Илъэси 110-рэ зэрырикъур егъэлъапIэ
2013-07-24
- Аушыджэр къуажэм иджыблагъэ яхьащ Урысейм и Президентым и хъуэхъу тхыгъэр. Путин Владимир ехъуэхъуащ Шэрэдж районым и бзылъхугъэ нэхъыжь дыдэхэм ящыщ щхьэгъэпсо Зулихъан Къамбот и пхъум. 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м абы и ныбжьыр илъэси 110-рэ ирикъуащ.
-
- Зулихъан бынипщI, къуэрылъху-пхъурылъхухэу, абыхэм къалъхуахэу, къатехъукIыжахэу мы зэманым 108-рэ иIэщ.
- Абы къыщалъхуа махуэм ехъуэхъуну и унэ кIуащ район администрацэм и Iуэхухэр зезыхьэ Байсиев Хьэрун, егъэджэныгъэмкIэ къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Ефэнды Терезэ, Аушыджэр къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Урыс Аслъэн сымэ.
- ХьэщIэхэм Кремлым къикIа конвертыр, апхуэдэу район, къуажэ администрацэхэм къабгъэдэкIа фэеплъ тыгъэхэр зи ныбжь хэкIуэтам иратыжащ.
- КъахуэкIуа хьэщIэхэм фIыщIэ яхуищIри, Щхьэгъэпсо Зулихъан яхуиIуэтэжащ зауэм, зауэм и ужь лъэхъэнэм хуабжьу гугъу зэрехьар. «Куэдрэ упсэун папщIэ, — жиIащ абы, — сыт хуэдэ гугъуехьри къызэбнэкIы- фу, уебэкъуэфу ущытын хуейщ». И ныбжьыр илъэси 110-рэ хъуми, ар иджыри гурыхуэщ, гукъыдэж зиIэщ, гуапагъэ зыхэлъщ.
- ХЫДЗЭЛI Къарэ.