Псыхъурей щыщ Щомахуэ Хуржан
2016-07-05
- Бахъсэн районым и щIыпIэ администрацэм и унафэщIхэм я мурадщ бадзэуэгъуэм илъэс бжыгъэ дахэ зыгъэлъапIэ къуажэдэс нэхъыжьу 20-м ехъуэхъуну икIи УФ-м и Президент Путин Владимир къыбгъэдэкI хъуэхъу тхылъхэр Iэрагъэхьэжыну.
- Абы теухуауэ къащта унафэм ипкъ иткIэ, щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Къэнэмэт Рустам зи пашэ лIыкIуэ гуп щыIащ Псыхъурей къуажэм щыпсэу, зи ныбжьыр илъэси 100 ирикъуа Щомахуэ Хуржан Хьэжпагуэ и пхъум деж.
- Ахэр Хуржан къыхуеджащ УФ-м и Президент Путин Владимиррэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрийрэ зэрызыхуагъазэ тхыгъэм, щIыпIэ администрацэм къыбгъэдэкI псалъэ гуапэхэр нанэ жьыщхьэ махуэм жраIащ икIи и узыншагъэмрэ жыджэрагъымрэ кIэрымыхуу псэуну ехъуэхъуащ.
- Хуржан и Iыхьлыхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэси 100-м щхьэдэха нанэр ноби жанщ, бэзэрым кIуэну фIэфIщ, уеблэмэ хущхъуэ щэху нэгъуэщIхэр хуэкIуэу идэркъым, езым зэфIигъэкIыу есащи, нэхъ гунэс щыхъур къэуат зыщIэлъ, унэм щапщэфIа ерыскъы къабзэрщ.
- Бахъсэн районым щыпсэу нэхъыжьыфIхэм ящыщу дызыхыхьа мазэр хуагъэлъэпIэнущ илъэси 105-рэ ирикъуа нанэ Iумахуэу тIум, илъэси 100 хъуа бзылъхугъиплIым, илъэс 90-95-рэ «фIэкIа мыхъуа» къуажэдэс зыбжанэм.
- Чылар Аринэ,
- Бахъсэн район щIыпIэ администрацэм
- и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI .