ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

УнафэщI   щэджащэ  Мэлбахъуэ Тимборэ

2021-11-18

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал, жылагъуэ-политикэ лэжьакIуэ Мэлбахъуэ Тимборэ Къубатий и къуэр къызэралъхурэ илъэси 104-рэ ирокъу. Бжьыхьэ махуэ уфащ ар дунейм къыщытехьар. Мэртэзей къыщалъхуа щIалэ цIыкIум и натIэм итт илъэсипщI бжыгъэкIэ республикэр зыхуей хуигъэзэну. Мэлбахъуэр ящыгъупщакъым иджырей щIэблэми: абы и цIэр фIащащ ди къалащхьэм и уэрам нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщ зым, республикэм и Лъэпкъ библиотекэм, Правительствэм и Унэм деж и фэеплъ щагъэуващ.

  • Мы тхыгъэм иужь дыщIихьар акъыл жану, республикэм и зыужьыныгъэр наIуэу зылъагъуу щыта унафэщI щыпкъэр цIыхухэм ягу къэдгъэкIыжын папщIэщ. Лъагэт Мэлбахъуэм и Iулыджыр, къыхуащI пщIэри, и Iулыджым и къарури и лэжьыгъэм къыщигъэсэбэпыфырти, сыт хуэдэ Iуэхури иризэфIихыфырт. ЩIэныгъэкIэ, ерыщагъкIэ, жыжьэрыплъэу зэрыщытымкIэ и къулыкъум и пщIэр егъэлеяуэ иIэтырти, и лэжьэгъу псори сыт и лъэныкъуэкIи зыдэплъей цIыхуу дунейм тетт.
  • Зыхалъхуа лъэхъэнэм елъытауэ, Тимборэ и сабиигъуэр тыншу щытакъым. ЩIалэ цIыкIур сабий унэм щыIащ, адэкIэ Мэртэзей гъущI гъуэгу станцым къыщызэIуаха Джылахъстэней щIыналъэ мэкъумэш школым щеджащ, 1931 гъэм щIэтIысхьэри, агромелиорацэмкIэ техникумыр къиухащ.
  • А зэманым ди щIыналъэм лъэпкъым къыхэкIа IэщIагъэлIхэр икъукIэ и мащIэти, еджэным хуэIэижь икIи акъыл жан зыбгъэдэлъ щIалэм псынщIэу гу лъатэ икIи ар мелиорацэмкIэ инженерхэр щагъэхьэзыру Новочеркасск дэт институтым ягъакIуэ. Ауэ а еджапIэм Тимборэ зэрыщIэсар зы илъэсщ, Орджоникидзе къалэм бгырысхэм я бынхэм папщIэ щыIэ мэкъумэш институтым 1935 гъэм зыкъригъэдзыжри, щIэныгъэ нэхъыщхьэр абы щызригъэгъуэтащ. Абы щыхуэзащ и гъащIэ псор зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зыдихьа и щхьэгъусэ Степановэ Нини.
  • Хэку зауэшхуэм хэта ветеранхэр егъэлъапIэ. 1980 гъэ

  • КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и секретархэу Мэлбахъуэ Тимборэрэ Кульбаев Мухьэжыррэ я гъусэщ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Пащты Сэлимэрэ Гундэлэн щызэхэт колхозым и унафэщI Мусукаевэ Шамсарэ. 1976 гъэ

  • Налшык щохьэщIэ Совет Союзым и Маршал Жуков Георгий. 1962 гъэ

  • Еджэныр къиуха нэужь, агроном нэхъыжьым и къулыкъур абы къыщратащ Шэшэн-Ингуш Республикэм щыIэ машинэ-трактор станцхэм ящыщ зым, ауэ мазэ бжыгъэ фIэкIа дэмыкIыу драгъэкIуейри, а МТС дыдэм и унафэщI ящIащ. АрщхьэкIэ Совет Армэм ираджащ, кIэщI дыдэуи зауэр къэхъейри, фронтым яшащ.
  • Илъэс ныкъуэ докIри, Брянск фронтым уэгу кIэлъыплъыныгъэмкIэ и 11-нэ батальон хэхам и политрукым и къуэдзэ ящI. Апхуэдэурэ зы фронтым икIым, нэгъуэщI фронт Iуагъэхьэу, уIэгъэ ящIмэ, госпиталым щIэхуэу, къыщIэкIыжрэ фронтым Iухьэжу 1946 гъэ пщIондэ зауэ губгъуэм итащ. 1942 гъэм абы къратащ «ЩIыхьым папщIэ» дамыгъэр, 1943 гъэм — «Вагъуэ Плъыжьым» и орденыр, 1944 гъэм — Хэку зауэ орденым и II нагъыщэр, 1985 гъэм Хэку зауэ орденым и I нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.
  • Зауэм лIыгъэрэ хахуагъэрэ къыщигъэлъагъуэу хэтами, зауэ Iуэхутэкъым Мэлбахъуэ Тимборэ къызыхуигъэщIар. Абы къызэригъэзэжу партым и обкомым кIуащ. Зауэ нэужь лъэхъэнэти, лэжьакIуэхэр яхурикъуртэкъым. ЯпэщIыкIэ Мэлбахъуэр партым и обкомым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ ящIащ. Ауэ мазэ бжыгъэ фIэкIа дэмыкIыу, 1946 гъэм и дыгъэгъазэм, ар партым и Куба райкомым япэ секретару ягъэкIуащ.
  • ЩIыр зехьэн хуейт, ауэ ар зэравэни, трапхъэн жыли яIэтэкъым. ПхъэIэщэм жэмхэр щIащIэрт, цIыхубзхэр белкIэ тIэрт. Илъэс нэхъ хьэлъэ дыдэхэм къуажэдэсхэм гуауэри гугъуехьри ядигуэшу, тригъэгушхуэу, лэжьыгъэм хузэщIиIэтэу яхэтащ Мэлбахъуэр.
  • Абы и зэфIэкIыр зэрыиным мыбдежи гу щылъамытэу къэнакъым. 1949 гъэм ар партым и обкомым и секретару Налшык къашэжащ, мазэ зыбжанэ дэкIри, нэхъри драгъэкIуэтеящ — етIуанэ секретару хахащ.
  • Лэжьыгъэм къыдэкIуэу, ар сытым дежи хуэпабгъэрт и щIэныгъэм хигъэхъуэну. Абы къыхэкIыу, 1953 гъэм парт, совет лэжьакIуэхэр щагъэхьэзыру КПСС-м и ЦК-м деж щыIэ курсыр, иужькIэ Парт школ нэхъыщхьэр къеух. МащIэщ зыщIэр абы бгъэдэлъа академическэ щIэныгъэм и куууагъыр. Ар къызыхэкIри еджапIэ лъэрызехьэхэр къызэриухаратэкъым, атIэ сытым дежи фIэфIт имыщIэр зригъэщIэну, куэд еджэну. Тхылъ куэд къыщIэнащ абы, и библиотекэм щыбгъуэтынут гъащIэм и лъэныкъуэ псоми теухуа тхылъ уасэншэхэр.
  • 1952 — 1956 гъэхэм Мэлбахъуэ Тимборэ Къэбэрдей АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщIу щытащ. АдэкIэ, 1956 гъэм и кIэухым щегъэжьауэ 1985 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм нэсыху, абы екIуу зэрихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къулыкъур. Совет лъэхъэнэм обком щхьэхуэм и япэ секретару апхуэдиз зэманкIэ лэжьэфа нэгъуэщI зыри щыIэкъым.
  • А илъэсхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэми хамэ хэгъэгухэм исхэми Мэлбахъуэр къацIыхуащ къызэрымыкIуэ гупсысэкIэрэ акъыл гъэтIысарэ зэриIэмкIэ, егъэлеяуэ Iуэхум егугъуныр и хьэлым зэрыхэлъымкIэ. Республикэр абы и унафэ щыщIэта гъэхэм зиужьырт, промышленность, мэкъумэш IэнатIэ, ухуэныгъэ, узыншагъэр хъумэн, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, курорт, физкультурэмрэ спортымрэ, туризм, альпинизм IэнатIэхэм ехъулIэныгъэшхуэхэр щызыIэрагъэхьэу. Абы и цIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ республикэм къыхуагъэфэща къэрал дамыгъэ лъапIэхэр — Ленин орденыр, Октябрь Революцэ орденыр, Лъэпкъхэм я Зэныбжьэгъугъэ орденыр. А тыгъэ лъапIэхэр аргуэру зэ щыхьэт тохъуэ Мэлбахъуэ Тимборэ къызэгъэпэщакIуэу, унафэщI гъуэзэджэу зэрыщытам, щалъхуа щIыналъэм и сэбэп зыхэлъхэм и къару емыблэжу зэрытелэжьам.
  • Апхуэдэ лэжьыгъэшхуэм Хэкуми гулъытэшхуэ къыхуищIащ. Мэлбахъуэ Тимборэ Къубатий и къуэм къыхуагъэфэщащ Ленин ордену плIы, ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденыр, СССР-м и орден, медаль зыбжанэ. Ар СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм я депутату, КПСС-м и ЦК-м хэтхэм я кандидату куэдрэ хахащ, КПСС-м и XXI — XXVI съездхэм я лIыкIуэу щыIащ.
  • Мэлбахъуэм и тетыгъуэ илъэсхэм ди экономикэм щIэгъэхуэбжьауэ зиужьащ, промышленностым и IэнатIэщIэхэр зэтеуващ. Зи гугъу тщIы илъэс щэщIым нэблагъэм къриубыдэу ящIри, лажьэу яутIыпщащ зи продукцэм къэралми нэгъуэщI щIыналъэ жыжьэхэми щIэупщIэшхуэ щызиIэ предприятэ инхэр: «Севкавэлектроприбор», «Къэбэрдей-Балъкъэр налмэс Iэмэпсымэ», «Телемеханика», «Искож», «Телеавтоматика», «Электровакуум», «Кавказкабель», полупроводник Iэмэпсымэ, вольт лъахъшэ Iэмэпсымэ, вольт лъагэ Iэмэпсымэ, «Лимб», бахъсэн «Автозапчасть», майскэ «Севкаврентген», электровакуум заводхэр, щэкI щызэIуащэ комбинатыр, Налшыкрэ Прохладнэрэ я дэрбзэр фабрикэхэр. Нэхъ япэкIэ ящIауэ щыта Тырныауз вольфрам-молибден комбинатым, унэлъащIэ фабрикэм, гидрометаллургие заводым, IэфIыкIэ фабрикэм, лы комбинатым я зэфIэкIым нэрылъагъуу хагъэхъуащ.
  • Республикэм щызэфIэуващ егъэджэныгъэр, щIэныгъэр. Иджыпсту республикэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я нэхъыбапIэр къызэIуегъэхыным Мэлбахъуэ Тимборэ жыджэру хэлэжьыхьащ. Абыхэм ящыщщ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ институтыр, Къурш геофизикэ институтыр, къэрал мэкъумэш университетыр, ГъуазджэхэмкIэ институтыр, нэгъуэщIхэри. А Iуэхум ерыщагъи, зэрыжаIэу, бзаджагъэ гуэри хэлъхьэн хуей щыхъуи щыIэт. Къапщтэмэ, КПСС-м и ЦК-м зэгуэрым къилъытауэ щытащ къэралыр еджапIэ нэхъыщхьэхэмкIэ ирикъуу къызэгъэпэщауэ икIи абыхэм я бжыгъэм адэкIэ щыхэбгъэхъуэн щымыIэу. ГъуазджэхэмкIэ институтымрэ мэкъумэш академиемрэ къызэрагъэпэщыну мурад щащIар а лъэхъэнэм хуэзат. Абы къыхэкIыу япэрейр нэгъуэщI щIыналъэхэм ящыщ зым и къудамэу тхылъкIэ пхагъэкIын яхузэфIэкIауэ аращ. Мэкъумэш академием и Iуэхур нэхъ гугъут. Апхуэдэу бзаджагъэ хилъхьэу яфIиухуащ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэр, «Сосрыкъуэ», «Бочка» шхапIэхэр.
  • Мэкъумэш IэнатIэр псом япэ иригъэщырт Мэлбахъуэм жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Къуажэм къыщалъхуа, агроном IэщIагъэр зэзыгъэгъуэта щIалэм ар зэи IэщIыб ищIакъым, губгъуэхэр, фермэхэр къызэхижыхьырт. Япэ илъэси 10 — 12-м къуажэхэм я теплъэм зригъэхъуэжат: псы зэрыкIуэ бжьамийхэр дригъэлъхьат, электрокъарур яхудишат, радиор жылэ псоми нэсат; дэни курыт еджапIэхэр, сабий IыгъыпIэхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэхэр, клубхэр, сымаджэщхэр, амбулаторэхэр дащIыхьат. Колхозхэмрэ совхозхэмрэ къагъэсэбэп техникэхэмкIэ къызэгъэпэща хъуат, фермэ лъэрызехьэхэр зэфIагъэуват. ЖыпIэнуракъэ, щIым хъеру къыпэкIуэр куэдкIэ бэгъуат. А илъэсхэм республикэм къэралым ирищат гуэдз тонн мелуан ныкъуэ, лы тонн мин 50, шэ, кIэртIоф куэду.
  • Езыр экономикэм фIыуэ хэзыщIыкI цIыхути, псори зэпилъытыфырт, ипэкIэ плъэрт. УнафэщIу зэрыщыта илъэс 30-м щIым гъавэу къитыр игъэбэгъуат. Есэпым апхуэдизкIэ хуэIэзэт, зэхилъхьэмрэ зэхихымрэ телъыджэу зэпилъытыфырти, абы къыщIидзыну зыхуигъэфащэр нахуапIэ хъурт.
  • Жыжьаплъэу илъагъурт лэжьыгъэм емыгугъухэри. Ари яхуигъэгъуртэкъым, пленумхэм къыщыщыпсалъэм деж жьэнахуэу яжриIэрт хэт сыт хуэдэ ныкъусаныгъэ ищIами, хэт сыт хуэдэ щыщIэныгъэ дилъэгъуами. Апхуэдэ унафэщIхэм гущIэгъу яхуищIыртэкъым, ауэ IуигъэкIын и пэ къихуэу куэдрэ набдзэгубдзаплъэу якIэлъыплъырт.
  • Апхуэдабзэу лэжьыгъэм, IэнатIэм гурэ псэкIэ пэрыт цIыхухэр къицIыхурт икIи пщIэшхуэ яхуищIырт. Псоми ящIэ Лэжьыгъэм и ЛIыхъужьхэу Iулыдж лъагэ зиIэ Тэрчокъуэ Къамболэт, Евтушенкэ Николай, Атэбий Мыхьэмэт, Бгъэжьнокъуэ Хьэчим сымэ ар зэрахущытар, абыхэм я IуэхущIафэхэр псоми щапхъэу къахуихьу къызэрекIуэкIар.
  • Тимборэ апхуэдизкIэ Iущт, куэд еджэрт, зригъащIэрти, зэхуэдэ дыдэу экономикэми, щIэныгъэми, щэнхабзэми, политикэми къыпхутепсэлъыхьынут. Абы зэIущIэхэм къыщипсэлъынум я нэхъыбэр езырат зытхыжыр. НэгъуэщIым хуитхаIамэ, Iэмал имыIэу зэригъэзэхуэжынут, творческэ бгъэдыхьэкIэ иIэт. Абы и нэIэ щIэт лэжьакIуэхэр къызэрыхихыр зы Iэмалт — и IэщIагъэм зэрыхуэIэзэм къыдэкIуэу езыри цIыху пэжу щытын хуейт.
  • Тимборэ и Хэку цIыкIур егъэлеяуэ фIыуэ илъагъурт. Абы щыхьэт техъуэ зы дэфтэри ухуейкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хэкулIым и гъащIэм хэта дэтхэнэ зы махуэри зыхуигъэпсар Хэкум хуэлэжьэнырщ. Абы фIыуэ къыгурыIуэрт езым и нэIэ щIэту гъэса, еджа хъуа цIыхум унафэщI ахъырзэман къызэрыхэкIынур. Абы щыгъуэми Iэрыхуэу зэхуигъэхъуфырт къалэнитI, IэщIагъэлIыр Iэзэу икIи республикэм ис лъэпкъитIыр къэлъытауэ къыхихын хуейт, зыр адрейм зэран хуэхъу хъунутэкъым. Ауэ ари зэпилъытыфырт унафэщI губзыгъэм. Зэпэшэчауэ зэрыгупсысэм, зэрыбакъуэм я фIыгъэкIэ лъэпкъ нэхъыщхьитIым щыщ IэщIагъэлI нэхъыфIхэр зэхуэдэу къулыкъухэм пэригъэуващ, абыхэм къадэкIуэу ди лъахэм щыпсэу осетинхэми, журтхэми, тыркухэми, украинхэми гулъытэ яхуищIырти, щхьэж къыщысэбэпыныр ищIэу игъакIуэрт.
  • Парт лэжьакIуэхэм я Iуэхур щхьэхуэт, ахэр езыхэм ягъэувыжу арат. Ауэ абыхэм я зы щыщIэныгъи Iэпэдэгъэлэл ищIынутэкъым Мэлбахъуэм — дэтхэнэми ткIийуэ унафэ хуищIынут, зэрымыарэзыр жриIэфынут.
  • Езыр зэи зыщысхьыжыртэкъым ар. И къаруи щIэныгъи хилъхьэрт партым хэкур зыхуишэ псэукIэ дахэм. Апхуэдэу IэнатIэм пэрытынт сытым дежи къилъыхъуэр. Арагъэнщ ар унафэщIу щыщыта лъэхъэнэм зи зэфIэкIкIэ цIэрыIуэ хъуа куэд ди республикэм щIыщылэжьар. Ахэр нобэ къыхэнащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм, я щIыхьыр инрэ я цIэр мыкIуэдыжу.
  • Тимборэ хуэдэ цIыху акъылыфIэт илъэс 30-кIэ республикэ псор зыхузехьэнур. Абы лъэпкъ куэд зэрыщыпсэум и закъуэтэкъым гугъуу хэлъыр, атIэ апхуэдиз цIыхур, къыпхуэмыарэзыхэри яхэту, унэтIынырт. Ар зыхузэфIэкIынур абы и акъылым хуэдэу псынщIэу лажьэ, жан зиIэт. Абы ерыщу зыужьыныгъэм хуишэрт ди лъахэр махуэ къэс зызыхъуэж политикэми Центрым къащищI къалэнышхуэхэми зыкIи къамылъахъэу.
  • Мэлбахъуэр Iущу бгъэдыхьащ и Iуэхуми къулыкъуми. Центрым зэи пэщIэувэртэкъым, унафэу къыхуащIыр и лъахэгъухэм яфI зыхэлъ IуэхуфIу гъащIэм хипщэрт. Ар сытым дежи шу пашэу щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм, цIыхубэм я дежкIэ. И пщэ дэлъа къалэн псори игъэзэщIащ Тимборэ, абы хиша лъагъуэм иджыри куэдрэ ирикIуэнущ ди лъахэр.
  • Мэлбахъуэ Тимборэ илъэс 68-рэ и ныбжьу 1985 гъэм и жэпуэгъуэ мазэу пенсэм кIуащ. А махуэм екIуэкIа пленумым абы щыжиIауэ щытащ республикэм и жылагъуэ-политикэ гъащIэм хэIэбэну, властым пэрытхэм я лэжьыгъэм теIэзэщIыхьыну зэримымурадыр. ИкIи а жиIам сыт щыгъуи ткIийуэ тетащ. И къулыкъум текIа нэужь, ар утыкум зэ къихьэжауэ аращ. 90 гъэхэм я пэщIэдзэм екIуэкIа зэпэщIэувэныгъэм игъэпIейтейуэ, цIыху миным щIигъу зыхэта зэIущIэм я пащхьэ къиувауэ щытащ а лIы губзыгъэр. Абы щыгъуэм къипсэлъар псалъафэу ирахьэжьат етIуанэ махуэм.
  • Апхуэдэт Мэлбахъуэр: куэд жиIэртэкъым, щэхуу псалъэрт, ауэ псоми зэхахырт икIи къагурыIуэрт.
  • Мэлбахъуэ Тимборэ лъэужь дахэ къигъэнащ. Ноби хэкум, лъэпкъым, къэралым гу къабзэкIэ узэрыхуэлэжьэным и щапхъэщ ар.
  •  Кебеков Владимир,
  • КъБР-м и Парламентым и депутат,
  • Къудей Владимир, публицист.