ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мурадхэри, плъапIэхэри, хъуэпсапIэхэри

2022-08-06

  • КъБР-р мы гъэм илъэси 100 зэрырикъур КIуэкIуэ Казбек цIыхубэм ягу къигъэкIыжащ.

  • — Куэд дэмыкIыу дэ дгъэлъэпIэнущ Къэбэрдей-Балъкъэрыр илэси 100 зэрырикъур, — иритхащ КIуэкIуэ Казбек и телеграм напэкIуэцIым. — Илъэсищэр зэрыдгъэлъапIэр зи ныбжь ирикъуа къэралыгъуэу дызэрыщытым, щIыналъэм ис цIыхубэр зэрызэкъуэтым я нэщэнэщ. Политикэм, экономикэм, щэнхабзэм, цIыхубэ гъащIэм щызэфIэува Iуэху нэгъэса куэдым я Iэужьщ ар.
  • «Къэбэрдей-Балъкъэрым зиужьыху цIыхубэр я къару емыблэжу зэрылэжьам и щыхьэтщ ар. Дэри ди ужь къиувэнухэми тлъэкI къэдгъанэ хъунукъым ди республикэр нэхъри ефIэкIуэн папщIэ. Шэч къытесхьэркъым а къалэныр пщIэ пылъу зэрытхуэгъэзэщIэнум», — жиIащ щIыналъэм и УнафэщIым.
  • Республикэм зиужьын папщIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэхын зэрыхуейм тепсэлъыхькIэрэ, КъБР-м и къэрал лэжьакIуэ щэджащэу щыта Мэлбахъуэ Тимборэ и псалъэхэр игу къигъэкIыжащ: «ЦIыхур, зы лъэныкъуэкIэ, псэуну илъэси 100 къыхуэнэжам хуэдэу, адрей лъэныкъуэкIэ, иужьрей махуэ къигъащIэм хуэдэу лэжьэн хуейщ. Абы сыт къикIыр жыпIэмэ, мыхьэнэ куу яIэщ а псалъэхэм. «Лэжьэн» жиIэмэ, Iуэхур жыжьэ умыгъэIэпхъуэу, пщэдей сщIэнщ жыпIэу Iэпэдэгъэлэл умыщIу, щIыхуэ зытумыгъахуэу улэжьэнырщ къикIыр, ауэ щыхъукIэ мурадхэри, плъапIэхэри, хъуэпсапIэхэри уиIэн хуейщ, зэман гъунэгъури жыжьэри зэбгъэзахуэу».