ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

УнафэщI нэс, цIыху гъуэзэджэ

2016-08-04

  • ЛIэщIыгъуэ кIуам и етIуанэ Iыхьэм республикэм и мэкъумэш IэнатIэр IэкIуэлъакIуэу зезыхьа, абы зегъэужьыным зи гуащIэшхуэ хэзылъхьа унафэщI цIэрыIуэхэу Евтушенкэ Николай, Къардэн Барэсбий, Щомахуэ Юрий, Маммеев Хьэрун, нэгъуэщIхэми я цIэр пщIэшхуэ хуэтщIу нобэ къыдоIуэ. Ахэр муниципальнэ щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ щыпсэухэр зэрыгушхуэ цIыхухэщ, республикэм и дыщэ фондщ. Апхуэдэхэр къызыхуигъэщIыр Iуэху зехьэнырщ. Зи гугъу тщIыхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, абы и щIыбкIи фIыуэ къыщацIыху, илъэс хыщIым щIигъуауэ лэжьыгъэшхуэ къезыхьэлIэ Хьэжу Анатолэ Ахьмэд и къуэр.
  • Зи IуэхущIафэкIэ, зи зэфIэкIкIэ къыщыхъуа щIыпIэмрэ республикэмрэ я цIэфI жезыгъэIа, унафэщI къалэнхэмрэ жылагъуэ лэжьыгъэмрэ зэпэщу езыхьэкIа цIыхум къикIуа гъуэгу бгъуфIэр Анатолэ и гъащIэм IупщIу хыболъагъуэ.
  • Хьэжу Анатолэ Терекскэ (Болэтей) къуажэм 1934 гъэм шыщхьэуIум и 4-м къыщалъхуащ. А зэманым халъхуа сабийхэми хуэдэу, зауэ нэужь лъэхъэнэ хьэлъэм и хьэзаб псори абы игъэващ. И анэр дунейм щехыжам илъэсиплI ирикъуатэкъым. ЗыпIыжа и анэшхуэм дилъэгъуа хуабагъэмрэ нэхугъэмрэ зэи щыгъупщэркъым, а IэфIагъ псори, фIыгъуэ пэлъытэу, хуэсакъыу и псэм щегъафIэ.
  • Дапщэщи иригушхуэу Хьэжум и гум къегъэкIыж абы щыгъуэ и къуажэгъухэм ядилъэгъуа жумартыгъэмрэ гущIэгъулыгъэмрэ. ЦIыхухэм яку гужьгъэжь дэлътэкъым, псоми я гупсысэр зыхуэгъэзар къатепсыха гузэвэгъуэ иным зэгъусэу зэрыпэщIэтынырт.
  • — Анатолэ зэрысабийрэ и ныбжьэгъу цIыкIухэм я пашэт. Зэманым пасэу псэкIэ балигъ дэхъуати, Iуэху щIэным хунэсырт: хадэм илэжьыхьырт, мэлрэ шырэ игъэхъурт, унагъуэ Iэщымрэ джэдкъазымрэ зэрихьэрт. Апхуэдэурэ, иджыри сабийуэ, лэжьыгъэм дихьэхащ, къуажэдэсхэм я гуащIэм и IэфIыр зыхищIащ. Еджэным зэрыхуэнэхъуеиншэмкIэ и ныбжьэгъухэм къахэщырт, — игу къегъэкIыж и классэгъуа, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Хъаний Мирон.
  • Анатолэ Терекскэ къуажэ курыт еджапIэм, иужькIэ республикэ школ-интернатым щеджащ, зэрыцIыкIурэ литературэм дихьэхырти, КъБКъУ-м и филологие факультетым щIэтIысхьащ. Къиуха нэужь я жылэм игъэзэжри, щытхъу иIэу, дихьэхыу, урысыбзэмрэ литературэмрэ сабийхэм яригъэджащ, завучу  лэжьащ. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, и зэфIэкIыр къалъытэри, комсомолым и Тэрч райкомым и секретару яшэ, къыкIэлъыкIуэу партым и район комитетым къызэгъэпэщыныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIу ягъакIуэ.
  • 1972 гъэм ар тогушхуэ и гъащIэ псор фIэкIыпIэншэу зытриухуа Iуэхум. «Заря коммунизма» колхозым и тхьэмадэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран, районми, республикэми пщIэшхуэ щызиIэ Хъаний Пётр и узыншагъэм къимытIэсэжу и IэнатIэм щыIукIым, Хьэжу Анатолэ а къулыкъум пэрохьэ. Хозяйствэр щытыкIэ гугъум итт, Iуэхум зихъуэжын щхьэкIэ, хэкIыпIэщIэхэр къэгъуэтын хуейт. ИкIи, колхозхэтхэм я дзыхьыр игъэпэжу, илъэс 17-кIэ — 1989 гъэ пщIондэ — а лэжьыгъэр зэпэщу ирихьэкIащ.
  • Колхоз тхьэмадэм къыхиха IэщIагъэлIхэр, зэщIигъэуIуа и дарэгъухэр я къалэнхэм хъарзынэу пэлъэщырт. Егупсысауэ, зэуIуу, япэ игъэщыпхъэхэр зэпилъытауэ IэнатIэхэр зэриунэтIым фIы къыдэкIуэрт. Гъэхуауэ лэжьэн щхьэкIэ, IэщIагъэлIхэм, Iэщыхъуэхэм, гъавэгъэкIхэм, ядэIэпыкъу школакIуэхэм щытыкIэфI къахузэригъэпэщырт. Я ехъулIэныгъэхэм колхозхэтхэр нэрылъагъуу тригъэгушхуэрт, зэкъуигъэувэрт. Зыхуэзыгъазэхэр Хьэжум игъэщIэхъуртэкъым, зэрыхъукIэ защIигъакъуэрт, я унагъуэ Iуэхухэр яхудигъэкIырт.
  • Зэрыжыджэрым, зэрыжыжьаплъэм, цIыху хэтыкIэ зэрищIэм ифI куэд къекIыжырт. КъищынэмыщIауэ, ВАСХНИЛ-м зэрыдэлажьэм, «Мэкъумэштехникэ» республикэ зэгухьэныгъэм автомашинэкIэ, мэкъумэш техникэкIэ зэпымыууэ къызэрызэригъэпэщым, тракторхэмрэ машинэхэмрэ щагъэунэху Новокубань щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым пыщIэныгъэфI зэрыхуиIэм Iуэхур дигъэкIырт. Ахэр я лъабжьэу Iэмал гъэунэхуахэмрэ бэвагъым хэзыгъахъуэ хэкIыпIэхэмрэ тегушхуауэ къигъэсэбэпырт.
  • Гъавэрэ IэщхэкIрэ къэлэжьынымкIэ а лъэхъэнэм хозяйствэм ехъулIэныгъэфI зыIэригъэхьащ, Бэракъ Плъыжь зэIэпахыр къыхуагъэфэщащ. Колхозхэтхэм, псом япэу, нартыхугъэкIхэм ящыщ куэд ВДНХ-м хэтащ, дыжьын, жэз медалхэр къыщахьащ. Апхуэдэу я лэжьакIуэ пщIы бжыгъэхэм къэрал дамыгъэ лъапIэхэр къызэрыхуагъэфэщам Анатолэ и фIыщIэшхуэ хэлъщ. Абыхэм ящыщ куэдым орденхэмрэ медалхэмрэ къратащ, Дадэ ХэмытIэ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр къыфIащащ.
  • Iэщ псэуалъэщIэхэр иухуащ, Iэпщэ лэжьыгъэр техникэ Iэмалым хуигъэкIуащ. ХэхъуэфI къахуэзыхь жыг хадэ зэригъэтIысар къуажэм дежкIэ Iуэху щхьэпэт. Псы гуэшыпIэ бжьамийхэр уэрамхэм еужьэрэкIыу щаукъуэдийрт. Псыр здэкIуэ хьэсэхэм къыхагъахъуэрт, ар  зэрыщIагъэхьэ  Iэмэпсымэхэр ирагъафIакIуэрт. Хьэжур хэлIыфIыхьурэ, Терекскэ къуажэм и теплъэр, и псэуалъэхэр илъэс къэс къагъэщIэращIэрт, сабий гъэсапIэ, спорт джэгупIэхэр, социальнэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр яухуэрт, курыт еджапIэм зрагъэубгъурт, жылэм дэлъ хабзэхэр яхъумэрт, абыхэм зрагъэужьырт. И къалэн нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, къуажэдэсхэм ягъуэт Iуэхутхьэбзэхэр зыхуэдэм, абыхэм я зыгъэпсэхугъуэр нэгузыужьу къызэгъэпэщыным, цIыхухэр спортым хэшэным Анатолэ гулъытэшхуэ хуищIырт. Къуажэм и футбол командэр республикэм щынэхъ лъэщхэм ящыщ хъуат.
  • Шыхэр нэхъуеиншэу фIыуэ илъагъурти, Налшык шыгъэжапIэм жыджэру дэлажьэрт. ЛъэхъуфI  зиIэ  шы лъэпкъыфIхэмрэ шыгъажэшхэмрэ къищэхуауэ, зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хъарзынэу хэтт.
  • Иджыблагъэ ди деж екIуэкIа «Nalchik-2016» къэрал зэхуаку кинофестивалыр гуфIэгъуэ щытыкIэм иту къыщызэIуахым ягъэлъэгъуа, кинорежиссёр цIэрыIуэ Вэрокъуэ Владимир и документальнэ фильм «Тэрч щекIуэкIа хьэгъуэлIыгъуэ» («Свадьба на Тереке») жыхуиIэр щытрахар Терекскэ къуажэрщ. Колхоз тхьэмадэ Хьэжур а Iуэхум жыджэру хэтащ.
  • — Анатолэ куэд щIауэ соцIыху. КъБКъУ-м дыщызэдеджащ. Ар зы курскIэ нэхъыжьт. Ди адэхэри зэгъусэу ЛУГ-м щызэдеджащ. Абы и адэ Ахьмэд КIэцу и къуэр си унафэщIу, Къэбэрдей-Балъкъэрым телевиденэмрэ радиомкIэ и къэрал комитетым илъэс куэдкIэ сыщылэжьащ. Анатолэ и хозяйствэм теухуа репортажхэр щызгъэхьэзыри щыIэт. Зэгуэрым «Тэрч щекIуэкIа хьэгъуэлIыгъуэ» классикэ фильмыр тесхыну сокIуэ. Езыр кадрым хэмыхьами, Хьэжур мыхъуамэ, а лэжьыгъэр къыдэхъулIэнутэкъым. Къызэгъэпэщыныгъэ, техникэ Iуэхухэр зэпэщу зэфIихащ, актёр нэхъыщхьэу фильмым хэтыну и къуажэгъухэм  я  пщэрылъхэр ягуригъэIуащ. ЗэхэщIыкI лъагэ зиIэ цIыху жыджэрщ! И къалэнымрэ жэуаплыныгъэмрэ куууэ зэрызыхищIэм, бгъэдэлъ зэфIэкIым, гъащIэм къыщыдекIуэкI Iущагъым, и творчествэмрэ и дуней тетыкIэмрэ абы и пщIэм хегъахъуэ, — жеIэ фильмым и режиссёрым…
  • 1989 гъэм и къулыкъум щытекIам, хозяйствэр лъэ быдэкIэ щытт, абы зэпIэзэрыту зиужьырт.
  • 1990 гъэм щегъэжьауэ илъэсибгъукIэ Хьэжу Анатолэ Тэрч ерыскъы комбинатым и унафэщIу щытащ. 1985-1987 гъэхэм, фадафэхэм щебэна зэманым, Тэрч къалэм танккIэ щраха шагъыр заводыр здэщыта щIыпIэм, абы и нэIэ тету, иджырей ерыскъы комбинат щаухуащ. Абы егугъуу щелэжьырт мэзым и тыгъэхэм, пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIхэмрэ. IэнатIэ къызэгъэпэщыкIэм и Iэмал нэхъыфIхэр унафэщI жыджэрым фейдэ хэлъу, ерыщу къызэригъэсэбэпым и фIыгъэкIэ, къыщIагъэкI продукцэр адрейхэм ефIэкIырт, къыщIэупщIэхэм я бжыгъэм илъэс къэс хэхъуэрт. ХадэхэкIхэр ягъэфIэIурт, балиймрэ хуэрэджэмрэ компот зэмылIэужьыгъуэхэр, «Мэзым и тыгъэхэм» — зэм, хьэмкIутIым, пыжьым, хьэцыбанэм, кхъужь цIыкIум, нэгъуэщIхэми — пхъэщхьэмыщхьэпсхэр къыхащIыкIырт. ФадэхэкIхэри ягъэхьэзырырт: «Джулат» кальвадосым, «Индрей», «Дея», «Къэбэрдей мэракIуапцIэ» шагъырхэм, хъарбыз фо зыхэлъ «Тэрч» бальзамым, нэгъуэщIхэми щIэупщIэшхуэ яIэт. ВитаминкIэ къулей я IэдакъэщIэкIхэм я фIагъыр республикэм и мызакъуэу нэгъуэщI щIыпIэхэми хэIущIыIу, щыхъуат.
  • Зигъэпсэхуну тIысыжа нэужьи, Анатолэ жылагъуэ организацэхэм я къудамэ зыбжанэ зэрихьащ, районымрэ республикэмрэ я  гъащIэм жыджэ-ру хэтщ, и зэфIэкIыр щIалэгъуалэм ябгъэдилъхьэу гъэсэныгъэ лэжьыгъэшхуэ ныбжьыщIэхэм ядрегъэкIуэкI.
  • И илъэс пщIейм ирихьэлIэу Хьэжум къыдигъэкIащ «Сыту цIыхуфI куэд сцIыхурэт…» («Как много я людей хороших знал…») зыфIища и тхылъыр. НапэкIуэцI 850-рэ хъу а тхылъышхуэм Ахьмэд и гукъэкIыжхэр, гъунэгъуу ицIыхуу щытахэм: и лэжьэгъуахэм, зыдеджахэм, зыхуэзахэм, шыгъупIастэ зыдишха хозяйствэ унафэщI, тхакIуэ, сурэтыщI, журналист, колхозхэт цIэрыIуэхэм, и Iыхьлыхэм, нэхъыжьыфIхэм, нэгъуэщI куэдми я гъащIэм теухуа гукъинэжхэр щызэхуэхьэсащ. Ар блэкIам и фэеплъщи, щIэблэм зэIэпахыурэ, зэманымрэ ди къэкIуэнумрэ зэпищIэнущ.
  • Анатолэ зи гугъу ищIыр и щхьэкIэ игъэунэхуахэрщ, фIыуэ зыщыгъуазэхэрщ. Къэбгъэлъэгъуэну ирикъунщ Мэлбахъуэ Тимборэ, Мамхэгъ зэшхэм, Ахъмэт Мусэбий, КIэрэф Къамболэт, Пэнагуэ Азэмэтджэрий сымэ, нэгъуэщIхэми ар гуапэу зэратетхыхьар. Тхылъым напэкIуэцI куэд щахухихащ махуэ къэс зыхуэзэу, зэпсалъэу щыта и Iыхьлыхэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ. ИкъукIэ гуапэу топсэлъыхь Сыкъун Хьэсэн, Иуан Пётр, Тхьэгъэзит Зубер, Къуэжей Iумэт, Къагъырмэс Борис, нэгъуэщIхэми.
  • Тхылъым и зы Iыхьэ комсомол, парт къалэнхэр щрихьэкIа лъэхъэнэм, нэгъуэщI Iыхьэшхуэр колхоз тхьэмадэу, ерыскъы комбинатым и унафэщIу щылэжьа зэманым яхухихащ. Тхылъыр бзэ къабзэкIэ, тыншкIэ тхащи, щIэщыгъуэу икIи удихьэхыу укъоджэ. Сыт хуэдиз зэфIэкI уиIэн хуей, апхуэдэу гъэщIэгъуэну, шэрыуэу утхэн, IэнатIэхэр гъэхуауэ зепхьэн, бунэтIын, зэфIэбгъэхьэн щхьэкIэ! Хьэжу Анатолэ гупыр зыгъэгуп, куэдым къыхуигъэщIа цIыху-сурэ-                 тыщIщ, цIыху-къызэгъэпэщакIуэщ, цIыху пэрытщ.
  • Зэман кIыхькIэ абы дэлэжьа, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Канунников Анатолэ зэрыжиIэмкIэ, Хьэжум хьэлыфI куэд къыдокIуэкI.
  • — Зэрытхьэгурымагъуэм, зэрыпсэ къабзэм, зэрыгуапэм ар нэгъуэщIхэм къахегъэщхьэхукI. ФIэщхъуныгъэ зэрыхэлъыр, зэрызыщымысхьыжыр зэфIэкIышхуэ зэрыбгъэдэлъым я нэщэнэщ. Ахэрщ и ехъулIэныгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуар, игъуэта пщIэ лъагэр къызыпэкIуар, — къыхегъэщ абы.
  • Тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэр хъумэнымкIэ Урысейпсо обществэм (ВООПИи К) и щIыналъэ къудамэм и унафэщIу щылажьэм лъахэхутэ тхыгъэ куэд зэхуихьэсащ, ахэр зэхуигъакIуэри, «Къэбэрдей ЦIыкIум и топонимхэр» тхылъыр къыдигъэкIащ. Абы къызэрилъытэмкIэ, дызытес щIыр къэзыгъэIурыщIа ди адэжьхэм я блэкIам теухуауэ щIыпIэ топонимхэм (жылагъуэхэм, псыхэм, гъавэ щIапIэхэм, хъупIэхэм, н.къ. я цIэхэм) куэд къытхуаIуэтэж. Дэтхэнэми тхыдэ гъэщIэгъуэн къыдокIуэкI. КъызэрыгуэкI щIыпIэ цIыкIухэм, къапщтэмэ, мэзхэм, хъупIэ-      хэм губгъуэхэм, псыпцIэхэм, Iуащхьэхэм, псы кIуапIэхэм, къуэкIийхэм, хьэблэхэм езыхэм я цIэ яIэжщ. Ахэр географие тхылъхэм (справочникхэм) къыщыгъэлъэгъуакъым, тхыгъэ документхэм уащыщрихьэлIэр зэзэмызэщ. Абыхэм зэреджэм фIыуэ щыгъуазэр щIыпIэм исхэмрэ зи ныбжь хэкIуэтахэмрэщ. Тэрч муниципальнэ щIыналъэм и жылагъуэ псоми ятехуа апхуэдэ цIэхэр тхылъым ихуащ. Авторым тхылъеджэхэр къыдихьэхри, ахэр и щIэгъэкъуэну, къэув упщIэхэм жэуап къахуигъуэтащ.
  • Анатолэ къызэрилъытэмкIэ, и къуажэмрэ и щIыналъэмрэ я тхыдэр дэтхэнэ зыми ищIэн хуейщ, зыри хагъэгъуэщэж хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, къыщалъхуа, зытес щIыпIэр я щыIэкIэ-псэукIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ. Топоним псоми зэхуэдэ нэщэнэ яIэщ — жылагъуэ гъащIэм и социальнэ, и экономикэ щытыкIэр ягъэбелджылы, щIыналъэм и къэхъукIэ-зэхэлъыкIэр къагъэлъагъуэ.
  • Мы зэманми Анатолэ зэрыжыджэрщ, Тэрч муниципальнэ щIыналъэм и Нэхъыжьхэм я советым и тхьэмадэщи, и дамэгъухэмрэ и жэрэгъухэмрэ я пашэу лэжьыгъэ щхьэпэ зэфIегъэкI. Хьэжур нэгъуэщI куэдым ефIэкI къызэгъэпэщакIуэ Iэзэщ, къытщIэхъуэ щIэблэр гъэсэным и Iуэхум жэуаплыныгъэ ин хэлъу бгъэдохьэ. Абырэ и дарэгъухэмрэ я жэрдэмкIэ, районым и жылагъуэ псоми нэхъыжьхэм я советхэр къыщызэрагъэпэщащ.
  • — ГъащIэ зылъэгъуа, абы и пIалъэ зыщIэ цIыхухэм я жыIэмрэ къыхалъхьэ чэнджэщхэмрэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр зэфIэхынымкIэ, лъэпощхьэпохэр гъэмэщIэнымкIэ муниципальнэ IэнатIэхэм сэбэпышхуэ яхуохъу, властымрэ жылагъуэмрэ зэрешалIэ. Советым и къалэн нэхъыщхьэр нэхъыжьхэм я щапхъэм щIэблэр щIэпIыкIынырщ, ар и лъабжьэу жылагъуэ зэпIэзэрытыныгъэр гъэбыдэнырщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщохъу, ахэр дэтIыгъын хуейщ. Ди республикэр зыфIэлъапIэ псори дызэкъуэувэу коррупцэмрэ террорымрэ зэуIуу дапэщIэтын, щIалэгъуалэр экстремизмэм щытхъумэн, мамыр гъащIэмрэ лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэмрэ дгъэбыдэн хуейщ. Нэхъыжьхэм я советым, ягъэщхьэрыуа ныбжьыщIэхэм я адэ-анэхэм, я Iыхьлыхэм, хабзэхъумэхэм, пщIэшхуэ зиIэ цIыхухэм абы и лъэныкъуэкIэ куэд дыдэ яхузэфIэкIынущ. Сыту жыпIэмэ, щытыкIэр зыхуэдэм, унагъуэхэм я псэукIэм ахэр фIыуэ щыгъуазэщ, — жеIэ Анатолэ.
  • Илъэс куэдкIэ хьэлэлу зэрылэжьам хуэфащэ пщIэи къыпэкIуащ, ауэ а псом я нэхъ лъапIэр республикэм и цIыхухэм къыхуаIэ лъытэныгъэ кIэншэрщ!
  • ГъащIэм и дерс Iущхэр зи Iэпэгъу, цIыхупсэ къулеигъэр къызэбэкI, зи акъылыр, зи щIэныгъэр къэралымрэ бэмрэ я сэбэп зыхэлъхэм жыджэру хуэзыгъэлэжьа, ноби а хабзэ хьэлэмэтыр зи гъуазэ нэхъыжьыфIым и пщIэмрэ и нэмысымрэ ар зыцIыху псоми яфIэлъапIэщ. Езым къызэрилъытэмкIэ, зыдэплъеин и мащIэтэкъым. Мамхэгъ Шу, ХьэщIэлI Мухьэмэд, Тэрчокъуэ Къамболэт, Евтушенкэ Николай, Уянаев Чомай, ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд, КIэрэф Къамболэт, ЩауэцIыкIу Залымджэрий, Фэнзий Исмел, КIэнцIалий Темболэт, Лыкъуэжь Хьэгуцырэ, Темрокъуэ Индырбий, Къуэдзокъуэ Пётр, Сэбаншы Розэ, Хъаний Пётр, Уэрсей Фаинэ сымэ, нэгъуэщI цIыху цIэрыIуэхэми зэрадэлэжьам ину ирогушхуэ.
  • Ар къызэрыгуэкIщ, псоми яхуэгуапэщ, щытхъу лейм хуэхамэщ. Лэжьыгъэ IуэхукIэ мыхъуу, я щхьэкIэ зыхуэзыгъазэхэми чэнджэщ щхьэпэ ярет. Зыщымысхьыжу, игури и псэри етауэ ирихьэкIа мэкъумэш IэнатIэм куууэ зэрыхищIыкIым къыдэкIуэу, литературэми, гъуазджэми фIыуэ щыгъуазэщ, узыIэпишэу топсэлъыхь, музыкэм дехьэх, тхылъ зэмылIэужьыгъуэ куэд йоджэ.
  • — Анатолэ гуакIуагъэр къобэкI, аращ цIыхухэр щIыхущIызэблэкIыр. УнафэщI Iэзэт, къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэти, Iуэхур дэкIырт. Дэнэ щымылэжьами, сыт хуэдэ къулыкъу имыIыгъами, ерыщу, зыщымысхьыжу, жэуаплыныгъэшхуэ хэлъу IэнатIэр ирихьэкIырт. ЩIэм и лъыхъуакIуэт, и пхыгъэкIакIуэт, мурад гуэр ищIамэ, ар и кIэ нимыгъэсауэ етIысэхынутэкъым. И щхьэр хуигъэныкъуэнурэ, нэгъуэщIхэм защIигъэкъуэнут. УнафэщI нэсу къэгъуэгурыкIуащ, IэщIагъэлI гъуэзэджэщ, бэм я джакIуэщ, жылэм дэс псори ецIыху, езыри фIыуэ къацIыху, — къыхегъэщ Терекскэ къуажэм щыщ нэхъыжьыфI, мэкъумэш лэжьыгъэм и ветеран  Наурыз  Хьэтызэ.
  • Къыдэхъуахэм, и Iыхьлыхэмрэ и хэкуэгъухэмрэ зыгуэркIэ егуэпэкIыну хуопабгъэ. Хьэрэмыгъэ лъэпкъ хэмылъу, пасэу псэкIэ къищтауэ ар мы гъащIэм къыщыдекIуэкI хьэл дахэщ. Апхуэдэхэм лъахэр куэдкIэ яхуоупсэ. Абыхэм ящыщщ къызыхэкIа лъэпкъым, къэзылъхуахэм яхуэфащэу, и пщIэр, и нэмысыр иIыгъыжу, гущIэгъушхуэ зыхэлъ цIыху пэжу, къызэрыгуэкIыу къэгъуэгурыкIуэ Хьэжу Анатолэ Ахьмэд и къуэр.
  • УнафэщI куэдым хуэдэу, Хьэжум уардэунэ иухуакъым, дачэ ехьэжьа зэригъэпэщакъым, адрейхэми ещхьу, фэтэр къызэрыгуэкIым щопсэу, и сэбэп цIыхухэм яригъэкIыу, жыджэру мэлажьэ.
  • Анатолэ къигъэщIам зытригъэгусэркъым: унагъуэ дахэм и тхьэмадэщ, и щхьэгъусэмрэ абырэ бынищ – щIалитIрэ зы хъыджэбзрэ зэдапIащ, гъуэгу захуэ трагъэхьащ, я къуэрылъху-пхъурылъхухэр я нэ-я псэм хуахьу зэдопсэу.
  • И ныбжьым емылъытауэ, Хьэжур ноби жыджэрщ, творческэ мурадышхуэхэр иIэщ. ГъащIэ зылъэгъуа, Iуэху зехьэкIэм хуэIэижь, гуащIэшхуэ къызыпкърыкI, гупсысэ узыншэхэр зи Iэпэгъу нэхъыжьыфIым республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэмрэ щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымрэ теухуауэ къэув къалэнхэр гъэзэщIэным дяпэкIи хуэфащэ хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIынур ди фIэщ мэхъу.
  • ГъащIэ кIыхь уиIэну, IуэхуфI куэдкIэ дыбгъэгуфIэну, узыхуэпабгъэхэм уалъэIэсыну ди гуапэщ, Анатолэ!
  • ДАДЭ Суфэдин.