ЩIыналъэм и зыужьыныгъэм къэрал гулъытэ егъуэт
2021-11-25
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэ жьыгъэ IуэхукIэ щы Iащ УФ-м и Пра вительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александр
- Къэбэрдей-Балъкъэрым лэ жьыгъэ IуэхукIэ махуитIкIэ щы Iащ Урысей Федерацэм и Пра вительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, Кавказ Ищхъэрэм щы-Iэ щIыналъэхэр зи нэIэ щIэт Новак Александр. Мэкъумэш хозяйствэ, промышленность, ту ризм IэнатIэхэм зэрызаужьым, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щэкIуэгъуэм и 22-м абы щригъэкIуэкIа, республикэм и социально-экономикэ щы ты кIэм теухуа зэIущIэм.
- — ИкъукIэ си гуапэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым сыщыIэну. Мы махуэхэм дытепсэлъыхьыну ди мурадщ республикэм и зыу жьы кIэнум и Iэмалхэм. УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил къытхуищIа пщэрылъ хэхахэр ехьэлIащ щIыналъэм со циально-экономикэ я лъэны къуэкIэ зегъэужьыным. Дэ сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн ды хъуну дыхьэзырщ зи гугъу тщIы унэтIыныгъэхэр ипэкIэ кIуэтэн, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэн папщIэ, — къызэIуихащ зэIущIэр Новак Александр. — Фи Iуэху еп лъыкIэхэр утыку къифлъхьэ, ди гуп ми зыужьыныгъэм хуэщхьэ-пэну хэкIыпIэхэр къэтлъыхъуэнщ, ахэр Правительствэм и Уна фэ щIым бгъэдэтлъхьэжынщ. Мэре мым екIуэкIынущ Мишустин Ми хаил зи унафэщI зэIущIэшхуэр. Абы утыку къыщрахьэнущ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ республикэхэм щыIэ щытыкIэхэр къыщыгъэлъэгъуа док ладхэр. Абы фIы дыдэу зы-хуэдмыгъэхьэзыру хъунукъым.
- «Проектхэр гъэзэщIэным теу хуауэ зыхуэвгъэувыжа къалэн- хэр Урысей псом къыщекIуэкIхэм къакIэрыхуркъым. Дызэрыщы гъуазэщи, илъэс блэкIар хьэлъэу щытащ, экономикэ зыужьыкIэм кIэрыхуащ. 2021 гъэм Урысей Фе дерацэм и экономикэми, Къэбэрдей-Балъкъэрым ейми щы тыкIэр зэпIэзэрыт щы хъу жащ», — жиIащ Новак, щIына- лъэм и унафэщIхэм я лэжьы гъэр къыщипщытэм. Къищы нэ мы щIауэ, абы къыхигъэщащ псэу -пIэ, гъуэгу ухуэнымкIэ, мэкъумэш хозяйствэм зегъэужьынымкIэ, ин вес тицэ жыджэрагъымкIэ ди республикэр КИФЩI-м щыпашэ хэм зэращыщыр. Правительст-вэм и УнафэщIым и къуэдзэр арэзы техъуащ социальнэ зыу жьыныгъэм ехьэлIа мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэр къыщрахьэ жьэкIэ къэрал министерствэхэм-рэ щIы налъэм и унафэщIхэмрэ жы джэру зэрызэдэлажьэм.
- КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ республикэм лъэпкъ проектхэр ехъу лIэныгъэкIэ зэрыщагъэзащIэр Урысей Федерацэм и Пре-зидент Путин Владимир со циальнэ унэтIыныгъэ зиIэ и политикэм, УФ-м и Правительствэм зэрызакъыщIигъакъуэм, къэрал министерствэхэм быдэу япы щIауэ зэ радэлажьэм и фIыгъэу зэ ры щытыр. «ФIыщIэ фхудощI Къэ бэрдей-Балъкъэрым игъуэт гу лъытэмрэ дэIэпыкъуныгъэмрэ папщIэ. Къэралым къыбгъэдэкI Iэмалхэр нэхъ купщIафIэу къы зэрыдгъэсэбэпыным дыху щIокъу», — жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
- АдэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ щыты-кIэм теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
- — Япэрауэ, къыхэзгъэщыну сы хуейт, Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ зыужьы ныгъэр Iуэхугъуэхэр коронавирус узыфэм зыщиубгъу иужьрей илъэситIым къыдэкIуа гугъуехь хэм хэту зэрекIуэкIыр. Урысей Федерацэм и дэтхэнэ щIына лъэми хуэдэу, дэ дыIууащ экономикэм, цIыхухэм я лэжьапIэ Iэн атIэмрэ я хэхъуэмрэ кIэ рыхуным, — къыщIи дзащ Мусуковым и къэп сэлъэныгъэр. — А псом къадэкIуэу, пандемием щытыкIэ гугъу дригъэувами, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и со циаль нэ, эко номикэ IэнатIэхэр зэ пIэзэрыту зэ теIыгъэным ехьэ лIа, Iэмалыншэу дгъэзэщIэн хуейуэ ди щIыналъэми къэралми къыщагъэува къалэнхэр къытекI имыIэу зэры дгъэзэщIам и фIыгъэкIэ щIы налъэ экономикэр къызэте мы-щахэу къызэтенащ, фи нанс-экономикэ зэпIэзэ ры ты ныгъэр тхъумащ, социальнэ пщэ рылъхэр цIыхухэм нэгъэсауэ яхуэтщIащ».
- Социально-экономикэ зыу жьы ныгъэм и унэтIыныгъэ псоми кIэ щIу щытепсэлъыхьым КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIыр къы зытеувыIахэм ящыщщ мэкъу мэш IэнатIэр. 2020 гъэм къриу быдэу псори зэхэту къыщIагъэкIащ сом мелард 61,4-рэ и уа-сэ продукцэ икIи ар и пэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 10-кIэ нэхъыбэщ.
- 2020 гъэм къриубыдэу, гектари 100-м хуэзэу тепщIыхьмэ, республикэм къыщытраха гъавэр Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щахузэфIэкIам нэхърэ хуэди 2,1-кIэ, Урысей Федерацэр къапщ тэмэ, хуэди 3,2-кIэ нэхъыбэщ. Мэкъумэш продукцэу къыщIагъэкIар цIыху къэс тепщIыхьмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ увы пIэр КИФЩI-м щиубыдащ.
- Илъэс блэкIам кърашэлIа инвестицэхэр сом мелард 49,8-м нэсащ икIи хэхъуэр проценти 103,6-рэ хъуащ. «2021 гъэм и япэ мазибгъум дриплъэжмэ, инвес тицэхэм я хэхъуэр проценти 102,6-рэ хъуащ. СызэреплъымкIэ, илъэ сым и кIэм а бжыгъэр проценти 104 — 105-м нэсыфынущ», — къыхигъэщащ Мусуковым.
- АдэкIэ КъБР-м и Прави тельствэм и УнафэщIыр къытеувыIащ цIыхухэм ябгъэдэлъ мылъкумрэ лэжьапIэ IэнатIэкIэ къы зэгъэпэща зэрыхъумрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм ахъшэ хэхъуэу яIэр 2020 гъэм проценти 2,3-кIэ нэхъ мащIэ хъуауэ къигъэлъэгъуащ абы. КъБР-м и Iэтащхьэм мы гъэм къигъэува къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ иужьрей илъэсхэм екIа кIуэ апхуэдэ щытыкIэм фIы и лъэ ныкъуэкIэ зегъэхъуэжыныр.
- Эпидемиологие щытыкIэр зэ рыгугъум, нэгъуэщI щхьэусыгъуэ хэми къыхэкIыу республикэм нэхъри зэпэубыда щыхъуащ лэжьа пIэ IэнатIэхэр. 2021 гъэм и щIы шылэм и 1-м ирихьэлIэу лэ жьапIэншэу зезыгъэтхахэм я бжыгъэр цIыху мин 71,2-м нэб лэ гъащ, ар ипэ ита илъэсхэм нэхъ рэ хуэдипщIкIэ нэхъыбэт. Мы илъэсым и кIэм ирихьэлIэу лэ жьапIэншэу зезыгъэтхахэм я бжыгъэр мин 13,5-м нос. Апхуэ дэу щыт пэтми, ар ику иту Урысей Федерацэм къыщагъэлъэгъуам нэхърэ нэхъыбэщ.
- Туризм IэнатIэм и гугъу пщIымэ, 2021 гъэм и япэ мазибгъум къриубыдэу республикэм зыгъэпсэхуакIуэ къэкIуащ цIыху мин 840-рэ. Ар нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм еплъытмэ, хуэди 2,2-кIэ нэхъыбэщ. Абыхэм хуащIащ сом меларди 6 и уасэ Iуэхутхьэбзэхэр. Мы илъэсым Къэ бэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну хуейуэ къэкIуахэм я бжыгъэр зы мел уаным нэблэгъэну къалъытэ.
- «Шэч хэмылъу, КъБР-м и Правитель ствэм и лэжьыгъэхэм ящыщу нэхъ гулъытэ зыгъуэтыр лъэпкъ проектхэм къы зэщIаубыдэ Iуэхугъуэхэр гъэ зэ щIэнырщ, — къыпищащ Мусуковым. — Къэбэрдей-Балъ къэрым щолажьэ щIыналъэ проект 47-рэ. 2019 — 2024 гъэхэм къриубыдэу абы хэм тедгъэкIуэдэнущ сом мелард 35,7-рэ. Псори зэхэту 2021 гъэм проектхэм къы хуаутIыпщащ сом мелуани 8327,86-рэ, абы щыщу сом мелуани 6260,58-р къэрал бюджетым къыхэкIащ. Мы гъэм щэкIуэ гъуэм и 20-м ирихьэлIэу къэдгъэсэбэпащ сом мелуани 6855,25-рэ, ар мылъку псоми я процент 82,4-рэ мэхъу. Проектхэм хухаха ахъшэр къэгъэсэбэпынымкIэ Урысей Федерацэм бжьыпэр щызыIыгъ хэм дащыщщ, КИФЩI-м и щIыналъэхэм я деж дыщыпашэщ».
- ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм щытеп сэ лъыхьащ «Илъэс хъурейм лажьэ «Iуащ хьэмахуэ» турист-рекреацэ комплекс» проектым и гъэзэщIэкIэм. Абы теухуауэ къэпсэлъащ «Кавказ.РФ» акционер зэгу хьэныгъэм и унафэщI ТIымыжь Хьэсэн. Ар къытеувыIащ 2020 — 2024 гъэхэм къриубыдэу УФ-м и Правительствэм сом мелард 15 зыхуиутIыпщыну и мурад план-проектым.
- «ЖаIахэм щIызгъужу, къыхэзгъэщыну сыхуейт Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хыхьэ щIыналъэхэм псоми я зэхуэдэ гугъуехьым — псы зэфэнкIэ цIыху хэр ирикъуу къызэгъэпэщыным — унафэ тещIыхьыным гулъытэ зэрыхуэщIып -хъэр. Бюджет лъэхъэнэ къакIуэр щыдубзыхукIэ УФ-м Экономикэ зыужьыны -гъэмкIэ и министерствэм зыхузогъазэ а IуэхумкIэ щIэгъэкъуэн хъуну. Абы ехьэлIа программэ щхьэхуэ зэхэгъэувэн хуейщ», — жиIащ зэIущIэм и кIэухыу УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александр.
- ЗэIущIэм апхуэдэу хэтащ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Назаров Сергей, УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм КИФЩI-м стратегическэ, инвестицэ зыу жьыныгъэмкIэ и департаментым и уна фэщI Храновский Игорь, УФ-м Экономи -кэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм щIыналъэм социально-экономикэ зыу жьыныгъэм ехьэлIа къэрал программэр щыгъэзэщIэнымкIэ и департаментым и унафэщIым и къуэдзэ Харсиев Михаил, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэм и дэIэпыкъуэгъухэу Никитин Александр, Цецхладзе Георгий, Нозадзе Георгий, «Кавказ.РФ» акционер зэгу хьэ ныгъэм и унафэщIым и къуэдзэхэу Беккаев Хьисарэ Гончаров Николайрэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэ кIыу зэIущIэм апхуэдэу хэтащ КъБР-м щыIэ къэрал инспектор нэхъыщхьэ Мэ къуауэ Тимур, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэхэу Къуныжь МуIэедрэ Говоров Сергейрэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, республикэм и министрхэр, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз сымэ.
- КъыкIэлъыкIуэ махуэм, щэкIуэгъуэм и 23-м, Новак Александррэ абы щIыгъуа къэрал къулыкъущIэхэмрэ къаплъыхьащ турист объект зыбжанэ. Абыхэм ящIы гъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Ахэр тепсэлъыхьащ «Iуащхьэмахуэ» курортым и инфраструктурэм нэхъри зегъэужьынымрэ абы инвестицэ хэлъ хьэ нымрэ.
- «Кавказ.РФ» акционер зэгухьэныгъэм и унафэщI ТIымыжь Хьэсэн и къэп сэ лъэныгъэм къызэрыхэщамкIэ, 2030 гъэм ирихьэлIэу «Iуащхьэмахуэм» илъэсым къриубыдэу къекIуэлIэнущ цIыху мелуан 1,2-рэ. Инвестицэ проектхэр гъэзэщIэным Iэмал къатынущ зыгъэпсэхуакIуэхэр къы щыувыIэнухэр нэхъыбэ щIынымкIэ, кIапсэ гъуэгущIэхэмрэ бгым лыжэкIэ къежэ хы ным хуэщIа лъагъуэщIэхэмрэ къызэIу хынымкIэ.
- ЩIыналъэмрэ «Кавказ.РФ»-мрэ къапэщылъ къалэнхэм ящыщщ курорт объектхэр егъэфIэкIуэныр. Инвестицэхэр къешэлIэным зэран хуэхъу щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэу икIэщIыпIэкIэ гъэзэ кIуэ жын хуейхэм ящыщщ IуэхущIапIэхэр элект рокъарукIэ ирикъуу къызэгъэпэ щыныр, псыр зыгъэкъабзэхэмрэ бжьамийхэмрэ зэфIэгъэувэжыныр, уэскIурийм щызыхъумэ Iэмэпсымэхэр ухуэныр, лъэс лъагъуэхэмрэ автомашинэ гъэувыпIэхэмрэ къэгъэнэхуныр.
- УФ-м и вице-премьерымрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ иужькIэ хэ -тащ Бахъсэн Ипщэ къуажэм сабий садыщIэ къызэрыщызэIуахым ехьэлIа дауэдапщэхэм. Абы щакIэлъыплъынущ зи ныбжьыр илъэсрэ ныкъуэм къыщыщIэ дзауэ илъэсищым нэблагъэ цIыкIу 42-м.
- IэнатIэр яухуащ «Демография» лъэпкъ проектым хиубыдэ «ЦIыхубзхэр IэнатIэ увынымкIэ сэбэп яхуэхъун — зи ныбжьыр илъэсищым нэблагъэ сабийхэм школым мыкIуэ щIыкIэ щIэныгъэ зэрыратын Iэмалхэр къахузэгъэпэщын» къэрал проектым ипкъ иткIэ. Проектыр гъэзэщIэным къэрал бюджетым щыщу къыхуаутIыпщащ сом мелуан 39-м щIигъу. Сабий садыр зыхуэныкъуэ псомкIи къызэгъэпэщащ.
- Новак Александррэ КIуэкIуэ Казбекрэ ухуэныгъэр къаплъыхьащ, лэжьакIуэхэм епсэлъащ, къуажэдэсхэм ехъуэхъуащ сабий садыщIэм лэжьэн зэрыщIидзэм -кIэ. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ, сабийхэм хуэфэщэн зыужьыныгъэ егъэ гъуэтыным гулъытэшхуэ зэригъуэтыр — ар УФ-м и Президент Путин Владимир и политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Иужьрей илъэситIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щатащ сабий 2470-рэ зыщIэхуэ сад 43-рэ. 2021 гъэм и кIэм ирихьэлIэу иджыри объекти 8-м лэжьэн щIадзэнущ. Абыхэм иджыри сабий 525-рэ щIэхуэнущ.
- Новак Александррэ КIуэкIуэ Казбекрэ адэкIэ щыIащ Iуащхьэмахуэ куейм щыIэ, мывэ къыщIэхыпIэ комбинатым. Республикэм щынэхъ ин дыдэ инвестицэ проектыр ирагъэжьащ мы гъэм и жэпуэгъуэм. Иджыпсту абы лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыну и утыкумрэ комбинатым екIуалIэ гъуэгумрэ ягъэхьэзыр.
- Комбинатым и унафэщI Ушаков Игорь тепсэлъыхьащ ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIымрэ проектым и щытыкIэ -нумрэ. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, IуэхущIапIэр Кавказ Ищхъэрэм щыIэ про мышленнэ IэнатIэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ хъунущ. Проектым и уасэщ сом мелард 25-рэ, илъэсым къриубыдэу абы къы щыщIахыну хуагъэфащэ вольфрамрэ молибдену тонн мелуан 1,5-рэ. Ар лэжьапIэ IэнатIэ яхуэхъунущ цIыху 700-м. Комбинатыр ирагъэжьэнущ 2023 гъэм, и лъэщагъ псокIэ абы лэжьэн щIидзэнущ 2026 гъэм. А лъэхъэнэм ирихьэлIэу абы налогыу бюджетым къыхилъхьэнущ илъэсым хуэзэу сом мелуан 300-м нэблагъэ.
- Новак Александррэ КIуэкIуэ Казбекрэ иужькIэ кIуащ Бахъсэн районым щыIэ, пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ къызэрырашэкI икIи щахъумэ пластик контейнерхэр къыщыщIагъэкI заводым. Ар къызэгъэпэщащ мазэм контейнер мин 15 зыгъэхьэзыр иужьрей IэмэпсымэфI хэмкIэ.
- Вице-премьерым зригъэлъэгъуащ тонн мин 25-рэ зыщIэхуэ щIыналъэ пхъэ щхьэ мыщхьэ хъумапIэри. ЗэIымыхьэу илъэ сым нэблагъэкIэ пхъэщхьэ мыщхьэхэр щIэлъщ абы.
- МыIэрысэ, кхъужь, къыпцIэ хуэдэхэм нэмыщI, иужьрей илъэсхэм республикэм жыджэру къыщагъэкI хъуащ мамкъутыр, щIымэракIуэр, шыгъулдыкъащхъуэр (голубика). Урысей Федерацэм къыщагъэкI пхъэщхьэмыщхьэхэм я Iыхьэ щанэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос. Зэры хуагъэфащэмкIэ, мы гъэм пхъэщ хьэ мыщхьэу тонн мин 500-м щIигъу ди республикэм къыщрахьэлIэнущ.
- МахуитIым зытепсэлъыхьахэм ящыщу къыхэгъэщыпхъэщ газкIэ унагъуэхэр къы зэгъэпэщыным и Iуэхур.
- Новак Александр къызэрыхигъэщамкIэ, Президентым игъэува къалэнхэм ящы щу нэхъыщхьэр 2022 гъэм къриубыдэу унагъуэ псоми газ ешэлIэнырщ. «Газпром» ПАО-м зэрыщыжаIамкIэ, 2025 гъэм и кIэм ирихьэлIэу щIыналъэр газкIэ нэсу къызэпэща хъунущ. НобэкIэ республикэм щыпсэухэм я процент 96,8-м газыр къагъэсэбэп.
- КIуэкIуэ Казбек Новак Александр фIыщIэ хуищIащ Къэбэрдей-Балъкъэ рым и социально-экономикэ зыу жьы ныгъэм ехьэлIа Iуэхухэм гулъытэ зэры хуищIым, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэ кIуэ ным хуэунэтIа проектхэр гъэзэщIэ нымкIэ щIэгъэкъуэн къазэрыхуэхъум папщIэ.
- ЖЫЛАСЭ Замир.