ТIэкIурашэ и пшынэр
2014-03-12
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыбгъуэтынкъым пшынауэ зыдэмыс къуажэ. Ди япэкIэ псэуа нэхъыжьыфIхэм я Iэпэгъуу щыта макъамэ Iэмэпсымэр хуэсакъыу яхъумэрт, а гъуазджэм пщIэ лей хуащIырт. Псыгуэнсу жылэми дэсащ Щэбэтыкъуэ ТIэкIурашэкIэ еджэу пшынауэ Iэзэ. И Iэпэм дыщэ къыпощ, жыхуаIэм хуэдэт ар, цIыху куэдым дэрэжэгъуэ яритырт.
- Хэку зауэшхуэм и ужь зэмант, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм мэкъумэш Iэмэпсымэхэр зэтракъутауэ, цIыхухэр Iэпщэрылажьэт. Зэман бзаджэти, колхоз хьэсэхэр жэмкIэ явэрт, белкIэ къатIырт. Псыгуэнсудэсхэр, цIыкIуи ини, губгъуэм щылажьэрт. Махуэ псом колхоз хьэсэм хадапщIэ щыIа щIалэгъуалэм я фIанэхэр ягъэтIылъырти, Щэбэтыкъуэхэ я пщIантIэшхуэм щызэхуэсырт. Ахэр къыщIэкIуар ТIэкIурашэ къыгурыIуэнтэкъэ?! Куэдрэ узэзыгъэлъэIу пшынауэхэм ящыщтэкъым ар. Макъамэ дахащэ зэмылIэужьыгъуэхэр и пшынэм къригъэкIыу щIедзэ. БлэкIри къыблэкIыжри пщIантIэм къыдыхьэурэ хэт уэрэд къыхедзэ, хэти къофэ, пщIантIэм зэрыдэмыгъахуэу джэгур уэрамым къыщызэрыхь къэхъуу. ГъэщIэгъуэнракъэ, апхуэдиз зэрызехьэм зыгуэрым чэф иIэу, мыхъумыщIагъэ къипсэлъу урихьэлIэнтэкъым. А зэманым учэфу зыгуэрым укъилъагъуныр напэтехышхуэт.
- Апхуэдэу колхозхэтхэр зыгъэгушхуэу, дэрэжэгъуэ езыту щыта ТIэкIурашэ, унагъуэ гуэрым пшыхь иIэмэ, и пшынэ фIыцIэшхуэр иIыгъыу кIуэрти, Iуэхур ядиIэтырт. ЗэманыфI дэкIащ ТIэкIурашэ дунейм зэрехыжрэ, Тхьэм ахърэт нэху кърит!
- Псыпэр зэрыжэм псыкIэр ирокIуэ. Щэбэтыкъуэм и бынхэми гъуазджэр я Iэпэгъу хъуащ. И къуэ нэхъыжь Наурбий Сталиным и цIэр зэрихьэу Псыгуэнсу дэта колхозым и духовой оркестрым илъэс куэдкIэ хэтащ. Абы и къуэш нэхъыщIэ Натбий Саратов дэт консерваторэр ехъулIэныгъэкIэ къиухауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Музыкэ театрым дирижёр нэхъыщхьэу щолажьэ. Натбий и къуэ Заур а IуэхущIапIэм и концертмейстер нэхъыжьщ.
- ЯХЭГУАУЭ Берд.