ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

НыбжьыщIэ театрым и япэ лъэбакъуэхэр

2021-11-23

  • Адыгэбзэр, адыгэ хабзэр, щэнхабзэр хъумэным зи лэжьыгъэр теухуа «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым мазищ и пэкIэ къызэригъэпэща «Сыринэ» ныбжьыщIэ театр-студием хэтхэм япэ лъэбакъуэхэр яч.

  • Театр щIыныр къыхэзылъхьахэм я мурад нэхъыщхьэри къалэн зыщащIри анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ абы зегъэужьынымрэщ. Аращ ар адыгэбзэкIэ ягъэлэжьэну, спекталхэр анэдэлъхубзэкIэ утыку кърахьэну щIаубзыхуар.
  • ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къадэкIуэу, илъэситхум къриубыдэу фести-валхэр къызэригъэпэщащ. Абыхэм республикэм и курыт еджапIэхэм я гъэсэнхэм театр теплъэгъуэ хьэлэмэтхэр жыджэру щагъэлъэгъуащ. Педагогикэ щIэныгъэхэм я кандидат, «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и унафэщI ХьэцIыкIу Раерэ экономист, жылагъуэ лэжьакIуэ Къып Гупсэрэ куэд щIауэ иригузавэрт балигъ пьесэхэр еджакIуэхэм зэрагъэувым, сабийхэр абыхэм зэрыщыджэгум. Абы ехьэлIауэ зыхуагъэзащ «Горянка» журналым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ, драматург Къаныкъуэ Заринэ, иджырей щIалэгъуалэм я дунейр, зыгъэпIейтейхэр къыщыгъэлъэгъуа пьесэ адыгэбзэкIэ яхуитхыну.
  • — СызэреплъымкIэ, Заринэ и «МафIэгу» пьесэр къехъулIащ. Абы щыджэгуащ Шэджэм къалэм и курыт еджапIэ №1-м и гъэсэнхэр. Театр студие емыкIуэлIа ныбжьыщIэхэм спектаклым мазитIкIэ зыхуагъэхьэзыращ. Ар щIалэгъуалэм апхуэдизкIэ ягу дыхьати, пьесэм хэт лIыхъужьхэм я цIэхэмкIэ зэджэжырт. Спектаклыр щагъэувыну пIалъэр щхьэусыгъуэ гуэркIэ къызэпыудри, актёр ныбжьыщIэхэм ядэлэжьэну режиссёр Къанкъул Ислъам къыхуагъэкIуащ. Лэжьыгъэр япэу утыку зэрыщагъэлъагъуэу, ар цIыхухэм ягу дыхьащ икIи «Сыринэ» ныбжьыщIэ театр-студиер къызэдгъэпэщыну мурад тщIащ, — жеIэ ХьэцIыкIу Рае. — Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщI Мамий Нафисэтрэ абы и къуэдзэ Балэ Людмилэрэ фIыщIэ яхуэфащэщ я утыкур хуит къызэрытхуащIам, лъэпкъ щэнхабзэм и зыужьыныгъэм зэрыхуэлажьэм папщIэ. ФIэщыгъэ зыбжанэ Заринэ къыщыхилъхьэм, занщIэу «Сыринэр» къыхэсхащ. Дыщогугъ театрыщIэм сабийхэм адыгэбзэр щагъэбзэрэбзэну, сыринэ макъамэ Iэмэпсымэр зэрыбзэрабзэм хуэдэу.
  • «Сыринэ» театрым и режиссёр, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым и артист икIи режиссёр, республикэм и театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, «Маска» сабий студием и унафэщI Къанкъул Ислъам студием екIуалIэхэм ядригъэкIуэкI дерсхэр яхуощхьэпэ я гурыхуагъэм зиужьынымкIэ, я зэфIэкIым хагъэхъуэнымкIэ. Апхуэдэу театрым щызэхуэс щIалэгъуалэр зэроцIыху, ныбжьэгъу зэрогъэхъу.
  • — «Сыринэ» театр-студием и режиссёр лэжьы- гъэр къыщысхуагъэфащэм, занщIэу абы арэзы сытехъуащ. Ди щIэблэм я зэфIэкIымрэ ди лъэпкъым и къэкIуэнур зэрыфIымрэ си фIэщ мэхъу. Дэтхэнэ зы адыгэми ди къалэнщ лъэпкъ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэ хуэтщIыну. Бзэр тфIэкIуэдмэ, лъэпкъыр дызэрыкIуэдыжынур гурыIуэгъуэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, адэ-анэ куэдым я бынхэм анэдэлъхубзэр яIэпызыгъэху Iэмэпсымэхэр иджыпсту Iэпэгъу хуащI. Ди IуэхущIапIэм щIэблэм анэдэлъхубзэм гулъытэ хуригъэщIыну дыщогугъ, театрыр — цIыхухэр зэпызыщIэ, бзэр зэрырагъэфIакIуэ Iэмалщ. Иджыпсту актёр ныбжьыщIэ 13 диIэщ гъуазджэм и щэхухэм зыхагъэгъуазэу. Республикэм и район, къалэ зыбжанэм къикIыурэ ахэр студием къокIуалIэ. Иджыблагъэ ныбжьыщIэхэм Урыс, Музыкэ театрхэм зыщезгъэплъыхьащ, — жеIэ Къанкъул Ислъам.
  • Студиер къыщаухкIэ абы екIуалIэхэм иратыжынущ ахэр зэреджам щыхьэт техъуэ тхылъ икIи ар къахуэщхьэпэнущ а гъуазджэм епха еджапIэ щыщIэтIысхьэкIэ. Театрым екIуалIэхэм щыщ зы хъыджэбз режиссёр IэщIагъэм щIохъуэпс. «Сыринэ» театр-студием папщIэ Къаныкъуэ Заринэ итха «Унащхьэ» пьесэм къыщыгъэлъэ-гъуащ еджакIуэхэм я гъащIэр, ахэр зыгъэгузавэ Iуэху зэIумыбзхэр.
  • — НыбжьыщIэ театр ди зэманым къызэбгъэпэщыну мытыншми, къыдэхъулIауэ къыдолъытэ. ЩIалэгъуалэм сахуэтхэну сфIэфIщ икIи ар жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэхущ, — жеIэ Къаныкъуэ Заринэ. — «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым сабийхэм яхуэгъэза пьесэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр къыдигъэкIыну и мурадщ, школ библиотекэхэм яхуигуэшын папщIэ. Сэри студиер ещанэ пьесэкIэ къэзгъэгугъащ.
  • Театр-студием екIуалIэ щIалэгъуалэм (Мер Адисэ, Лэгъун Амир, Гъубжокъуэ Линэ, Хъуромэ Дамир, Шэшэн Нарсанэ, Нэзрэн Самирэ, Пекъу Къантемыр, Шопагуэ Лианэ, ШэрыIужь Камиллэ, Щэрдан Идар, Хьэтыкъуэ Камиллэ, Гумэхэ Камиллэрэ Алинэрэ, Быдэ Гуащэхъан) мыгувэу Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, ди лъэпкъэгъу куэд щыпсэу Тырку щIыналъэм зыщрагъэплъыхьынущ.
  • ТЕКIУЖЬ Заретэ.