ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ШынагъуэншагъэмкIэ органхэм я лэжьакIуэм и махуэм и щIыхькIэ КIуэкIуэ Юрий ехъуэхъуащ УФ-м и ФСБ-м КъБР-м щиIэ управленэми и унафэщIхэмрэ а IэнатIэм къулыкъу щызыщIэхэмрэ

2015-12-19

  •  УФ-м и ФСБ-м КъБР-м щиIэ управленэм дыгъуасэ щекIуэкIащ Урысей Фе­дерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэм ехьэлIа ­гуфIэгъуэ зэIущIэ. Абы ирихьэлIащ ведомствэм, къарузехьэ, хабзэхъумэ Iэна­тIэхэм я унафэщIхэр, къулыкъум и ветеранхэр.
  •  
  • Къызэхуэсахэм захуигъазэу, КIуэ­кIуэ Юрий къыхигъэщащ УФ-м и ФСБ-м КъБР-м щиIэ управленэм и лэжьакIуэ-хэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIыр цIыху­хэм я шынагъуэншагъэр къызэ­гъэ­пэ­щыным, нэгъуэщI щIыпIэхэмрэ ди лъахэмрэ къыщызэрыкъуэх гузэвэгъуэр гъэ­кIуэдыным. Республикэм и унафэ­щIым и щхьэкIэ фIыщIэ яхуищIащ управленэм, ар зыдэлажьэ къарузехьэ, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм «узэщIауэ икIи зэщIэгъэуIуауэ зэрылажьэм, къыхуагъэув къалэнхэр дагъуэншэу зэрагъэзащIэм, лIыгъэ къызэрагъэлъагъуэм папщIэ».
  • Абы къыдэкIуэуи, къыхигъэщащ КIуэ­кIуэм, къэунэху илъэсыщIэр жыжьэуи тын­шынукъым. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, Украинэм, дунейм и адрей щIыпIэ куэдым щытыкIэр къызэрыщызэщIэплъэм къыхэ­кIыу я IуэхущIафэм и унэтIыныгъэ псомкIи я зэфIэкIым хагъэхъуапхъэщ. Терроризмэм ебэныныр абыхэм псом я щхьэу къонэж. Урысейм икIахэм, Къэбэрдей­-Балъкъэрым щыщхэри яхэту, «зыщагъа­сэ» Сириемрэ нэгъуэщI къэралыгъуэхэм­рэ зыщызыубгъуа «Ислъам къэралы­гъуэ-кIэ» зэджэм.
  • Аращи, мыхьэнэшхуэ иIэщ террористхэм я дунейпсо зэпыщIэныгъэхэр, гъэ­тIы­лъыгъэ базэхэр гъэкIуэдыным, Урысейм ахэр къызэрихьэ, зэрикIыж щIыкIэр гъэ­быдэным пэщIэувэ Iуэхугъуэ гуэдзэнхэр къызэгъэпэщыным, террор шынагъуэ къы­къуэкIыну гузэвэгъуэ щыщыIэм и деж зы мыхьэнэнши къэмынэу зэрыпэщIэувэн Iэмалхэм пасэу егупсысыным, къулыкъу хэхахэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ зэрызэдэлажьэ щIыкIэм зегъэубгъуным, иджырей Iэмалхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ, хъыбарегъащIэ технологие щIэ дыдэхэри хыхьэу, къэгъэсэбэпыным. Терроризмэм пэщIэтынымкIэ иужьрей лъэхъэнэм зэ­фIэгъэкIа хъуа Iуэхугъуэхэм щхьэкIэ къэ­мынэу, щытыкIэр зэкIэ зэтекъута хъуа­къым. Глобализацэмрэ интернет-щIы­пIэм­рэ зэрызиужьым я псынщIагъым къа­лэн къытщащI терроризмэм зэры­пэ­щIэтыфын, псом хуэмыдэу къытщIэхъуэ щIэблэр абы зэрыщытхъумэн Iэмалхэр къэтлъыхъуэну.
  • Япэ игъэщыпхъэ IэнатIэхэм ящыщу къо­нэж экономикэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымрэ Iулъхьэ къеIы­хы­ным ебэнынымрэ. Бюджет мылъкур зыхухамыха IуэхугъуэхэмкIэ къамыгъэсэ­бэ­пынымрэ зэхамыдыгъуэнымрэ кIэ­лъып­лъыным, къэралым и цIэкIэ щыщахуэкIэ хабзэр къызэпемыгъэудыным псом хуэ­мыдэу гулъытэ щхьэхуэ хуащIыну хуа­гъэлъэгъуащ.
  • КIуэкIуэ Юрий ехъуэхъуащ УФ-м и ­ФСБ-м КъБР-м щиIэ управленэм и унафэщI Усов Олег Урысей Федерацэм и Президентым и УказкIэ генерал-майор фIэщыгъэр къызэрыхуагъэфэщам къы­хэкIыу. «Управленэм и лэжьыгъэм пщIэ лъагэ къызэрыхуащIам ар и щыхьэтщ», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я
  • пресс-IуэхущIапIэ.