Тамбукъан гуэлыр автомобиль гъуэгум зэран къыхуэхъункIэ шынагъуэ щыIэжкъым
2016-12-22
- Вэсэмахуэ гуфIэгъуэ щытыкIэм иту къызэIуахащ Р-127 «Кавказ» федеральнэ автомобиль гъуэгум щыщу зэрагъэпэщыжа Iыхьэр. Ар хуозэ Ставрополь краймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я гъунапкъэм деж, Тамбукъан гуэлым бгъурыкIыу.
- Гуэлыр кIуэ пэтми нэхъ къызэрыкIуатэм къыхэкIыу, псыр гъуэгум къытелъадэ хъуат икIи абы къыхэкIыу унафэ къащтауэ щытащ а гъуэгу Iыхьэр зэрагъэпэщыжыну. А Iуэхур Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIхэм илъэситI ипэкIэ къаIэтауэ щытащ икIи ар 2016 гъэм зэфIагъэкIын хуей гъуэгу лэжьыгъэхэм я федеральнэ программэм хагъэхьат.
- Иджы гъуэгур метритIрэ ныкъуэкIэ нэхъ лъагэ ящIащ, абы псыIущIэхэр Iуагъэуващ. Абы и фIыгъэкIэ псыр гъуэгум къытелъэдэжыркъым, гъуэгу Iуфэри IуилъэсыкIыжыркъым. Гъуэгур хуэдитIкIэ нэхъ бгъуэ хъуащ, машинэхэр зэтримыхьэу абдеж щызэблэкIынымкIи Iэмал къитащ. Гъуэгур щызэрагъэпэщыжым къагъэсэбэпащ асфальт-бетон зэхэлъым къыхэщIыкIа щIэгъэкъуэнхэр. Ахэр апхуэдизкIэ быдэщи, хьэлъэ дыдэ тещIэкIи къутэркъым, псыIагъэ лей зыщIашэркъым, псы къыщIэуэми, илъэсыркъым.
- Гъуэгур щызэрагъэпэщыжым къалэн нэхъыщхьэу щытар гуэлым зэран хуэмыхъунырщ. УхуакIуэхэм абы папщIэ къагъэ- сэбэпащ мывэ духэр — мывэхэр зэрыкIута гъущI хъар зэкIэрыгъэвахэр. Метр 600 и кIыхьагъыу, метриплI и кууагъыу абыхэмкIэ кърагъэбыдэкIащ гуэлым и Iуфэр. Духэр щащIым къагъэсэбэпар щIыуэпсым емыгуэуэн пкъыгъуэхэрщ икIи гуэлым хэлъ минералхэм ахэр зыкIи зэран яхуэхъунукъым. Гъуэгур зэрагъэпэщыжащ федеральнэ мылъкум къыхэкI ахъшэкIэ, лэжьыгъэм сом мелуани 197-рэ текIуэдащ.
- Р-127 «Кавказ» федеральнэ автомобиль гъуэгум щыщ Iыхьэр къыщызэIуахыжым кърихьэлIащ Урысей Федерацэм Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Кузнецов Лев, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Федеральнэ гъуэгу агентствэм и унафэщIым и къуэдзэ Астахов Игорь, Ставрополь крайм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Петрашов Роман сымэ.
- — Ди гъуэгу ухуакIуэхэм ИлъэсыщIэм и пэ къихуэу саугъэтитI къытхуащIащ. Нобэ дэ къызэIудохыж «Кавказ» трассэм щыщу зэрагъэпэщыжа гъуэгу IыхьитI. Япэр Кавминводхэм я гъуэгу системэ нэхъыщхьэм щыщ Iыхьэщ. ЕтIуанэм мыхьэнэшхуэ иIэщ щIыналъэм и зыгъэпсэхупIэхэм, туризмэм заужьынымкIэ. Тамбукъан гуэлым гугъуехьышхуэхэр къишэнкIэ хъуну щытащ щIыналъэм хыхьэ субъектхэр зэкIэлъыкIуэнымкIэ икIи унафэ къащтащ абы къекIуалIэ гъуэгу Iыхьэр икIэщIыпIэкIэ зэгъэпэщыжыным теухуауэ, — жиIащ Кузнецов Лев. — Гъуэгур иджырей мардэхэм къитIасэу укъуэдииным къыдэкIуэу, нэгъуэщI гугъуехьи къызэфIигъэкIын хуейт а лэжьыгъэм — ар экологием емыгуэуэным пыщIат. А тIуми гъуэгуухуэхэр хъарзынэу пэлъэщащ, технологиещIэхэр къагъэсэбэпурэ. Гъуэгур сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу, гуэлми зэран хуэмыхъуу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIа лэжьыгъэшхуэм папщIэ ухуакIуэхэм фIыщIэшхуэ яхудощI.
- Федеральнэ гъуэгу агентствэм и унафэщIым и къуэдзэ Астахов Игорь УФ-м и Президентымрэ Правительствэмрэ фIыщIэ яхуищIащ гъуэгум пыщIа IэнатIэм зэпымыууэ гулъытэ зэрыхуащIым папщIэ икIи Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ министрыр къигъэгугъащ щIыналъэм и гъуэгухэр егъэфIэкIуэ-ным пыщIа лэжьыгъэхэм зэрыпащэнумкIэ.
- — Мы автомобиль гъуэгум ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ щIиIэр абы ди республикэр Ставрополь краймрэ ди гъунэгъу щIыналъэхэмрэ дазэрыпищIэм и закъуэкъым, атIэ ар ди къэралым и къалащхьэ Москва ухуэзышэуи зэрыщытырщ, — жиIащ Мусуков Алий. — Проектыр зыщIахэм, гъуэгуухуэхэм, къэрал унафэщIхэм я егугъуныгъэкIэ дэ диIэ хъуащ иджырей гъуэгу бгъуфIэ. Си гуапэу фIыщIэшхуэ яхузощI Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ министерствэм, Федеральнэ гъуэгу агентствэм, мы лэжьыгъэм хэта ухуакIуэ псоми. Шэч къытесхьэркъым щIыналъэми къэралми я гъуэгу хозяйствэм дяпэкIи зэрызедгъэужьынум.
- Ухуэныгъэр езыгъэкIуэкIа IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм УФ-м ТранспортымкIэ и министерствэм, Ставрополь крайм и губернато-рым я фIыщIэ тхылъхэр, КъБР-м и Правительствэм и ЩIыхь тхылъхэр иратащ.
- Берд Альберт.