ЩIыналъэм ифI зыхэлъ IуэхуфIхэр пхагъэкIыу
2021-11-27
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу Урысей Федерацэм сенатору щыIэхэмрэ Къэрал Думэм и депутатхэмрэ
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэкIуэгъуэм и 25-м лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу Урысей Федерацэм сенатору щыIэхэу Къанокъуэ Арсенрэ Ульбашев Мухьэрбийрэ, «Урысей зэкъуэтым» къыбгъэдэкIыу Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ. ЗэIущIэр щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым УФ-м и Президентым деж Москва зэпымыууэ щиIэ IуэхущIапIэм.
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ 2022 гъэм, апхуэдэуи 2023 — 2024 гъэхэм ятещIыхьа къэрал бюджетым теухуа Законыр гъэхьэзырыным зэгъусэу зэрыхэлэжьыхьа щIыкIэм. ЩэкIуэгъуэм и 24-м Законыр Къэрал Думэм къищтащ. Бюджетыр етIуанэ къеджэгъуэм щыхуагъэхьэзырым зэгъэзэхуэжыныгъэу миным нэблагъэ къыхалъхьати, абыхэм ящыщу 573-р пхыкIащ. Къыхэгъэщащ жэрдэм нэхъыщхьэхэмрэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэмрэ къыхэзылъхьар «Урысей зэкъуэт» партым и депутатхэрауэ зэрыщытыр.
- Халъхьа зэгъэзэхуэжыныгъэхэр зытеухуар щIыналъэхэм автомобиль гъуэгухэр щызэгъэпэщыжыным, къуажэхэм зегъэужьыным, жылэ псоми зэхуэдэу медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щагъуэтыным, ныкъуэдыкъуэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным, студентхэм я общежитхэр зыхуей хуэгъэзэным, спорт утыкухэр щIыным, щIалэгъуалэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыным, социальнэ Iуэхухэм трагъэкIуадэ мылъкур индексацэ щIыным, нэгъуэщI къалэнхэри зэфIэгъэкIыным хухаха мылъкум яхущIыгъунырщ.
- «Урысей зэкъуэтыр» щытащ икIи къонэж къэралым и политикэ парт нэхъ лъэщу, абы къалэнышхуэхэр зыхуигъэувыжым и мызакъуэу, хузэфIокI цIыхубэм я сэбэп зыхэлъ Iуэху еплъыкIэхэр пхигъэкIын, хэхакIуэхэм я пащхьэ къалэн зыщыщищIыжахэр игъэзэщIэн», — жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм.
- КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ: «Фигу къэзгъэкIыжыну сыхуейщ къыщыщIэддзахэр — 2019 гъэм щегъэжьауэ республикэм и финанс Iуэхухэр зэтеухуэным хуэгъэза лэжьыгъэр зэредгъэжьар, дызыхуэплъэу щытахэр: 2024 гъэм ирихьэлIэу бюджетыр сом мелард 60-м нэдгъэсыну зыхуэдгъэувыжат. Ауэ а къэдгъэлъэгъуа бжыгъэм КъБР-м и бюджетым и хэхъуэхэр илъэситIкIэ нэхъ пасэу нэсынущ — 2022 гъэм ар къехъулIэнущ. Къэрал бюджетым теухуа Законым дэ дызыщIэлъэIуахэр унэтIыныгъэ псомкIи хыхьащ. Псом япэрауэ, фIыщIэ яхузощI Урысейм и Президент Путин Владимир Владимир и къуэм, УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил Владимир и къуэм, Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий Яков и къуэм, Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэхэм, къэрал министерствэ, IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм, Къэрал Думэм и комитетхэм, «Урысей зэкъуэт» партым я унафэщIхэм».
- Республикэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ къащта законыр гъэхьэзырыным Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэри зэрыхэтар, Къэрал Думэм и комитетхэм жыджэру зэрыщылэжьар.
- Бюджетым и проектыр етIуанэ къеджэгъуэм щыхуагъэхьэзырым халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхуаутIыпщ мылъкум сом меларди 6,1-рэ къыщIыгъуным теухуари. Абы щыщу сом меларди 2,1-р хуаутIыпщынущ школыщIэхэр ухуэным, щыIэхэм зегъэубгъуным. Апхуэдэуи а ахъшэм щыщ трагъэкIуэдэнущ лышх узыр зэфыкIхэм щеIэзэ центрыр, Налшык къалэ езанэ поликлиникэм и унэщIэр, ЩIалэгъуалэм творчествэмкIэ я уардэунэр (Театрхэм я уардэунэр) ухуэным, канализацэм, къалэр гъэкъэбзэным ехьэлIа Iуэхухэр, Налшык къалэм и псэупIэ унэхэм къедза щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным. «Къуажэ гъуэгухэр» программэм щыщ Iуэхухэр зэфIэгъэкIыным сом мелуан 430-рэ, «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгухэр» жыхуиIэм сом мелуан 230-рэ къыхущIагъуащ. ЩIыналъэ бюджетыр иригъэкъужыным къыхуаутIыпщыну я мурадщ сом мелард 15,4-рэ, сом мел-уан 798-рэ — бюджетым къыхэкIыу улахуэ зрат IуэхущIапIэхэм IэнатIэ щыпэрытхэм я лэжьапщIэм хагъэхъуэным трагъэкIуэдар иригъэкъужыным.
- «А псори дыкъыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым ифI зыхэлъ Iуэхухэм хуэлэжьэнущ, республикэм щыпсэухэм зезыгъэужьынщ. ЖысIэпэнщи, ди депутатхэр апхуэдэу фIыуэ нэхъапэм зэи лэжьакъым. ЗэIущIэм хэтхэм си гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ фхузощI зэфIэвгъэкIа лэжьыгъэшхуэм, республикэм и хэхакIуэхэм къывагъэза дзыхьыр зэрывгъэпэжым папщIэ», — къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.