Тырныауз и вольфрам, молибден къыщIэхыпIэр зэтегъэувэжынымрэ рудам елэжьынымкIэ проектыр ягъэзащIэу хуежьащ
2018-01-16
- Иджыблагъэ къызэрагъэпэщащ «Iуащхьэмахуэ руда къыщыщIах и къурш комбинат» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгухьэныгъэр.
- ЩIэуэ къызэрагъэпэща IуэхущIапIэм псом япэу зэфIигъэкIын хуей лэжьыгъэхэм ящыщщ проект-сметэ документацэ гъэхьэзырыныр, комбинатым и инженер инфраструктурэр зэтегъэувэныр, абы псырэ газкIэ къызэгъэпэщыныр, псэупIэ, IуэхущIапIэ унэхэр ухуэныр хэту.
- Нэхъ япэкIэ къызэратамкIэ, яубзыхуа регламентым тету ЩIым щIэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр къэгъэсэбэпынымкIэ федеральнэ агентствэм къызэригъэпэщащ Тырныауз и руда къыщIэхыпIэр къагъэсэбэпыну хуит зэращI лицензэ къеIыхынымкIэ сату зэпеуэ.
- Зэпеуэм кърикIуахэр дызэрыт илъэсым и мэлыжьыхь мазэм къапщытэжыну я мурадщ.
- ЯРОСЛАВСКАЯ Маринэ.