ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыужьыныгъэм и гъуэгукIэ

2021-12-02

  • Хабзэ зэрыхъуам тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ федеральнэ, хэгъэгу, щIыналъэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм. Iэтащхьэм сыхьэтитIым нэблагъэкIэ жэуап яритащ телевиденэм, газетхэм, радиом, агентствэхэм щылажьэ журналистхэм я упщIэхэм. Пресс-конференцыр къыщызэIуихым, КIуэкIуэ Казбек жиIащ журналистхэм яхуэзэну, епсэлъэну зэригуапэр икIи къыхигъэщащ властымрэ жылагъуэмрэ зэпыщIа хъунымкIэ абыхэм къалэн нэхъыщхьэр я пщэм къызэрыдэхуэр, хъыбарыщIэхэр, Iуэху гуэрхэм я пэжы- пIэр цIыхухэм яIэрыгъэхьэнымкIэ сэбэп зэрыхъур, апхуэдэ дыдэуи цIыхубэм я псалъэр къулыкъущIапIэ-хэм нахьэсу зэрыщытыр.

  • МахуитI-щы ипэкIэ Iэтащхьэм коронавирусым зэрызыщахъумэ ревакцинацэр зэрыригъэщIам щыгъуазэ журналистхэр щIэупщIащ вакцинэ нэужьым и узыншагъэр зыхуэдэм. КIуэкIуэм жиIащ мастэр зыкIи къызэрытемыхьэлъар, плъыржьэр зэримыщIар.
  • — Дохутырхэм «Спутник-Лайт» зыхезгъалъхьэми хъуну жаIами, си лэжьыгъэмкIэ цIыху куэдым сахуэзэн хуей зэрыхъум къыхэкIыу, «Спутник-V»-м нэхъ укъихъумэу къэслъытащ. Ревакцинацэр япэу зыхебгъалъхьэ вакцинэми хуэдэу сэбэп зэрыхъум шэч къы-тесхьэркъым. Сэ сыкъыщIамыцIэлар вакцинэ зэрезгъэщIарауэ къызолъытэри, фэри, чэнджэщ фэст къудей мыхъуу, быдэу фыкъыхузоджэ зыхевгъэIуну.
  • Вакцинэм и сэбэпынагъыр иджыри къэс цIыхухэм я фIэщ щIэмыхъум и щхьэусыгъуэр зыхуэдэр щызэпкърихым республикэ унафэщIым жиIащ къэрал статистикэм къит бжыгъэхэр езым и унафэкIэ иджыри зэ щIапщытыкIыжа нэужь, вакцинэ езыгъэщIахэм ящыщу процент 1-1,9-м фIэкIа коронавирусыр къазэремыуалIэр, илIыкI зэрыщымыIэр къызэрахутар. Абы къищынэмыщIауэ, цIыхухэр щIытемыгушхуэм и щхьэусыгъуэр хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щызэIэпах псалъэмакъхэ-рауэ зэрыщытыр, ар ди къэралым щытыкIэр щызэIагъэхьэн папщIэ къращIылIэ «хъыбарегъащIэ зауэу» къызэрилъытэр жиIащ, апхуэдэуи мастэм щышынэ цIыху, вакцинэм уз гуэр къигъэхъеинкIэ хъуну къызыфIэщIхэр зэрыщыIэр дыщIигъуащ.
  • — Ди дохутырхэм я фIыгъэкIэ ажалми узми къе- лыр куэдщ. Республикэм и медицинэр сыт и лъэныкъуэкIи къызэгъэпэщащ мы узым зэрыпэщIэтыным теухуауэ. Япэ махуэм щегъэжьауэ а IэнатIэ мытыншым пэрыуващ ди дохутырхэр. Иджыри йокIуэкI а лэжьыгъэр, госпиталхэр мэлажьэ. Коронавирусым дызэрыпэщIэт мардэхэр дгъэуващ, цIыхухэр махуэ бжыгъэ гуэркIэ мылажьэу зэрыщыдгъэсари сэбэп хъуащ. Апхуэдэ шынагъуэ ин щыIэкъым республикэм, иджыпсту госпиталхэм щIэлъ сымаджэхэм я бжыгъэхэри нэхъ мащIэ хъуащ. А псори хъарзынэщ, ауэ абы къикIыркъым вакцинэ зыхедмыгъалъхьэми хъуну. Аращ ди щхьэри, ди благъэ-Iыхьлыхэри къэзыхъумэнур, — жиIащ Iэтащхьэм.
  • Пандемием дызригъэу- ва щытыкIэр лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа хъуным зэран хуэхъуарэ-хуэмыхъуарэ журналистхэр щыщIэупщIэм КIуэкIуэм жиIащ зэзэмызэ лэжьыгъэр къызэтрагъэувыIами, пщэрылъ псори гъэзэщIа зэрыхъуар..
  • Экономикэ Iуэхум щынэсым, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр щIэупщIащ дызэрыт лъэхъэнэм республикэм и хэхъуэр зыхуэдэмрэ ар цIыхухэм я псэукIэр ефIэкIуа, щIыналъэм и гугъуехьхэр къызэнэкIа хъунымкIэ къызэрысэбэпымрэ.
  • — Республикэм езым иIэ хэхъуэр пандемием и лъэхъэнэм нэхъ мащIэ хъуауэ гу лъыттакъым, уеблэмэ 2019 гъэм елъытауэ 2020 гъэм нэхъыбэ хъуащ. 2020 гъэм дэ езым ди хэхъуэу сом мелард 12 диIамэ, мы гъэм ар сом мелард 13 хъуащ. Илъэсым кърикIуар къыщытпщытэжкIэ, нэгъабэрейм елъытауэ мы гъэм проценти 10-кIэ хэхъуауэ жыпIэ хъунущ.
  • Республикэм езым и хэхъуэр нэхъыбэ зэрыхъум Iэмал къыдет улахуэм хэдгъэхъуэну, льготэ зиIэ сымаджэхэм хущхъуэхэр и чэзум еттыну, нэгъуэщI куэди тхузэфIокI. Иджыпсту КъБР-м и Парламентыр йолэжь 2022 гъэм и бюджетыр зэхэгъэувэным. ДяпэкIэ нэхъ тыншу къыдэхъулIэнущ ди социальнэ пщэрылъхэр проценти 100-кIэ дгъэзэщIэну. Ахъшэшхуэ иIэнущ етIанэгъэ республикэ бюджетым, — жиIащ УнафэщIым.
  • Унагъуэ куэдым я гуныкъуэгъуэу щыт зы Iуэху къыхалъхьащ журналистхэм — сабийхэм я щIэныгъэм, къэухьым, зэфIэкIым зрагъэужьыну здашэ «ДыгъафIэ къалэ» IуэхущIапIэм екIуалIэ маршрутыр зэрымащIэ дыдэр, къалэм и хьэблэ куэдым щыщ сабийхэр абы зэрыкIуэн транспорт зэрамыгъуэтыр. КIуэкIуэм жиIащ Iуэхум икIэщIыпIэкIэ зыщигъэгъуазэу, транспорт хуримыкъумэ, трагъэувэну унафэ зэрищIыфынур, Налшык къалэ и мызакъуэу, республикэм и щIыналъэхэм цIыхухэр къешэкIынымкIэ щыщыIэ гугъуехьхэр федеральнэ программэм ипкъ иткIэ зэрагъэзащIэр, IэщIагъэлIхэр а Iуэхум иужь зэритыр.
  • Кавказ Ищхъэрэми Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми щыIэ гугъуехьхэм язщ цIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэгъэпэщыныр, улахуэ тэмэм къахьыныр. А Iуэхум теухуа упщIэм и жэуапу Iэтащхьэм жиIащ инвестицэ, лъэпкъ проектхэр щагъэзащIэкIэ куэдым IэнатIэ зэрагъуэтыр.
  • «Дэ нобэ куэд доухуэ. 2022 гъэм инфраструктурэ, социальнэ ухуэныгъэ куэд дыдэ едгъэкIуэкIынущ. А ди лъэIухэр федеральнэ программэхэм щыхагъэхьам, си щхьэкIэ къэзбжащ а лэжьыгъэхэр едгъэкIуэкIыху цIыху дапщэм IэнатIэ ягъуэтынуми. Объект 70 хуэдиз духуэнущ, зэдгъэпэщыжынущи, абы ухуакIуэ мини 5 — 10 щылэжьэфынущ. Сыт хуэдэ IэнатIэм пэрыт цIыхуми и къалэн Iэзэу щигъэзащIэм деж пщIэшхуэ иIэщ. Тракторым тесми, мывэ зэтрилъхьэми, пщIантIэр ипхъэнкIми пщIэшхуэ къалэжь, ищIэри мыгурыIуэгъуэу зызыгъэпIийуэ дэтхэм елъытауэ. Нобэ IэщIагъэлI зэмылIэужьыгъуэ куэдым дыхуэныкъуэщ, псом хуэмыдэу ухуэныгъэм епхауэ. Я лэжьыгъэм уасэу хуагъэувыр къратынущ. Нобэ экономикэм езым къегъэув лэжьакIуэм ептын хуейр дапщэми. АбыкIэ жысIэну сызыхуейр ухуэныгъэм, мэкъумэш IэнатIэм, нэгъуэщIхэми IэщIагъэлI дызэрыщыхуэныкъуэрщ, ялэжьын дызэриIэрщ, улахуэ тэмэми къызэрахьынурщ», — жиIащ Казбек.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрыунэхурэ илъэсищэ зэрырикъур 2022 гъэм зэрагъэлъэпIэнум зэрызыхуагъэхьэзырым, ар КIуэкIуэ Казбек Iэтащхьэу лажьэу зэрыхуэзар къызэрыщыхъум журналистхэр щыщIэупщIэм жиIащ зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу лъахэм зэдис цIыхухэр псом нэхърэ нэхъыщхьэу къызэрилъытэр.
  • — ФIыгъуэшхуэщ мыбы ис лъэпкъ псори зы лIэщIыгъуэ хъуауэ зы унагъуэ хуэдэу зэрызэдэпсэур, зэрызэкъуэтыр. Сытым дежи жызоIэ, ди тхыдэм уриплъэжмэ, зы Iуэхугъуи хэбгъуэтэнукъым дэ дыщIызэмызэгъынрэ дыщIызэкъуэмытынрэ ди зэхуаку къыдэхъуауэ. Абы нэхъри нэхъ ин, лъэщ дещI. Илъэсищэр си лэжьэгъуэм зэрыхуэзар хуабжьу жэуаплыныгъэшхуэщ си дежкIэ. Ауэ нэхъыщхьэр а пIалъэм екIурэещхьу урихьэлIэнырщ. Пэжщ, абы ирихьэлIэу щэнхабзэ Iуэху дахэ куэд къызэдгъэпэщыну, концертышхуэхэр едгъэкIуэкIыну зыдогъэхьэзыр. Ауэ сэ си лэжьэгъухэм яжесIэращи, IуэхукIэ, экономикэ зызыужьакIэ дызыхуэарэзыжу дынэсынрати, ар къыдэхъулIэну къысщохъу. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр сом мелард 60 хъууэ дрихьэлIащ илъэсищэм. 2019 гъэм и щIышылэм сэ жысIауэ щытащ 2024 гъэм ди бюджетыр сом мелард 60-м нэдвгъэгъэс жысIэри. Экономистхэм, IэщIагъэлIхэм абы щыгъуэм къызжаIат апхуэдэ зыужьыныгъэ къэхъункIэ Iэмал зэримыIэр. Ауэ а бжыгъэм 2022 гъэм дыхуэкIуащ. Сэ фэ нобэ вжесIэфынущ а ахъшэр сом мелард 70-м зэрынэтхусыфынури. Зи гугъу сщIыр республикэ ахъшэщ, инвестицэ хэмылъу. ЕхъулIэныгъэшхуэу къызолъытэ доллар мелуан 500-р илъэсищым къриубыдэу доллар зы мелард зэрытщIыфар. Фигу къэзгъэкIыжынщи, 2019 гъэм республикэ бюджетыр зэрыхъуу щытар сом мелард 29-рэщ. Си щхьэкIэ апхуэдэ экономикэ ехъулIэныгъэхэм нэхъ мыхьэнэшхуэ язот. А ахъшэр лъэныкъуэ псоми кIуэнущ, республикэм и зыужьыныгъэм телэжьэнущ, — жиIащ КIуэкIуэм.
  • Республикэм и Iэтащхьэм жэуап зэпкърыха яритащ Налшык щаухуэ поликлиникэщIэр зыхуэдэнум, хэгъэгум иджыри щаухуэну школыщIэхэмрэ зэрагъэпэщыжыну егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэмрэ я Iуэху зыIутым, къуажэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ иджыпсту екIуэкI лэжьыгъэм теухуа упщIэхэм, нэгъуэщIхэми. Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ КъБР-м и Iэтащхьэм деж къыщызэрагъэпэща, ЩIалэгъуалэ политикэмкIэ советым, ЩэнхабзэмкIэ советым я къалэну щытынухэм. КIуэкIуэм жиIащ а советхэр IэнатIэхэм щыщыIэ щытыкIэр зэпкърыхауэ и пащхьэ къралъхьэнымкIэ, ныкъусаныгъэхэр къыщIэгъэщауэ гъэзэкIуэжынымкIэ, гуныкъуэгъуэхэр зыхуэдэхэр утыку кърахьэурэ зэпкърахынымкIэ, зыхуэныкъуэхэмрэ зэрыгушхуэхэмкIэ зэдэгуэшэнымкIэ хуабжьу сэбэп зэрыхъунур.
  • ЗэIущIэм щыжаIар къыщызэщIикъуэжым, КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ республикэм щыщыIэ гугъуехьхэм зэрыщыгъуазэр, ахэр гъэзэкIуэжынымкIэ хэкIыпIэхэр зэрыщыIэр, лъахэм мылъку зэрыбгъэдэлъыр, а псори зэфIэгъэкIыным зэман тIэкIу текIуэдэн хуейуэ зэрыарар.
  • «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм сахуэарэзыщ, сыт щыгъуи щытыкIэр къагурыIуэу, Iуэхур зэхащIыкIыу зэрыщытым папщIэ. Сэ сыхуейщ унэм къыщIэкI дэтхэнэ зыми и хъуреягъыр зэIузэпэщу щытыну, ди лъахэм зиужьыну. А гъуэгум дытетщ, Iэмал куэд диIэщ, ди къалэнхэр псори дгъэзэщIэнущ. Си гугъэщ, фэ, журналистхэр, абыкIэ дэIэпыкъуэгъу фыхъуну», — жиIащ КIуэкIуэм.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.