ЩIалиплIми текIуэныгъэ къытхуахь
2021-12-21
- Краснодар къалэм щекIуэкIащ АСА 134 хабзэ пыухыкIа зимыIэ зэзауэхэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Пшыхьым хиубыдэу щыIа зэIущIэ 11-м нэхъыщхьэу къыщалъытэрт Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Багъ Алийрэ Новокузнецк къикIа Кошкин Андрейрэ я зэпэщIэтыныгъэр.
 
- Гулъытэ нэхъ зыхуащI спортсменхэм я зэIущIэр раунди 5-кIэ екIуэкIащ. Япэ Iыхьэхэм зэхьэрхуэрэгъухэр зэхуэдэу зэзэуащ, ещанэм къыщыщIэдзауэ ди лъэпкъэгъум тепщэныгъэр иубыдащ икIи етхуанэ Iыхьэр иухыху ар зыIэщIигъэкIа- къым. Судьяхэм зэдэарэзыуэ зэпэщIэ- ныгъэ нэхъыщхьэм Багъ Алий щытекIуауэ къалъытащ.
 - Багъым нэмыщI Краснодар щызэуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ нэгъуэщI спортсменищ. Гугу Мурат къыпэщIэта Украинэм къикIа Микуцэ Дмитрий еща- нэ раундыр екIуэкIыу зитын хуей хъуащ, ди лъэпкъэгъум абы и пщэр фIикъузыкIри.
 - КъыкIэлъыкIуэу октагоным къихьа КIуэкIуэ Мухьэмэдрэ Тюмень щыщ Гордеев Павелрэ. Судьяхэр зэдэарэзыуэ абыхэм я зэпэщIэтыныгъэм бахъсэндэсыр щытекIуауэ къалъытащ.
 - Мэш Ислъам къыпэщIэтащ Бразилием къикIа Силвэ Клеверсон. ЗэIущIэм щынэхъыфIам теухуауэ судьяхэм еплъыкIэ зэхуэмыдэ хуаIащ. АрщхьэкIэ нэхъыбэр адыгэ щIалэм и телъхьэ хъуащ икIи текIуэныгъэр къыхуагъэфэщащ.
 - Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яхъумэу утыкум ихьа адыгэ щIалиплIми текIуэныгъэ зыIэрагъэхьауэ къекIуэлIэжащ.
 - Жыласэ Замир.