«ХьэтIохъущыкъуейм» щаIутIыжщ
2016-08-04
- Бахъсэн щIыналъэм узыншагъэр щрагъэфIакIуэ и «ХьэтIохъущыкъуей» гъэмахуэ зыгъэпсэхупIэм щыIэ сабий 200-м папщIэ концерт гукъинэжхэр, зэпеуэхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр ирагъэкIуэкIащ.
- Лагерым зыщызыгъэпсэхухэм махуэшхуэр къыхузэрагъэпэщащ Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэнэмэт Рустам, Бахъсэн МВД-м и ПДН МО-м и унафэщI ЗекIуэрей Iэлиуас, район администрацэм щэнхабзэмкIэ, балигъ мыхъуахэм я нэIэ тетынымкIэ и къудамэхэм, щIалэгъуалэ центрым я IэщIагъэлIхэм, ныбжьыщIэхэм я IуэхухэмкIэ къэпщытакIуэ гупым хэтхэм.
- Сабийхэм я нэгу зрагъэужьащ щIыналъэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ гупхэм. ЩIалэгъуалэ центрым и IэщIагъэлIхэм зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэпэщащ.
- Бахъсэн районым щыщу унагъуэ хуэмыщIахэм, бынунагъуэшхуэхэм къахэкIауэ сабий 400-м лагерым зыщагъэпсэхуащ. Къэнэмэт Рустам зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ сабийуэ 200-м иджыри абы я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэнущ.
- Пшыхьым и кIэухым хьэщIэхэм сабийхэм саугъэтхэр хуагуэшащ.
- Абазэ Лерэ.