ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIыналъэм къикIуа лIэщIыгъуэр

2022-05-20

  • КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр Урысей Федерацэм хэту (1922 — 2022): и лъабжьэр, зэрызэфIэувар, зэрызэгухьар» урысейпсо щIэныгъэ конференцыр.

  • Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и унафэщIым и япэ къуэдзэ, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор Смакуев Дагир, Шэшэн Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Умаров Джамбулэт, «ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым и щIэныгъэ унафэщI, профессор, РАЕН-м и академик Иуан Пётр, КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий, республикэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я ректорхэр, щIэныгъэлIхэр, депутатхэр, КъБР-м и Правительствэм хэтхэр.
  • Конференцыр къызэIуахын и пэ, абыхэм зыхагъэгъуэзащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэр щызэхуахьэса гъэлъэгъуэныгъэм. Апхуэдэуи хьэщIэхэр ирагъэплъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIуа гъуэгуанэр къыщагъэлъэгъуа видеороликым.
  • КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ къызэхуэсахэм защыхуигъазэм, къыхигъэщащ республикэм и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум траухуа конференцым мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Ар кIэщIу къытеувыIащ республикэм къикIуа гъуэгуанэм.
  • — Къэбэрдей-Балъкъэр автономиер къыщыунэхуа илъэсым адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я гъащIэм увыпIэшхуэ щиубыду къызолъытэ, лъэпкъхэм я зыужьыныгъэм теухуауэ Iэмал куэд а Iуэхум къахузэIуихащи, — жиIащ Егоровэм. — Республикэм и къэралыгъуэр щызэфIэувэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр къэхъуат. Ауэ къэрал псом и дежкIэ гъэунэхуныгъэу Хэку зауэшхуэри къэхъеяти. Къэбэрдей-Балъкъэрыр абы лIыгъэ хэлъу пхыкIащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, 1944 гъэм щIыналъэм и зэкъуэтыныгъэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтат балъкъэр лъэпкъыр хуэмыфащэу Хэкум щрашам. 1950 — 1960 гъэхэм екIуэкIа политикэ Iуэхухэм пэжыр щытекIуэри, абыхэм лъахэм къагъэзэжащ икIи 1957 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-р къызэрагъэпэщащ. АдэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал щхьэхуитыныгъэр щIагъэбыдащ 1997 гъэм республикэм и Конституцэр щIэуэ къыщащтэм. Республикэм хузэфIэкIащ къикIуа лIэщIыгъуэм къриубыдэу и экономикэм зригъэужьыну, лъэпкъ IуэрыIуатэм къыщыщIэдзауэ щэнхабзэ лъагэм лъэIэсыфыну, а ехъулIэныгъэхэмкIэ урысей псом, дуней псом къыщалъытэ щIыналъэ хъуну. КъищынэмыщIауэ, щIэныгъэншагъэм ар къыхэкIри ехъулIэныгъэшхуэхэр зэIэригъэхьащ. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым: къэкIуэнур щыдухуэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ блэкIам куууэ хэтщIыкIыу, и пэ итахэм я Iущыгъэхэр тегъэщIапIэ тщIыуэ зэманым дыдэбэкъуэным.
  • КъБР-м и Iэтащхьэм къыбгъэдэкIыу конференцым и къызэгъэпэщакIуэхэмрэ хьэщIэхэмрэ захуигъэзащ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. Абы жиIащ КъБР-м и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэныр къызэзыгъэпэщыну федеральнэ комитетым программэшхуэ зэриубзыхуар, ирагъэкIуэкI конференцыр абы зэрыщыщыр икIи зэхуэсым мыхьэнэшхуэ иIэу къызэрилъытэр. Апхуэдэуи абы фIыщIэ яхуищIащ гъунэгъу республикэхэм къикIа хьэщIэхэм.
  • Смакуев Дагир КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и УнафэщI Иванов Александр и цIэкIэ къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100-м зэрырикъумкIэ. Абы жиIащ блэкIа лIэщIыгъуэм щIыналъэм гъуэгуанэ купщIафIэ къызэрызэпичар, Урысейм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщ Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш IэнатIэмкIи, туризмэмкIи, нэгъуэщI лъэныкъуэ куэдымкIи зэрызиужьар. Апхуэдэуи къэпсэлъам къыхигъэщащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ республикэр Урысейм и щIыналъэ нэхъыфIхэм зэращыщыр.
  • Шэшэн Республикэм и Iэтащхьэ Кадыров Рамзан къыбгъэдэкIыу хъуэхъу псалъэхэр жиIащ Умаров Джамбулэт. Ар тепсэлъыхьащ бгырыс лъэпкъхэм урысей къэралыгъуэм и дзэ-политикэ, щэнхабзэ, тхыдэ Iуэхухэм хэлъхьэныгъэу хуащIам.
  • «Хэкум и тхыдэ» фондым и гъэзэщIакIуэ унафэщI, Урысей тхыдэ зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Могилевский Константинрэ (Москва) профессор, РАН-м и Ипщэ щIэныгъэ центр федеральнэ къэхутакIуэ IуэхущIапIэм и лабараторэм и унафэщI Венков Андрейрэ (Дон Iуфэ Iус Ростов) конференцым хэтхэм видеокIэ зыкъыхуагъэзащ.
  • Могилевскэм къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу адыгэхэми, балъкъэрхэми, нэгъуэщI лъэпкъхэми я тхыдэ-щэнхабзэ къулейр джыным, нэгъуэщIхэр абы щыгъэгъуэзэным, шэч хэмылъу, щIыналъэр зэригъэкIуэтэнур. Абы жиIащ 1985 гъэм щIэныгъэ конференц хэтыну япэу Налшык зэрыщыIауэ щытар икIи иужькIэ мызэ-мытIэу къызэрытригъэзар. Къэпсэлъам къыхигъэщащ республикэм щIэныгъэ, педагогикэ IуэхухэмкIэ зэрызиужьынум сыт и лъэныкъуэкIи зэрыхуэхьэзырыр.
  • Лъэпкъ цIыкIухэм я автономиехэр къызэрыунэхуам, я щэнхабзэм зэрызрагъэужьам, Урысейр къэралыгъуэшхуэу щытыныр абыхэм я Iуэхухэр зэрефIакIуэм зэрелъытам тепсэлъыхьащ Иуан Пётр.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я социально-политикэ Iуэхухэр илъэсищэм къызэрекIуэкIам теухуа доклад ищIащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Дзэмыхь Къасболэт. Апхуэдэуи зэхуэсым утыку къыщрахьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр Урысей Федерацэм хэту (1922 – 2022 гъгъ.)» щIэныгъэ тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъыр.
  • Конференцым щыпащащ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым.
  • БАГЪЭТЫР Луизэ.