Елгъэр Кашиф: КIуащ БетIал теухуа гукъэкIыжхэмрэ абыхэм къакъуэжа къуэпс гуэрхэмрэ
2015-11-21
- (КIэлъыкIуэр.
- ПэщIэдзэр №№223-224-хэм итщ).
- Абы сегупсысын хуей щIэхъуар уэ къащIэ, а псапэр къысхуэзыщIам и пэжыпIэ дыдэр зэхэзгъэкIын мурад щIэсщIар а гулъытэм щхьэкIэ пыухыкIауэ фIыщIэ зыхуэщIыпхъэр къэсщIэну арагъэнт. АрщхьэкIэ иужькIэ абы зэи сыхущIэкъуакъым — Бубэ, зэрыжысIащи, сыкъигъэпцIауэ шэч хуэсщIыфынутэкъым. БетIалщи… Сыт хуэдиз и цIэрыIуагъми, и цIыхуфIагъми, и Iэгу и Iэнэу зэрыжумартри мызэ-мытIэу си нэгу щIэкIа пэтми, абы и псэукIэр зыхуэдэри зыщIэс унэ пхашэ цIыкIури Iэджэрэ слъэгъуати… ЖыпIэнурамэ, а къысхуищIа къомым я щIыIужкIэ, сэр щхьэкIэ сом щищ къыздрихар схузэмыгъэзахуэу, зи гущIэгъу къыслъысар згъэлъагэу, сэ езыр зысфIэтхьэмыщкIэжу, зызгъэцIыкIуу… Ныбэ гузэвэгъуэм гупсысапIэ, хэплъапIэ сыхидзауэ екIуэкIырти… Къалэм зы шэджагъуашхэ (пщэдджыжьышхэмрэ пщыхьэщхьэмрэ щхьэкIэ шхапIэ щыдиIэт дыщыпсэу Переделкинэм) къыщезгъэщтэху къэскIэ, БетIал хужысIахэм хуэдэм хэмынын Тхьэм сищI…
- Псоми уосэж. Сом щищым сызэрыкъуэсми сесэжауэ, сигу зэрызгъэфIыр езы БетIал япэ дыдэ кIуэгъужэгъу сыщыхуэхъуам къыдыщIэдзауэ, дэслъэгъуа цIыхугъэшхуэрат. Дауи, абы Бубэ хуиIуэ-тэжагъэнт нэхъапэкIэ сызэрыхуэтхьэу-сыха, къыздилъэгъуа си тхьэмыщкIагъэм и хъыбархэр. МазитI-щы ипэкIэ а тIум нысхурагъэхьа ахъшэ зэрыIыгъыфIымкIэ зысхуэпэжам хуихьамэ, сызэрыстипендэншэр щищIэкIэ аргуэру къыстегузэвыхьамэ… Арагъэнт, езым зыхуигъалIэу, сом щищымкIэ сэ къыщIысхуэуп-сар. НэгъуэщIхэми зэратхыжащ, ар зэрысцIыху лъандэрэ дэкIа илъэсищым къриубыдэу сэри зэрыдэслъэгъуащи, БетIал гу пцIанэт. ГущIэгъушхуэ зыхэлът. Егъэлеяуэ жумартт… ЗэрыжысIащи, мис абыхэм сегупсысыжри, нысхуигъэхьа ахъшэр сэр дыдэми хьэлэл зыхуэсщIыжыныр къызыхэкIар арагъэнт — цIыхуфIым къыпхуищIэм ущесэж щыIэщ… Арат сэри къысщыщIар…
- Мы дунеишхуэм щекIуэкIхэр къуэпс гуэрхэмкIэ зэрызэпыщIам шэч хэлъу къыщIэкIынкъым. Хьэзыруи уафэм зыри къехуэхыуи си фIэщ хъункъым. Дауэт сэ КIуащ БетIал къэсцIыхуа зэрыхъуар? И щхьэр сымылъагъу щIыкIэ, и цIэр зэхэсхрей сызэрыхъуар дауэт?..
-
З - ауэ нэужь лъэхъэнэти, ди унэхэм радиохэр къыщIашэжа щIыкIэтэкъым. КIэзетхэм еджэхэми дащыщтэкъыми, сэ КIуащ унэцIэр зезыхьэ адыгэ усакIуи дызэриIэр къызэрысщIамкIэ фIыщIэр зейр си адэ къуэшым и къуэ Сэфарбийт. Абыхэрэ дэрэ ди бжьыхьэкIапэ зэпылът. Ди гъуркIи ди цIынэкIи дызэрыщIэрти, сэ пасэ дыдэу щыгъуазэ сыхъуат Сэфарбий зыгуэрхэр зэритхым. Жыжьэ сыIэбэу дунеишхуэм щекIуэкIхэр къуэпс гуэрхэмкIэ зэпыщIауэ слъытэныр къызыхэкIаращ: Сэфарбий и адэ шыпхъу дыдэ, Елгъэрхэ дипхъу Назифэ и къуэ КIэрэф Мухьэмэд (дэркIэ Цуцэ) егъэджакIуэу школым щылажьэрт. Абы и адэ Жанхъуэт пхъащIэ Iэзэт. ЛIы губзыгъэт. Дунейр зыхуэкIуэм пасэу гу лъитати, жьыри щIэри езыгъаджэу щIэзыдза, пщIэрэ щхьэрэ зиIэ КIыщокъуэ Пщымахуэ кIуэгъужэгъу зыхуищIа къудейм къыщымынэу, ищIэфарат: псори езым и Iэм хуэщIырти, псэукIэ дахэ иIэт, абджыпс унэ зэгуэтышхуи, унэ тыкъырыфI цIыкIуи я пщIантIэм дэтти, япэр хьэблэ сабийм щхьэузыхь яхуещI — школу ярет. Псалъэм къыдэкIуэу жысIэнщи, си шыпхъу нэхъыжьри абы тралъхуа си шынэхъыжьри пэщIэдзэ классхэм зыщеджар Жанхъуэтхэ я унэшхуэращ; гуэщ пэшым бынунагъуэр щIэст. ЗэрыжаIэжу щытахэмкIэ, си анэкъилъхухэр абы щрагъаджэ къудейтэкъым — щагъашхэуи щытащ. АпхуэдэлIыр, апхуэдэ унагъуэр егъэджакIуэ КIыщокъуэ Пщымахуэ ахьей игъэныбжьэгъунт икIи и кIуэгъужэгъунт. Мо лIы губзыгъитIым якIэщIэдэIухь, Iэджэ зэхэзых щIалэ цIыкIуми пэрытхэр къищтэныр, зыгуэрхэр итхыныр щыщIидзар абдежхэрагъэнщ. ПщIэгъуалэм тес иц къыкIэропщIэ, жи. Къахуеблэгъэрей Пщымахуэ щыусакIуэкIэ, и щIалитI Рашидрэ Алимрэщи, я адэ и къуэщ жыхуаIэу, зыгуэрхэр щатхкIэ… Узыдэплъеин, щапхъэ къызытепхын уиIэмэ, хъарзынэкъэ? Шэч хэлъу къыщIэкIынкъым, КIэрэфхэ я къуэ щIалэщIэр (ар 1922 гъэм къалъхуащ), КIыщокъуэ зэрыбыным «зэрагъэделам», зэхъуапсэ зэадэзэкъуэхэм заригъэщхьын мурад зэрищIам…
- МыдэкIэщи, и анэшхэм я деж къэкIуэрей Цуцэ, дауи, и къуэш нэхъыщIэхэм захуигъэщIагъуэ къыщIэкIынт Алим и гъуэгум теувэну зэрыхуежьамкIэ. Си щхьэкIэ куэдрэ зэхэсхыу щытащ Мухьэмэд и усыгъэхэм щыщ Сэфарбий гукIэ жиIэу. Езыми зыгуэрхэр итхын мурад щIищIар щхьэпэлъагэшхуэ хъуа и къуэш нэхъыжьым дэплъеяуэ арагъэнти… Езы Сэфарбий и усэхэм япэ дыдэ щыгъуазэ ищIу щытар (ди пхъурылъхум щыукIытэ хъунт) сэрагъэнщ. Ебланэ классыр къиуха нэужь, мэкъумэш техникумым щIэтIысхьауэ Iэщ дохутыр (пэжщ, дэ нэхъыбэу жытIэр шы дохутырт) IэщIагъэм зыхуигъэхьэзырырт. Ауэ художественнэ литературэм апхуэдизкIэ дихьэхати, ар тхылъу зэджэм хуэдиз сэ зэрызмылъэгъуам шэч хэлътэкъым. Ахърэт нэху игъуэтауэ Тхьэм къыщIигъэкI, а къызэджэ тхылъхэм теухуауэ абы нэхъыщIэхэр дызригъэдаIуэу щытахэм гъуни нэзи ямыIэ хуэдэт. Ауэ сэркIэ ари мащIэт: жеипIэ, еджапIэ езмыту, жэщыбг пщIондэ сыбгъэдэст. Цуцэ и усыгъэхэми (абы поэмэхэри яхэту зэрыщытар езы Мухьэ-мэд иужькIэ Iэджэрэ къысхуиIуэтэжащ) езым итха къудейхэми къезгъаджэрт. Ауэ Iеймрэ фIымрэ къызыгурыIуэ, зэхэзыгъэкIыф хъуати, абы нэхъыбэу сызригъэдаIуэр ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КIуащ БетIал, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сымэ я усэхэрат. Псом хуэмыдэу, зи гугъуфIыр хуэмыухыр БетIалт. «Си гъащIэм и гуащIэ» тхылъ цIыкIур къыдэкIа къудейми, ар апхуэдизкIэ игъэукъуеяти, сыкъригъэджэну къыщызиткIэ, дзыхьыпцIэ хуимыщIу, жинтхэм газет къришэкIырти, сыхуэсакъыным сыхуиущийурэ, си тхьэкIумэхэр схуиIуантIэрт…
- Ар тхакIуэ щIэмыхъуам и щхьэусыгъуэм сыщыгъуазэкъым, ауэ усэхэр итхыу, къызэджа тхылъхэм щыщ гуэрхэр зэридзэкIыу зэрыщытар Iэджэрэ си нэгу щIэкIащ. ИужькIэ ахэр здэкIуэжари сщIэркъым. И зэфIэкIым и къэухьыр здынэсыр къыгурыIуэжамэ… Ар тхылъ куэд къеджэ къудейтэкъым — ТхакIуэхэм я союзым щрагъэкIуэкI хабзэу щытащ тхэн щIэзыдза щIалэхэр щаущий, щагъэIущ зэIущIэ щхьэпэхэр — абыхэми екIуалIэрт, жаIэхэм едаIуэрти, Тхьэм ещIэ, мо зэджэхэри зэхиххэри зэхилъхьэжамэ… Си мыш сошэс жиIэу егупсыса?..
- Ставрополи щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтарэ и IэщIагъэми хуэIэзэ хъуауэ лажьэу ежьэжри… Ауэ си къуэш нэхъыжьхэри ящыща хъунщ сэри зыгуэрхэр стхыну сыхуежьэнымкIэ «сызыгъэделахэм». Пэжщ, езыхэм а Iуэхур IэщIыб ящIыжыныр къызыхэкIамкIэ сеупщIамэ, къапысх щIагъуэ щыIэтэкъым. Сэфарбий и жэуапыр зыт:
- — Сэ Алии, Алими, БетIали сыхъунутэкъыми… Джэримэс зэрыжиIауэ, си шы дохутыри си шы дохутыр жысIэри… — къыпыгуфIыкIырт.
- — Птхахэмрэ зэбдзэкIахэмрэ дэнэ пхьа-тIэ?
- — Цуцэ ейхэм я гъуэгур езгъэхуащ — згъэсыжащ…, — жиIэрти, нэщхъей къэхъурт.
- Пэжщ, Цуцэ нэгъуэщI зыгуэру егупсысагъэнщ Iуэхум. Игъэсыжар игъэсыжами, Тхьэм и шыкурщ (Сэфарбий дунейм щехыжыгъа 1985 гъэм нэхъ иужьыIуэкIэ) Мухьэмэд адыгэ литературэм хэлъхьэ- ныгъэ къыхуищIа тхыгъэ телъыджэхэм, си фIыщIэ тIэкIуи хэлъу, гъуэгу зэрагъуэ-та щIыкIэми я гугъу сщIыжащи, абы аргуэру къытезгъэзэжынкъым…
- Мы къезгъэкIуэкIахэри щыхьэт техъуэ сфIощI дунеишхуэм къыщыхъухэр къуэпскIэ зэрызэпыщIам. ПыухыкIауэ жысIэнщи… Пщымахуэ, Жанхъуэт, абыхэм я бынхэр; адэкIэ, сэри сахэту, абыхэм ядэплъеину мурад зыщIахэр… ЖыпIэнурамэ, псыпэр зэрыжэм псыкIэри ирожэ… Щхьэлыкъуэ къыщалъхуахэм тхакIуэу къахэкIам хуэдиз (ахэр дапщэми хэт сымэми, хуейм къищIэфынущ) къызыдэкIа адыгэ къуажэ Къэбэрдейм къибгъуэтэнукъым. Сэри абыхэм ящыщ сызэрыхъуамкIэ фIыщIэр зейр ди нэхъыжьыфIхэращ. Си къуажэгъу цIэрыIуэхэм, зыгуэрхэр зытх си къуэш нэхъыжьхэм сехъуапсэрти, си мурадым си Iэр техуэн папщIэ, япэу гъуазэ, гъуэгугъэлъагъуэ схуэхъуар ахэращ. Армыхъумэ ТхакIуэхэм я союз щыIэуи щымыIэуи сэ сыткIэ сщIэнт? Стхыхэр япэ дыдэу (си классэгъухэм нэмыщI) зэзгъэлъагъур Сэфарбийрэ Мухьэмэдрэти, езыхэм къызахьэлIэ чэнджэщхэр яфIэмащIэу, нэхъ къысхуэщхьэпэнухэм я цIэхэр къысхураIуэ, ахэр къыщызгъуэтынури къызжаIэри…
- Къэзгъуэта псом я лейуэ къысхущIэкIат, зи тхыгъэхэмкIэ фIэкIа, зи щхьэкIэ сымыцIыху КIуащыр. БетIал сэзыгъэцIыхуар илъэситI-щы лъандэрэ зи щхьэр згъэуз ЩоджэнцIыкIу Iэдэмт. Ар ТхакIуэхэм я союзым и тхьэмадэт. «Къэбэрдей» альманахыр къыдэгъэкIыным пыщIа Iуэхухэри тхакIуэ ныбжьыщIэхэм ядэлэжьэнри зи пщэ дэлъ КIуащыр зи тхыгъэхэмкIэ сэр нэхърэ нэхъыбэрэ «зыгъэгуфIэ» къыхуэкIуэ къыщIэкIынтэкъым. Ауэ икIи сыкъиужэгъуртэкъым. ЗыкъызигъащIэртэкъым. Апхуэдэу зыхущытри си закъуэ хъунтэкъым — ар зыхуэмыгуапэ плъагъунтэкъым. Ад-рей псом я гугъу сщIынкъыми, сэ бэзэр Iуэхути, киноуаплъэти жыпIэми, къалэм сыкъэкIуэрейт. И лэжьапIэр мыхъуу, уэрамхэм сыщыхуэзами, сыкъимылъагъуфэ зытригъауэу, зэи зблэкIыртэкъым — сызришалIэрти, гуапэу сэлам къызихырт, махуитI-щы и пэкIэ лэжьапIэм щезгъэлъэгъуа, дагъуэ гуэрхэр зыхуищIу къызитыжа усэхэм есщIэжамкIэ къызэупщIырт. Сызигъусэхэм зэхахыу къыщысщытхъукIэ, ахьей абы ин срихъурэт! Сэри, БетIал сызэрыхуэзэнур си псэм ищIэ нэхъей, IэнэщIу зэи къэскIухьыртэкъым — сызэлэжьыжахэри щIэуэ стхахэри жыпкIэ къыздесхьэкIырт…
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).