфэщэн IэнатIэтэкъы-ми, зэрыпсэуфын ахъшэ къызэрилэжьынум щIалэ кIэщIущыр (ар езым и зыIыгъыкIэми и псэлъэкIэ- ми къегъэлъагъуэ) егупсы-сын хуейт. Университетым щызэригъэгъуэта IэщIагъэр инджылызыбзэмкIэ егъэджэныр армырами, мыIейуэ ар зэрищIэр сэбэп къыхуэхъуащ.
- Я псэупIэ нэхъыщхьэ хъуну къэралым сыщыщIэупщIэм:
- — ЗэкIэ дыщыпсэунури дыщылэжьэнури Шри-Ланкащ, — жиIащ Руслан. — Бын диIэ хъумэ, илъэс ныкъуэ мыбыкIэ дыщыIэм адрей зэманым Китайм дыщыпсэууэрэ бзэхэр заредгъэщIэнум яужь дитыну ди мурадщ. Пэжыр жыпIэмэ, си бынхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэумэ нэхъ къэсщтэнущ, абыи сыхущIэкъунущ. Ауэ, баштекъузэ хэмылъу, хуэм-хуэмурэ абы си щхьэгъусэр зэрезгъэувэлIэнум яужь ситынущ.
- Руслан жеIэ китайхэм я щэнхабзэм, хабзэм адыгэхэм ейм къытехуэ куэд зэрыхэлъыр. «IэпэкIэ къешэкIын хуейкъым. Нэхъыжьым хуэщIын хуей пщIэми, нэхъыщIэр къызэрыдэхьэхыпхъэми хещIыкI, зыгуэркIэ сечэнджэщыну зэрыщIэздзэу, мэдыхьэшри, «ди дежкIи апхуэдэущ» къызжеIэ».
- Зэрынэрылъагъущи, лъагъуныгъэм и бзэр зыщ. Насып, гуфIэгъуэ, дэрэжэгъуэ абыхэм яIэну, щапхъэ зытрах унагъуэ дахэ хъуну ди гуапэщ.
- ИСТЭПАН Залинэ.
- Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.