ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Си мыхъугъуэу Хэку зауэшхуэм балигъ сищIащ

2016-08-03

  • Мамыру псэу ди къэралым нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр хьэщэхурыпхъуэм хуэдэу къытеуащ 1941 гъэм, къалэхэр, къуажэхэр, фабрикэхэр, заводхэр, еджапIэхэр, сымаджэщхэр, унэхэр, IуэхущIапIэ абрагъуэхэр зэтракъутэу, ягъэсу, губгъуэм илъ гъавэр танкхэмрэ хьэлъэзешэ машинэхэмкIэ ираутыкIыу. Зауэ угъурсызым ди цIыху мелуан 27-м щIигъу хэкIуэдащ.
  •  
  • Ди къэралым и закъуэкъым а зауэшхуэм хэщIыныгъэ зритар. А зауэ лъапсэрыхыр нэгъуэщI къэрал зыбжанэми ялъэIэсащ, лъэпкъ куэдым щыщ зауэлIхэм я щхьэ халъхьащ. Апхуэдэщ Инджылызыр, Америкэр, Болгариер, Венгриер, Польшэр, Румыниер, Чехословакиер, Франджыр, нэгъуэщI къэралхэр.
  • Зауэ гуащIэм и мафIэ лыгъэм имылыпщIа унагъуэрэ лъэпкърэ гъуэтыгъуейщ. Апхуэдэщ Ержыбхэ я лъэпкъри. Ди къуажэм дэс Ержыбхэ ящыщу (Ботэщеи Щхьэлыкъуи дэсхэщ) щIалэ 14 Хэку зауэшхуэм хэтати, 10-р хэкIуэдащ, плIырщ къэзыгъэзэжар. ХэкIуэдауэ ялъытэ щIалипщIым щыщу 6-р хъыбарыншэу кIуэдащ. Ахэр Ержыбхэ Билал, Къуэш, Токъан, Токъуэ, Хъусен, Цыхъу сымэщ.
  • Псом хуэмыдэу Ержыб Батырбэч  и унагъуэм леишхуэ къылъысащ — и къуиплIри Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ. ГущIыхьэ пщымыхъункIэ Iэмал иIэкъым Батырбэч и къуэ нэхъыщIэ Мухьэмэд накъыгъэм и 9-м Берлин щекIуэкIа зауэм зэрыщыхэкIуэдар икIи бийм и щIыналъэм зэрыщыщIалъхьар. Ар 1940 гъэм Совет Армэм ираджат къулыкъу ищIэну. Хэку зауэшхуэр къэхъея нэужь, ипэ махуэхэм зауэм Iухьэри и кIэм нэсыху, лIыхъужьыгъэ къигъэлъагъуэу хэтащ.
  • Дызэрыщыгъуазэщи, зауэ щIыбым щыIа цIыхухэри тыншакъым, абыхэми гугъуехьрэ бэлыхьу яшэчам гъуни нэзи иIэкъым. Псалъэм папщIэ, си шыпхъу нэхъыжь Афиян илъэс 17-м иту мазэ зытIущкIэ щылэжьащ Гумкъалэ, КъалэкIыхь лъэныкъуэкIэ щащIа щIытIым, сымаджэ хъууэ унэм къашэжыхункIэ.
  • Сэри Хэку зауэшхуэм си мыхъугъуэу балигъ сищIащ. 1943 гъэм курыт еджапIэм и 5-нэ классым сыкIуэным и пIэкIэ километрийкIэ ди къуажэм пэжыжьэ колхоз пщыIэм хэсу сыщыIащ. Сэ сащыщщ Хэку зауэшхуэм и бынхэм, гугъуехь куэд зи фэм дэкIахэм.
  • А зэман хьэлъэм унагъуэ жэмхэр щIащIэурэ иривэрт, къитхъ иращIырт, нэгъуэщI лэжьыгъэхэми къыщагъэсэбэпырт. Илъэс 13 сримыкъупауэ махуэм жэмиплI зыщIэщIа пхъэIэщэм сривэрт, дапхуэдэу семышами, пщыхьэщхьэм жэмыр къэсшырти, шэр ди анэм хуэсхьырт, къытездзэрти, жэщ кIыфIым аргуэру километрийкIэ колхоз пщыIэм сыкIуэжырт. Махуэ кIыхьым уварэ уеша-уелIауэ, лэжьыгъэ нэужьым километр 16 зэпыпчыныр, дауи, тынштэкъым, ауэ гузэвэгъуэм схузэфIигъэкIырт. Гъатхэ вэн-сэныр зэфIэкIыху апхуэдэу сылажьэрт, абы иужькIэ трактор бригадэм псышэу сыщыIэт. Апхуэдэурэ илъэситIрэ ныкъуэкIэ колхозым сыщылэжьащ. Иджы си гъащIэ гъуэгум сроплъэжри, апхуэдэ гугъуехьыр дауэ си къарум къихьа, жызоIэри сэр-сэру согъэщIэгъуэж.
  • 1945 гъэм и бжьыхьэм 5-нэ классым си еджэным щыпысщащ, ауэ гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ къэс колхозым сыщылэжьащ, белкIэ сытIащ, мэкъу сеуащ, мэкъу Iэнэ сщтащ, хадэхэкIым елэжь бригадэм учётчикыу сыщыIащ, кърахьэлIэжыр Лэскэн гъавэ IыхыпIэм Мэр- зей Хьэтокъуэ и шыгу зэщIэщIамкIэ (ар си шыгухуу) сшэуэ.
  • 1951 гъэм 10-нэ классыр къэзуха нэужь, гъэ еджэгъуитIкIэ ди къуажэ курыт еджапIэм пионер гъэсакIуэ нэхъыжьу, 5 — 7-нэ классхэм щеджэхэр сурэт щIыным, адыгэ къафэм хуэзгъасэу, 6-нэ «а» классым сриунафэщIу сыщылэжьащ. ИлъэситI зэкIэлъыкIуэми Лэскэн районым щекIуэкIа зэпеуэм си гъэсэнхэм япэ увыпIэхэр къыщахьат.
  • ЕгъэджакIуэ лэжьыгъэм сыдихьэхри, 1953 гъэм Налшык дэта пединститутым сыщIэтIысхьащ. Къуажэ курыт еджапIэми хуэдэу, пединститутми сегугъуу, сызыхэтым фIыкIэ сакъыхэщу сыщеджащ, илъэсиплIкIэ стипендие хэIэтыкIа къызатащ, а зэманым къриубыдэу си сурэтыр илъащ институтым и «ЩIыхь пхъэбгъум».
  • ЕджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха нэужь, Хьэтуей курыт еджапIэм и 5 — 10-нэ классхэм урысыбзэмрэ литературэмрэ щезгъэджыну сагъэкIуащ, арщхьэкIэ а зэманым                   КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ и министру лэжьа Уэрсей Фаинэ и чэнджэщкIэ а министерствэм и инспектор-методисту сагъэуври, илъэсихкIэ (1958 — 1964) а къалэныр згъэзэщIащ, иужькIэ школ IуэхухэмкIэ инспектору (1964 — 1967), егъэджэныгъэмкIэ министрым и къуэдзэу (1967 — 1980), Москва дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и къудамэу Налшык щыIэм и унафэщIу (1980 — 2006) сылэжьащ.
  • 2006 гъэ лъандэрэ сытIысыжауэ зызогъэпсэху, ауэ тхэн Iуэхур IэщIыб сщIакъым, нэхъапэм къыдэзгъэкIа школ программэхэр, тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр изогъэфIакIуэ, мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм ятеухуа тхыгъэ газетхэмрэ журналхэмрэ къытрызогъадзэ, си щIэныгъэм хызогъахъуэ.
  •  
  • ЕРЖЫБ  Аслъэн,
  • педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат,  СССР-ми
  •   РСФСР-ми щIэныгъэ  IуэхухэмкIэ
  • я отличник.