ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгуи 170-рэ щызэрагъэпэщыжащ

2021-11-18

  • УФ-м и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Урысейм и вице-премьер Хуснуллин Марат. Видеоконференц зэпыщIэныгъэ мардэм тету абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и Унафэ-щIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэедрэ КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэнрэ.

  • ЗэIущIэм щыхэплъэжащ «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектыр гъэзэщIа зэрыхъум, абы кърикIуэ-хэм. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къалъытащ гъуэгухэр щIынымкIэ, сэкъат зыгъуэтахэр зэгъэпэщыжынымкIэ лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIхэм.
  • Дызэрыт илъэсым лъэпкъ проектым хыхьэу зыхуей хуагъэзэнущ щIыналъэхэр, республикэм и жылэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгу километри 116-рэ. Апхуэдэуи гъуэгухэм шынагъуэншэу ущызекIуэн папщIэ зыхуэфащэ лэжьыгъэхэри зэфIагъэкIынущ. Километр 37-м гъуэгухэр къызэрагъэнэху Iэмэпсымэхэр, километрищ хуэдизым къэухьхэр щагъэувынущ, лъэс зэпрыкIыпIи 116-р лъэпкъ мардэщIэхэм тету, Т-7 светофорхэр фIэлъу ящIынущ.
  • А лэжьыгъэхэм трагъэкIуэдэну яубзыхуащ сом мелард 1,9-рэ, абы щыщу мелуан 432-р къэрал бюджетым, мелард 1,4-р щIыналъэ, мелуан 48-р щIыпIэ бюджетхэм къыхэкIыу.
  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. и жэрдэмкIэ дызэрыт илъэсым къэрал бюджетым къыхэкIыу тIэунейрэ къыхущIагъуащ а лэжьыгъэхэм трагъэкIуэдэну мылъку, абы и фIыгъэкIэ яхузэфIэкIащ иджыри гъуэгущIэ зыбжанэм елэжьыныр программэм хагъэхьэжыну.
  • Мы гъэм зэфIагъэкIын хуейуэ программэм хагъэхьауэ щыта лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэблэгъащ. Зэрагъэпэщыж гъуэгуи 183-м щыщу лэ-жьыгъэхэр 170-м щызэфIэкIыпащ. Адрей къэнахэм щрагъэкIуэкIыпхъэ лэжьыгъэхэм я процент 92-ри зэфIагъэкIащ, мылъкум и процент 96,5-р къагъэсэбэпакIэщ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.