Щауэ Нану и илъэси 127-р
2017-03-08
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий гъатхэпэм и 7-м Зеикъуэ къуажэм щыIащ зи ныбжьыр илъэси 127-рэ ирикъуа Щауэ Нану ЦIыкIу и пхъум ехъуэхъун папщIэ.
- Бзылъхугъэхэм я махуэмкIэ гуапэу ехъуэхъури, КIуэкIуэм нанэ Iумахуэм тыгъэхэр хуищIащ, икIи щIэупщIащ сыткIэ дэIэпыкъуэгъу хуэхъуфынуми.
- Нану фIыщIэ къыхуищIащ Iэтащхьэм.
- Щауэ Нану ящыщщ зауэ зэманым жэщ- махуэ ямыIэу лэжьахэм. Мы бзылъхугъэм бынитху, къуэрылъху-пхъурылъхуу пщыкIух, абыхэм къатепщIыкIыжауэ сабий 31-рэ иIэщ. КIэщIу жыпIэмэ, къэралыр апхуэдэхэращ быдэ зыщIыр, зыхужаIэхэм ящыщщ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ: и ныбжьыр илъэс 90-м щхьэдэхауэ Зеикъуэ цIыху 14 мы зэманым дэсщ.
- Багъэтыр Луизэ.