ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIэблэр зэкъуагъэувэ

2023-01-26

  • Налшык къалэ библиотекэ №10-м щекIуэкIащ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ папщIэ къызэрагъэпэща «Движение первых» урысей зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и япэ зэIущIэр. Абы щытепсэлъыхьащ республикэм гъэсэныгъэ, щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэм япэ къудамэхэр къыщызэIухыным. А лэжьыгъэр зэфIэкIын хуейщ щIышылэм и 27 — мазаем и 10 пIалъэм къриубыдэу. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ «Движение первых» зэгухьэныгъэм ди щIыналъэм щиIэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн.

  • — Нобэрей махуэр ди тхыдэм напэкIуэцI щхьэпэу хэувэну си гугъэщ. Урысейм и щIыналъэ псоми зэгухьэныгъэм и япэ къудамэхэр къыщызэIуах. Дэри абы дызэрыхэлэжьыхьыр ди гуапэщ. Сэбэп дыхъуну, щIэблэм гъуэгу едгъэлъагъуну дыхуейщ, дыхьэзырщ, — жиIащ абы зэIущIэр къыщызэIуихым.
  • КъБР-м и Жылагъуэ палатэм къыбгъэдэкIыу къэпсэлъащ Бажэ Дотий:
  • — Мы зэIущIэр пэжу мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Сыту жыпIэмэ, ар теухуащ щIэблэр фIым хуэунэтIыным, нэхъыщIэхэм гъуэгу етыным. Совет зэманым щыгъуэ фIыуэ тлъагъу къыхуеджэныгъэу диIащ «НэхъыфIу хъуар – сабийхэм!» жыхуэтIэр. Ноби а псалъэхэм я мыхьэнэр дгъэкIуэд хъунукъым. Нэхъыжьхэм Iущагъыу тщIэри, хабзэу къыддекIуэкIри, IуэхуфIу длэжьри сабийхэм я деж нэтхьэсын хуейщ. Нэхъыщхьэ дыдэу дэ нэхъыщIэхэм къагурыдгъэIуапхъэр сыт?! Я къарур фIым хуаунэтIыныр. Ди гупсысэ зэтхьэлIэу, дызэдэлажьэу щытмэ, ахэр лъэ быдэкIэ увынущ, гугъуехьхэр нэхъ тыншу къызэранэкIынущ, гъусэ зэраIэр, зэрамызакъуэр зыхащIэмэ.
  • Пэжщ, нобэ дигу иримыхьын гуэрхэр щадэтлъагъу щыIэщ щIалэгъуалэм. Ауэ ар зи щыуагъэжри дэращ — нэхъыжьхэращ, дэращ жэуап зыхьыр. Сыхуейт, егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ мащIэу зэзгъэпщэну. Егъэджэныгъэм тIэкIу укъэувыIэу, итIанэ пыпщэж щыхъу щыIэмэ, гъэсэныгъэм теухуауэ убэлэрыгъи утеплъэкъукIи хъуркъым. Гъэсэныгъэм ущытелэжьэн хуейщ унагъуэми, еджапIэми, уэрамми – дэни!
  • икъукIэ си гуапэщ мы Iуэху дахэм сызэрыхэтыр, си псалъэ зэрыхэслъхьэр. Иджырей зэманым ди щIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ я гупсысэм зегъэужьыным, я гъащIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ республикэм щекIуэкIхэм сыхэтыну си гуапэщ. Псалъэ дыгъэл къудейуэ щымыту, сигури си псэри зыхэслъэну сыхьэзыр Iуэху дахэщ къызэвгъэпэщар. Сэри сэбэп сыхъуну сыхьэзырщ, — жиIащ абы.
  • — ЩIалэгъуалэм я зэгухьэныгъэщIэхэр къызэгъэпэщыным къэралым мыхьэнэшхуэ иIэу къызэрилъытэм и щыхьэтщ мы Iуэхури. Ди щIалэгъуалэм заужьын папщIэ IуэхущIапIэхэр ухуэным, ахэр къызыхуэтыншэу зыхуей-зыхуэфIкIэ къызэгъэпэщыным гулъытэ хуещI. Ауэ ари нэхъыщхьэ дыдэу схужыIэнукъым. Нэхъыщхьэр — дэтхэнэ ныбжьыщIэми и гум гуапагъэр къыщыгъэушынымрэ и гупсысэр фIым хуэунэтIынымрэщ, я гукъэкIымрэ мурадхэмрэ зэрыхуэкIуэн Iэмал етынырщ
  • Абы папщIэ зыхедгъэщIэн хуейщ жытIэри длэжьри ди гум къызэрикIыр. Ар къыдэхъулIэнукъым, псэ хэдмылъхьэмэ. Ди щIэблэм ехъулIэныгъэ, хэлъэт яIэу, лъэныкъуэ куэдкIэ заужьауэ тлъагъуну дыщIохъуэпс. Ауэ абы лъабжьэ хуэхъур егъэджэныгъэ, щIэныгъэ къудейкъым. Гъэсэныгъэр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Мы Iуэхугъуэм лъэщу дыдэбэкъуэну си гугъэщ абы теухуауэ. Къалэн къудейуэ мы Iуэхум дыбгъэдэвмыгъэхьэ, нобэ дублэ Iуэхум жылэфI къедгъэщIыным ди къару псори хуэдвгъэунэтI. ФэрыщIагъэ щремыIэ – аращ жыхуэсIэр! Дызэлэжьын, дгъэкIуэтэн диIэщ! – жиIащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор.
  • КъБР-м щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт республикэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэм, ахэр мы зэгухьэныгъэм щIэгъэкъуэн зэрыхуэхъуфынум я гугъу ищIащ.
  • — Школхэмрэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт нэгъуэщI IуэхущIапIэхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ сабийхэмрэ зыхэт зэгухьэныгъэхэр къыщызэрагъэпэщыну гукъэкI зыщIахэр ипэжыпIэкIэ а Iуэхум зи псэ хуабагъи, зи гуащIи, зи зэмани хэзылъхьэну хьэзырхэрщ. Нобэ къызэIутх къудамэм дыкъыхуэкIуащ илъэс 30-кIэ. Ди зэманым къэралми республикэми хуабжьу гулъытэшхуэ щагъуэт щIалэгъуалэм. Дызэчэнджэщурэ мурадхэм дахуэкIуэмэ, ди къалэн нэхъыщхьэхэр къыдэхъулIэнущ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и щIалэгъуалэм нэгъабэ щахуэзам жиIат Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм щыщу метр зэбгъузэнатIэ мини 6,5-рэ хуэдиз щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм иритыну. Аращи, мы илъэсым къриубыдэу щIалэгъуалэм я унэ диIэну догугъэ. ЩIалэгъуалэ зэгухьэныгъэ бухуэным нэхъыщхьэу хэтыр абы пыщIа юридическэ Iуэхухэракъым, атIэ ар нэщIыса хъун папщIэ ныбжьыщIэ жан, зэчиифIэ, гурыхуэхэр езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ щызэхуэсын, абыхэм зы Iуэху дахэм щхьэж и гупсысэ щIэщыгъуэ хилъхьэфу щытын зэрыхуейрщ. Iэмал имыIэу проект щIэщыгъуэхэр къызэригъэпэщыфыни хуейщ. Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зэгухьэныгъэм хыхьащ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэ зэхуэмыдэхэм хэта, зи еплъыкIэхэр псыхьа ныбжьыщIэхэр. Си гугъэщ, зэман гуэр дэкIмэ, мы зэгухьэныгъэм хэтхэм я къарум къихьыну Iуэху дахэхэм дыхэплъэну Iэмал диIэну. Ди министерствэм къыбгъэдэкIыу сыхуейщ зэгухьэныгъэм зэфIэкI иIэну сехъуэхъуну! Мы зэгухьэныгъэм и сэбэп екIыну дыхуейщ республикэм щыпсэу дэтхэнэ ныбжьыщIэми сабийми.
  • Зэгухьэныгъэм и советым хэт Мыкъуэ ФатIимэ жиIащ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я «Движение первых» урысей зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и советым цIыху 11 зэрыхэтыр. Къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ къыщызэрагъэпэща къудамэхэм хэтыну егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэр ягъэбелджылащ. Зэгухьэныгъэм хэтыну зэрыхуеймкIэ тхыгъэ кърагъэхьащ Бахъсэн, Прохладнэ, Тэрч, Шэрэдж, Шэджэм, Лэскэн, Май, Аруан, Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэм, Налшык, Бахъсэн, Прохладнэ къалэхэм. Налшык къалэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэу 34-рэ зэгухьэныгъэм хыхьащ. Школхэм нэмыщI, абыхэм ящыщщ прогимназиеу 2, егъэджэныгъэ центру 2 волонтёр Iуэхум зегъэужьынымкIэ центрыр, сабий творчествэмкIэ «ДыгъафIэ унэ» центрыр, Кадет школ — интернат№2-р, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш колледжыр, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетыр, «Локомотив», «Дзюдо», «Грин-хилл» спорт клубхэр.
  • Зэгухьэныгъэм хэт ныбжьыщIэхэм къызэгъэпэщакIуэхэм фIыщIэ хуащIащ, я гуащIэ емыблэжыну, цIыхухэм сэбэп яхуэхъуну, республикэми къэралми и зыужьыныгъэм я зэфIэкI халъхьэну гукъыдэж зэраIэри къыхагъэщащ.
  • Шыпш Аслъэн къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ щIышылэм и 27-м зэгухьэныгъэм и япэ лэжьыгъэр Налшык и 33-нэ школым зэрыщекIуэкIынур, икIи щIалэгъуалэр екIуалIэмэ зэригуапэр жиIащ.
  • ГУГЪУЭТ Заремэ.