ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

IэнатIэ щагъуэт

2023-01-26

  • «ВоенТекстильПром» IуэхущIапIэм и къудамэ Бахъсэн щыIэ бизнес-инкубаторым къыщызэIуахащ. Абы инвестицэ ахъшэу халъхьащ сом мелуан 60. IуэхущIапIэм цIыху 250-м IэнатIэ щагъуэтынущ, иджы щыщIэдзауэ Бахъсэнрэ Бахъсэн щIыналъэм и къуажэхэмрэ щыщу цIыхуи 123-рэ щолажьэ.

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зригъэлъэгъуащ щIэуэ къызэIуаха IуэхущIапIэр икIи епсэлъащ абы и унафэщIхэмрэ щылажьэхэмрэ. Абы зэрыжиIамкIэ, цIыхухэм IэнатIэ щагъуэтыну апхуэдэ IуэхущIапIэхэр къызэIухыным мыхьэнэшхуэ иIэщ, лэжьапIэншэхэм я бжыгъэр егъэмащIэ, цIыхухэм я хэхъуэр нэхъыбэ ещIри. «Ди къалэныр хьэрычэт Iуэхум къэрал дэIэпыкъуныгъэ игъуэтынырщ, хьэпшып къыщIэзыгъэкIхэм къахэгъэхъуэнымрэ лэжьапIэ IэнатIэхэр нэхъыбэу къызэгъэпэщынымрэщ. Мы зэманымкIэ нэхъыщхьэр «ВоенТекстильПром»-м иригъэкIуэкI Iуэхурщ — хамэ къэралхэм кърашу щытахэр ди деж щад, дзэлIхэм зауэ фащэхэр яхуед», — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
  • IуэхущIапIэм и унафэщI Атэлыкъ Аслъэн республикэ Iэтащхьэм фIыщIэ хуищIащ инвестицэ проектыр зэрадиIыгъам папщIэ икIи дяпэкIэ нэхъри зэрызрагъэужьынур жиIащ. Абы щадынущ армэм щыIэхэм, полицэм хэтхэм, къегъэлакIуэхэм я фэилъхьэгъуэхэр. IуэхущIапIэр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщащ, бжыгъэр зи лъабжьэ программэкIэ зэрагъакIуэу.
  • «ВоенТекстильПром»-м и къудамэ нэхъыщхьэр Налшык къалэ нэхъ пасэу къыщызэIуаха, цIыху 500 щылажьэ «Авангард» дэрбзэр фабрикэращ. Абы щыдэ пэшхэм нэмыщIи, дэным, бзэным щыхуагъасэхэр иIэщ. Бахъсэн IуэхущIапIэми апхуэдэ Iэмалхэр къыщызэрагъэпэщынущ.
  • «ВоенТекстильПром»-м щылажьэхэм гулъытэ хэха яхуищIынущ. Ахэр пщIэншэу ягъашхэ, узыншагъэм щыкIэлъыплъ пэш иIэщ, лэжьакIуэхэр маршруткэкIэ кърашалIэ, зыгъэпсэхугъуэ пIалъэхэр, адрей хуэIухуэщIэ псори къыхузэрагъэпэщ. Компанием защIегъакъуэ ХьэтIохъущыкъуейрэ Бабугентрэ дэт кадет школхэм, дзэ къулыкъум ираджа щIалэхэм.