«УнафэщIхэр я лэжьыгъэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэм куэд елъытащ»
2013-10-08
- Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и зэIущIэм зэрыхэтам щытепсэлъыхьыжым апхуэдэу жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен. Абы гулъытэшхуэ щыхуащIащ бюджет ахъшэр нэхъ тэмэму къэгъэсэбэпынымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм.
- «Къэрал Советым и зэIущIэм Президентым къыщыхилъхьащ къэрал заказхэр гъэзэщIэным и лъэныкъуэкIэ ахъшэр зэгъэзэхуауэ къэгъэсэбэпыным пыщIа Iуэхухэр. Абы и лъэныкъуэкIэ къэхъу гугъуехьхэм я нэхъыбэр къызыхэкIыр щIыпIэхэм тэмэму щылэжьэн IэщIагъэлIхэр зэрыщымащIэрщ. ЩIыналъэм и унафэщIу сызэрыщытым къыхэкIыу сэ къызолъытэ а Iуэхум гулъытэ хэха хуэщIын хуейуэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дежкIэ Iуэху нэхъыщхьэхэм ящыщщ административнэ аппаратым и лэжьакIуэхэм я зэфIэкIыр къэIэтыныр. Законодательствэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыхалъхьэм къыдэкIуэу, къэрал къулыкъущIэхэм я щIэныгъэми хэгъэхъуэн хуейщ. Абы папщIэ щIыналъэхэр федеральнэ IуэхущIапIэхэм тэмэму ядэмылажьэу хъунукъым. ИкъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ бюджетым и дэтхэнэ IэнатIэми и ахъшэхэр къызэрагъэсэбэп щIыкIэр къызэрапщытэр егъэфIэкIуэным зэIущIэм гулъытэ зэрыщыхуащIам», — жиIащ Къанокъуэ Арсен.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я
- пресс-IуэхущIапIэ.