ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къуажэ-къэралыгъуэ Себоргэ

2022-03-31

  • Къэралыгъуэ ухъуну къыпхуиухамэ, жагъуэгъуи, бии къыппэлъэщынукъым. ЖытIэм и щыхьэтщ цIыху 315-рэ фIэкIа зэрымыс, Италием хыхьэ Себоргэ.

  • Зи гугъу тщIы къуажэм щыщт икIэщIыпIэкIэ пщы ямыщIынкIэ Iэмал имыIэу зыукъуэдия, апщIондэху удз гъэгъахэр зыгъэкIыу щыта Карбоне Джорджэ. Къэрал тепщэ хъун насыпыр зыIэщIигъэкIыныр и гум къыхуидэртэкъыми, Джорджэ ар япэщIыкIэ езым хуэдэу удз гъэкIынымрэ ар щэнымрэ хэпсэукI и къуажэгъухэм япиубыдащ. Дыарэзыщ, ткIэрыкI закъуэ жаригъэIа нэужь, щIалэр етIуанэ лъэбакъуэр зэричынум йогупсыс. Езыр щыпсэу къуажэм къэрал къыхищIыкIыну мурад ещI.
  • Хуеину хэти хуитщ, ауэ дауэ? Джорджэ Италием и картэр къищтэри, Себоргэ абы хабзэкIэ зэи зэрыхамыгъэхьар къихутащ. Арати, къуажэри жылэри къызэщIигъаплъэри, къэралыгъуэ щхьэхуитым и тепщэу зыхригъэхащ. А псори щекIуэкIыр 1963 гъэрт. Себоргэ зыхыхьэ Лигурие щIыпIэр франджы гъунапкъэм пэгъунэгъущ. Арагъэнщ Италием и тепщэхэр щIэх къащIылъэмыIэсар.
  • Ауэрэ, Пушкиным и таурыхъым хэта, «пащтыхь гуащэ сумыгъэщIу хъунукъым» жызыIа фызыжьым ещхьу, Карбоне и къуажэгъухэр къытригъэхьащ Себоргэ къэралыгъуэ щхьэхуиту игъэIуну. ЗэрыжытIэжым хуэдэ дыдэу джафэрэ лантIэу Iуэхур зэремыкIуэкIар гурыIуэгъуэщ, итIани, и насыпыр псоми ятекIуэри, Карбоне Джорджэ 2009 гъэ пщIондэ Себоргэ и тепщэу екIуэкIащ. ЗыфIищыжари сыт хуэдэцIэ? «Себоргэ и япэ пщы Джорджэ Езанэ». Уеблэмэ «луиджинэ» зыфIаща ахъшэ щхьэхуи щытрадзэн щIадзащ къэрал цIыкIунитIэм. 1995 гъэм ирагъэкIуэкIа IэIэтым ипкъ иткIэ, цIыху 304-р арэзыуэ, 4 фIэкIа япэщIэмыту, Себоргэ и Конституцэр къащтэри, Джорджэ Езанэри тепщэу къэнащ.
  • Куэдым яцIыхуркъым а къэралыр. Дэнэ щыпцIыхун цIыху 315-рэ фIэкIа щымыпсэу хэгъэгур? X лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ ар чыристан духьэшыхэм я IэмыщIэ илъащ. 1729 гъэм Сардинием и пащтыхьым иращауэ щытащ. Ауэ Джорджэ зэIипщIыкIа дэфтэрхэм къыгурагъэIуащ а Iуэхур зэи хабзэкIэ зэрыщIамыгъэбыдар. «Дэфтэрхэр нэпцIщ, 1861 гъэм зэфIахауэ жыхуаIэ зэгурыIуэныгъэри хабзэм къищтэркъым», — жиIэри, щIалэм зыхуейр яфIищIащ.
  • Себоргэ пщыгъуэм и инагъыр сыт хуэдиз жыпIэмэ, псори зэхэту зэрыхъур километр зэбгъузэнатIэ 14-щ. Нэхъыбэм ар Италием и щIым тес пщыгъуэ щхьэхуэу къалъытэ, Ватиканым ещхьу. Урымым а псор къабыл ищIыркъым, итIани, Себоргэм езым и армэ, нып, ахъшэ, пщы иIэжщ.
  • Марчеллэ цIэр зезыхьэ иджырей я пщым пыIэ щIыху зыщыгъ хабзэхъумэхэр къыщхьэщытщ. Абы и щхьэгъусэ Нинэ хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министрщ. 2011 гъэм зэщхьэгъусэхэр инджылыз пащтыхь гуащэ Елизаветэ иригъэблэгъауэ щытащ. ЗэрыжаIэмкIэ, Себоргэ зэрыщIыналъэ щхьэхуитыр къабыл ящIащ нэгъуэщI къэралыгъуэ 20-м. Махуэшхуэхэр щагъэлъапIэкIэ США-м икI лIыкIуэр ягъэхьэщIэ. ЦIыхубэр игъащIэ лъандэм зыхэпсэукIыр дыхухэм халъхьэ удз гъэгъахэрщ.
  • ЛъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, Себоргэр пасэрей лъапсэжьхэм ещхьщ, и гъуэгухэр мывэкIэ къищIыкIарэ и унэ къэс удз гъэгъа къызэрылэл матэхэр кIэрыщIауэ. Туристхэм я дежкIэ мыр жэнэт къуэгъэнапIэ дыдэщ. Щхьэ бжыгъэкIэ нэхъыбэхэр илъэс минкIэрэ къэралыгъуэ мыхъуфу мэпсэу, цIыху 315-м апхуэдэ насып къахурихьэкIащ. Армэ яIэщ жытIа щхьэкIэ, я дзэр зэрыхъур цIыхуитI къудейщ — гъунапкъэр зыхъумэ щIалитIыр. Конституцэм къэралыр зэи мызэуэну щыукъуэдиящ.