ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъхэр зэгурыIуэн папщIэ

2016-06-22

  • КъБР-м Граждан, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ щылажьэ къулыкъущIэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ папщIэ иджыблагъэ щекIуэ-кIащ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм къэрал лъэпкъ политикэр зэрыщегъэкIуэкIын хуейм теухуа семинар.
  •  
  • Ар къыщызэIуихым, управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Гергоков Джамболэт къыхигъэщащ семинарыр Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ граждан институтхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ 2016 — 2020 гъэхэм ятещIыхьа республикэ программэм тету къызэры-
  • зэрагъэпэщар. МыбыкIэ къалэну зыхуагъэувыжыр зи гугъу тщIы управленэмрэ щIыпIэ самоуправленэхэмрэ мы Iуэхум теухуауэ нэхъ пыухыкIауэ зэдэгъэлэжьэнырщ.
  • Семинарыр ирагъэкIуэкIащ ЦIыхубэ хозяйствэмрэ УФ-м и Президентым и деж щыIэ къэрал къулыкъухэмкIэ Урысей академием и Кавказ Ищхъэрэ институтым и лэжьакIуэхэмрэ. Ахэр тепсэлъыхьащ къэрал лъэпкъ политикэр гъэзэщIэнымкIэ теухуауэ хабзэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм, зыщыщ лъэпкъкIэ, динкIэ зэтемыхуэхэм я зэхуаку зэгурыIуэ дэлъыным теухуауэ щIапхъэм. ЩIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэм я къуэдзэхэм иратащ абы теухуа чэнджэщхэр.
  • ГъукIакъуэ  Инал.