ХъуэпсапIэхэм я лъэмыж
2023-01-26
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм и зэIущIэ убгъуар Налшык къалэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы хэлэжьыхьащ АР-м, КъБР-м, КъШР-м, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Абхъазым, Сирием, Европэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэмрэ лIыкIуэхэмрэ. ЗэIущIэр махуитIкIэ зэхэтащ, Iуэхугъуэ куэдым щытепсэлъыхьащ, лэжьыгъэ нэхъыбэжи къызэщIиубыдащ.
- ЗэIущIэр къыщызэIуихым, ДАХ-м и Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий зэхуэсым кърихьэлIахэм хьэщIэхэр нэIуасэ яхуищIащ. Абыхэм яхэтащ АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ, УФ-м и Президентым и Администрацэм лъэпкъ политикэмкIэ и къулыкъущIапIэм и чэнджэщэгъу нэхъыщхьэ Баах Сергей, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и сенатор, ФедерацэмкIэ Советым Бюджетымрэ финанс хуэIухуэщIэхэмкIэ и къудамэм щыщ, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и гъэзэщIакIуэ къулыкъущIапIэм и лIыкIуэ Къэзанокъуэ Кърым, Адыгэ Республикэм и Парламентым — Хасэм лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хамэщI щыпсэу адыгэхэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и Iэтащхьэ Щхьэлахъуэ Аскэр сымэ.
- Апхуэдэу зэхуэсым и лэжьыгъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и депутатхэр, щIыналъэхэм щIыпIэ унафэр щызезыхьэ IуэхущIапIэхэм я Iэтащхьэ-хэр, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэр, дин, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, гъунэгъу щIыналъэхэм къикIа хьэщIэхэр.
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ДАХ-м и зэIущIэ убгъуам хэтхэм зэрызахуигъазэ псалъэм Къуэдзокъуэ Мухьэмэд зэхуэсым кърихьэлIахэм къахуеджащ. «Дыкъапщтэмэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм дэлэжьэным мыхьэнэшхуэ идот. НэгъуэщIу щытынкIэ Iэмал иIэкъым, лъэныкъуитIри дызытелажьэр зы Iуэхущ — адыгэ лъэпкъым и зыужьыныгъэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэщ. Дэ сыт щыгъуи дыхьэзырщ Урысейми Къэбэрдей-Балъкъэрми я лъэпкъыбэ жылагъуэм щыщ адыгэхэм яхуэгъэзауэ ДАХ-м къыхилъхьэ жэрдэмхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ дэтIыгъыну, дапщэщи щIэгъэкъуэн дыхуэхъуну. Пщэрылъ зыщищIыжа Iуэхугъуэхэм темыкIыу ерыщу зэрытелажьэм, абыхэм еш имыIэу яужь зэритым къыхэкIыу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и цIэр фIыкIэ Хэкум къищынэмыщIауэ, хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я дежкIи щыIуащ. А лэжьы-гъэр щIэмыужьыхэу ипэкIэ кIуэтэн папщIэ тхузэфIэкI къэдгъэнэнукъым. ДАХ-м и зэIущIэм лъэпкъым ифI зыхэлъ унафэхэр къыщахьыну, и зыужьыныгъэм гъуэгу дахэ езытын гупсысэ узыншэхэр къыщыхалъхьэну си гуапэщ», — щыжиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и фIэхъус псалъэм.
- Урысейм щыпсэу лъэпкъыбэм я зэхуаку илъ зэхущытыкIэхэр гъэбыдэным, дунейпсо зэгурыIуэр егъэфIэкIуэным, псэкупсэ-щэнхабзэ лъапIэныгъэхэр хъумэным гулъытэ хэха къэралым зэрахуищIыр къыхигъэщащ адэкIэ псалъэ зрата Баах Сергей. «Абы и лъэныкъуэкIэ къыпхуэмылъытэну инщ ДАХ-м илъэс Iэджэ щIауэ иригъэкIуэкI лэжьыгъэр. Дунейпсо мыхьэнэ зиIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм щIы хъурейм щикъухьа адыгэхэр зэшэлIэным, абыхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэхуаку илъ зэш зэпыщIэныгъэхэр нэхъ лъэщ щIыным зэрытелажьэм къищынэмыщIауэ, лъэпкъ зэныкъуэкъурэ дин зэгурымыIуэрэ къызэрымыхъуным, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэр гъунэгъу зэхуэщIыным и гуащIэ къызэрихькIэ толажьэ. Лъэпкъым дежкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэр зэблихкIэрэ, ДАХ-м зыщигъэгъупщэркъым щылажьэ къэралышхуэм и щхьэпэ зыхэлъхэри — Урысейм и хуитыныгъэхэм я къащхьэщыжакIуэу къоув, ар зэкъуэзычыну хэтхэм япэщIэтщ. ДАХ-м и Iуэху щIэкIэр щапхъэ зытрих хъуну лъэпкъ гупсысэкIэм къыхокI. А дуней лъагъукIэм и зы щыхьэтщ лъэпкъым щыщ щIалэхэр нобэ къэралым и гъунапкъэхэр IэщэкIэ яхъумэу зауэ IэнатIэм зэрыIутыр», — щыжиIащ УФ-м и Президентым и Администрацэм и УнафэщI Магомедов Магомедсэлам и Iэпэ зыщIэлъ фIэхъус псалъэм.
- АР-м и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат ДАХ-м зэрызахуигъазэ псалъэм къеджар Щхьэлахъуэ Аскэрщ. Тхыгъэм къызэрыхэщамкIэ, адыгэхэр щыпсэу щIыналъэхэм я зыужьыныгъэр абыхэм я дуней зыхэщIэм зыкъомкIэ елъытащ. «Дунейпсо Адыгэ Ха-сэм илъэс щэщI ипэкIэ пщэрылъ зыщищIыжауэ адыгэхэм я щыIэныгъэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр зэщIа зэрыхъуным толажьэ. Гуращэ дахэрэ теубыдагъэкIэ узыхуежьэ сыт хуэдэ жэрдэмри нэсу къызэгъэпэща хъунущ. ДАХ-м иригъэкIуэкI лэжьыгъэр абы и шэсыпIэщ, ар лъэпкъ хъуэпсапIэхэм я лъэмыжщ, адэжь лъахэм къихьэжыну къэхъуапсэ ди къуэш минхэм я гугъапIэщ. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэIущIэ убгъуам лъэпкъыр дяпэкIэ зэрыгъуэзэн унафэхэр къызэрыщащтэнум, IуэхугъуэщIэхэм къежьапIэ яхуэхъун гъуазэхэр зэрыщагъэнэхуэнум шэч къытесхьэркъым. Адыгэ дунейм и акъыл зэхэдзэкIэ къэхъуа ДАХ-р фефIэкIуэну си гуапэщ», — щыжыIащ КъумпIыл Мурат и псалъэм.
- КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид ДАХ-м и зэIущIэм хэтхэм зэрызахуигъазэ псалъэм къеджар Къэзанокъуэ Кърымщ. «ДАХ-р зи лэжьыгъэфIхэмкIэ дуней псом къыщацIыхуа жылагъуэ зэ-гухьэныгъэщ. Къэралыбэм щыпсэу зы лъэпкъым и пащхьэ къиувэ Iуэхугъуэхэр зыхуей хуэбгъэзэныр къызэрымыкIуэу гугъущ: езы жылэм и гупсысэр зым тешэнри, гъунэгъу лъэпкъхэр арэзы къэщIынри, дунейм къыщекIуэкI щытыкIэм зегъэкIунри къалэн хьэлъэщ. Ауэ, блэкIа илъэсхэм къызэрагъэлъэгъуащи, ДАХ-р и пщэрылъ-хэм мыбзаджэу йохъулIэ, и мурадхэри хъарзынэу къыдохъу. Лъэпкъ къэс езым и гукъеуэ-хъуэпсапIэхэр иIэщ. ЗэрытхузэфIэкIкIэ ди Iэ къызыпекIуэкI къэдмыгъанэу а гуращэхэр дэри зэрыдгъэзэщIэнум, ДАХ-р зыIууэ гугъуехьхэр зэрыдэдгъэмэщIэнум иужь дитынщ. Дунейм щикъухьа адыгэхэм я Хасэм и Iуэхухэр ефIэкIуэну, къапэщылъ лэжьыгъэр купщIафIэу кърахьэлIэну си гуапэщ», — щыжеIэ тхыгъэм.
- Апхуэдэу ДАХ-м и зэIущIэ убгъуам видеофIэхъускIэ зыкъыхуагъэзащ Иорданием и Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Дыгъужьокъуэ Мухьэмэд-Хьэмид, Израилым щыIэ Кфар-Камэ къуажэм щыIэ «Адыгэ Зэгухьэныгъэ» центрым и унафэщI Тхьэухъуэ Зухьейр, Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу муслъымэнхэм я ЗэзыгъэуIу Хасэм и тхьэмадэ, муфтий Бердиев Исмэхьил, щихънагъ Феофилакт сымэ.
- ДАХ-м и зэIущIэ убгъуам курых хуэхъуащ абы и Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий и къэпсэлъэныгъэр. Абы зэхуэсым кърихьэлIахэр щигъэгъуэзащ иужьрей илъэсхэм ДАХ-м иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм. Тхыдэм щыщ Iуэхугъуэхэм я деж къыщригъажьэри, ДАХ-м и Тхьэмадэр тепсэлъыхьащ жылагъуэ зэгухьэныгъэм адыгэм и лъэпкъыщхьэр къызэтенэным хуэунэтIауэ лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIихым, егъэджэныгъэ, узэщIыныгъэ, информацие унэтIыныгъэ зиIэ пэхуэщIэ гъэщIэгъуэнхэр утыку къызэрырилъхьэм, дунейпсо лъэпкъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным и гуащIэ зэрырихьэлIэм. Сэхъурокъуэ Хьэутий зэрыжиIамкIэ, Хасэр сыт хуэдэ лэжьыгъэм иужь имыхьами, зыхуигъэувыжа къалэн нэхъыщхьэхэр щыгъупщакъым. Ар хущIокъу анэдэлъхубзэр, лъэпкъ хабзэхэр, щэнхабзэхэр хъумэным икIи егъэфIэкIуэным, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм адыгэбзэр зэрыщрагъэдж Iэмалхэм я фIагъыр къэIэтыным, хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми адыгэбзэр зэрырагъащIэ методикэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр къызэгъэпэщыным епха Iуэхугъуэхэм.
- АдэкIэ Сэхъурокъуэ Хьэутий и гугъу ищIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм лэжьыгъэшхуэ зэрадригъэкIуэкIым. Тхьэмадэм зэрыжиIамкIэ, ари унэтIыныгъитIкIэ къызэгъэпэщащ: зыр — хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ хэкурысхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр быдэ щIыным, нэхъри щIэгъэхуэбжьэным теухуащ; етIуанэр — Хэкум къэIэпхъуэжахэр лъахэм щекIуэкI гъащIэм хэзэгъэжыным, бзэр егъэщIэным хуэгъэпсащ. «Мы лэжьыгъэр сыт щыгъуи йокIуэкI, зэпыуи къыхэкIыркъым. Дызэрыщыгъуазэм-кIэ, мы зэманым ирихьэлIэу хамэ къэрал къикIыжу зи хэку зэзыгъэгъуэтыжа ди лъэпкъэгъухэм я бжыгъэр цIыху 5000-м ноблагъэ. Лэжьыгъэшхуэ ядыдогъэкIуэкI Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм. Мы далэм ирихьэлIэу Хэкум къихьэжащ цIыху 3000-м щIигъу. Сирием къикIыжахэм я нэхъыбэр абы 2011 гъэ лъандэрэ щекIуэкI зауэм я щхьэр къыхэзыхахэрщ. АР-ми, КъБР-ми, КъШР-ми я къулыкъущIэхэми, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэми, хьэрычэтыщIэхэми Хэкум къихьэжахэм зэрахузэфIэкIкIэ зыщIагъакъуэ. Апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм щхьэкIэ къуажэхэмрэ къалэхэмрэ унэ лъапси 120-рэ щыхузэрагъэпэщащ.
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм граждан жылагъуэм зегъэужьынымкIэ, жылагъуэ икIи дин зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэнымкIэ и къудамэм 2019 гъэм мазаем и 19-м иригъэкIуэкIа зэхуэсым къыщыхалъхьэри, Тыркум къикIыжу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжа ди лъэпкъэгъухэм я хуитыныгъэхэр къызэпызыуд къэрал къулыкъущIапIэхэм хуэгъэза тхьэусыхафэм щыхэплъащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм и Советыр зыхэплъа мы Iуэхур узыблэIэбыкI мыхъунухэм ящыщу икIи къэзыгъэзэжахэм я Iуэхум жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ къэрал IэнатIэхэмрэ зэгъусэу хэплъэныр икIи зэфIэхыныр игъуэу къилъытащ. Къэзыгъэзэжахэр хэку гъащIэм нэхъ щIэх хэсыхьыжыным хуэунэтIауэ ди хэгъэгухэм зэIущIэхэр, Iэнэ хъурейхэр щызэхашэ. А зэхуэсхэм кърохьэлIэ цIыхур лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыным, щIэныгъэ егъэгъуэтыным, Iэпхъуэшэпхъуэным пыщIа къулыкъущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Къэралым щызекIуэ мардэхэм къызэритIэс хуэдизкIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зымыгъуэт щыIэкъым.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэр Хэкум къихьэжахэм я тхылъымпIэхэр зыхуей хуэгъэзэным пыщIа Iуэхухэми хэтщ. ПIалъэкIэ щыпсэуну е къэралым щыIэну хуит зыщI тхылъхэм щхьэкIэ цIыхур зыхуеину дэфтэрхэр зэхуэхьэсыным, лъэIухэр урысыбзэкIэ зэхэгъэувэным теухуауэ ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм лъэкI къагъанэркъым. Сирием къикIыжа ди лъэпкъэгъухэм папщIэ адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ щрагъэджыну курсхэр 2018 гъэ лъандэрэ къызэрагъэпэщ. Я нэхъ мащIэу зы курс зэхыхьэгъуэм цIыху 50 — 60 хуэдиз къызэрызэщIиубыдэр къыхэгъэщын хуейщ», — жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- Хасэм ди лъэпкъэгъухэм я сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ ядэлэжьэным гулъытэ хэха хуэщIыныр пщэрылъ зыщищIыжа Iуэхугъуэхэм зэращыщри къыхигъэщащ Сэхъурокъуэм. «А лэжьыгъэм щыщу и гугъу кIэщI дыдэу сщIынут Iуэхугъуэ зытIум. Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщагъэпсэху икIи узыншагъэр щызэфIагъэувэж и IуэхущIапIэхэмрэ санаторэхэмрэ Иорданием, Тыркум, Сирием, Израилым, Осетие Ищхъэрэмрэ Ставрополь щIыналъэмрэ щыщу сабии 100-м нэблагъэ щыIащ. Илъэс къэс къызэдгъэпэщ щэнхабзэ-узэщIакIуэ лагерым къыдогъэблагъэ Сирием къикIыжауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ мэздэгу адыгэхэмрэ я щIалэгъуалэр. Лагерым и программэм Iэмалыншэу хэтщ адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ теухуа курс гъэпсынщIахэр, Адыгэ Хабзэм, лъэпкъ щэнхабзэм теухуа дерсхэр. НыбжьыщIэхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуу адыгэ къэфэкIэм, дыщэидэм, пхъэм сурэт къыхэIущIыкIыным, арджэн щIыкIэм ехьэлIауэ къызэдгъэпэща мастер-классхэм хэтщ.
- КъищынэмыщIауэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэр Тыркум, Иорданием, Сирием щыIэ Адыгэ Хасэхэм ядолажьэ Хэкум щыIэ университетхэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэтыным адыгэ щIалэгъуалэр тегъэгушхуэнымкIэ. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым еджэныгъэ визэхэмкIэ мы зэманым цIыху 73-м щIэныгъэ щызрагъэгъуэт, цIыхуиплIыр КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым щоджэ. Студент хъуахэм псоми стипендие къахь, пщIэ щIамыту общежит унэхэм щIэсщ», — жиIащ ДАХ-м и Тхьэмадэм.
- Къэпсэлъэныгъэм къызэрыхэщамкIэ, Хэкум щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ IэщIагъэрэ щызэзыгъэгъуэта ныбжьыщIэхэр дунейм дезыпх лъэмыж мэхъу. Абыхэм я фIыгъэкIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум, Европэм, Азием, Америкэм щэнхабзэ, щIэныгъэ, экономикэ, политикэ я лъэныкъуэкIэ яхудиIэ пыщIэныгъэхэм заужь.
- Сэхъурокъуэ Хьэутий апхуэдэу щхьэхуэу тепсэлъыхьащ лъэпкъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэныр, абыхэм я зэхуаку илъ зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэмрэ гъэбыдэныр, бзэ, дин, лъэпкъ зэныкъуэкъурэ зэжьэхэуэрэ къэмыгъэхъуныр ДАХ-м и къалэнхэм зэрыхыхьэр, абы къыхэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрми, абы и щIыбкIи щыIэ лъэпкъ центрхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм зэрадэлажьэр.
- Тхьэмадэм жиIам пэджэжу къэпсэлъащ цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ, ДАХ-м и вице-президент Щоджэн Iэминат, КъБР-м гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и щIэныгъэ секретарь Щхьэгъэпсо Сэфарбий, КъШР-м гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь Къанкъуэщ Арсен, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, нэгъуэщIхэри.
- КъызэщIэзыкъуэж и псалъэм ДАХ-м и Тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къызэрыхигъэщамкIэ, дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэ мыхъумыщIэхэм япэуву УФ-м и Президент Путин Владимир къыхилъхьа дзэ операцэ хэхам и телъхьэу зэрыщытыр къагъэлъэгъуэн щхьэкIэщ зэIущIэ убгъуар къыщIызэрагъэпэщар. «МащIэми куэдми ди къэралым зы цIыху щыпсэу-уэ къыщIэкIынукъым дзэ операцэ хэхар зыжьэхэмыуа. Абы къыхэкIыу дэри лъэныкъуэкIэ дыкъыщынэ зэрымыхъунур, ди Iуэху еплъыкIэр къыжытIэн зэрыхуейр гурыIуэгъуэщ. ЩыIэ щытыкIэр къэлъытауэ цIыхубэм захуэдгъэзэну дыхуейт мы лъэхъэнэ бзаджэм ди зэхуаку хьэлэ къыдэзыукIэну хэтхэм зыкъедмыгъэгъэпцIэну, дызэкъуэувэну, къэралыр зыIуува IэнатIэм зылI и быну деувэлIэну. Ди джэпсалъэр хэкурысхэми хамэщI щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми ялъэдгъэIэсыну ди гугъэщ. Апхуэдэуи дыщогугъ ди гуащIэ къихь мащIэмкIэ зэуапIэм ит ди щIалэхэм защIэдгъакъуэу», — жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- Тхьэмадэм и псалъэм къызэрыхэщамкIэ, ДАХ-м хыхьэ адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр нэхъапэкIэ зэхуэсри дунейм къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ яIэ еплъыкIэхэмкIэ зэпсэлъэгъат. «УФ-м и Президентым къищта унафэм псори дриакъылэгъущ, дрителъхьэщ. Хэкур хъумэным, ар бэлыхь щыхэхуэкIэ къыщхьэщыжын зэрыхуейр псоми къыщыдгу-рыIуэкIэ, дызэкъуэтыныр дэтхэнэм дежкIи хьэкъыу щытын хуейуэ къыдолъытэ. Дыщыпсэу хэгъэгум ифI къэзымылъыхъуэ бийр ди щхьэри фIы хуэзэну хуейкъым, аращи ди хъугъуэфIыгъуэхэр дгъэбагъуэу, ди лъахэм и хъумакIуэ дывгъэхъу, бийр ди гущIыIу къидвмыгъэгъэхьэ», — къыхигъэщащ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
- Апхуэдэу зэIущIэм хэтахэм резолюцэм и проектри зэдэарэзыуэ къащтащ. Утыкум къыщыIуа гупсысэхэм елъытауэ зэхагъэува тхыгъэм хэлэжьыхьыжыну, щIыгъужыпхъэхэр халъхьэжыну редакцэ комиссэм и пщэ иралъхьащ.
- ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.