Тхьэмадэ щыпкъэ Гъубжокъуэ Алихъан
2016-06-08
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и адыгэ жылагъуэхэм ящыщу ипщэ лъэныкъуэмкIэ нэхъ пыIукIуэта дыдэу щысыр Шэрэдж куейм хыхьэ Жэмтхьэлэ къуажэращ. Ар ди лъэпкъым и тхыдэм, и бзэм, и хабзэхэм пщIэ нэхъ щыхуащI, ахэр хъумэным щыхуэсакъ жылэхэм яхэтлъытэрти, иджыблагъэ дэ абы аргуэру щыхьэт дытехъуащ, а къуажэм дэс Гъубжокъуэ Алихъан теухуа тхьэлъэIу-зэхыхьэм дыщыкIуам.
-
- Жэмтхьэлэ псы цIыкIур къызыдэж мэзылъэ тIуащIэм и дыхьэпIэм пэмыжыжьэу къыщылъ хуей мащIэм зыщиубгъуащ Налшык къэрал опытнэ щакIуэ хозяйствэм и щIыпIэ къудамэм и хэщIапIэхэм ящыщ зым. Абы дащIыхьа ухуэныгъэхэм къахощхьэхукI зи унащхьэр лъэныкъуитIымкIи ехьэха, пхъэм къыхэIущIыкIа унэ зыкъизыхыр.
- Къэзыувыхьа жыгхэмрэ къуацэ-чыцэхэмрэ къыхагъэкъэбзыкIа пщIантIэм дыщыIухьэм, хьэщIэ псори иджыри къызэхуэсатэкъым. Ар къэдгъэсэбэпри, тхьэлъэIур зытраухуа Алихъан делъэIуащ гъунэгъуу щыт и шым шэсу, уэрэд едзыгъуэ дыщIигъэдэIуну, телевиденэм къикIахэми ар трыригъэхыну. Адыгэ фащэ екIум щIакIуэ дэгъуэр къеубгъуэкIыжауэ и «джэмыдэжьым» асыхьэтым къытехута лIым дэ къытфIигъэщIащ лъэхъэнэ жыжьэм къыхэбэкъукIа шу тепыIэншэ гуэр ди пащхьэ къиувауэ. ЩIыр лъэбжьанэкIэ къриуду и лъабжьэм фIыщIэджэгухь шыми а напIэзыпIэм зыкъызэкъуэзыха жьыми къамыгъэдзыхэу, Алихъан ГъущIыпсэ и уэрэдыжьыр къыхидзэри и кIыхьагъкIэ жиIащ. Теплъэгъуэр апхуэдизкIэ телъыджэт, удэзыхьэхти, дыкъэзыухъуреихь дунейри, дэщхьу, абы игъэдымат…
- «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» зыфIаща тхьэлъэIу-зэхыхьэр щIэщыгъуэу икIи гукъинэжу зэрекIуэкIар я фIыщIэщ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэхэми. Пшыхьыр дахэу икIи зэгъэкIуауэ къызэгъэпэщыныр псом япэу зигу къэкIари абы ерыщу яужь итари зи гугъу тщIы IуэхущIапIэм сабийхэр музыкэм хуегъэджэнымкIэ, абыхэм театр теплъэгъуэхэр яхузэхэгъэувэнымкIэ и режиссёр-хормейстер Къэгъэзэж Залинэщ.
- — ТхьэлъэIур къызыхуетхьэжьа Гъубжокъуэ Алихъан и адэ къуэшым и къуэ Iэхьед ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьащ, — къыджиIащ абы. — Ауэрэ здекIуэкIым, 2002 гъэм, уэрэдыжьхэмкIэ зэпеуэ ди республикэм зэрыщызэхашэм, абы хэтынухэм дэри дазэрыщыщым и хъыбар зэхэтхащ. Дыгузавэри, дызэупщIыжащ: «адыгэ уэрэдыжь хуэгъэзэщIэну ди къуажэм зыгуэр дэсыжу пIэрэ?» жытIэри. Абдежыращ Iэхьед къыщытхуиIуэтар и адэ къуэш нэхъыщIэм и къуэ Алихъан уэрэдыжьым пищI зэрыщымыIэри, ахэр гъэзэщIэным зэрыхуэIэзэри. Ар зэрызэхэтхыу, дэ, Гъубжокъуэхэ Iэхьед, Бозийхэ Лерэ, сэ, гуп цIыкIу дыхъуу, дызэрогъэIущри, Алихъан деж докIуэ, Шэджэм зэпеуэм тхухэтыну делъэIуну. ДыздэкIуам дыкъигъэщIэхъуакъым — зэхьэзэхуэм нытхуэкIуэри уэрэдыжь зыбжани щыжиIащ. Ар зылъэгъуахэм Алихъан щхьэкIэ: «Мыр дэнэ къыздифхар?! Къуныжь Хьэждал къэтэджыжа фIэкIа тщIэркъыми! И уэрэд гъэIукIэри сыту ещхьыщэ!» — жаIэрт. Къызэхуэсахэм апхуэдэу ягу дыхьа ди къуажэгъум здэкIуам япэ увыпIэ къыщыхуагъэфэщауэ щытащ.
- АдэкIэ дэ дыбгъэдыхьащ Залинэ зытепсэлъыхьа, Жэмтхьэлэ къуажэм фIыуэ къыщацIыху, уэрэдыжьхэр гъэзэщIэным теухуауэ республикэм щекIуэкIа зэпеуэхэм япэ увыпIэхэр мызэ-мытIэу къыщызыхьа езы Гъубжокъуэ Алихъан.
- — ТIэкIу сыкъызэрыдэкIуэтейрэ уэрэд жыIэным сыдехьэх. Зэгуэр, курыт еджапIэм иджыри сыщIэсу, ди къуажэм къэкIуат республикэм фIыуэ къыщацIыхуу щыта джэгуакIуэ, уэрэджыIакIуэ Iэзэ Ало ЛутIэ. Абы клубым щыжиIа уэрэдхэр сигу изубыдауэ щытащ. Иужьым, ахэр дэнэ щIыпIи щыжысIэу къэзублащ: цIыхухэм сащыхыхьэми, унэм сыщыщIэсми, мэл, Iэщ гъэхъуным сыпэрыту губгъуэм сыщитми уэрэдыр си Iэпэгъуу сыкъекIуэкIащ. Зэгуэр, си адэ къуэшым и къуэ Iэхьед иджыри клубым и унафэщIу щыщытам, абы къыдэлажьэхэм сраджэри, уэрэдитI щыжызагъэIауэ щытащ, — зи гугъу ищIыр и нэгу къызэрыщIэувэжыр къыдигъащIэу, къытхупогуфIыкI Алихъан. — Мыдрейуэ, си дуней тетыкIам и гугъу тщIымэ, тыншу сыпсэуауэ зыкъызолъытэж. Сыт ар къызыхэкIар жыфIэмэ, къэзгъэщIам и кIуэцIкIэ зыми сеижакъым, сефыгъуакъым, леи есхакъым.
- Ахэр къытхуэзыIуэтэж тхьэмадэр бжьыфIэщ, зэпIэзэрытщ, зэрыугъурлыри и нэгу щIэтщ. И псэлъэкIэри и зыIыгъыкIэри щыхьэт зытехъуэр гъащIэм къыхихауэ акъыл жанрэ гупсысэкIэ узыншэрэ зэриIэрщ, хабзэм и лъапIагъэхэр игъэнэхъапэу къызэрыгъуэгурыкIуэрщ.
- ТхьэлъэIу-зэхыхьэм макъамэ екIухэр щызыгъэIу щIалэхэм дакъыблэкIри, ЩэнхабзэмкIэ унэм и художественнэ унафэщI Бозий Лерэ дыбгъэдыхьащ.
- — Мы зэманым ди клубым сабийрэ ныбжьыщIэу 50-м щIигъу къокIуалIэ, — жиIащ абы. — Абыхэм яхэтщ уэрэд жыIэным хуедгъаси, музыкэм хуедгъаджи, къэфэкIэ зэдгъащIи, театр теплъэгъуэхэм зыкъыщызыгъэлъэгъуэныр зи щIасэхэри. ЖыпIэ хъунущ ЩэнхабзэмкIэ унэм щылажьэхэм щхьэж и IэнатIэм щыхузэфIэкI къэдмыгъанэу, зыхуэдгъэувыж къалэнхэми дехъулIэу. Мыри къыхэзгъэщыну сыхуейт: дызыщIэс унэр Iэхуитлъэхуитми, щIымахуэм Iуэху щызехьэгъуейщ, дахэ-дахэу къазэрыхуэмыгъэплъым къыхэкIыу. Ауэ сабийхэм ядэлэжьэн абы щхьэкIи къэдгъанэркъым.
- ПщIантIэм дэт жыгхэм ящыщ зым и лъабжьэм щIагъэува тетIысхьэпIэм тес нанэхэм, гу ялъыттэри, дабгъэдыхьащ. ТIури Гъубжокъуэхэ япхъущ, Алихъан и шыпхъухэщ, нэхъыжьым и цIэр Сашщ, нэхъыщIэр Розэщ. Я дэлъхум и гугъу къытхуащIыну делъэIуащ.
- — Алихъан и псэукIэр «и Iэгуфэр и Iэнэу!» зыхужаIэм хуэдэщ. ЗэрысщIэжрэ апхуэдэщ, — жиIащ Розэ.
- — ЛIы гумащIэщ, — къыпищащ Саш.
- Абдежым тлъэмыкIыу деплъэкIащ жыжьэу тпыIукIуэтауэ щыс Алихъан дежкIэ. Тлъэгъуар шыпхъу нэхъыжьым жиIам щыхьэт техъуа фIэкIа пщIэнтэкъым: тхьэмадэ Iумахуэр сабийхэм яхэст, уэрэд къахухидзэрэ абы къикIым щабэу яхутепсэлъыхьыжу.
- И шыпхъухэм зэрыжаIамкIэ, Алихъан къэзылъхуа и адэ-анэм бынибл яIащ. Ахэр зэрызэкIэлъыкIуэу къэбгъэлъагъуэмэ: КIулэ, Амырхъан, Наурыз, Наурбий, Саш, Алихъан, Розэ сымэщ.
- «Уэрэдыр и Iэпэгъуу» зыфIаща пшыхьыр зэхэшэнымрэ абы къекIуалIэхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ яхузэфIэкI къагъэнакъым ар щрагъэкIуэкIа пщIантIэр зыхиубыдэ, Налшык къэрал опытнэ щакIуэ хозяйствэм и щIыпIэ къудамэм и унафэщI Гъубжокъуэ Хьэчими Алихъан ипхъу Марини.
- Мыри гъэщIэгъуэнщ: тхьэлъэIу-зэхыхьэм къекIуэлIахэм нэхъыжьыфIу яхэта Iэхьед республикэм фIыуэ къыщацIыхуу щыта усакIуэ Гъубжокъуэ Лиуан и къуэш нэхъыжьщ. Пшыхьым и кIэм къыщаIэта Iэнэм хабзэ екIу зэрыщызэрахьам нэхъыбэу зи фIыщIэ хэлъри аращ.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.