А тIур зэгуэхыпIэ зимыIэщ
2016-11-08
- Дэ, нэхъыжьхэр, сыт щыгъуи хуабжьу дригушхуэу щытащ ди къэралым и щыхьэр Москва щекIуэкI дзэ парадхэм. Абыхэм ягъэбыдэрт дызыщыпсэу СССР лъэщым зыри къызэрытемыкIуэнумкIэ тхэлъ фIэщхъуныгъэр.
- Ар апхуэдэу зэрыщытри дуней псом ялъагъуу белджылы къищIат абыхэм ящыщ зым — илъэс 75-рэ ипэкIэ 1941 гъэм щэкIуэгъуэм и 7-м екIуэкIам. НаIуэу зэрыщытщи, бий бзаджэр ди хэкум и гум блэ фIыцIэжьу зыкъришэкIат, къалащ-хьэм къэсри. Хуабжьу хэплъэгъуэт. АрщхьэкIэ Совет Союзым и унафэщI Сталин Иосиф радиокIэ цIыхухэм зэрызахуигъэзамрэ щэкIуэгъуэм и 7-м Ут Плъыжьым икIыу зэуапIэм Iухьа ди танкхэм- рэ ди ныбжьэгъухэми ди жагъуэгъухэми къагуригъэIуащ, сыт хуэдизкIэ къыттемыгуплIами, ди хэкум къизэригуа хьэщхьэрыIуэхэр зэрызэтраукIэнур.
- Шынагъуэр иджыри инми, СССР-м и къарум хигъахъуэ зэпытт. Совет тIасхъэщIэх Зорге Рихард Япониер Гитлер и телъхьэу зауэм зэрыхэмыхьэнур къахуиIуэхуа иужь, КъуэкIыпIэ Жыжьэм къраш-ри къагъэIэпхъуащ совет дивизэ зыкъом. Ахэращ нэхъыбэу парадым хэтар. Апхуэдэ дыдэу Ут Плъыжьым Сталин и унафэкIэ ирашащ зэрызауэ хамэ къэрал техники. АбыкIэ бийм ирагъэлъагъурт СССР-м нэгъуэщI къэралхэри къызэрыдэщIыр. АдэкIэ къэхъуам зедмыгъэубгъуми хъунущ: мыгувэу Москва деж нэмыцэ фашистхэр щыщIагъэIащ, Сталинград и деж белджылы щыхъуащ бийм кIэ зэригъуэтынур, абы и щыхьэтт Орёл и деж щекIуэ-кIа танк зэхэуэ ин дыдэр. Арати, езым и щIыналъэм и мызакъуэу, Урысейм зэкIэлъыкIуэу хуит къищIыжащ Европэм и къэралхэр.
- 1941 гъэм екIуэкIа дзэ парадым хэта техникэ лIэужьыгъуэ псори дыгъуасэ Москва и Ут Плъыжьым щагъэлъэгъуэжащ. Абы щыгъуэм щыIа зауэлI фащэхэр ящыгъыу абы ирикIуащ ди къэралым и хъумакIуэ ныбжьыщIэхэр — кадетхэмрэ суворовецхэмрэ. Зэхыхьэр гуимыхуж хъуащ. Абы псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иIэщ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм кърикIуахэр зэрахьэкIы- ну ди жагъуэгъухэр щыхущIэкъу, ди къэралым пцIы къыщытралъхьэ мы зэманым. Ирелъагъу абыхэм Урысейм удэджэгу зэрымыхъунур.
- Илъэс къэс ТекIуэныгъэм и махуэм ирагъэкIуэкI дзэ парадхэм я гугъу щытщIкIэ, дэ дыблэкI хъунукъым ахэр къызытехъукIам, империе къыкIэрыхуар пхуимыуды-ну къэрал лъэщым хуэзыша Октябрь Социалист Революцэ Иным дытемыпсэлъыхьу. Ауэ сытми къэхъуатэкъым дзэ парадхэр абы и махуэм — щэкIуэгъуэм и 7-м — зэрытрагъэхуар. Иджы хэт сыт жиIэми мэхъу, ауэ пцIы зыхэмылъыжращи, къэралыр лъэщагъкIэ зыми пимыкIуэт, зи цIыхухэм щIэныгъэшхуэ дыдэ щагъуэт къэрал зэраухуар зи фIыгъэр мис а илъэс къэс дгъэлъапIэу щыта революцэрщ. Ди цIыхубэм я дежкIэ Октябрь революцэм иIа мыхьэнэр зэрыгъунапкъэншэр жытIэфынущ, СССР-р лъэлъэжа иужь екIуэкIахэр, цIыхухэр псэуныгъэкIэ къыпхуэмылъытэн хуэдизу зэрызэщхьэщыкIар долъагъури.
- Иджы дыгъуасэ екIуэкIа парадым и дежкIэ дгъэзэжынщи, къыхэдгъэщынщ сыт хуэдэ гугъуехьхэм ди къэралыр хэмытами, ар лъэщу къызэрынэжыр абы белджылы къызэрищIар.
- Къэзыгъэлъэгъуари ди хэкум и хъумакIуэ къэмылэнджэж хъуну зызыгъэхьэзыр къытщIэхъуэ щIэблэрщ. Мис ар псом хуэмыдэу гуапэщ.
- ШАЛ Мухьэмэд.