Iуэрыуатэ — дыщэ пхъуантэ
2022-05-20
- Уэркъ щауэфIу къэзэуат пашэ
- Ажэгъуей Аслъэнбэч щIалэ лъэрызехьэ гуэрт. Езыр гуащIэрыпсэухэм ящыщт. ШынагъэкIэ къэзыгъэзэну лIытэкъым. Аслъэнбэч фыз къишэну мурад ищIауэ, лъыхъуэурэ, зы щIыпIэ пщащэ дэгъуэ гуэр къыщигъуэтащ. Пщащэм хуабжьу егуэкIуащ. Ауэ лъэпкъкIэ яхуэдэтэкъыми, къратын ядакъым. Ар мо щIалэ пхъашэм игу темыхуэу шу тIощI зыщIигъури, а пщащэм лъыхъуну кIуащ, кърамытмэ къихьыну и мураду. Зэман зыкъомкIэ щыIэхэри, зэримыкIуэтынур къагурыIуэри, пщащэр къратри и нэчыхь ятхащ. Аслъэнбэчи и шу гупыр къишэжри къэкIуэжащ. КъыздэкIуэжым, я къуажэм къэблэгъэжауэ, къаплъэри къуажэм дзэ къатеуэри хьэлэч ящIауэ, цIыхубз иралъэфэжьауэ зэрызехьэхэу ялъэгъуащ.
- — Алыхь-Алыхь, мы дэ дызыхэтхэр зыкIи сэбэпкъым, ди къуажэр хьэлэч хъуащ, фынакIуэ! Нобэ дызэрылIэн фIэкIа дыпсэуну дыхуейкъым,- жиIэри Аслъэнбэч илъащ, дзэм яхэлъэдэну, зэуэну.
- — Уэлэхьи, Аслъэнбэч, дэ абы дыкIуэкIэ тщIэжыфын щымыIэ, — жаIэри и гъусэ шухэм лъэныкъуэегъэз защIу IукIыну иужь ихьахэщ.
- — Уэлэхьи, сэ нобэм адэкIэ сыпсэуну сыхуэмеиж,- жиIэри Аслъэнбэч елъэдэкъауэри щIэпхъуащ. Мыдрей шу гупыр IукIри хыхьэжащ.
- Ауэ абыхэм ящыщу Аслъэнбэч нэхъ и ныбжьэгъуфIу зыгуэр къахэкIри иужь иуващ: «Уэлэхьи, Аслъэнбэч и лIэр сэри си лIэм, ар мыпсэужу сэ сызэрыпсэуным сыхуэмей!» — жиIэри. Зэрыжэм хуэдэурэ дзэм яхэлъадэри, зэуэн щIадзащ.
- Аслъэнбэч и шыпхъуу зы пщащэ дахэ гуэр щыIэт, ФэрдаускIэ еджэуи, ари дзэм ирахьэжьати, къатрихыжащ, зыхьри иукIащ. И шыпхъур кърихьэжьэжауэ къихьыжу, дзэр къезауэу хуежьэри, Аслъэнбэчи и ныбжьэгъу и гъусэри абдежым къыщаукIри, Фэрдауси дзэм яIэрыхьэжащ. Дзэри зэрыдэхыжащ. ЩIалитIым я хьэдэр щыщIалъхьэм, Аслъэнбэч и гъусам и анэр Аслъэнбэч и дыуэщIым яхыхьэри: «Аслъэнбэч и анэр гъыкIэ емыкIу фымыщI, абы и анэми нэгъуэщIми апхуэдэ къыхуэлъхужынукъым. Ауэ сэ си къуэм хуэдэ хэти къилъхуфынущи, сэ сыгъмэ емыкIущ»,- жиIащ. Абы къыхэкIыу Аслъэнбэч уэрэд хуаусащ.
- Ажэгъуейхэ я Фэрдаусыр
- ДаныскIуейм кIэсурэ щыдахым,
- «ДакIэлъоплъри, пщащэр долъагъу,
- Идогъэхьри жылэм ди хъуэнщ,
- Догъазэри ди напэр токI,
- ДаукIым ди бжэ хуэщIыжщ»,-
- ЖеIэри уэркъ щауэ щIалэт,
- Ар нэмысыфIэти, хогупсысыхь.
- «Ди ныбжькIэ зэ дылIэжынущ,
- ДаукIми, дыкъэзэуатщ,
- Тхьэм къытхуищIари тлъагъунщ»,-
- ЖеIэри щIалэ мэхъаджэм егъазэ.
- Дзэшхуэм хэуэныр еублэ,
- Дзэ фIыцIэжьыр къызэдыхуолъ,
- Дарий къэпталым лъыр ез,
- ХакIуэ щолэхъуурэ пщIэгъуалэм
- Лъы фIыцIэр къытребгъакIэщ,
- Данагъуэу си пащIэкIитIыр
- Фоч гъауэкIэ нащрегъанэ,
- Аслъэнбэчым и псэр щыщинэм,
- ДаныскIуейм пщащэр ныIуахщ.
- Данагъуэу си щхьэцышхуэмкIэ
- Тэрмэтасыр нызэщIызобгъэ,
- Сыбгъурысу жорым хуэлажьэм,
- Анэм къилъхур лажьэу къызитщ.
- Чэщейуэ си IэбжьанипщIым
- Лъы лъагъуэр кIуэцIрызогъэх,
- Инжыджыжьым дыщыдыхьэжым,
- ДаныскIуейхэм хьэкъур къызадз.
- Бырысыфэу си зэпырыдзыр
- Лъы нэпсым кIуэцIрезгъэхщ,
- Анэдолэу си дыщэ плIэпсыр
- Фоч бжыпэкIэ зыщызагъэх.
- Муслъымэну диным ирилажьэм
- Къыдалэжьыр щремыгъупщэ,
- Ди лъэпкъым яхуэмыфащэу
- Щэныншагъэр къыдалэжьащ.
- ЩхьэщIыб лажьэр къажьэхэуэну
- Си Тхьэу зи закъуэм солъэIур,
- Ди адэжьурэ дыкъэзылъхуахэм
- Фи тхьэлъэIур Тхьэм къыфхуищIэнщ.
- Лъы щIэжыпIэ фыщихуэ махуэм
- Къытхуихуахэр фщремыгъупщэ,
- Зи дунейр зыщыгъупщауэ си Аслъэнбэчым
- Илъ мыгъуэр хэт ищIэжын,
- Псэ закъуэти, и бжэр хуищIыжыпащ.
- Пщащэ мыгъуэурэ сом мин и уасэр
- Дыщ жьантIэ мыгъуэм дэгъухьыжакъэ,
- Уэркъ щауэфIу къэзэуат пашэр
- Ажэгъуейхэ фи Аслъэнбэчти епсыхыжащ.
- Ажэгъуейхэ фи Аслъэнбэч щIалэр
- Хьур хъыджэбзхэм нызэIэпах,
- Щет къабзэу хэкIуэдэжати,
- Жэнэт бжэIур хузэлъыIуах.
- Хьур хъыджэбзхэр и дэджэгуэгъуу
- Жэнэт псэупIэр Тхьэм зритар
- Ажэгъуейхэ фи Аслъэнбэчышхуэрщ.
- Зи пащIитIыр дыщэ зэрылэ
- Лъахъэдыгъум дзэшхуэр къыщежэм
- Хъыджэбз хьэдэр зи зэпэбаш,
- Мусэ кIэхуу Iуфэм къипшар
- Зэ уэгъуэм уанэгуущIщ.
- ДыщащIэу уи уанэгу щхьэнтэр
- Лъатэпсым къыкIэрогъапхэ,
- ЩIакIуэ фIыцIэ мыгъуэм кIуэцIыпхэжар, —
- Инэрокъуэм и къуэкIэ Бахътыджэрийщ.
- Бий фIыцIэжьмэ щезэуа махуэм
- Зы мэзыхьэти зыкърегъэшх,
- Къэбэрдейм фи пщыжь гъэшхар
- Iуащхьэ къуагъым нахукъуэмыкI.
- «ХьэтIохъущокъуэуэ лIы фIыцIэ фагъуэ,
- Гуащэнагъуэр зытегъуэгэн,
- Зыгъази, зы шэ нахэдзэ,
- Е зедзыхи, зы хьэдэ къащтэ,
- Напэтехыурэ умыкIуэжынумэ», — жиIащ.
- НахэкIыу фочыр зыгъауэм
- И IэщхьитIыр дыщэпскIэ евгъалэ,
- Зи пащIитIыр дыщэ зэрылэр, —
- Шурдым и къуэкIэ Пщымахуэ цIыкIущ.
- Уахэуэркъэ, маржэу хэуэр зи хабзэ,
- Уегугъуркъэ, маржэу губгъуэр зи унэ,
- Тхьэм и унэр зи нэрылъагъуу
- Жэнэт унэм щалъагъужын!
- Епсыхмэ, уой жи, КъурIэн гъэбзабзэщ,
- Шэсыж гущэмэ, джатэгъэбзиещ,
- Ар хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, —
- Шурдым и къуэкIэ Пщымахуэ цIыкIущ.
- Мэчэрурэ шы гъуабжэ кIэхур
- Iуащхьэ ныкъуэмэ щызогъэлъагъуэ,
- Фоч гъуэз, гущэм, хэмылъэгъуэжыр, —
- Шурдым и къуэкIэ Пщымахуэ цIыкIукъэ.
- Уи адэжь-анэжьурэ Шурдым даутрэ Умадэрэ
- Я ныбжьым пщIантIэ дэмыкIхэщ,
- Зэ дэкIыгъуэм, гущэ, напэр къэзыхьыр, —
- Шурдым и къуэкIэ Пщымахуэ цIыкIущ.
- УеплъынкIэрэ, уой, пащIэ сырыхущ,
- Хуэмыху псо гущэмэ фи щIэгъэкъуэнщ,
- А щауэр хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, —
- Шурдым и къуэкIэ Пщымахуэ цIыкIущ.
- УщIэлащэти, угубгъэныншэт,
- Ажалышэр зыхуэтэрэз,
- Уэ быдзышэурэ узрагъэфар
- Лъы бахъэ Iув мыгъуэу къыбжьэдагъэзыж.
- Къарэмырзэ Алий и хъыбарымрэ уэрэдымрэ
- Къэбэрдейр Урысейм къизэуа нэужь, щIыпIэм щагъэува хабзэм екIун ямыдэу, Ажджэрий и къуэ Кушыкупщрэ Къарэмырзэ Алийрэ, я цIыхухэр я гъусэу, щэхуу хэкум икIуэсыкIри, КъухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ Iэпхъуат. Ажджэрий Кушыку Хуарзэ псыщхьэр тIысыпIэ ищIат. Къарэмырзэ Алий Лабэпсым зэпрыкIри, Ахъмэтыбгым, адыгэхэм «Ахъмэт и фо изщ» жыхуаIэм, и лъабжьэм щIэтIысхьат.
- Кушыкупщ хуэдэу, Алии зи лIыгъэ-рэ зи хахуагъэкIэ адыгэ псоми я деж щыцIэрыIуэ, щытхъурэ щIыхьрэ зи джатэкIэ къэзызэуа зауэлIт. Абы и гъусэу а къуажэм дэст адыгэхэм «шыщхьэмыгъазэ» зыфIаща уэркъ Щоджэн Шумахуэ. Ахэр зыдэтIысхьа быдапIэм, я дзэр я гъусэу, къыдэкIыурэ урысыдзэм къезауэрт, урыс пащтыхьым екIун ядэртэкъым, Тыркум икIынуи хуейтэкъым.
- Арати, урыс пащтыхьым екIуну хуэмей Къарэмырзэ Алий и къуажэр зэтриукIэну мурад ищIащ «Инэрал плъыжькIэ» адыгэхэр зэджа (ар цыуэ тетыр плъыжьти арат) Вельяминов Алексейщ.
- А инэралым и гущIэгъуншагъэм теухуауэ адыгэхэм хуаусауэ уэрэд иIэт:
- ЩIалэхэ, джатэм фримыджэгу,
- Къифхыу фымыгъэдалъэ,
- Фи адэ-анэхэм бэлыхь тевмылъхьэ!
- Инэрал плъыжьыр гъунэгъуу
- щыIэми,
- Жыжьэу щыIэми, псори ещIэ,
- псори елъагъу.
- Нэбэжэм хуэдэу мэзеплъэ,
- Къашыргъэм хуэдэу мэлъатэ!
- Къарэмырзэ Алий и къуажэр а «Инэрал плъыжь» лъыифым зэрызэтриукIауэ щытам теухуауэ а зэман дыдэм ятхыжа урыс тхыгъэм итыр мыращ:
- Гъатхэм, зы вагъуэ закъуи къэмыблэу Кавказым къыщыхъу жэщхэм ящыщ зым адыгэхэр гущIэгъуншэу зэтезыукIа Ермоловым и унафэкIэ, «Инэрал плъыжькIэ» адыгэхэр зэджэу щыта Вельяминовым и дзэ фIыцIэр — лъэсырызекIуэу батальонищ, топ 18, кавказ лъэпкъхэу, кубань лъэпкъхэу, къэзакъхэу зэхэту полкитI Псыжь псым зэпрыкIри, Къарэмырзэ Алий и къуажэм екIуалIэри, уэздыгъей мэзым щIэтIысхьащ.
- Дзэм къапэщылъ къалэным хэзыщIыкIыр «Инэрал плъыжьым» и закъуэт. Ауэ абы и дзэм хэт адыгэ зыбжанэм гу лъатащ. Дзэм загъэпсэхуу мэзым здыщIэсым, а адыгэхэм ящыщ зы жэщым яхэкIуэсыкIри, Алий и къуажэм кIуащ. ЦIыхухэр гъуэлъыжат. Къарэмырзэм и щхьэгъубжэм теуIуэри къыщIишащ:
- — Сэ урысыдзэм къулыкъу щызощIэ, — жиIащ къэкIуам, — ауэ уи къуажэм дэс сабийхэмрэ цIыхубзхэмрэ сфIэгуэныхь мэхъу. Уи цIыхухэр ажалым къегъэл. Нобэ е пщэдей дзэр къыфтеуэнущ. «Инэрал плъыжьым» къывишэлIауэ дзэр уэздыгъей мэзым щIэсщ:
- — Уэ ухэт? — жиIэри Алий еупщIащ а къэкIуам.
- — Сэ беслъэней уэркъхэм сащыщщ. Си цIэр Кърымджэрийщ, Дохъушокъуэхэ сащыщщ. Сэ пэжыр бжесIащ, адэкIэ уэ узэрегуакIуэщ, — жиIэри IукIыжащ.
- Къарэмырзэм асыхьэтым лIыжьхэр къызэхуишэсри хъыбар Iейр яжриIащ. АрщхьэкIэ «унэхъунум и тхьэкIумэм кIий-гуо макъ иIуэжкъым» жыхуаIэрати, лIыжьхэм ядакъым:
- — Апхуэдэу жаIэурэ дапщэрэ пцIы-кIэ щтапIэ драгъэхьэжа? Вельяминовыр зэи ди деж къэсакъым. Дэ беслъэнейхэм я щIыб дыдэсщ. Ахэр беслъэнейхэм къагъэкIуэнукъым. Езы дзэми беслъэнейхэр япэщIыкIэ зэрамыпхъуауэ ди деж къэкIуэнукъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, щтапIэ дежьэжыну сыт щыгъуи дыхущIыхьэнщ.
- МыдэкIэ, Дохъушокъуэм, дзэм и деж щэхуу къигъэзэжа нэужь, Къарэмырзэ и къуэр мычэмыфу, жриIар и фIэщ мыхъуауэ гугъэ ищIри, инэралым жриIащ:
- — Инэрал, Къарэмырзэ и къуажэм сыплъати, зыри дэсыжу слъэгъуакъым. Къэбэрдейхэр къуршым ихьэжащ, — жиIэри.
- Ауэ абы инэралым жриIэм къедаIуэу щыт Щауэгъурыр (ари адыгэу а дзэм хэтт) инэралым бгъэдыхьэри еIущэщащ:
- — Уи фIэщ умыщI, инэрал, Дохъушокъуэм жиIэр, ар пцIыупсщ, бзэгухьщ. Сэ иджыпсту къуажэм сыкIуэнщи, къэсщIэнщ, — жиIэри, шэсри Iужащ.
- ЕтIуанэрей махуэм и пщыхьэщ-хьэм Щауэгъурым къигъэзэжащ. Къуажэр мыхъеяуэ и пIэм зэрисыр инэралым жриIащ. Дохъушокъуэр ягъэтIысащ.
- Иджы дзэр зэтIысылIа Къарэмырзэ Алий и къуажэм дыкIуэнщ. Нэхъыжьхэм къаIуэтэжыр мыращ:
- Бэлыхьлажьэр къуажэм къащытепсыхэну пщэдджыжьым и жэщым Щоджэн Шумахуэ хьэщIэ иIэт. ХьэщIэм-рэ Шумахуэрэ жэщыбг хъуху уэршэру щысащ. Гъуэлъыжыным ипэкIэ Шумахуэ хьэщIэр щIыбым щIишащ. АпхуэдизкIэ кIыфIти, нэм къыщIэIэбэр плъагъуртэкъым, ихъуреягъкIи апхуэдизкIэ щымти, хьэ банэ макъ закъуи къэIуртэкъым. Лабэ и ежэх макъ закъуэрт зэхэпхыр. Шумахуэ тIэкIурэ зэщIэдэIукIри жиIащ:
- — Мыпхуэдизу зэрыщымыр фIыкъым, си хьэщIэ. Си псэм жеIэ зы бэлыхьлажьэ къызэрыхъунур.
- — «Щоджэн Шумахуэ игъащIэми шыщхьэмыгъазэщ», жебгъэIащ. Иджы лIыжь ухъурэ къэрабгъэ ухъужамэ, къыщIэтIысхьэ си щIакIуэ щIагъым, сэ усхъумэнщ, — гушыIащ хьэщIэр.
- Зы щхьэгъубжи нэху тIэкIуи къыдимыдзу къуажэр мамыру жейрт, къуажэбгъум щыс хъумакIуэм и IэмыщIэм я псэр иралъхьауэ.
- — ГушыIэри фIыщ, си хьэщIэ, ауэ цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ Алыхьым гущIэгъу къахуищI! НакIуэ, дыгъуэлъыжынщ, — жиIэри, хьэщIэр къыщIишэжщ, игъэгъуэлъыжри езыри гъуэлъыжащ.
- Иджы къуажэм и гъунэгъуу къетIысылIа дзэм и деж дгъэзэжынщ.
- А жэщ дыдэм «Инэрал плъыжьым» и къэзакъ шуудзэр Бекович-Черкас-скэ Фёдор и IэмыщIэ ирилъхьэри иутIыпщащ, Къарэмырзэ Алий и къуажэм икIэщIыпIэкIэ нэсу къитIысыхьыну, лъэсыдзэхэмрэ топхэмрэ нэсыху, зыри къыдимыгъэкIыу иIыгъыну.
- Бекович-Черкасскэ Фёдор адыгэпщ Елмырзэхэ ящыщт, Беслъэн ПцIапцIэ и лIакъуэхэм къатепщIыкIат, и цIэ дыдэр Темырболэтт. Ар езыр адыгэ щхьэкIэ, урыс пащтыхьым гухьауэ адыгэхэр къизэурт, гущIэгъуншагъэкIэ инэралхэм ящхьэпрыкIыжауэ, лъакъуащхьэкIэ лъым хэту сабийхэри цIыхубзхэри зэтриукIэрт.
- Бекович-Черкасскэм Къарэмырзэ и къуажэр къитIысыхьауэ нэху къекIащ. И ужь иту къакIуэ дзэхэмрэ топхэмрэ пэмыплъэу, лъы гъэжэным зи гур хуэлъэ, инэралхэм я пащхьэм фIыщIэ щылъыхъуэ Бекович-Черкасскэр нэхущым, цIыхухэр жей IэфIым щыхэт дакъикъэм, къуажэм теуащ. Унэхэр ягъэсу, джанэ пцIанэу къыщIэжхэр яукIыу дзэр жылэм дэзэрыгуащ.
- Къуажэм и лъэныкъуищыр дзэм яубыдати, къыдэкIыпIэ иIэтэкъым. ЕплIанэ лъэныкъуэр бгы щыхупIэт, и щIагъым Лабэ щежэхыуи, фызхэмрэ сабийхэмрэ гужьеяуэ абы елъэурэ Лабэ куэд итхьэлащ.
- Къарэмырзэ Алий и пщIантIэм осетин майор Дадимовыр шууэ дэлъэдащ. А дакъикъэм Алий къэптал пцIанэу, фоч пцIанэ иIыгъыу, бжэщхьэIум къиувэри, тIури я фочхэмкIэ зэуащ. Майорым и шэр Алийм и нэщIащэмкIэ щытехуэри, и щхьэ щIыбымкIэ щыпхыкIыжащ, и унэми щIэукIуриежащ.
- «Шыщхьэмыгъазэ» зыфIащауэ щыта Щоджэн Шумахуэ илъэсищ зи ныбжь и къуэ цIыкIу Исмэхьилрэ дыщэкIэ гъэщIэрэщIа и фоч нэхъыфIымрэ къэзакъхэм яIэримыгъэхьэн щхьэкIэ, зэкIэрипхэри, «Алыхьталэм уи анэмэтщ!»- жери Лабэ и нэпкъ задэм иридзыхащ. Къигъазэри, и фыз уэндэгъушхуэр Iэ лъэныкъуэмкIэ иIыгъыу, адреймкIэ къезауэурэ къуажэм къащыфIыдэкIым, зэдеуэхэри тIури яукIащ. Ипхъу Гуащэхъурей, зи ишэгъуэ дахэр, къэзакъхэм яубыдри лей ирахащ, итIанэ яукIыжащ.
- Къэзакъхэм къуажэр ягъэсащ, цIыхухэр зэтраукIащ. Мылъкур зэрапхъуащ. Iэщышхуэрэ шыуэ мини 4, гъэжауэ дыщэ-дыжьын, дыщэ ахъшэ куэд зэрапхъуащ. ЦIыхуи 139-рэ гъэру (нэхъыбэр сабийрэ цIыхубзрэ, лIыжь-фызыжьу) яубыдри сэлэтхэм пщылIу хуагуэшащ. ЕтIуанэ махуэм къуажэ гъунэгъухэр къызэхуэсри, хьэдэ миным щIигъу щIалъхьащ.
- Бекович-Черкасскэм и дзэр щIыпIэ шынагъуэм къикIыжа къудейуэ, Къетыкъуэ Джамбулэтрэ Ажджэрий Кушыкурэ я дзэхэр я гъусэу къэсат, арщхьэкIэ къуажэм сахуэ фIэкIа зыри къыхэнэжатэкъым.
- Апхуэдэу гущIэгъуншэу зэтраукIауэ, зэтрагъэсхьауэ щытащ Лабэ Iуфэ Iусу Ахъмэтыбгым и лъапэм щIэса Къарэмырзэ Алий и къуажэшхуэр. Ауэ абыкIэ зэфIэкIакъым а Iуэху гуауэр.
- Къарэмырзэ Алий и фызитIыр- Елмысхъанрэ Хъаний Псыгъуэрэ — Бекович-Черкасскэм зэблихъуу щIасэ фызу зыкъомрэ иIыгъа нэужь, Елмысхъаныр нэгъуеипщ Мансур Едыдж и шыпхъути, абы хуригъэшэжащ. Хъаний Псыгъуэр пIалъэкIэ щигъэIэну Астемыр и къуэм деж, Джылахъстэней къригъэшащ. Астемыр и къуэр Джылахъстэнейм и полицэм и унафэщIти, Хъаний Псыгъуэр абы щIасэ фызу иубыдащ.
- Абы иужькIэ, куэд дэмыкIыу, Къарэмырзэ Алий и лъыр ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэрэ Ажджэрий Кушыкурэ ящIэжащ: къуажэр зи бзэкIэ зэтраукIа Щауэгъурыр и къуажэм щыдыхьэжым, ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэр пэтIысри иукIащ. Адыгэхэм, апхуэдэм деж зэращI хабзэу, Щауэгъурым и шыр илъахъэри, хъуакIуэу, и хьэдэм и щIакIуэр тепIауэ къыбгъэдинэри ежьэжащ. «Щауэгъурыжьыр хэт зыукIар?» — жаIэу Мыхьэмэт Iэшэм щеупщIым, «Сэ сукIащ», — жиIакъым «Ерыжыбыжьыр гъуэгъуащ, Щауэгъурыжьыр гъуэгащ», — жиIа мыхъумэ. ИужькIэ ар псалъэжьу къэнащ.
- Къарэмырзэ Алий зыукIа осетин майор Дадимовыр, мэзыжьым и хуей цIыкIум чэтэн пщыIэм щIэсу, Кушыку и шухэм къаувыхьри, сэшхуэкIэ яупщIэтащ.
- Хъаний Псыгъуэр Астемыр и къуэм щIасэ фызу иубыдауэ щызэхихым, Кушыкупщ Джылахъстэней къакIуэри, Астемыр и къуэм и шы табыныр ирихужьащ. Шыхъуэр дэлъэдэ-жу ишхэр Кушыкупщ зэрихур щыжриIэм, Астемыр и къуэр къыдэжащ. Кушыкуи зыхуейр арати, жыжьэ IумыкIыу къэувыIауэ къыпэплъэрт.
- — Уэ си гъащIэм ухуейуэ укъэкIуащи, плъэкIмэ сIых! — жиIащ Астемырым.
- Пасэрей уэркъхэр зэрызэзауэу щыта хабзэм тету, зэбиитIыр зэпикIуэтри зэпэуващ. Яшхэм елъэдэкъауэри щызэхуэжэм, я фочхэмкIэ тIури зэуащ, ауэ зэрытегъэхуакъым. Кушыкупщ и шыр псынщIэу къриIуэнтIэкIщ, и фочкIэщIыр кърипхъуэтри, Астемыр и къуэр шым къриудыхащ. «Хьэдэр фхьыж!» — жери езыр ежьэжащ. Апхуэдэу Астемыр и къуэр «джэдылIэм здихьа бабыщу» Къарэмырзэ Алий и лъыщIэжым хэкIуэдащ.
- Щоджэн Шумахуэ и къуэ цIыкIу Исмэхьил, фочым кIэрипхэу Лабэ бгы нэпкъым иридзыхауэ щыта сабийр, махуищ дэкIауэ, псэууэ, ауэ мэхауэ жыг къудамэм фIэлъу къагъуэтыжри къыфIахыжащ.
- Бекович-Черкасскэ Фёдор Хъаний Псыгъуэр иужькIэ фызу къишауэ итщ. А тхыгъэ дыдэм зэрыжиIэмкIэ, уэрэдыр зыусар а псори зи нэгу щIэкIа Хъаний Псыгъуэ гуащэрщ. Мыращ абы щыгъуэ абы иуса уэрэдыр:
- Елмысхъаныр магъ,
- Хъаний Псыгъуэ кърегъагъых.
- Елмырзэ и къуэм къыдиха лейр
- Ди яужь къинэм щремыгъупщэ!
- Лабэжьурэ Тхьэр зыдэбгам
- Лъы бахъаер къызэрыдох,
- Муслъымэнурэ дызэхэзыхым
- Мы махуэхэм дафIэгуузщ!
- Лабэжьмэ къыдэжа шур
- Къосри, къызощыхьэкIуэ,
- ЛабэкIэмкIэ сынеплъыхыжмэ,
- Сабийхэр уи псыхьэлъахуэт!
- Къарэмырзэхэ фи дыщэ бжаблэр
- Гын Iугъуэм къытхуегъэуфIыцI,
- Джаурыжьурэ зи напэр фIыцIэр
- Елмырзэ и къуэкIэ Темырболэтщ.
- Лабэжьмэ уэздыгъей мэзым
- Ермоловыр укъыщIотIысхьэ,
- Щхьэнтэ тIуащIэм тесыгъэ
- гуащэхэм
- Дакъэжь тIысыпIэр ямыгъуэтыж!
- Уи адэурэ Щоджэн Шумахуэр
- ИгъащIэми шыщхьэмыгъазэт,
- Фоч пэбжкIэ дагъэзыхьар
- Щоджэнхэ япхъуу Гуащэхъурейт!
- Лабэжьмэ дэ дыщыдэсым
- Жыхафэр ди шэджагъуакIуэт,
- Джаурыжьым дыщратыжым
- Мыжьыкъ алащэм дыдагъэлъэхъу!
- Инэралым и унэ лъапIэм
- «ДжыназкIэ» сыщызэрашэрт,
- Жэщгъуэлъым сыщыхуашэжкIэ,
- Тэрмэшым сыхуогузасэ!
- Лабэжьым дэ дыщыдэсым,
- Уэркъ щауэхэр ди дэджэгуэгъут,
- Джаурыжьым дыщратыжым,
- Драгуныжьхэм драджэгуэгъущ!
- Ермоловым уи топ щхъуантIэжьхэм
- Ахъмэтыбгыр къытхуегъэпсалъэ,
- Тетыжь бзаджэр
- къыщыдэпсалъэкIэ,
- Тэрмэшым дыхуогузасэ!
- Лабэдэсмэ фэ фи гуащитIыр
- Алащэм дыдагъэлъэхъу,
- Дэ гуащитIыр дызэблэзыхъур
- Елмырзэ и къуэкIэ Темырболэтщ!
- Гъубжурэ пщэдджыжь мыгъуэм
- Дзэ фIыцIаер дэ къытщIотаджэ,
- Сабий бынурэ къэмытэджахэр
- Фоч пащIэкIэ къыщагъэлъэт!
- Тажгуэрэ ди дыщэ пыIэхэр
- Фоч лъэдакъэкIэ къытщхьэрауд,
- Къутынгуэрэ ди гъуэншэдж
- цIыкIухэр
- Шырыкъу лъапэкIэ
- къытфIызэIатхъ.
- Мамыжьейуэ дыщэр зи гъуазэмрэ
- Уи быным я нэхъ кIасэмрэ
- «Алыхьталэм уи анэмэтщ», — жери,
- Мы Лабэжьым хегъэщэтэж!
- Бекович-Черкасскэ Фёдор Александрович «IэкIуэлъакIуэу зэфIигъэкIа теуэмрэ абы щызэрихьа лIыгъэмрэ» папщIэ «Аущ Джэрджий и еплIанэ дамыгъэ» орденыр къратын хуейуэ пащтыхьым деж 1825 гъэм фокIадэм и 29-м Ермоловым итхат, ауэ пащтыхь Александр Езанэм идакъым: «Полковник Бекович-Черкасскэм бий къуажэр къыщищтэм и дзэм хэщIыныгъэ имыIами, унагъуэ 300-м я фызхэмрэ сабийхэмрэ лажьэ ямыIэу зэрызэтриукIам щхьэкIэ абы орден хуэфащэкъым», — жиIэри тхыгъэм къытритхауэ щытащ.
- Ар езыр Iэпхъуамбэ пIащэт
- Жэщыбгыр хъууэ джэдыр къыщыIуэм,
- Уи адэр уэ къоджэри, укъегъэтэдж,
- Уи джыдэр къощтэри, Iуэбжэ хьэлэр къыIубоуд,
- Iуэмэ унохьэри, уи пэхужьитIыр зэкIэрыбощIэ,
- Iуэм къыбошри, гумэ къыщIощIэ,
- Мэзым унокIуэ, сэрмахуэ.
- Мэзу уздэкIуэр Асыкъуей мэзщ,
- Дейр лъэбыху дахэт,
- Уи джыдэр къощтэри, ибоупщIэтыхь,
- Гум къыболъхьэри, къызэщIокъузэ,
- КъызэщIокъузэри укъыхокIыж,
- Гъуэгум утохьэ, сэрмахуэ
- Уи пэхужьитIыр Кхъуагъэм къыщощтэ,
- Укъэмыщтэн щхьэкIэ а махуэм зыбогъэукI,-
- Уей маржэ, пщыуэрэ Аслъэнджэрий!
- Ар езыр Iэпхъуамбэ пIащэт,
- Шэ пIащэрыуэт,
- Техуэмэ, иремыхъуж,
- Уей маржэ, пщыуэ Аслъэнджэрий!