НыбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр тыгъэ хуащI
2017-03-18
- Къып Мухьэмэд и цIэр зэрихьэу Къулъкъужын Ищхъэрэ дэт гъуазджэхэмкIэ школым щеджэ цIыкIухэм я IэдакъэщIэкIхэмкIэ щIыналъэм ит курыт еджапIэхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ яхуэупсащ.
- ГъуазджэхэмкIэ школым и унафэщI КIуж Ритэ я гъэсэн цIыкIухэр и гъусэу щIыналъэм ит курыт еджапIэхэмрэ сабий садхэмрэ щыIащ. НыбжьыщIэ IэпэIэсэхэм ящIа сурэт, скульптурэ, хьэпшып дахэ цIыкIуу щэм нэблагъэ хуагуэшащ а IуэхущIапIэхэм.
- Тыгъэхэр зратахэм гукъэкI дахэр я гуапэ хъуащ. «Апхуэдэ псапащIэ Iуэхухэр дяпэкIэ нэхъ щIэх-щIэхыу- рэ къызэдгъэпэщынущ. Ди гъэсэн цIыкIухэм къагъэщI дахагъэмкIэ цIыхухэм дадэгуэшэнущ», — жиIащ КIуж Ритэ зэIущIэм и кIэухым.
- Чылар Аринэ.
- Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм
- и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.