Гъэунэхэ я Гъэунэм япэ увыпIэр еубыд
2016-07-08
- Мы махуэхэм Налшык и ипподромым зи чэзу шыгъажэ махуэр щызэхэтащ. Абы щыщIэбэнащ «Гъэмахуэ саугъэтышхуэр» хэту илъэсищ зи ныбжь шыхэм я саугъэт нэхъ лъапIищым.
- Метр 1800-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэм япэу къыщызэдэжащ илъэсищ зи ныбжь шыхэр. Абы япэ увыпIэр щиубыдащ Каппушев Мырзэбэч зытеса Гъэунэхэ я Гъэунэ шым. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Налшык щызэхэта шыгъажэм ипэ махуэм Мырзэбэч хэтащ Мэзкуу и ипподром нэхъыщхьэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм. ИкIи, ди гуапэ зэ- рыхъуащи, шыгъажэ махуэм и саугъэт нэхъыщхьитIу «Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэ» жыхуиIэмрэ Урысейм и Президентым и цIэкIэ ягъэувамрэ абы къигъэжа шыхэм къахьащ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм и ипподромым къыщызэдэжахэр зы километр зи кIыхьагъ гъуэгуанэм щыщIэбэнащ Урысейм и махуэм щхьэкIэ щыIа саугъэтым. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ илъэситI зи ныбжь Сольер. Шыр ейщ «Эльбрус» шы-спорт клубым, ар къигъэжащ мастер-шууей Хьэмызэ Къазбэч.
- КъыкIэлъыкIуэ къызэдэжэр къызэригъэпэщащ «Малкинский» заводым. Адыгэш Игрок и цIэкIэ ягъэува саугъэтым метр 1800-м щыщIэбэнащ инджылыз-адыгэшибл, псори ищхьэкIэ къэдгъэлъэгъуа заводым къыщалъхуауэ. Абы нэхъ лъэщ зэрахэмытыр иджыри зэ наIуэ ищIащ шы пцIэгъуэплъ Программэ. Ар къигъэжащ шууей Шыкъ Астемыр.
- Метр 1600-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэм Аналогичная шыбзым и цIэкIэ ягъэува саугъэтыр зыIэригъэхьащ Ингуш Республикэм щыщ Аушевым иш Халимэ Лав.
- Махуэм и къызэдэжэ нэхъыщхьэм, «Гъэмахуэ саугъэтышхуэр» къэхьыным хухэхам, щIэбэнащ илъэсищ зи ныбжь ших. Зэрыхуагъэфэщауэ, япэ секундхэм къыщыщIэдзауэ пашэныгъэр зыубыдыным щхьэкIэ зэныкъуэкъуныгъэ гуащIэ я зэхуаку къыдэхъуащ «Налшык» хьэлвэ заводым и гъэхъун Херувимрэ Къэзахъстаным къикIа Зубаиррэ. Къызэдэжэм нэхъ бэшэчу къыщыщIэкIащ мастер-шууей Пэнжокъуэр зытеса Херувим икIи саугъэт нэхъыщхьэр абы къылъысащ.
- Хуабжьу удэзыхьэхыу екIуэкIащ шы нэхъыжьхэм я зэхьэзэхуэр. Метр 2400-м пашэ щыхъуащ икIи «Элита» саугъэтыр къихьащ Къудейм иш Скай Арч. Ар къигъэжащ мастер-шууей Каппушев Мырзэбэч.
- Шыгъажэ махуэр иризэхуащIыжащ метр 1800-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэм къыщызэдэжа илъэсищ зы ныбжь шыхэм. Абы сантиметр бжыгъэкIэ япэу къыщысащ Аушевым и Анзас Плац.
- КЪЭХЪУН Бэч.