ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бгы куэщIым щекIуэкIа «Шемякин и гъатхэр»

2014-05-20

  • Накъыгъэм и япэ махуэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ махуитхукIэ щекIуэкIащ «Шемякин и гъатхэ» фестивалыр.
  •  Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я союзым, Дунейпсо. Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, КъБКъУ-м Гъуазджэмрэ СМИ-мкIэ и факультетым. Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ «Иткол» хьэщIэщым фестивалым хэтхэр щIэзыгъэса, «Физкультурэ. Узыншагъэ. Спорт» фондым и унафэщI Къардэн Хьэсэн. Абы зэрыжиIамкIэ, фестивалыр мы гъэм еплIанэу йокIуэкI. Къардэнхэ къыхалъхьа Iуэхур — Шемякин-Къардэн Михаил и цIэкIэ фестиваль егъэкIуэкIыныр — диIыгъащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я союзым. «СурэтыщI ныбжьыщIэхэм я Iэзагъэр щагъэлъагъуэ, я зэфIэкIым щыхагъахъуэ утыкуу аращ мыр, — жеIэ Хьэсэн. — Республикэм ит художественнэ школхэм я гъэсэнхэр хэту къежьауэ щытащ, ауэ иджы гъунэгъу хэгъуэгухэм я школакIуэхэри студентхэри къокIуэ. Мы гъэм кърихьэлIащ Владикавказ, Псыхуабэ, Дон Iуфэ Iус Ростов къалэхэм щыщхэри. Мыр Iуащхьэмахуэ лъапэ зэрыщекIуэкIым фIы куэд къыдокIуэ. Сыту жыпIэмэ, ныбжьыщIэхэр лажьэ къудей мыхъуу, икIи загъэпсэху, ди щIыпIэ дахэхэр зрагъэлъагъу, сурэтыщI цIэрыIуэхэм мастер-классхэр драгъэкIуэкI. Мыпхуэдэ зэхуэсхэр республикэм и туризм, хьэрычэт Iуэхухэм дежкIи сэбэпщ. Ди гъунэгъухэм, Урысейм щыпсэухэм ялъагъу ди лъахэр зэрыдахэри, зэрымамырри, ди цIыхухэр зэрыгуапэри. Ар лъабжьэ хуэхъунущ зэдэлэжьэныр нэхъыфIу зэтеубла хъуным».
  • Къардэн Хьэсэн и псалъэ

  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тыгъэхэр Щоджэн Iэминат (ижьымкIэ) текIуахэм ярет.

  • Къардэн Хьэсэн зи унафэщI «Иткол» хьэщIэщым и пэIущIэ пэшышхуэм гъэлъэгъуэныгъэ ин къыщызэрагъэпэщат. МахуиплIкIэ екIуэкIа фестивалым хэта сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэрат ягъэлъагъуэр. Абы зыщаплъыхьырт фестивалым и къэпщытакIуэ гупым, нэхъыфIыр зрагъэлъагъурт, сабийхэм я гупсысэмрэ Iэзагъымрэ здынэсыр зрагъащIэрт, зэчэнджэщырт. Езы цIыкIухэми гукъыдэж я куэдти, макъамэ щабэм щIэту кIэух пшыхьым зыхуагъэхьэзырырт.
  • Лэжьыгъэхэр набдзэгубдзаплъэу зэпэзыплъыхь УФ-м, КъБР-м и СурэтыщIхэм я союзым хэт, КъБКъУ-м Гъуазджэмрэ СМИ-мкIэ и факультетым и егъэджакIуэ нэхъыжь Абей Асият гъэ къэс кърохьэлIэ фестивалым. ЕгъэджакIуэм дежкIэ щIэщыгъуэщ Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIа, къыр уардэхэм зи гупсысэр яшэщIа сабийхэм я IэдакъэщIэкIхэр.
  • — Хуабжьу гуапэ сщохъу нобэ си нэгу щIэкIыр, — къыддогуашэ Асият. — Лэжьыгъэхэм сриплъащи, ар ауэ сытми къызэрыгуэкI сурэту зэрыщымытыр дэтхэнэми зыхищIэну апхуэдэщ. Илъэс къэс си гур хагъахъуэ Владикавказ къикI гупым. Абыхэм ящIа сурэтхэр адрейхэм къащIыхэщым и щхьэусыгъуэми сыщыгъуазэщ. ХудожествэмкIэ абы дэт училищэм щIэс цIыкIухэр тхьэмахуэ-тхьэмахуитIкIэ бгым яшэри щолажьэ, дэ ди студентхэр паркым нэс тхуэшэу аращ.
  • Мыбы нэхъыбэу щыIэр школакIуэхэрщ. А цIыкIухэм ящIахэм апхуэдизкIэ нэр ягъэгуфIэри, сурэтыщI ныбжьыщIэхэр къызэрытщIэхъуэм сропагэ. ЩIэныгъэ яIэмэ, Iэзагъыр зрагъэгъуэтыфынущ мы сабийхэм. Дэ ди къалэн нэхъыщхьэр щIэблэм яIэ жэрдэмыр ядэтIыгъынырщ, итIанэ езыхэм я зэфIэкIымкIэ дызэрыгушхуэжынум шэч хэлъкъым. Мы фестивалым мыхьэнэшхуэ иIэщ сурэт щIын щIэзыдзагъащIэхэм я дежкIэ. Уи IэдакъэщIэкIыр, гукъыдэжыр утыку къыщипхьэн гуэр ущиIэм деж улэжьэнуи ухуей мэхъу. Мыбы щащIа лэжьыгъэхэр куэдкIэ къахощ къыздахьахэм. Iуащхьэмахуэ лъапэ деж ущысу утхэным хэлъыр сурэтхэм щынэрылъагъуу си гугъэщ.
  • Сабийхэм я гукъыдэжым нэхърэ нэхъ мащIэкъым абыхэм я гъэсакIуэхэм яIэри. Нарткъалэ дэт Сабий художественнэ школым и унафэщI Къардэн Равидэ къиша цIыкIухэм я IэдакъэщIэкIхэр гушхуэу дегъэлъагъу. «Мы фестивалыр егъэкIуэкIын зэрыщIадзэрэ ди школым къекIуалIэ сабийхэм ящыщу жэрдэм зиIэхэр къыдошэ, — жеIэ Равидэ. — Дэтхэнэми мыбы щилъэгъуамрэ щызригъэщIамрэ хуэмыIуэтэжу мэкIуэж, къэкIуэну хуейуэ зи нэ къикIхэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу. Ди сабийхэм я лэжьыгъэхэр нэхъыбэу зытеухуар, зэрыгурыIуэгъуэщи, Шемякин-Къардэн Михаил и гъащIэмрэ и гуащIэмрэщ. ЩIыуэпсым хэсу ящI сурэтхэр ныбжьыщIэхэм хуабжьу ягу ирихьащ. Фестивалым ущытхэ, ущызэпеуэм и закъуэкъым, атIэ уи нэгуи зыщеужь. Сабийхэр Iуащхьэмахуэ лъапэ и щIыпIэ нэхъ дахэхэм тшэурэ ялъагъур ятхыжу жьы къабзэм хэсу мэлажьэ, дызыщIэс «Иткол» хьэщIэщым и пщIантIэм фIэкIа хэмытми, бгы куэщIым уису апхуэдэщи, ди лъахэм и дахагъэр лъэныкъуэ куэдкIэ къыпхуэгъэлъэгъуэнущ. Сурэт щIыным къыдэкIуэу, ди лъахэгъу сурэтыщI гъуэзэджэм и лэжьыгъэхэм зыщыдогъэгъуазэ. Езыр къримыхьэлIэфми, ди лэжьыгъэхэм къыкIэлъыплъу, фестивалыр зэрекIуэкIам хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ зыщигъэгъуазэу апхуэдэщ».
  • Псы ежэхым и макъыр зэхэпхыркъым армыхъумэ, псы Iуфэм уIус хуэдэщ зы сурэт зэпызоплъыхьри. Ар зи IэдакъэщIэкIыр Налшык къалэ дэт ГъуазджэмкIэ сабий школ №1-м и еджакIуэ, илъэс 12 хъу Тэрчокъуэ Залинэщ. Абы и ныбжьэгъу хъыджэбз цIыкIухэм я гъусэу гъэлъэгъуэныгъэм зыщаплъыхь адрей ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэм тепсэлъыхьурэ. Езым Iуащхьэмахуэ лъапэ щилъэгъуахэмрэ здэкIуэжым яхуиIуэтэжынухэмкIэ соупщI:
  • — Сэ хуабжьу сигу ирихьащ мыбы щыдгъэкIуа махуэхэр. ЩIыпIэ дахэ куэд тлъэгъуащ, бгыхэм дыдэкIуеящ, Iуащхьэмахуэ и щыгур нэхъ гъунэгъуу зэдгъэлъэгъуащ. ЩIыуэпсым дыхэту тщIа сурэтхэращ нэхъ сигу ирихьар. Мы узэплъри абыхэм ящыщ зыщ. Си мызакъуэу, си ныбжьэгъу, къыздеджэ хъыджэбз цIыкIухэми лэжьыгъэ дахэ куэд я Iэдакъэ къыщIэкIащ. Мы лэжьыгъэ къомым ущыхэплъэм и деж зыгуэр нэхъ дахэщ е нэхъыфIщ жыпIэу къыхэбгъэщыну сфIэгугъущ, сыт щыхьэкIэ жыпIэмэ, дэтхэнэми и нэкIэ илъагъур и IэкIэ итхауэ аращи, зэщхьу, зэтехуэу зыри яхэткъым. СурэтыщIыр дунейм зэреплъыр къызэрыгуэкI цIыхум ещхькъыми, гъэщIэгъуэн куэд сыт щыгъуи уи пащхьэ кърилъхьэфынущ. Куэд ныбжьэгъу дызэхуэхъуащ, нэхъыщхьэращи, дыкIуэжа нэужьи, сурэт тщIыну дыщытIыскIэ ди нэгу къыщIэувэн теплъэ дахэ зыбжанэ щытлъэгъуащ Iуащхьэмахуэ лъапэ.
  • Фестивалым щилъэгъуахэмкIэ арэзыщ, куэди къыщищIащ Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №5-м и 7-нэ классым щIэс Кушбокъуэ Амырхъани. Абы къурш дахэ къызэрыщ сурэт ищIащ, щIалэщIэ куэд ныбжьэгъу къыхуэхъуащ, илъэс къакIуэ тригъэзэну и мурадщ.
  • Старэ Шэрэдж къуажэм дэт ГъуазджэмкIэ сабий школ №3-м и унафэщI Хьэпэ Залинэ ныбжьыщIэ 17 къишащ фестивалым.
  • — Сабийхэм ямыщIэ куэд къащIауэ, ныбжьэгъу зэхуэхъуауэ, загъэпсэхуауэ нэкIуэжынущ, — жеIэ абы. — Мыбы зэ щыIауэ зигу иримыхьу кIуэжа иджыри къахэкIакъым. ИхъуреягъкIэ щыплъагъу бгы къомым я фIыгъи хэлъщ абы. Джабэ задэхэмрэ къырыщхьэ лъагэхэмрэ узыIэпашэу, нэхъыбэм, нэхъ иным утрагъэгушхуэу апхуэдэщи, арагъэнщ ехъулIэныгъэхэр щIаIэр.
  • Илъэс къэс укъакIуэ щхьэкIэ, сыт щыгъуи плъагъур нэгъуэщIщ, теплъэм зехъуэж, уи еплъыкIэри нэгъуэщI зыгуэр мэхъу. Мыбы щыIэу цIыкIухэм ящIа сурэтхэм нэхъыбэу къыщагъэлъэгъуар насып Iуащхьэр къэзыухъуреихь щIыуэпсырщ. КъищынэмыщIауэ, къэтша сабийхэр сурэт щIыным и закъуэкъым дэзыхьэхыр, атIэ къэфэным, уэрэд жыIэным хуэIэзэхэщи, пщыхьэщхьэхэр щIэщыгъуэу, гукъинэжу ирагъэкIуэкIащ. Тафэри, бгыри, псыежэхри, псыкъелъэри — псори яфIэгъэщIэгъуэну зэпаплъыхьу апхуэдэщ сурэтыщI ныбжьыщIэхэр. СызэреплъымкIэ, цIыкIухэр дэзыхьэх Iуэхур IэщIагъэ яхуэхъунымкIэ, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ мыхьэнэ ирату псэунымкIэ сэбэпышхуэ хъунущ мы фестивалыр. Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ лей яхуэсщIыну сыхуейщ.
  • Фестивалыр егъэкIуэкIынымкIэ къалэн нэхъыбэ зи пщэ къыдэхуахэм ящыщщ абы и унэтIакIуэ Марыщ Розеттэ. Абы зэрыжиIамкIэ, зэпеуэр лIэужьыгъуитху мэхъу.
  • — Нобэ дгъэхьэзыра гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщитхьащ нэхъ пасэу сабийхэм ящIу къыздашахэри, Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэху зэлэжьахэри. Сурэт щIыным удихьэхыуи, абы ухуэIэзэуи щытын хуейкъым, цIыкIухэм ящIахэм яхэлъ къару нэрымылъагъур зыхэпщIэн папщIэ, — къыддогуашэ Розеттэ. — Сурэтхэм нэмыщI тхыгъэхэр, усэхэр ягъэхьэзыр, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм теухуа лэжьыгъэхэр ягъэзащIэ. Ахэр псори ехьэлIащ сурэтыщI гъуэзэджэ Шемякин-Къардэн Михаил и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ. А псоми лъабжьэ яхуэхъур сабийхэр а сурэтыщI цIэрыIуэр дызэрилъэпкъэгъум, дызэрилъахэгъум зэрыригушхуэрщ. Езы Шемякин и лэжьыгъэхэм ящыщи, ипхъу Доротея и IэдакъэщIэкIхэри щегъэувэкIащ гъэлъэгъуэным, ар яцIыхун и лэжьыгъэхэр гъунэгъуу ялъагъун хуейщ мыбы щызэхуэса ныбжьыщIэхэм.
  • Уи гур хигъахъуэу апхуэдэщ езы сабийхэм я гукъыдэжми. Лэжьэнми, джэгунми, къэфэнми хуэжыджэрхэщ. Я гъэсакIуэхэр я гъусэу загъэпсэху икIи мэлажьэ, нэхъыщхьэращи, сурэт щIыным нэхъри дихьэхауэ зэбгрокIыж.
  • ЦIыкIухэм я дэсыгъуэ махуэхэм — накъыгъэм и 1-м щегъэжьауэ и 5 хъуху — ирихьэлIэу Иткол щызэхудошэс. Махуэ къэс щIэщыгъуэ, купщIафIэ зэращытщIын Iэмалхэр къэдгъэсэбэпурэ идогъэкIуэкIри, Шемякин-Къардэн Михаил къыщалъхуа махуэм, накъыгъэм и 4-м и пщыхьэщхьэм фестивалыр зэхудощIыж текIуахэр дгъэпажэу, лэжьыгъэфI зыщIахэр къыхэдгъэщхьэхукIыу, зэпеуэм хэта псори дгъэгушхуэу.
  • Гъуазджэм и лъахэм а махуэм къихута къэпщытакIуэ гупым я лэжьыгъэри тынштэкъым. Сабиипсэ къабзэм къыбгъэдэкI IэдакъэщIэкI телъыджэхэр зэбгъэпщэну гугъущ. Ауэ зэпеуэм и жыпхъэхэм тетын хуейти, лIэужьыгъуитхукIэ увыпIэхэр ягуэшащ. НэхъыфIу къыхагъэщхьэхукIахэм нэмыщIауэ, зи лэжьыгъэм гулъытэ хуэщIыпхъэ куэдым я цIэ къраIуащ, абыхэм я егъэджакIуэхэм фIыщIэ хуащIащ. «Шемякин и гъатхэ» фестивалым хэта дэтхэнэ зыми къызэгъэпэщакIуэхэм къабгъэдэкI саугъэтхэр иратащ.
  • Пшыхьым и кIэухым къэпсэлъащ къэпщытакIуэ гупым хэтахэу Къардэн Хьэсэн, сурэтыщI Абей Асият, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат, Эльбрус поселкэм и администрацэм и Iэтащхьэ Курданов Узеир сымэ. Абыхэм къыхагъэщащ сурэтыщI ныбжьыщIэхэр лъэ быдэкIэ гъащIэм хэувэну зэрагуапэр, икIи фестивалым щызэрагъэщIахэм хагъэхъуэну, ехъулIэныгъэ яIэну ехъуэхъуащ.
  •  
  • НэщIэпыджэ Замирэ.
  • Сурэтхэр Ахъуэбэч Илья трихащ.