ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Радиом къигъэщIам хуэдиз сэри къэзгъэщIащ

2017-06-29

  • Республикэм и радиом лэжьэн зэрыщIидзэрэ накъыгъэм и 7-м илъэс 90 ирикъуащ. Сэри апхуэдиз къэзгъэщIащи, абы и зэфIэувэкIам, и зыужьыкIам мыIейуэ сыщыгъуазэщ. Радиом сызэрыщыIа илъэс 12-р сигу къыщыкIыжкIэ, гупсысэ нэхухэм сыхашэжри, а зэманыр IэфIу си нэгу къыщIохьэж.
  •  
  • ЕгъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр Къэбэрдей пединститутым и тхы-  дэ-филологие факультетыр махуэрыеджэу къыщызуха 1954 гъэм жэщхэм корректору сыщылэжьа «Къэбэрдей пэж» республикэ газетым сыкъагъэнэжат. Радиом и унафэщIым и къуэдзэ Къэрмокъуэ Мухьэмэдрэ сэрэ зы пщIантIэ дыдэсти, ТАСС-м къитхэм ящыщ тхыгъэшхуэ нысхуехьри, зэздзэкIыну къызолъэIу. Ар хузогъэзащIэ, тхыгъэри хъарзынэу къагъэсэбэп. ИужькIэ, куэд дэмыкIыу, Мухьэмэд зыкъысхуегъазэри, радиокомитетым и тхьэмадэ Къардэн Башир сыкъызэрилъыхъуэр къызжеIэ. КъыщIысхуейм сегупсысурэ, сыщыхущIыхьэ махуэ гуэр абы и деж сокIуэ. НэфIэгуфIэу сригъэблэгъащ, си щхьэм, си унагъуэм, си улахуэр зэрыхъум щIэупщIэри, я деж сыщылажьэмэ зэригуапэр къыхигъэщащ. КъызэлъэIуу редакцэм сыкъызэрагъэнар си щхьэм илъти, жэуап пыухыкIа зэрысхуемытынур Башир къыгурызогъаIуэ. «Хъунщ, Хьэутий, узахуэщ, абы и унафэр сэ сщIынщ», — жиIэри, дызэхуэарэзыуэ дызэбгъэдокIыж. Заул дэмыкIыу, «Къэбэрдей пэж» газетым и редактор Сэхъу Къэрэщей среджэри, гушыIэ хэлъу къызжеIэ: «Унафэ ткIий къытхуащIащи, радиом удмыгъакIуэу хъунукъым».
  • Апхуэдэ щIыкIэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и гуп зэкъуэтым а илъэс дыдэм сакъыхохутэ. Мазэ зытIущ зэдзэкIакIуэу сылэжьа нэужь, «ХъыбарыщIэхэмкIэ редакцэм» жэуап зыхь и редактору сагъэув. Абы щыгъуэ псори зэхэту радиом щылажьэр цIыху 20-м нэсыртэкъым. Студиер зэрыхъур метр зэбгъузэнатIэ 13-14-т. МикрофонитI диIэти, зыр къэпсэлъапIэм щIэтт, адрейр килограмм 80-м щIигъу зи хьэлъагъ «МЭЗ» зэратх аппаратурэм щIыгъуу къыздетшэкIырт. Республикэм къыщриткIухьыну диIэр зы автомашинэт, ари хьэлъэзешэу.
  • ДыщежьэкIэ, нэхъыжьыр шофёрым бгъурыст, адрейхэр машинэм тет будкэм дист. Гуп зыбжанэ дыхъурт, пщэрылъ зырыз диIэти, щIыпIэхэм зытедгуашэрт. Нэхъ жыжьэ кIуам къигъэзэжыхукIэ къэдгъэпсэлъэнухэр дгъэхьэзырти, хуит къэхъуа «МЭЗ» аппаратурэм я макъхэр чэзууэ тредгъатхэурэ, а гъуэгу дыдэмкIэ гувауэ дыкъэкIуэжырт.
  • Дыщылажьэр Майм и 1-м и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэ лъахъшэ цIыкIурт. Пэшитхури Iэзэвлъэзэвт, стIол зырыз-тIурытI нэхъыбэ щIэхуэртэкъым. Эфирым кIуэ нэтын-хэм хуабжьу дахуэсакъырт, IуэхуфIхэм, зыужьыныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ зыубгъуауэ датепсэ-     лъыхьырт. А зэманым къытхэтар цIыхубзиплIщ — адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ нэтынхэр тезыдзэу 2, бухгалтер-кассирымрэ дикторымрэ. Радиом и агитбригадэм къалэнышхуэ игъэзащIэрт. КПСС-м и съездым, республикэм и парт конференцхэм, комсомолым и зэIущIэшхуэхэм я унафэхэр цIыхухэм я деж нахьэсын мурадкIэ, гупыр ежьэрти, Iэщ фермэхэр, губгъуэ пщыIэхэр къызэхикIухьырт, къалэдэсхэмрэ къуажэдэсхэмрэ яхуэзэрт, Къущхьэхъу жыжьэр зэщIигъэхьэрт. «ХъыбарыщIэхэмкIэ редакцэм» жэуап зыхь и редакторым и пIэкIэ корреспонденту сыщагъэкIуа гъэм КПСС-м и съезд зэхэтати, звукооператор ХьэпащIэ Ахьмэдхъанрэ сэрэ дежьэри, шыгурэ выгукIэ дагъэIэпхъуэу, Шэджэм щIыналъэм и гъэш фермэхэр мазэкIэ къызэхэткIухьауэ щытащ. Пщэдджыжь жэм шыныр зэфIэкIа нэужь, сэ Iэщыхъуэхэм сахэпсэлъыхьырт, я упщIэхэм жэуап ес-тырт, къэралымрэ республикэмрэ нэхъыщхьэу щекIуэкIхэм хэзгъэгъуазэрт, пщыхьэщхьэ Iуэхухэр зэрызэфIэкIыу, Ахьмэдхъан «МЭЗ» Iэмэпсымэр Iуидзэрти, гъуэлъыжыгъуэ хъуху адыгэ пшыналъэ иригъэдаIуэрт.
  • Республикэм и район псоми корреспондент пунктхэр къыщызэIутхати, тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къытхуэкIуэрт. КъыддэгушыIэхэри къахэкIырт. Зэгуэрым апхуэдэ зы къысIэрохьэ. Сыкъеджэмэ, итыр псалъэ зыбжанэщ: «къумыкъурэ урысрэ фIэкIа радиом щылэжьэн адыгэ фымыгъуэту ара? Хьа-хьа-хьа!» Къумыкъухэ я цIыхубзрэ Урысхэ я щIалэрэ хъыбарыщIэхэм къызэдеджэрти, абыхэм ядэгушыIэу арат. Корреспондент хэхам и къалэнхэр пщэрылъ къысщащIу Урожайнэ, Тэрч, Лэскэн районхэм сыщрагъэбыдылIам, сызытеукIытыхьыжа гуэр къысщыщIауэ щытащ. УнафэщIхэр зэзгъэцIыхун мурад-кIэ, Тэрч посёлкэм (абы щыгъуэ Тэрч къалэр посёлкэт) сокIуэ, партым и райкомым пропагандэмрэ агитацэмкIэ и къудамэм япэ секретарь Джэлэс Безрыкъуэ и адэцIэм сыщыщIоупщIэ. Жандарщ къыщызжаIэм, «сэлам алейкум, Безрыкъуэ Жандармович» жызоIэри, абы и деж сыщIохьэ. «Хэту пIэрэ жандармым срикъуэу къыбжезыIар? Апхуэдэ гуэру сыщытамэ, уэлэхьи, мыбдеж сыщамыгъэсынт, шынэхъыщIэ», — къыспежьащ япэ секре-тарыр, сригъэблагъэу.
  • ЦIыху гъуэзэджэт, Iуэхузехьэ Iэзэт икIи ущиякIуэ нэст радиокомитетым и унафэщIу диIа Къардэн Башир.     И лъакъуэ лъэныкъуэр Хэку зауэшхуэм хилъхьати, япэу къежьа «Москвич» автомашинэ псынщIэ цIыкIум хуэдэ къратат. Ауэ щыгъэмахуи щыщIымахуи абы итIысхьакъым, дэ къриткIухьа мыхъумэ. АпхуэдизкIэ къытхуэсакъырти, радиом и лэжьакIуэхэр поликлиникэ хэхам дыщригъэтхат, дачэ хадэу соткэ хырых Долинск хьэблэм къыщытхудихат, мылъку хузэщIигъэуIуэри, унагъуиплI игъэтIысыжат.
  • Мы махуэхэм фIыкIэ сигу къокIыж пщIэшхуэ зэхуэтщIу сызыдэлэжьахэр. Абыхэм ящыщщ радиокомитетым и тхьэмадэм и къуэдзэу щыта Хьэмыкъуэ Хьэбыж, редакторхэу БищIо Аслъэн, Емуз Гъузер, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Дыкъынэ Хьэмид, корреспондентхэу НакIэ Бо-рис, Хьэмгъуокъу Барэсбий, дикторхэу Безрокъуэ Хужь, Мэрзей Умар, Шэт Николай, зэрыбкIэ тезыдзэхэу ПIатI Нинэ, Вербицкая Катя, звукооператорхэу Ащнокъуэ Николай, Никитин Фёдор, Бурда Сергей сымэ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и лэжьакIуэхэм сохъуэхъу узыншагъэ быдэ яIэу нэхъыжьхэм я Iухум пащэну, я мурадхэм лъэIэсыну, я нэтын купщIафIэхэмкIэ куэдрэ дагъэгуфIэну.
  • Къумыкъу  Хьэутий,
  • радиомрэ телевиденэмрэ я ветеран.