Лъэпкъым и къуэ пэж
2013-11-23
- ЛIэужьыфIым къыпэкIуэ хъугъуэфIыгъуэхэр мылъкум куэдкIэ йобэкI. НэхъыжьыфIхэм я хьэл-щэну, гупсысэкIэу, Iуэху зехьэкIэу быным къахэнэр фIымэ, апхуэдэ мардэр гъащIэ щапхъэ яхуохъу абыхэм къащIэхъуэ щIэблэми. Мыпхуэдэ гупсысэм сыхэзышэр лъэпкъ щIэныгъэлI щыпкъэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и егъэджакIуэ нэхъыжьхэм ящыщ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор Уэлджыр Мушэхьид Кушбий и къуэм и гъащIэ купщIафIэрщ, абы и нэхъыжьхэмрэ къыщIэхъуэ щIэблэмрэ я дуней тетыкIэ екIум сызэрыщыгъуазэрщ.
- Уэлджыр Мушэхьид ныбжьэгъугъэкIэ, унагъуэкIэ, лэжьыгъэкIэ зэрысцIыхурэ илъэс 50-м щIигъуащ. АдыгэлI пэжым, цIыху щыпкъэм и хьэл-щэнхэр, хабзэр а зэманым къриубыдэу зэи ихъуэжакъым. Мушэхьид и гъащIэр, къызэрысщыхъумкIэ, адыгэ лъэпкъым и Iуэхур гъэкIуэтэным теухуауэ ирихьэкIащ, ноби аращ: пэжыгъэм, и щIалэгъуэм зытеува гъуэгум, къыхиха IэщIагъэм емыпцIыжу мэпсэу. Апхуэдэ зэфIэкI лъагэ Мушэхьид къыкъуэкIыным и лъабжьэр, шэч хэмылъу, ар къызыхэкIа унагъуэм епхащ. Уэлджырхэ я бынунагъуэшхуэм я нэхъыжь Кушбий Хэку зауэшхуэр къыщыхъеям, абы япэу Iухьахэм ящыщащ, лIыгъэ хэлъу зэуащ, текIуэныгъэм папщIи и псэр итащ. Зауэжьым «фызабэ» цIэ дыджыр зыфIища бзылъхугъэ мелуанхэм яхэхуащ унэгуащэ Джэзи. Щхьэгъусэр апхуэдэу щыщхьэщыкIым, Джэзэ гужьеякъым, атIэ, зэрыжаIэу, ибг щIикъузэри, быныр зэригъэпсэуным яужь ихьащ. Нэм жей къыщемыкIуэ жэщхэм егупсысащ къэкIуэну гъащIэм хэкIыпIэу унагъуэм къыхуигъэнам. Жыжьэу узэплъэкIыжмэ, къыпщохъу нэхъ тэмэмыр къыхэпхыныр мыгугъуу, арщхьэкIэ къэкIуэну зэманым къыпхуихьынур умыщIэу тынштэкъым сыт хуэдэ лъэныкъуэми ухэдэну. Абы къыхэкIыу Джэзэ триухуащ и щхьэм бгъэдэлъ Iущагъым, пэжыгъэм, нэмысым. ЩIалэ закъуэр, быным я мынэхъыжьми, хъыджэбзхэм я пэ иригъэуващ: къарууэ иIэр ирихьэлIащ абы щIэныгъэ нэхъыщхьэ, зэрыпсэун IэщIагъэ иригъэгъуэтыным. Апхуэдэу лъэпкъым и пщIэр Iыгъыныр, Iэтыныр анэм IэщIилъхьащ къуэм. АбыкIэ къигъэлъэгъуащ цIыху щыпкъэм и лIэужьыр гъуэзэджэу лъэпкъым тыгъэ зэрыхуищIар.
- «Тхьэр къыпхуэарэзымэ, и нэфI къыпщохуэ», — жаIэ. Ар щынэрылъагъущ мы унагъуэм Джэзэ илъэситIкIэ лIэщIыгъуэ етIуанэ хэIэбащ, илъэс 80 ирикъу Мушэхьид лъэпкъым я тхьэмадэ ныбжьым нэсащ. Лъэпкъ лIэужьыр зи гъащIэ джэлэс щIэблэ дахэ Уэлджырхэ я унагъуэм къихъуэным зэфIэкIышхуэ ирихьэлIащ Мушэхьид и щхьэгъусэ Лиля (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI). Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм лэжьыгъэфI къыщызыгъэлъэгъуа бзылъхугъэр бынымрэ унагъуэмрэ ятеубгъуауэ псэуащ.
- ГъащIэм и гугъуехьхэм къызэфIамыгъащIэу, къэралми адыгэ лъэпкъми яхуэпэжу лэжьащ Мушэхьид, бгъэдэлъ щIэныгъи зэфIэкIи абы и зыужьыныгъэм хуигъэпсу. ЩIэныгъэлIым и IэужьыфIхэм ящыщщ адыгэ-къэрэшей мэл фIыцIэм къытрищIыкIыу цы хужь нэхъ щабэ зытет мэл лъэпкъыр къызэригъэхъуар. Академик цIэрыIуэр мы зэманми лэжьыгъэ IэнатIэм пэрытщ. Ар мэкъумэш университетым и ректорым къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и чэнджэщэгъущ, мэл лъэпкъыфIхэр гъэхъуным и технологие пэрытхэр утыку къещI. Зэманым декIу къудейкъым Мушэхьид — ар я щапхъэщ щIэныгъэм хыхьэ щIалэгъуалэм, гъэсэнхэр и куэдщ. Сэри абыхэм сащыщщ. Зэгуэр зэфIигъэкIахэм ирипагэу щыскъым щIэныгъэлI гумызагъэр, атIэ зи пщIэр зэманым ириудыха мэл гъэхъуным къыпэкIуэ хъерхэм, технологие пэрытхэм ятеухуа тхыгъэ щхьэпэхэр газетхэм, журналхэм къытрырегъадзэ. Абы и чэнджэщ щIэупщIэрейщ мэл гъэхъуным ехьэлIауэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкI IэщIагъэлIхэу Москва, Ставрополь, Краснодар къалэхэм щыщхэр, нэгъуэщIхэри.
- ЩIыхь зыпылъ дамыгъэ куэди къыхуагъэфэщащ адыгэлI щыпкъэм, зи гъащIэр щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм тыхь хуэзыщIам. Мэл гъэхъуныр нобэ IэщIыб хъуами, шэч хэлъкъым, ижь-ижьыж зэман лъандэрэ бгылъэ щIыпIэхэм хъер къызыпахыу екIуэкIа а лэжьыгъэм, бжьэ зехуэным хуэдэу, и пщIэр зэманым къызэриIэтыжынум. А Iуэхум хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа къэхутакIуэ-селекционер Уэлджыр Мушэхьид Кушбий и къуэм и щIыхьри тхыдэм къызэрыхэнэнур хьэкъщ.
- Нобэ зи махуэшхуэр зыхуагъэлъапIэ Уэлджыр Мушэхьид Кушбий и къуэм дохъуэхъу узыншагъэ быдэ иIэу, и анэр къыщхьэщыту, и бынхэм, абыхэм къащIэхъуэ щIэблэм я насыпым и лъэр нэхъри щIигъэкIыу куэдрэ дунейм тетыну. Си фIэщ мэхъу: Уэлджырхэ я унагъуэм пэжыгъэр, цIыхугъэр щапхъэу щыщытынщ, ехъулIэныгъэ псоми я лъабжьэу.
- БЕЦIЫКIУ Хьэзешэ.