ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ерджынокъуэ Хьэбий и унагъуэ дахэр

2016-06-02

  • Кэнжэ къуажэ дэс Ерджынокъуэхэ иджыблагъэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэхыхьэр а лIакъуэм щыщ Айтэч и къуэ Хьэбий илъэс 90 щрикъуа махуэм ирырагъэхьэлIат. Ар унэщIэ тхьэлъэIууи щытащ.
  •  
  • КъухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ джабэ нэкIум зыщызыубгъуа жыг хадэм егъэщIылIа щIапIэ дахэшхуэм и гупэм къыщыхутэ цIыхухэм бысымхэр гуапэу къаIущIэрти, куэбжэ зэIугъэзамкIэ пщIантIэ зыкъизыхым дашэрт. Иджырей мардэхэм къитIасэу зэфIагъэува ухуэныгъэ абрагъуэм хащIы-   хьа унэ кIуэцIышхуэм хьэщIэ псори иджыри къыщызэхуэсатэкъыми, ар къэдгъэсэбэпри, махуэр щхьэусыгъуэ зыхуэхъуам и нысэ Ксение зыхуэдгъэзащ.
  • — УнэщIэ тхьэлъэIумрэ тхьэмадэм и махуэмрэ зэредгъэхьэлIэным куэд щIауэ дыщIэхъуэпсырт, — жиIащ абы. — Гуащэ-тхьэмадэр илъэс 62-кIэ зэдэпсэуащ. ИгъащIэм псалъэ жагъуэ зэжраIакъым, фIыуэ зэрылъагъууи щытащ. «Благъэхэр дгъэгушхуэнщ, зэхэдгъэплъэнщ» жытIэри, нобэрей пшыхьыр дублащ. Тхьэмадэр цIыху гуапэщ: къуэрылъху-пхъурылъху къыхуэкIуэжхэм сыт щыгъуи яхуэгуфIэу, яхуэIэфIу апхуэдэщ. Иджыри диущийуэ, ди бынхэр зэрыдгъасэм кIэлъыплъу, илъэс куэдкIэ Тхьэм къытщхьэщигъэт!
  • Ксение депсэлъэху, тхьэлъэIум къекIуэлIахэр пэшышхуэм щIашащ — нэхъыжьхэр жьантIэмкIэ ягъэтIысащ, мыдрейхэр лъэныкъуитIымкIи егъэувэкIа Iэнэ нэхъ цIыкIухэм бгъэдашащ. ИтIани, пшыхьым щIрагъадзэртэкъым. «Сыту пIэрэ къызыхэкIыр?» жытIэу дыщыщIэупщIэм, къыджаIащ тхьэлъэIур зыпэплъэжыр Хьэбий дзэм къулыкъу къыщыдэзыщIауэ щыта, нобэми ныбжьэгъуфIу къыдекIуэкI, Сэрмакъ къуажэ дэс Къаскъулхэ ПIатIэу зэрыщытыр.
  • А хъыбарыр къытхуэзыIуатэм и кIэм нигъэсагъэнтэкъым, «нэшхуэгушхуагъэ иным зэщIиIэтэрэ мыр?» хужыпIэну, ныбжьыфI зиIэ лIы хэ-щIыхьа гуэр, и гъуэгуэгъухэр дэщIыгъуу, пэш бгъуфIэшхуэм къыщыщIэхутам.
  • Иужьым зэрызэхэтхыжамкIэ, Ер-джынокъуэхэ Хьэбийрэ Къаскъулхэ ПIатIэрэ илъэси 4-м щIигъукIэ КъуэкIыпIэ Жыжьэм, нэхъ гурыIуэгъуэу жыпIэмэ, Камчаткэ хытIыгуныкъуэм зэдэщыIащ. Пшыхьым къекIуэлIахэм ягъэщIагъуэрт Хьэбий а лъэхъэнэм къэкIуэжыну хуит къащIа пэтми, мыдэкIэ щхьэгъуси зэриIэу, ПIатIэ къыщаутIыпщыжыным пэплъэу, а щIыпIэ жыжьэм иджыри мазищ енкIэ зэрыщыIэжыфар.
  •  
  • ГъащIэм  декIур  лIыфIщ
  •  
  • Ерджынокъуэ Хьэбий 1926 гъэм накъыгъэм и 5-м Кэнжэ къуажэм къыщалъхуащ. Ар унагъуэм къихъукIа сабиихым я нэхъыщIэт. Зауэ нэужь лъэхъэнэр гъаблэу, цIыхухэм яшхын ямыгъуэту къекIуэкIами, ныбжьыщIэ псоми хуэдэу, Хьэбий зэраншут, джэгун фIэфIт, абы къыдэкIуэуи, узыншэ цIыкIуу, нэшхуэгушхуэу къэхъурт. ЩIалэщIэр зэманым ипсыхьащ, псэкIэ балигъ дэхъуащ, ери фIыри зэхи-          цIыхукI ищIащ, а псом къадэкIуэу, губгъуэ лэжьыгъэми, унагъуэ Iуэхуми, еджэнми хэзагъэрт, нэхъыжьхэр арэ-зы зэрищIыным яужь итт. ИтIани, унагъуэр дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэти, школым, адэкIэ щеджэж мыхъуу, 7-нэ классыр къызэриухыу, къыщIэкIыжауэ щытащ.
  • Хьэбий и ныбжьыр илъэс 15 фIэкIа мыхъуами, къэхъея зауэм и адэм нэмыщI и къуэшиплIри щыхэкIуадэм, цIыхухъу нэхъыжьу къэнар арати, и шыпхъу Гуащэзилэ зыщIигъури, бын цIыкIу защIэу и анэкъылъхухэм къащIэнар а тIум зыхуей хуагъэзащ.
  • И ныбжьыр илъэс 16 фIэкIа мыхъуу, Хьэбий 1943 гъэм «Кэнжэ» колхозым лэжьэн щыщIидзащ. 1947 гъэм абы фыз кърагъэшащ. Щхьэгъусэ хуэхъуар и къуажэгъу нэхъыжьыфI ХьэхъупащIэ Хьэбалэ ипхъу Марусэт. 1949 гъэм Хьэбий дзэм дашащ. ИлъэсиплIкIэ абы къулыкъу щищIэри, 1953 гъэм и унэ къигъэзэжащ. Куэд дэмыкIыу, Хьэбий къуажэ фермэм и унафэщIу ягъэуври, абдежым жэуаплыныгъэшхуэ зыхэлъ, кърихьэжьа Iуэхур и кIэм нэзыгъэс, еш жыхуаIэр зымыщIэ лэжьакIуэшхуэу зыкъыщигъэлъэгъуащ.
  • Iуэхум хуэIэижь щIалэм колхоз унафэщIхэм гу къылъатэри, ар Налшык дэт мэкъумэш техникумым щеджэну ягъакIуэ. 1955 — 1957 гъэхэм абы щIэныгъэ щызрегъэгъуэтри, «жыггъэкI-хадэгъэкI» IэщIагъэр иIэу къуажэм къегъэзэж. 1957 — 1972 гъэхэм «Кэнжэ» колхозым и бригадир-хадэгъэкIыу мэлажьэ.
  • Зыпэрыт IэнатIэр къызыхуэтыншэу икIи хьэлэлу зэрырихьэкIым къыпэкIуэу, Хьэбий а илъэсхэм мызэ-мытIэу ЩIыхь тхылъхэр къратащ. Ахэр колхоз унафэщIхэм, рескомым, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм къабгъэдэкIащ. И лэжьыгъэм хъарзынэу зэрехъулIэр къалъытэри, Хьэбий Мэзкуу дэт ВДНХ-ми ягъэкIуауэ щытащ. Абдежым щекIуэкI зэпеуэхэм ящыщ зым текIуэныгъэ къыщихьащ, ЩIыхь тхылърэ домбеякъ медалри къыщыхуагъэфэщащ.
  • Хьэбий нэгъуэщI тыгъэ лъапIэхэри иIэщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Илъэс куэдкIэ и лэжьыгъэм хьэлэлу зэрыбгъэдэтам папщIэ», «Лэжьыгъэм и ветеран» медалхэр, нэгъуэщIхэри.
  •  
  • Унагъуэм  лъакъуибгъу  щIэтщ
  •  
  • Пшыхь-зэхыхьэм цIыху куэд къекIуэлIат. Абыхэм яхуэпщэфIари, Iэнэхэр зыхуей хуэзыгъэзари ЛампIэжь Лерэ  зи унафэщI «Ридадэ» ООО-м щылажьэхэращ.
  • — Хьэбийрэ абы и щхьэгъусэу щыта Марусэрэ фIыуэ къэзымылъагъу мы жылэм дэсауэ къыщIэкIынкъым, — щыжиIащ тхьэлъэIум Кэнжэ къуажэ администрацэм и унафэщI Пщынокъуэ Олег, ар къызэзыгъэпэщахэм защыхуигъазэм. — Фи унагъуэ дахэр щапхъэ зытрахым хуэдэу сытым щыгъуи къекIуэкIащ. Уи лэжьэкIам, Хьэбий, дунейм и пхъашэгъуэу ирихьэлIэри, уипсыхьащ. Нобэ пIуэтэжащи, уи насыпщ! Уэ пхуэдэ ди жылэжьыр Тхьэм щимыгъащIэкIэ!
  • Ерджынокъуэм и гъащIэ псор епхащ къыщалъхуа, къыщыхъуа къуажэм. «Псым и жапIэр езым къегъуэтыж», — жаIэ. А пщалъэмкIэ убгъэдыхьэмэ, Хьэбий ящыщщ зи гуащIэ хьэлэлкIэ, цIыху хэтыкIэ дахэкIэ гъащIэм увыпIэ щхьэхуэ щызыубыдахэм. КъызэринэкIа илъэсхэм а псор хыболъагъуэ. Ерджынокъуэр яхэтащ, республикэм щыцIэрыIуэ еджагъэшхуэ, профессор Луч-ков Пётр и гъусэу, Кэнжэ и Iэгъуэблагъэ джабэ нэкIухэм пхъэщхьэмыщхьэ зэрыщагъэкIынум и технологиер зыгъэхьэзырахэм. ЯпэщIыкIэ, абыхэм 1966 гъэм гектар 25-м жыгыщIэхэр щагъэтIысащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэситхум жыг хадэхэр гектар 540-м нагъэсащ. Хасауэ щытахэр цIыхуищэрэ блыщIым зэрахьами, къехьэлIэжыгъуэм минрэ щитхур пэлъэщ къудейт.
  • ГуфIэгъуэм щыхъуэхъуа псоми — Ерджынокъуэхэ (Уэрджынокъуэхэ) я лIакъуэм щыщу нэгъуэщI жылэ къикIахэми, я благъэхэми, я гъунэгъухэми — къызэдыхагъэщащ зэхыхьэ екIу къызэзыгъэпэща зэщхьэгъусэхэм, Хьэ-
  • сэнбийрэ Ксениерэ, гъунэгъуи-жэрэгъуи зэрызэхагъэплъэжамкIэ псапэшхуэ къызэрахьар, фIыщIэ ин дыди къызэралэжьыр.
  • ТхьэлъэIур ягъэбжьыфIащ республикэм фIыуэ къыщацIыху, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэу ХьэхъупащIэ Амырхъанрэ Хьэкъул Оксанэрэ. ЯгъэзэщIа уэрэдхэмрэ я гъусэу къэкIуа щIалэхэм ягъэIуа лъэпкъ макъамэхэмкIэ къызэхуэсахэр абыхэм ягъэгуфIащ.
  • Пшыхьым къеблэгъахэм яхэтащ тхыдэтх, мы зэманым Мэзкуу къалэ щылажьэ, ди лъэпкъым и блэкIар абы щыIэ дэфтэр хъумапIэхэм куууэ къыщызыулъэпхъэщыж щIэныгъэлI Сокъур Валерэ.
  • — Уи фIыщIэкIэ дызэхуашэсри, дыгуфIащ, — жиIащ абы, нэхъыжьыфIым зыхуигъазэри. — Къэралым и щыхьэр Мэзкуу Iуэху щызыщIэхэм къахэжаныкIхэм ящыщщ уи къуэ Хьэсэнбий. Нобэрей Iэнэр, Хьэбий, укъыщалъхуа махуэм ирырагъэхьэлIащи, ар къызэзыгъэпэщахэми уэри фIыгъуэшхуэр Тхьэм къыфхуищIэ!
  • Дэ, пшыхьым и кIэм иредгъэхьэлIэри, Хьэбий и къуэ Хьэсэнбий делъэIуащ и адэм теухуауэ псалъитI-щы зэхыдигъэхыну.
  • — Си цIыкIугъуэм къыщыщIэдзауэ, Iуэхум сызэрыхущытын хуейм теухуа- уэ си адэр сэркIэ щапхъэщ. Пщэдджыжьым сэ сыжейуэ ар жьыуэ дэкIырти, пщыхьэщхьэм сыгъуэлъыжауэ къыдыхьэжырт. Мазэ псокIэ и нэгу сыщыщIэмыплъи къэхъурт. Ауэ, мазэ-мазитIым зэ, тхьэмахуэу ирыригъэхьэлIэнти, зигъэзэхуэж хуэдэу, къалэм къыщыдигъэкIухьынт. Зэгъусэу хьэмэмым, иужькIэ кином дыкIуэрт. Абы кIэлъыкIуэу, «Россия» хьэщIэщым хэт шхапIэм сишэрт. Иджыпсту хуэдэу си нэгу щIэтщ, сыцIыкIуу, тепхъуэ хужь зытелъ Iэнэм, ар мобыкIэ сэ мыбыкIэ, дыбгъэдэсу зэрыщытар. Езым коньяк къригъэщтэнти, сэ псыIэфI къысхуихьынт, шхын къахьари зэдэтшхынт… Апхуэдэу дахэу икIи гукъинэжу махуэ псор ирызигъэхьэкIырт. СощIэж, къыздэткIухьым, и цIыхугъэ е и ныбжьэгъу гуэр къыхуэзамэ, адэмрэ абырэ псалъэ гуапэ зэжраIэу зэрыщытахэри. Абы щыгъуэ къекIуэкIар, Iэнэ тепхъуэ хужьым сызэрыбгъэдигъэсар IэфIу сигу къинащ, ноби ди адэр апхуэдэу къытхуэгумащIэщ.
  • И ныбжьыр нэсу тIысыжыху, Ерджынокъуэ Хьэбий еш ищIакъым, и псэр фIым хуэгъэпсати, кърагъэза дзыхьыр фIэлъапIэу зыпэрыта IэнатIэр ирихьэкIащ. IуэхушхуэкIэ гъэнщIа гъащIэ дахэ къызэхъулIа тхьэмадэр илъэс 90 ирикъуащи, и лъэпкъымрэ къепщIэкIа и благъэхэмрэ яхуэузыншэну, дяпэкIи къыхузэпищэну ди гуапэщ!
  • Тхыгъэри сурэтри
  • КЪУМАХУЭ  Аслъэнейщ.