ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зауэм и бын, нобэ — анэ, анэшхуэ

2016-06-03

  • Зи сабиигъуэр хэку зауэшхуэм и зэманым хиубыда, комсомолым хэта, лэжьыгъэм и ветеран Ботэщ Соня и гъащIэм гуауи гуфIэгъуи щигъэунэхуащ. Тэрч щIыналъэм хиубыдэ Болэтей къуажэм къыщалъхуа, къыщыхъуа Соня иджы Налшык дэсщ. И щхьэгъусэ Индэрбийрэ езымрэ илъэс 50-м щIигъуауэ зэдопсэу. Я хъыджэбзищми щIэныгъэ нэхъыщхьэ ирагъэгъуэтащ: Светэ МВД-м и майорщ, ФатIимэ дохутырщ, Айшэт ГАИ-м хэтщ. Я пхъурылъхухэри къыдэкIуэтеящ.
  •  
  • Соня ирогушхуэ «Лэжьыгъэм и вете-ран» цIэр зэриIэм.
  • — Илъэс 32-кIэ СКЭП-м IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм сыпэрыту сыщылэжьащ. Илъэси 10-р узыншагъэмкIэ зэран цехым щысхьащ. СфIэфIу сылажьэрт. КлассипщI къэзуха нэужь, комсомол путёвкэкIэ сагъэкIуауэ арат абы. Гугъу дехь-ми, ди гуащIэм гу къызэрылъатэным          иужь дитт. НэхъыфIу лажьэхэр зэрыт         блын газетым  си сурэтыр зэи кърахакъым, —  пещэ Соня.
  • Езым и щIалэгъуэр зыхиубыдамрэ нобэрей зэманымрэ зэрегъапщэри, абы щыгъуэ щыIа псэукIэм зэрыхуэзэшри жеIэ:
  • — Нэхъапэм егъэлеяуэ гугъу дехьырт, ауэ дыпэлъэщырт сытым зетпщытми. Иджы упсэуну тыншми, цIыхухэм лэжьыгъэ IэнатIэ ягъуэтыркъым, сомми къыщIэкIыж щыIэкъым.
  • Илъэс зыбжанэ хъуауэ аращ Ботэщ Соня усэ тхын зэрыщIидзэрэ. ЗыгъэгуфIэр, зыгъэнэщхъейр, и гум къыдыхьэр тхылъымпIэ кIапэм нехьэсри, и унагъуэм къахуоджэ.
  • — Сигу къыхэзыгъэщтыкIи сызыгъэгуфIи щызиIэщ гъащIэм. Хэку зауэшхуэм и гуауэми, ди анэдэлъхубзэми, щIыуэпсым и телъыджагъми, сыщалъхуа къуажэми, нобэрей гъащIэми, бынымрэ щхьэгъусэмрэ я IэфIми сахуэусащ, — щыгъуазэ дещI абы.
  • 1942 гъэм, зауэм и гуащIэгъуэу, къалъ-  хуа Соня игъэунэхуащ мэжэщIалIагъэри, щIыунэ щIыIэри, илъэгъуащ фызабэхэм я нэпси.
  • — А псори къызэзнэкIа нэужь, бын гуфIэгъуэ куэдрэ згъэунэхужащ. Ди хъыджэбзхэм гъусэ яхуэхъуахэр цIыху тэмэмщ, дэтхэнэми зэрыпсэун IэщIагъэ иIэщ. Сэ щIэныгъэ зэзгъэгъуэтыну Iэмал симыIами, абыхэм къахузэпищащи, согуфIэ, — жеIэ Соня.
  • Гъуэт  Синэ.
  •  
  • Адыгагъэ
  •  
  • «Сэ сыадыгэщ» жыпIэу,
  • Уемыуэ уи бгъэм куэдрэ IэкIэ.
  • ПщIэ-нэмыс зыхэлъхьи япэ,
  • ПхузэфIэкI гъэлъагъуэ IуэхукIэ.
  • Зыгуэр плъэкIмэ, умыпагэ,
  • ДэIэпыкъу, хуэщIэф нэгъуэщIым.
  • КъолъэIуIамэ, игу гъэзагъэ,
  • «ХуэсщIащ» жыпIэу жумыIэж.
  • Адыгагъэм урипагэм,
  • IуэхукIэ ар гъэлъагъуэ.
  • Хабзэ дахэм и къабзагъэр
  • Гурэ-псэкIэ зехьэн
  • Адыгагъэр уи лъым хэтмэ,
  • ЖьыкIэфэкIэм пщIэ хуэпщIынщ.
  • Адыгагъэм гъуэгу игъуэтмэ,
  • Ди дунейр нэхъ гуапэ хъунщ.
  •  
  • Зауэм и бын
  •  
  •  
  • Зэман бзаджэм уэ ухалъхуати,
  • Уэ сабиигъуэу уиIар кIэщIт.
  • Шхын  IэфIи  хуабэу  уагъэшхакъым,
  • Быдзышэ щыпIухуари мащIэщ.
  • Зауэ нэужьым губгъуэм уздахьти,
  • КIэнауэ бэкъурт уиIэр гущэу.
  • Жьауэр здекIуэкIымкIэ урахьэкIыу,
  • Колхоз губгъуэми уэ ущапIырт.
  • Уигъэшхын щимыгъуэткIэ уи анэм,
  • ГъэпщкIуауэ ари куэдрэ гъащ.
  • ХьэлIамэ плIанэ къылъысамэ,
  • Ар, гуфIэу, уэ къыпхуишиящ.
  • Зауэ мафIэм ухипIыкIащ,
  • ЩIыунэ щIыIэм, гузавэм, уихьу.
  • ЩIыIэм уфIисмэ, и куэщIым уи анэм
  • Уигъэхуэбэну урикъузащ.
  • Уэ къыхэпхакъым езым уи гъащIэр,
  • Зэманыр щыбзаджэм ухалъхуат.
  • Ущихъумащ мафIэ лыгъэм уи анэм,
  • Уэ къызэроджэри «зауэм и бынщ»
  •  
  • Ботэщ  Соня.