2022-08-06
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэгъэхуэбжьауэ щаухуэ, сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей щыхуагъазэ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэ 70-м нэблагъэ.
- «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ гъуазджэхэмкIэ школхэр, библиотекэхэр, щэнхабзэмкIэ унэхэр, музейхэр, театрхэр къагъэщIэрэщIэж, IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщ.
- Псалъэм папщIэ, нэгъабэ къагъэщIэрэщIэжащ Балъкъэр театрыр, Театр щхъуантIэр, Гуащэ театрыр, Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэр, «Спартак» стадионыр, Прохладнэ къалэм дэт Щэнхабзэ уардэунэр. Дзэлыкъуэдэс къуажэ ЩэнхабзэмкIэ унэщIэ щаухуащ, Джэрмэншык, Балъкъэр Ипщэ, Дальнэ къуажэхэм щэнхабзэмкIэ я унэхэр къагъэщIэрэщIэжащ. Къып Мухьэмэд и цIэр зэрихьэу Къулъкъужын Ищхъэрэм гъуазджэхэмкIэ сабийхэм я еджапIэр, Дзэлыкъуэ щIыналъэм и музыкэ школымрэ Хьэтуей къуажэм дэт библиотекэмрэ зэрагъэпэщыжащ.
- «Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ заужьыну, я мурадхэр зрагъэхъулIэну, зрагъэужьыну Iэмал нэхъыбэ яIэ хъуащ. Нэхъыщхьэращи, ди щIыналъэм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ бейр, хабзэ дахэхэр хъума, егъэфIэкIуа хъунымкIэ а IуэхущIапэхэм я мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ», — жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъу илъэсым щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэ куэд къагъэщIэрэщIэжынущ. Абы ирихьэлIэу, НыбжьыщIэ театрым елэжьыжыныр яухынущ. IуэхущIапIэм и унащхьэр яхъуэжащ, кIапсэрэ бжьамийуэ екIуалIэр зэрахъуэкIащ. Зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэхэр абы нэхъ тыншу екIуэлIэн папщIэ, лифтрэ дэкIуеипIэ щхьэхуэрэ хуащIащ. Театр гупэм тращIыхьа теплъэгъуэр куэдым къызэрацIыхужынуми шэч хэлъкъым.
- Щэнхабзэ зыужьыныгъэм и IуэхущIапIэу Налшык щаухуэм гъуазджэ зэмылIэужьыгъуэхэм теухуауэ гуэшауэ класс щхьэхуэхэр иIэнущ. Зэхыхьэ гуапэхэр щрагъэкIуэкIыну пэш ин, къафэхэмрэ гимнастикэмрэ щыхуагъасэ пэш, шхапIэ, щыгъын хъумапIэхэр иIэнущ абы.
- Гулъытэ щхьэхуэ хуащIынущ щэнхабзэмкIэ унэхэм. Дыгулыбгъуей, Ташлы-Тала, Къамлыкъуэ, Жэмтхьэлэ къуажэхэм, Тэрч, Май къалэхэм дэтхэр мы мазэм зехьэн яухыну я мурадщ. Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэри зэрагъэпэщыжахэм ящыщщи, фокIадэ мазэм лэжьэн щIидзэжынущ. Зыхуей хуагъэзауэ я бжэхэр къызэIуахыж Александровскэ жылэм, Аруан къуажэм щэнхабзэмкIэ я IуэхущIапIэхэр. Уэзрэдж къуажэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм къызыхуэт щымыIэу зехьэн щаухынур гъэ къакIуэщ.
- Иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщащ Дзэлыкъуэ, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэм я музейхэр.
- Налшык и музыкэ школ №2-мрэ Анзорей дэт гъуазджэхэмкIэ школымрэ зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрагъэпэщыжауэ мы гъэм и дыгъэгъазэм лэжьэн щIадзэжынущ. Прохладнэ къалэм гъуазджэхэмкIэ сабийхэм я еджапIэр 2023 гъэм и кIэхэм зехьэн яухыну я мурадщ.
- Налшык дэт Литературэ музеймрэ Кулиев Къасын и цIэр зэрихьэу Шэджэм щIыналъэм щыIэ пасэрей унэмрэ къагъэщIэрэщIэжауэ фрагъэблагъэ.
- ЗэхъуэкIыныгъэхэр библиотекэхэми ялъэIэсащ. Япэрей тхылъ хъумапIэхэм къащхьэщыкIыу, иджырейхэм я тхылъхэм щыщ куэд Интернетым къыщыбгъуэтыфу ящIащ, тхылъхэм щIэ куэд къыхагъэхъуащ, езы библиотекэхэр иджырей зэманым къигъэув мардэхэм тету зэрахьащ. Налшык къалэм дэт библиотекэхэм ящыщу тIур шыщхьэуIу мазэм и кIэхэм къызэIуахыжынущ.
- «Щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр — творческэ цIыхухэр зэзышалIэ, къыдэкIуэтей щIэблэм гъэсэныгъэ щрагъэгъуэт, къалэдэсхэмрэ къуажэдэсхэмрэ я дежкIэ мыхьэнэ зиIэ дауэдапщэхэр, зэIущIэ щхьэпэхэр щрагъэкIуэкI IэнатIэщ. Абы куэд мыщIэу щекIуэкIынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэм и илъэсищэр зэрагъэлъапIэ Iуэхухэр», — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.