ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Турист кIуапIэ дыхъун папщIэ

2016-03-10

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм мазаем и 29-м щекIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ а IуэхущIапIэм блэкIа илъэсым зэфIигъэкIамрэ 2016 гъэм илэжьыну къыпэщылъхэмрэ.
  •  
  • Коллегием кърихьэлIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Дадэ МуIэед, министерствэ, ведомствэ зэмылIэужьыгъуэхэм, район администрацэхэм я лIыкIуэхэр, турист-рекреацэ комплексым и IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, нэгъуэщIхэри.
  • — Министерствэм и лэжьыгъэр нэхъыбэу зытриухуауэ щытар 2020 гъэм нэсыху ди къэралым туризмэм зэрызыщиужьыну щIыкIэм хуэунэтIауэ  УФ-м и Президентымрэ Правительствэмрэ къыдагъэкIа унафэхэр гъэзэщIэнырщ, — жиIащ КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ АфIэунэ Владимир, гъэ блэкIам кърикIуахэм щытепсэлъыхьыжым.
  • Нэгъабэ республикэм зыщагъэпсэхуну цIыху мин 300-м щIигъу къэкIуащ. 2014 гъэм елъытауэ ар процент 15-кIэ нэхъыбэщ. Туристхэм ящыщу мин 15-р хамэ къэралхэм къикIащ. Зы махуэ заплъыхьыну къакIуэхэм я бжыгъэми процент 20-кIэ хэхъуащ.
  • Гъэм и зэман псоми хьэщIэхэм зи «бжэр» хузэIуха «Iуащхьэмахуэ» турист-рекреацэ комплексым нэхъри зегъэужьыным хуэгъэза лэжьыгъэхэм блэкIа илъэсми къыпащащ. 2015/2016 гъэхэм я щIымахуэм ирихьэлIэу къызэIуахащ «Мир», «Гара-Баши» станцхэр зэпызыщIэ, Iуащхьэмахуэ и джабэ нэкIухэм нэхъ лъагэжу укIэрызышэ кIапсэ гъуэгум и ещанэ Iыхьэр, метр 3850-рэ зи лъагагъ щIыпIэм щIыпIаплъэ 1600-м нэблагъэ зы сыхьэтым къриубыдэу нэзышэсыр. Iуащхьэмахуэ лъапэ къекIуалIэ зыгъэпсэхуакIуэхэм я бжыгъэр зэман кIэщIым къриубыдэу куэдкIэ нэхъыбэ зэрыхъуар а Iуэхугъуэми и фIыщIэщ.
  • — 2015 гъэм «Зэрэгъыж» автотурист кластерым и инфраструктурэр зыгъэбыдэ, нэхъ лъэщ зыщI Iуэхугъуэхэр едгъэкIуэкIащ. Абыхэм ящыщу къыхэгъэщыпхъэщ зыгъэпсэхупIэм кIуэ гъуэгухэр зэрызэдгъэпэщыжари, Жэмтхьэлэ псым и къыдэупIэхэр зэредгъэгъэбыдари, — къыпищащ и псалъэм АфIэунэм. — КъищынэмыщIауэ, Аруан — Уштулу федеральнэ трассэм къытекIыу, Аушыджэр псы хущхъуэм ухуэзышэ IухьэпIэр щIэрыщIэу зэтредгъэлъхьэжащ. КъедбжэкIа Iуэхугъуэ псоми текIуэдащ федеральнэ бюджетым щыщу сом мелуан 285,7-м нэблагъэрэ республикэм и ахъшэу сом мелуан 75,3-м щIигъурэ.
  • Ди республикэр турист кIуапIэ щIыным, ди щIыуэпсым и дахагъэм цIыху нэхъыбэ къыдегъэхьэхыным телажьэу, 2015 гъэм КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэр къэрал зэхуаку, урысейпсо форумрэ конференцу 5-м хэтащ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и курорт-рекреацэ, турист комплексхэм я IуэхущIапIэ 240-м щыщу 22-р санаторэхэмрэ пансионатхэмрэщ, 19-р узыншагъэр щрагъэфIакIуэ, 22-р альпинистхэмрэ спортсменхэмрэ зэкIуалIэ лагерщ, 91-р уней, къэрал хьэщIэщхэращ, 86-р турист фирмэхэрщ. Гъэ блэкIам къриубыдэу абыхэм щыхьэщIащ къахуэщтэну щытам и процент 50-м щIигъур.
  • Турист-рекреацэ, санаторэ комплексхэм илъэс блэкIам я лэжьэкIэр зыхуэдар къэзыгъэлъагъуэщ а лъэхъэнэм къриубыдэу абыхэм зыщызыгъэпсэхуа цIыхухэм я бжыгъэри. Ар 2014 гъэм елъытауэ проценти 5-кIэ нэхъыбэщ. ЦIыху куэд щыхьэщIахэм ящыщщ «Долинск», «Кхъужьей хадэ», «Кавказ» санаторэхэр.
  • ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ курорт комплексым хиубыдэ зыгъэпсэхупIэхэм я лэжьыгъэр иджырей мардэхэм къызэригъэтIэсапхъэми. Абы щыгъуэми, фонд нэхъыщхьэхэм (унэхэм, абыхэм щIэт унэлъащIэхэм, н.къ.) я нэхъыбэм жьыфэ къатеуащ, ягъэзащIэ Iуэхутхьэбзэхэр нобэрей пщалъэхэм пэжыжьэщ.
  • — Туризмэмрэ рекреацэ комплексымрэ щылажьэхэм зэхащIыкIыпхъэщ республикэм и цIэр фIыкIэ ягъэIун, IуэхугъуэщIэу къыщрахьэжьэхэм жыджэрагъ хэлъу япэджэжын, дуней псом къыщащтэ унэтIыныгъэщIэхэм зыдрагъэкIун папщIэ, бгъэдыхьэкIэщIэхэм лъыхъуэн зэрыхуейри. Ар нэхъыбэу зи пщэ къыдэхуэри фэращ. Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэм дэ нобэ дыхуэгущIыIэмэ, къикIын щIагъуэ щыIэкъым. Иджырей зэманым, дэнэ лъэныкъуэкIэ сыт хуэдэ зэкIэлъымыкIуагъэ щыIэми цIыхухэр псынщIэ дыдэу щыгъуазэ мэхъу, — къыхигъэщащ Дадэ МуIэед, зэIущIэм щIэсахэм защыхуигъазэм.
  • Гъэ дызэрытым министерствэм зыхуигъэувыжа къалэнхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыгъэпсэхунухэм я бжыгъэр мин 326-м нэгъэблэгъэныр, республикэм и турист-рекреацэ комплексым хиубыдэ зыгъэпсэхупIэхэм зэуэ къахуэщтэну цIыхухэм я бжыгъэр мин 16-м нэгъэсыныр, абыхэм Iуэхутхьэбзэу хуагъэзащIэхэм хэгъэхъуэныр, санаторэ-курорт IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я Iэзагъэм щыхагъахъуэ курсхэр къызэгъэпэщыныр, нэгъуэщIхэри.
  •  
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.