ГуфIэгъуэр зихуэдэ щымыIэу щаIэт
2017-09-22
- Адыгэхэм я махуэмрэ Бахъсэн къалэр илъэс 50 зэрырикъумрэ гъэлъэпIэным ехьэлIауэ а щIыпIэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэр апхуэдизу екIуу ирагъэкIуэкIынуи, и инагъ и бжьыфIагъкIэ дахащэу къехъулIэнуи ди фIэщ хъунтэкъым, а псор ди нэгу щIэмыкIауэ щытамэ, а Iуэхушхуэхэм егугъуу зэрызыхуагъэхьэзырым и хъыбарым нэхъ пасэу щыгъуазэ дыхуащIа пэтми.
- Федеральнэ гъуэгу нэхъыщхьэм дрижэу, Бахъсэн щIыналъэм дыщыхуэблагъэм, дэ зэуэ гу лъыттащ автомобилхэм нэхъ хуэм зэрызащIым. «Аргуэру зы щIыпIэ гуэрым деж гъуэгур щызэрагъэпэщыжу пIэрэ, атIэ?» гупсысэращ япэу ди щхьэм къихьар. АрщхьэкIэ, деплъыпэри, къэтлъэгъуар нэгъуэщIщ: адыгэ фащэ екIухэмкIэ зэщыхуэпыкIа шу гупышхуэ гъуэгубгъумкIэ ирикIуэрт. ГИБДД-м и лэжьакIуэхэм абыхэм зекIуапIэ иратауэ арат. Зи бжыгъэр 100-м нэблэгъэну къытщыхъуа щIалэхэм кIуэрыкIуэм тету нэгъуэщI шухэри адэкIэ-мыдэкIэ къащыхыхьэрт. Адыгэ фащэу ящыгъхэр плъыфэбэ-рэ зэмылIэужьыгъуэу ахэр зэщыхуэпыкIахэт: хэти цей къащхъуэ-хужьыфэ щыгът, адрейхэм ейр фIыцIафэ-морафэт.
- КърикIуэхэм сурэт зыбжанэ ятетхри, ДыгулыбгъуейкIэ дунэтIащ. Къуажэм пхырыкI уэрам нэхъыщхьэм дрижэри, Бахъсэн дыдэлъэдащ. Лъэ-
- мыжым дызэрызэпрыжу, машинэ псоми лъэныкъуэкIэ зэрыдадзыхыр къэтлъэгъуащ. АбыкIэ дэ къэтщIащ автомобилхэр щызекIуэ мыхъуу, къалэкур зэрызэхуащIар.
-
ДыздекIуэлIэн хуейр Бахъсэн къалэ администрацэм и гупэ къит утыкурати, абы нэхъ гъунэгъу зэрызыхуэтщIыным яужь дитт. Армырами, дызэрымыгъуэщэнур хьэкъыу тпхыкIат, «гъущIыгухэм» я нэхъыбапIэм здагъазэр абыкIэти. Дэри «псыдзэ къиуам» демыныкъуэкъуу, зыхэдгъэпшэхъуащ. Куэд дымыжуи дакъыхэхутащ ЩэнхабзэмкIэ унэм и щIыбагъымкIэ кIуэ пэтми нэхъыбэж щызэрыгъэхъу автомашинэ IувыкIейм, увыIэпIэ щхьэхуэ къэзылъыхъуэхэм.
- Бжьыхьэпэ мазэр хуабэвэхыу къытхущIэкIами, къалэ администрацэм и гупэм къит утыкумрэ ар зыхуэгъэза уэрам бгъуфIэшхуэмрэ цIыху куэд дыдэ щызэхуэсат, я гур къипкIыным хуэдизу зэ-щыгуфIыкIыжхэрэ я нэгу зэлъыIухахэмкIэ дунейр ягъэдахэу.
- Уэрамым и бгъуитIымкIи щиувыкIахэм макъ лъэщ къахэIуащ, парад щIыкIэу къызэрагъэпэщ зекIуэм зэрыщIидзэмкIэ хъыбар ирагъащIэу. ЯпэщIыкIэ жыжьэу, итIанэ нэхъ гъунэгъуу гъуэгукум къыщыунэхуащ цIыкIуи ини, цIыхухъуи цIыхубзи щхьэхуэ-щхьэхуэурэ щызэгъэуIуа цIыху гупышхуэхэр. Псом япэу кърикIуэ гупым я пашэт адыгэхэм я лъэпкъ бэракъыр уардэу зыщхьэщыбыбыкI, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр пажэ, республикэм щIыхь зиIэ и артист Хьэмырзэ Ахьмэдрэ абы дэ- щIыгъухэмрэ. Абыхэм къакIэлъыкIуащ я ныбжьыр нэхъ хэкIуэтами, бжьыфIагъэ нэсрэ зэпIэзэрытагърэ къэзыгъэлъагъуэ нэхъыжьыфIхэр. Ещанэ сатыру кърикIуэ гупыр укъэзыгъэгумащIэт. Зи щыгъын щхъуэкIэплъы-кIэхэр дыгъэпсым нуры-бэу пэлыд сабий дыгъэл цIыкIухэр, зыкъызэщIакъуарэ егугъупэу, гъуэгукум кърикIуэхэрт, я гъэсакIуэ пажэхэр къащхьэ-щытрэ къахуэсакъыпэу. Абыхэм уащыIуплъэкIэ, «ярэби, сэри си цIыкIугъуэм апхуэдэу сыщытауэ пIэрэ?» жыуагъэIэрт.
- ЗекIуэм хэтхэм я нэхъыбапIэм лъэпкъ фащэхэр къазэрыщылыдыкIыр телъыджэ тщыхъуами, нэхъ гъэщIэгъуэныжыр уэрамым и бгъуитIымкIэ щиувыкIахэми апхуэдэу зэрызыкърахырт, нэгъуэщI ялъэмыкIами, я щыгъынхэр лъэпкъ уагъэхэмкIэ екIуу гъэщIэрэщIат. Къызэрыхэдгъэщащи, Бахъсэн и къалэкум щызэрихьэлIахэм ныбжьыщIэхэри сабийхэри куэдыкIейуэ яхэтт. Ахэри зэрыхуэпар (и нэхъыбапIэр) мыдрейхэм ещхьти, дгъэщIагъуэрт: «Апхуэдиз фащэ екIу икIи дахэ дэни къраха, дауи яхузэгъэпэща?!» — жытIэурэ.
- Бахъсэн къалэ округым хыхьэ жылагъуэхэм я лIыкIуэхэр зыхэта цIыхубэ парадыр Лениным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэм а махуэм щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм я япэ Iыхьэт. Ар щызэфIэкIым, адэ- кIэ-мыдэкIэ щызэхэува цIыхухэм гъунэгъу захуэт-щIащ. Гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым, ахэр, уапхымыкIыфын хуэдизу, нэ-
- хъыбэж зэрызэрыгъэхъу-
- ми, къыкIэлъыкIуэну Iуэхугъуэхэр нэхъ телъыджэжу къахущIэкIынкIэ зэрыхъунум зэрыпэплъэхэми…
- Уэрамым ирикIуахэм ящыщу нэхъ зэгъэкIуарэ зэщIэкъуауэ къытщыхъуа сабий гупым дабгъэдыхьащ. Абыхэм яхэт бзылъхугъэм (ари адыгэ фащэ екIукIэ хуэпат) зыхуэдгъэзащ.
- — ЗыкъэдбгъэцIыхуамэ, мы цIыкIухэми я гугъу къытхуэпщIамэ, ди гуапэ хъунт.
- — Мэршэнхэ Агнессэ. Сабийхэр Кушмэзыкъуей (Бахъсэн къалэм ищхъэрэкIэ щыIэ и хьэблэращ зи гугъу ищIыр) дэт курыт еджапIэ №2-м къегъэбыдылIа кадет школым и 1-нэ классым щеджэхэрщ. ЖыпIэнурамэ, абыхэми, я адэ-анэхэми, гъэсакIуэхэми ди гуапэу зыхуэдгъэхьэзыращ нобэрей ди гуфIэгъуэшхуэм, Адыгэхэм я махуэ лъапIэмрэ Бахъ-сэн къалэ илъэс 50 зэрырикъумрэ ехьэлIам.
- КъыщыщIэддзамкIэ дыкъыщекIуэкIыжым, жьауапIэ гуэрым деж зылI зэрыщIэтыр къэтлъэгъуащ. ИхъуреягъкIэ щызэрызехьэхэм абы и Iуэху зэрахуэртэкъым, зи яужь итыр абы и шырат — увыIэгъуэ ямыIэу сурэтхэр зытрагъэхырт, сабийхэр ягъэшэсамэ балигъхэр бгъурыувэжурэ. ЛIыр и теплъэкIэ зэрыпщIэн мы дунейм теттэкъым, асыхьэтым къущхьэхъу хъупIэхэм къикIыу гуфIэгъуэшхуэм къахы- хьа губгъуэлIу фIэкIа. ИкIи, дыбгъэдыхьэу щызэдгъэцIыхум, апхуэдэуи къыщIэкIащ. Абы щыгъ фащэхэр концерт къызэрагъэлъагъуэтэкъым: и щIакIуэр къызэрымыкIуэу инт, и пыIэр къуацэшхуэт, и цейр Iувыщэт, и щхьэрхъуэныр (бащлъыкъыр) IуэнтIэжа-рэ шыхьыжауэ и пщэм дэлът… Ар шы гъэхъуным куэд щIауэ хэт ПщыукI Iэуелт, Малкэ къуажэм щыщт. ДыщыгуфIыкIащ, а лIым депсэлъа иужькIэ, адрейхэми «гу къызэрылъатам» — къабгъэдыхьэу зэрыщIадзами, я сабий-хэр къыIуашэрэ, фэеплъ сурэтхэри и гъусэу зэрызэтрагъэхами.
- Парадым и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэ нэхъ ин дыдэу щытар адыгэ шууейхэр, зи бжыгъэкIэ 300-м щIигъур, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым къызэрырикIуарщ. А Iуэхугъуэр апхуэдизкIэ узыгъэгушхуэт, узыщыщ лъэпкъым лIыгъэрэ дахагъэу бгъэдэлъар, ноби къыхуэгъэлъэгъуэнур зыхуэдизыр уи нэгу къыщIэзыгъэувэт, уигу къизыгъэхьэти, еплъ псори — ини цIыкIуи — гуфIэгъуэшхуэм дихьэхыщарэ блэкIхэм я нэхэр тедымауэ якIэлъыплъырт.
- Рекордхэр зратхэ Гиннесс и тхылъым тIэунейрэ йохуэ
- А махуэм и етIуанэ Iыхьэм, Бахъсэн къалэм ищхъэрэкIэ щыIэ и хьэблэм, «Кушмэзыкъуей» цIэр иджыри зезыхьэм, и сэмэгурабгъумкIэ къыщылъ губгъуэ иным щызэхаша Iуэхугъуэхэри телъыджэт. Шэч къытетхьэркъым, ахэр зи нэгу щIэкIахэм ягу фIыкIэ къызэринэнуми щагъэхъахэр къэкIуэну дахэ зиIэ лъэпкъыу дызэрыщытыр къэзыгъэлъагъуэу зэрыщытми.
- Бахъсэн къалэм хыхьэ жылагъуэхэм дэс лIакъуэхэм я унагъуэ пщIантIэхэр къызэрымыкIуэу дахэу къызэрагъэпэщат. Щызэхуэсахэр я щхьэ закъуэ къудейуэ щызэхэмысыжхэу, зым икIыу адрейм ихьэхэурэ, унагъуэ пщIантIэхэм хьэщIэу яхуэкIуэрт, щызэрылъагъухэр зэщыгуфIыкIыжрэ зэхуэжумартхэу.
- «Бахъсэн — си къалэу си лъахэ!» эстрадэ гъэлъэгъуапIэмкIэ дунэтIащ. Абдежым щыщIидзащ махуэшхуэм ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм. Утыкум хъуэхъу псалъэ щыжаIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и Администрацэм и тхьэмадэ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Парламентым Законодательствэмрэ щIыпIэ самоуправленэмкIэ и комитетым и унафэщI Мэлбахъуэ Борис, Бахъсэн къалэ округым и администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим сымэ, нэгъуэщIхэми. ГуфIэгъуэм къыщыпсэлъащ республикэм и щIыналъэ администрацэхэм я унафэщIхэр, Урысейм рекордхэмкIэ и тхылъым и редактор нэхъыщхьэ Коненкэ Станислав. Иужьрейм къыхигъэщащ а махуэм Бахъсэн къалэ щилъэгъуам хуэдэ къэрал псом иджыри къыздэсым зэрыщемыкIуэкIар, IуэхугъуитIыр: япэр — цIыху 2200-м щIигъур, лъэпкъ фащэхэр ящыгъыу, зэгъусэу уэрамым къызэрырикIуар, етIуанэр — адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа шууей 315-м я зекIуэр. ИкIи, абы къыхэкIыу, а IуэхугъуитIри езыр зи унафэщI Тхылъым, Урысейм и рекордхэр зратхэм, зэрыхигъэхьэнумкIэ и гуапэу къызэхуэсахэм хъыбар яригъэщIащ.
- Къалэдэсхэм я гуфIэгъуэр даIэтащ, я нэгу зрагъэужьащ республикэм и уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ- хэмрэ къэфакIуэ гупхэмрэ.
- Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.