Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэр зэрекIуэкIынур
2022-05-20
- Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 158-рэ зэрырикъум теухуа зэIущIэхэр егъэкIуэкIыныр зи пщэ дэлъ КъызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэр иджыблагъэ зэхуэсащ.
- КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд и деж щызэхуэса къулыкъущIэхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ тепсэлъыхьащ накъыгъэм и 20 – 21-хэм Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм епха Iуэхугъуэхэр Налшык къалэ зэрыщекIуэкIынумрэ щIыналъэхэм къызэрыщызэрагъэпэщынумрэ. Ар зэрекIуэкIыну щIыкIэр дунейм щыщыIэ щытыкIэ гугъур къэлъытауэ яубзыхуащ КъызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэм. Абы щыгъуазэ фыхудощI:
- Накъыгъэм и 20-м сыхьэт 18-м Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ Псэ жыгым деж «Си Хэку, си уэрэд» фIэщыгъэр зиIэ, адыгэ уэрэдыжьхэм я пшыхь щекIуэкIынущ.
- Сыхьэт 20-м абдеж шэху уэздыгъэхэр щыщIагъэнэнущ, жьэрымэ щагъэунущ.
- Накъыгъэм и 21-м сыхьэт 11-рэ дакъикъэ 30-м пэкIум щIидзэнущ. ЦIыхухэр щызэхуэсынур Псэ жыгым дежщ.
- Сыхьэт 12-м дунейм адыгэу тетыр зы дакъикъэкIэ щыгъуэнущ.
- Сыхьэт 12-рэ дакъикъи 10-м фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэнущ.
- Сыхьэт 13-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Лъэпкъ музейм адыгэ дунейм и теплъэгъуэхэр, лъэпкъым и блэкIа гъащIэм щыщ Iуэхугъуэхэр ди нэгу къыщIэзыгъэувэж Ачмыжь ФатIимэ и сурэт гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахынущ. «БлэкIам и ныбжьхэр» – аращ зэреджэр илъэсищэкIэ екIуэкIа зауэм зи хэкурэ зи лъэпкъхэм я щхьэхуитыныгъэрэ щIэзэууэ хэкIуэда ди адэжьхэм я фэеплъу ФатIимэ утыку кърихьэ гъэлъэгъуэныгъэм.
- А махуэ дыдэм Лъэпкъ музейм и гъэтIылъыгъэхэм щыщ пасэрей адыгэ Iэмэпсымэхэм я гъэлъэгъуэныгъи щыIэнущ.
- Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ пшыхьхэр къыщызэрагъэпэщынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэми. Апхуэдэу мы махуэ зэкIэлъыкIуэхэм щIэныгъэ щыз- рагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм псоми зэIущIэхэр, «Iэнэ хъурейхэр», дерс зэIухахэр щызэхашэнущ. Зауэр зэрыувыIэрэ илъэси 158-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу еджапIэхэм тхыдэтххэр, къэхутакIуэхэр, хамэщI къикIыжу зи адэжь лъахэм къекIуэлIэжахэр ирагъэблэгъэнущ, зэпсэлъэныгъэхэр щекIуэкIынущ.
- Щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу щIыналъэхэм щекIуэкIыну Iуэхугъуэхэм ящыщу я гугъу щIыпхъэщ Къулъкъужын Ищхъэрэ (Къуэнхьэблэ) къуажэм гъуазджэм щыхуагъасэу дэт еджапIэм, Къып Мухьэмэд и цIэр зезыхьэм лъэпкъ IэщIагъэхэмкIэ гъэлъэгъуэныгъэ къызэрыщызэрагъэпэщынур, Анзорей къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм адыгэ уэрэдыжьхэм я пшыхь зэрыщрагъэкIуэкIынур.
- Накъыгъэм и 21-м къыдэкIынущ Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм теухуа тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Адыгэ псалъэ» (Налшык), «Адыгэ макъ» (Мейкъуапэ), «Черкес хэку» (Черкесск) газетхэм я номер зэхэтхэр.
- ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.